Къургъутамэ - КорокондамэКъэхутэныгъэ Нарт гъукIэжьу Лъэпщ ГъущIытхьэм и пшыналъэм къеIуатэ ар Хъудымыжьым зэрыдэгъукIам и хъыбар. А Хъудымыжьыр щыпсэуа Къургъутамэ жылэр зыхуэзэу щытар нобэрей Темэн хытIыгуныкъуэрщ, пасэрей щындхэмрэ мэуэтхэмрэ щыпсэуа щIыналъэм щыщщ. Абы щыхьэт техъуэ археологие къэхутэныгъэ куэд щыIэщ, къызэрыщIэкIымкIэ. «Хъудымыжьыр Алыдж къуажэ Къургъутамэ тесу псэурт. Хъудымыжьыр нартхэ гъукIэу куэд дэкIауэ къыхэкIат, ауэ сыт имыщIами, Хъудымыжьым хуэщIакъым уадэ», - жеIэ пшыналъэм. Мы псалъэухаитIым хъыбарышхуэ къаIуатэ. Япэрауэ, Лъэпщ уадэ зэрищIрэ зэманышхуэ дэкIыжат; етIуанэрауэ, алыджхэр Кавказым къитIысхьауэ жылэу ист; Къургъутамэ алыдж жылагъуэр Корокондамэр арамэ, дызытепсэлъыхьыр Боспор къэралыгъуэр щыщыIа зэманырщ – ди лъэхъэнэм ипэкIэ 480 гъэхэм къыщыщIэдзауэ дызэрыт лъэхъэнэм и 458 гъэ пщIондэ. Ауэ щыхъукIэ, хьэт-адыгэ лъэпкъыр дыкъызытехъукIыжауэ жыхуэтIэ нартхэм я хъыбарыр мифологиекъым, атIэ, тхыдэщ, пэж дыдэу щыIащ. Страбон и тхыгъэхэм къызэрыхэщыжымкIэ, Корокондамэ жиIэу Темэнрэ Керчрэ я тIуащIэ дыдэм хуэзэу, псыдэжыпIэм Iусу, Темэн хытIыгуныкъуэм щыIащ алыдж жылэ. Тузлэ жиIэу нобэ тцIыху лъагапIэм тесащ ар, археологхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ. Къыхэгъэщыпхъэщ Корокондамэр алыдж жылэу къалъытэу щытами, ар а лъэхъэнэм Кавказым щыпсэуа лъэпкъ гуэрым (нартхэм: мэуэтхэм, щындхэм) иухуауэ зэрыщытар. Ауэ щыхъукIэ, ар алыджхэм зэрапхъуауэ арат. Тхыдэтх, археолог Шкорпил Владислав 1911-1913 гъэхэм, Глазов Владимир 1913-1916 гъэхэм, Кандрашов А. I995 гъэм жылэр здэщыса щIыпIэм къыщыщIатIыкIыжауэ щыта кхъэм къыщагъуэта хьэпшыпхэр щыхьэт тохъуэ абы. Корокондамэ къыщагъуэтыжа кхъащхьэ 218-р ди лъэхъэнэм ипэкIэ 600 гъэхэм хуахь щIэныгъэлIхэм. Абы къикIыр зыщ – Къургъутамэ алыджхэм ямыхьэху щIыкIэ абы тесар адыгэ лъэпкъхэрщ: мэуэтхэр, щэрмэтхэр, щындхэр. КъищынэмыщIауэ, мащэхэм я нэхъыжь дыдэхэм къыщагъуэтыжа кхъуэщын хьэкъущыкъур Аттикэмрэ Анадолэмрэ кърахауэ къахутащ. ИужьыIуэкIэ щIалъхьа хьэдэхэм дыщIалъхьат хы ФIыцIэм и ипщэ щIыналъэхэм щыпсэуа лъэпкъхэм я IэдакъэщIэкIхэр. А псори къэплъытэмэ, уи нэгу къыщIоувэ пасэрей хьэт-адыгэ лъэпкъхэм къызэпача гъуэгуанэмрэ зэрыIэпхъуа щIыкIэмрэ. Дызэрыт лъэхъэнэм и 1-3-нэ лIэщIыгъуэхэм мащIэ мэхъу Къургъутамэ мащэу щатIыр. А зэманым ирихьэлIэу «ябгынэжа Къургъутамэ», «хэкIуэдэж къуажэкIэ» йоджэ Страбон. 