УнафэщI Iущт икIи хахуэтПасэрей дунейм зи лIыгъэрэ зэфIэкIкIэ, зи губзыгъагъэкIэ цIэрыIуэ щыхъуа цIыху куэд псэуащ. Шэч хэмылъу, абыхэми зыгуэркIэ япэ иту къэплъытэ хъунущ Вавилоным и еханэ пащтыхьу щыта Хаммурапи. Абы щIыналъэ пхыдзар къэрал лъэщ ищIащ, зыкъригъэIэтащ, псори къехъуапсэу. Зи гугъу тщIы тетыр ухуакIуэ гъуэзэджэуи, дзэзешэуи, псом ящхьэжыращи, егъэлеяуэ гущIэгъу зыхэлъ цIыхууи щытащ. Мы зэманым хабзэщ властыр зыIэщIыхьар ипэIуэкIэ тетам илэжьахэм техъущIыхьыжу, псори къритхъужьэжрэ щIэрыщIэу зыгуэрхэр къригъажьэу. Жыжьэ дыкIуэнкъым: щапхъэу къэтщтэнщ ди къэралыр. Ауэ пасэм мы Iуэхум нэгъуэщIу щыбгъэдыхьэу щытащ. Абы и щапхъэщ Хаммурапи: абы зыкIи иубакъым езыр зи пIэ иува и адэм ищIахэр. Апхуэдэ щхьэусыгъуи щыIащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, властыр зыIэщIэлъа и адэ Синмубаллит щIэинышхуэ къигъэнакъым. Илъэс тIощIкIэ унафэр IэщIэлъами, къэралыр иригъэфIэкIуакъым. Хэбгъэзыхьмэ, Вавилон зэгуэр и жыIэм щIэувэн хуей хъуат хамэ унафэм. Арати, пащтыхь ныбжьыщIэм къыщыщIидзэн хуей хъуащ и лъабжьэ дыдэм. Езы Вавилонри цIыкIужьейт. Ар зэрыхъур къалэ мыину 8 къудейт. ЩIыналъэм къулеигъэ гуэрхэри къыщыщIахыныр, ауэ абдеж Тигррэ Евфратрэ щызэхэлъэдэжырти, абы Iэмалхэр къритырт сатум зригъэужьынымкIэ. Мис ар екIуу къигъэсэбэпащ Хаммурапи. Ар ящыщтэкъым епIэщIэкIхэм, ихъу-ипкIхэм, псори зэпэшэчауэ Iуэхум яужь ихьэну фIэфIт. КъыщыщIидзащ цIыху къызэрыгуэкIхэр къыдишэхыным. Япэ лъэбакъуэу уващ ипэ ита илъэсхэм зэтрагъэхьа щIыхуэ псори цIыхухэм зэратритхыкIыжар. Ар къыпхуэмылъытэн хуэдиз тыгъэт гугъуехьакIуэхэм я дежкIэ. Дауи, абы иужькIэ цIыхубэр быдэу пащтыхьым къуэуващ. ЗанщIэу жытIэнщи, тетыгъуэр щыIэщIэлъа зэман кIыхьым абы апхуэдэу иджыри плIэнейрэ щIыхуэ зытелъхэм яхуигъэгъуащ. Иджы Вавилоным и цIыхухэм езыхэм я пащтыхьым щхьэкIэ зрагъэукIынут! И блыгущIэтхэм быдэу зэрыдаIыгъыр икIи и дзэр лъэщ зэрыхъуар къилъытэри, Хаммурапи хуежьащ и къэралым и щIыналъэм зригъэубгъуным теухуа бэнэныгъэм. Псом япэрауэ, абы къилъыхъуащ езым и къэралым пэжу къыхущытынухэр. Абы щыуагъэншэу къищIащ къэзымыгъэпцIэнур хэтми. Ар Элам пащтыхьыгъуэ лъэщым къуэуващ, Месопотамием и пащтыхь Шамши Адад Езанэм фIы зыхуищIащ. ИужькIэ зауэ ирищIылIащ Тигр и Iуфэ Iуса Малдиум пащтыхьыгъуэм, Тигр и Iуфэ Iусым. А къэралыр Ларсэ ипщэIуэкIэ щысти, абы къиж псырт Ларсэ Iэрыхьэр. Апхуэдэ щIыкIэкIэ мыгувэу къизэуащ Эшнуннэ къэрал лъэщри. А псоми яужькIэ Хаммурапи и унафэм щIэуващ щIыналъэшхуэ икIи Вавилон пащтыхьыгъуэр и гъунэгъухэр зыфIэлIыкI къэрал лъэщу зэфIэуващ. Хаммурапи абы къыдэкIуэу ухуакIуэ гъуэзэджэуи щытащ. Абы и зэманырщ Вавилон и хъуреягъыр мывэ сэрейкIэ къыщахухьар, апхуэдэ щIыкIэкIэ къалэр хуэкIуащ къыпхуэмыщтэфыну быдапIэм. ТхьэелъэIупIэ зыбжанэ, гъавэ хъумапIэ инхэр иригъэухуащ. Евфрат псым лъэмыж дэгъуэ зэрытрыригъэлъхьам и фIыгъэкIэ къалэм абы и IуфитIымкIи зыщиубгъуу хуежьащ. А къедбжэкIахэм яхэгъэхьэж псы жапIэ кIэнауэ бжыгъэншэхэр. АрщхьэкIэ Хаммурапи цIыху Iущ дыдэу зэрыщытыр белджылы къэзыщIар абы и хабзэгъэув жэрдэм цIэрыIуэхэрщ. Пащтыхьым игъэхьэзыра апхуэдэ дэфтэрым статья 282-рэ хэтт икIи ахэр тетхат Вавилон и утыку нэхъыщхьэм ирагъэува мывэшхуэм. АрдыдэмкIэ къалэдэсхэм жраIэрт хабзэ зэримыщIамкIэ хей зищIыну зыри хущIэкъу зэрымыхъунур. «Къуаншагъэ зылэжьа дэтхэнэми абы хуэфэщэну тезыр ихьын хуейщ!» - арат зи гугъу тщIы хабзэхэр нэхъыщхьэу зыхуэгъэзар. ЖытIэнщи, абыхэм я мыхьэнэр иджыри кIуэдакъым. Ди эрэм ипэкIэ 1793 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 43-кIэ унафэр зыIэщIэлъа Хаммурапи Вавилоныр пситIым я зэхуакум (Тигррэ Евфратрэ) дэлъ щIыналъэ псоми я Iэтащхьэ хъуащ. ЦIыхухэр зыхуей ягъуэту псэурт. АрщхьэкIэ мылIэжын уафэм и щIагъым щIэткъым. И ныбжьыр хэкIуэта иужь Хаммурапи сымаджэрилэ хъуащ, ар къигъэсэбэпри, и къуэм тахътэр иубыдащ. Езы пащтыхьыр дунейм зэрехыжу Вавилон пащтыхьыгъуэр екIакIуэу хуежьащ. АрщхьэкIэ игъэтIылъар лъабжьэ быдэти иджыри ди эрэм ипэкIэ 539 гъэр къэсыху щыIащ. Абдеж щыхыхьэжащ гъадэщ1ыдэм, ауэ ар апхуэдизу зыIэта Хаммурапи и щIыхьыр тхыдэм къыхэнащ.
МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд
Поделиться:
Читать также:
04.10.2024 - 13:00 →
Дерс къыхахыпхъэт…
02.10.2024 - 17:39 →
Владикавказрэ Тбилисирэ я зэхуакум
01.10.2024 - 12:44 →
Алыдж щхьэхуитыр
27.09.2024 - 18:31 →
Укъэзылъхуар здэщыIэ пщIащэрэт
26.09.2024 - 14:18 →
Хьэнцигуащэм кърикIуар
|