1994 гъэм Кондрашовым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ Тузлэ лъагапIэм и нэхъыбэр псым гуилъэсыкIауэ хы лъабжьэм зэрыщIэлъыр, икIи пасэрей зэманым абдеж кхъухьтедзапIэ щыIэу зэрыщытар. КъищынэмыщIауэ, псы лъабжьэм къыщагъуэтыжащ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 600 гъэхэм къыщыщIэдзауэ дызэрыт лъэхъэнэм и 1100 гъэхэм (илъэс 1700!) къриубыдэу хы Курытым кхъухьу щызэхэзекIуам я хъурзэ лIэужьыгъуэу щIэныгъэм ицIыхуу хъуам щыщ. Алыджхэм Боспор къэралыгъуэр Кавказым щыщаухуэн хуейм щIэхъуам и щхьэусыгъуэр наIуэщ – я хэкур къыр защIэт, мэш яхуэщIэртэкъым, жыг-хадэ щагъэкIыфыртэкъыми, зи щIыр пшэр адыгэщIым къехъуапсэри, зауэ-банэкIэ къитIысхьауэ аращ. Геологие щIэныгъэр щыхьэт тохъуэ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 5-4 лIэщIыгъуэхэм хым метри 7-кIэ зиIэту псы Iуфэм Iуса жылагъуэхэр зэрилъэсам. Абы щыгъуэ кIуэдыжа пасэрей къалэхэм ящыщщ Акрэ, Патрей, Гермонассэ, Фанагорие, нэгъуэщIхэри. Нарт эпосым къыхэщыж Къургъутамэ жылэжьми аращ и натIэ хъуар - хуэм-хуэмурэ псым щIилъэфащ. Археолог Сорокинэ Наталье зэритхымкIэ, Щындейм (Синдикэм) алыджхэр къэIэпхъуа нэужь Къургъутамэ щыпсэу мэуэтхэмрэ щындхэмрэ алыджхэр къахотIысхьэри, зэхошыпсыхьыж. Мы упщIэм куэдрэ елэжьа, щIыпIэм и археологиер куууэ зыджа щIэныгъэлIхэм къатIэщIыжам тепщIыхьмэ, къыпхухэгъэщхьэхукIынущ Къургъутамэр къалэ мыхъуу къуажэу зэрыщытар, тIуащIэм и нэзым зэрыщысар, кхъухьтедзапIэ зэриIар, щIы Iузэ кIыхьу псым къыхэщу зэрыщысар. Абы щыпсэуахэр мэкъумэшыщIэу, бдзэжьеящэу щытащ. Я унэхэр мывэкIэ щIат, кхъуэщыныщхьэ телът, мэш щащIэ щIыпIэхэр зэпрыхулыкIат. Апхуэдизу ефIакIуэу псэуа къуажэр кIуэдыжыгъуэм езыхулIауэ къахутар щIыуэпс насыпыншагъэхэрщ: къэбэкъауэ къауэри, абы щIыхъей кърикIуащ, щIыхъейм псы Iуфэм Iус жылэхэр гуилъэсыкIри, псым щIилъэфащ, щхьэусыгъуэ гуэркIэ хым зыкъиIэтри, зэгуэр гъащIэр къыщикъуэлъыкIыу щыта къуажэхэр щIихъумащ. ЩIэныгъэлIхэм къахутащ Къургъутамэ здэщыса щIыпIэм деж метр 280*85 хъууэ гуэщэта щIы Iыхьэшхуэр, псы Iуфэм метр 30-кIэ пэжыжьэу хы лъабжьэм щIэлъу. А щIы Iыхьэм къыпкърахыж хьэкъущыкъухэмрэ Iэмэпсымэхэмрэщ археологхэм Корокондамэ и тхыдэр зэрызэфIагъэувэжыр. Дунчевская С.В., Ивановэ Л.А. я унафэщIу 20I8 гъэм «Форт XXI» щIэныгъэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм Темэн хытIыгуныкъуэм и псы лъабжьэм сурэт трахри, профилографкIэ къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIат. Ахэр къапщытэжщ, зэпалъытри, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 400-200 гъэхэм Къургъутамэ зытеса щIы Iыхьэм и картэр зэхагъэуващ. Езы къуажэцIэм адыгэбзэкIэ «бзу дамэ» жиIэу аращ къикIыр. Сыту жыпIэмэ, зэрыжытIащи, Къургъутамэ и зэхуэдитIыр псым щIилъэфащ, гуилъэсыкIри. ИрагъэкIуэкIа анализхэмрэ псы лъабжьэм къыщагъуэтыжа щIы Iыхьэм траха сурэтхэмрэ ятепщIыхьмэ, пасэрей зэманым Къургъутамэ зытета щIы Iыхьэр бзу дамэ зэIухам ещхьу щытащ. Нарт Бэдынокъуэ и пшыналъэми къыхощыж иджыри зы щIыпIэцIэ - Бэдынокъуэ нэгъуэщI щIыпIэ зэрыщыщыр къыхощ ар хэкум къихьа нэужь зыIущIа Iэхъуэ цIыкIум и псалъэми: «СыпкIэлъыплъыжри, узэрымыхэку шур къэсщIащ». Бэдынокъуэ хамэ хэку къикIауэ къызыхэщ нэгъуэщI вариантхэри щыIэщ. Апхуэдэу абы и адэ Уэзырмэс Чыт жыжьэм къикIарэ Нартым къэкIуауэ урохьэлIэ. Чытыр ищхъэрэкIэ щыIэрэ, Бэдынокъуэ Чытым къикIыу, Тэн иригъуазэурэ Псыжь къызэпрыкIауэ жаIэ. Бэдынокъуэ нэгъуэщI хэгъэгу къикIауэ щIыжиIэр и лъэужьынкIи мэхъу адыгэр къызытехъукIа лIакъуэ гуэрхэр щхьэхуэу нэгъуэщI щIыпIэ зэрыщыпсэуам (псалъэм папщIэ, тхыдэм жеIэ адыгэхэр (къэбэрдейхэр) зы лъэхъэнэ Кърым, Тэн адэкIэ щыпсэуауэ). Ари гъэщIэгъуэнкъым, сыту жыпIэмэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 5000-4000 гъэхэм хы ФIыцIэр гуэлу щытауэ жаIэ щIэныгъэлIхэм. «Черноморский потоп» жыхуиIэу тхыдэм къыхэщыж щIыуэпс насыпыншагъэр къыщыхъуам Гибралтар тIуащIэр хышхуэм къызэгуитхъщ, псы шыугъэр хы Курытым къилъадэщ, ар Босфор тIуащIэмкIэ Ахын (арат хы ФIыцэр гуэлу щыщытам зэреджэу щытар) къыхэлъадэри, зригъэIэтауэ аращ. А лъэхъэнэм Кавказ къуршыр нэхъ кIыхьт нобэ зэрытцIыхум нэхърэ. Абы и къухьэпIэ кIапэр Кърым хытIыгуныкъуэм нэсырт, Ахын гуэлым и Iэхэлъахэм къуэ дэкIыу. Хы ФIыцIэр къэунэхуа нэужь къуэр псы лъабжьэм кIуэри, къуршыр тIу ирищIыкIащ: Керчрэ Темэнрэ и гъунапкъэу. Ар къэплъытэмэ, нартхэр Кърымым зэрытесар гъэщIэгъуэнкъым, ари щыщт Нарт Хэкум. Эпосым зи гугъу ищI Чыт хэгъэгур Кърымым ита пасэрей къалэжьу Китей (Кит) жыхуиIэрщ. Ари щыIащ Къургъутамэ и зэманым, ди лъэхъэнэм ипэкIэ IV-V лIэщIыгъуэхэм. Абы щыхьэт тохъуэ пасэрей Чытыр зыхуэзэу щыта щIыпIэм деж къыщыщIахыжа Iэнэм тебза тхыгъэр. Тхыгъэм къыхощыж ар щытрадза гъэри - ди лъэхъэнэм ипэкIэ 234 гъэм. Тхыдэм къыхэнэжащ а къалэм теухуа хъыбар куэд. ИкIи ахэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Китей политикэ мыхьэнэшхуэ иIэу, хытет бзаджащIэхэр теуэрейуэ, иужьыIуэкIэ Византием и лIыкIуэхэр дэтIысхьауэ щытащ. Уеблэмэ, дызэрыт лъэхъэнэм и 275 гъэм Чытым и Iэхэлъахэм щызэхэуауэ щытащ хыдзитI: Боспорымрэ Азие ЦIыкIум и урымыдзэмрэ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Чытым и псынэпсхэр гъужа нэужь, къалэдэсхэм а щIыпIэр ябгынауэ щытащ 550-600 гъэхэм хуэзэу. Фырэ Анфисэ. Сурэтыр Керчь и тхыдэ-археологие музейм къитхащ.
Поделиться:
Читать также:
04.10.2024 - 13:00 →
Дерс къыхахыпхъэт…
02.10.2024 - 17:39 →
Владикавказрэ Тбилисирэ я зэхуакум
01.10.2024 - 12:44 →
Алыдж щхьэхуитыр
27.09.2024 - 18:31 →
Укъэзылъхуар здэщыIэ пщIащэрэт
26.09.2024 - 14:18 →
Хьэнцигуащэм кърикIуар
|