Тырку уафэлъащIэм щоджэгу

Къэрэшей-Шэрэджэс Республикэм махуэ къэс узримыхьэлIэ зы адыгэ ансамбль гъэщIэгъуэн щолажьэ. Ар мы гъэм Тыркум ирагъэблагъэри, Дунейпсо адыгэ щэнхабзэ фестивалым хэтащ. НыбжьыщIэхэмрэ абыхэм я гъэсэнхэмрэ къэкIуэжа нэужь, «Черкес хэку» газетым и лэжьакIуэ ГъукIэкъул Иринэ зыхуигъазэри ялъэгъуахэр къаригъэIуэтэжащ. «Тырку къэралым щыIэ Яловэ къалэм мы гъэмахуэм щэнхабзэ дауэдапщэ гъэщIэгъуэн щызэхашащ. Кавказ къафэхэмрэ макъамэмрэ я фестиваль дахэр етIощIанэрейуэ къызэрагъэпэщ. Абы и зэхэшакIуэщ Тыркум щыпсэу, ауэ зи адэжьхэр Кавказым иIэпхъукIауэ щыта адыгэхэм къащIэхъуа зэадэзэкъуэу Айдэмырхэ Мехьметрэ Гъазийрэ. 
Мы Iуэхум хэтыну ирагъэблагъахэм ящыщщ Кавказ Ищхъэрэ псом цIэрыIуэ щыхъуа, Хьэбэз къуажэм дэт, Сидакъ СулътIан и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэм зыщызыгъасэ «Вагъуэбэ» цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ ансамблыр. Гупым я художественнэ унафэщIхэр Ашэбокъуэхэ Азэмэтрэ Iэсятрэщ. 
Ансамблыр япэущ мы фестивалым зэрыхэтар икIи абы и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, апхуэдэ телъыджэ иджыри илъэс 20-м къриубыдэу ялъэгъуакъым: ныбжьыщIэ гупыр пасэрей адыгэ Iэмэпсымэжьхэм, фонограммэ хэмыту, зэман жыжьэхэм зэрыIуу щытам ещхьу, лъэпкъ макъамэжьхэр кърагъэкI. 
- Ди сабийхэр пшынэми, шыкIэпшынэми, Iэпэпшынэми, пхъэтIаркъми, пхъэцIычми, къамылми, сыринэми йоуэ. Аращи мо фащэкIэ хуэпауэ, пасэрей макъамэ Iэмэпсымэхэм адыгэ уэрэдыжьхэр къизыгъэкI сабийхэр зылъэгъуа бысымхэм яфIэтелъыджэ дыдэ хъуащ. Къыдбгъэдыхьэурэ псалъэ гуапэ куэд къыджаIащ, етIанэгъи дызэрырагъэблэгъэным дыщагъэгъуэзащ, – жеIэ гупым и художественнэ унафэщI, пшынэм хуезыгъасэ Iэсят. 
НыбжьыщIэ гупым якIэлъыплъын, ядэIэпыкъун папщIэ ансамблым ящIыгъуу адэ-анэ зыбжани ядэкIуащ. Апхуэдэщ, Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыщ, «Дыщэ жыг» сабий-театр студием и художественнэ унафэщI Адзын Мадинэ. Абы зэрыжиIэмкIэ, мы фестивалыр сабийхэм игъащIэкIи я гум къинэжынущ. 
- Дагъыстэным, Куржым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, нэгъуэщI хэгъэгухэми къикIахэр хэтащ мы щэнхабзэ дауэдапщэ иным. Пэжыр жысIэнщи, ди сабийхэр сценэм къытехьэу еуэн щыщIадзам, цIыху мини 5-м щIигъу зыщIэса амфитеатрыр щэхубзэ хъуат. Нэр зытепщIыпщIыкI къафэхэр, псэр зыгъэхъэрахъэ пшыналъэхэр, фащэ зэмылIэужьыгъуэхэр, гур зыгъэпIейтей шыкIэпшынэм и макъыр къыщыIум цIыхухэм бэуэн щагъэта хуэдэт. 
Гупым сурэт, видео ятесхырти, сыкъызэплъэкIырт, «мыхэр бауэу пIэрэ» жысIэурэ. Нартыжь лъэхъэнэм къыхэкIыу, Кавказ зауэр зэпызычу, ди нобэм къахьэса Iэмэпсымэр щIэIур гуфIэгъуэми, уи нэпс къегъакIуэ, сыт хуэдэ хъыбар имыIуатэми, ныбжь тредзэ, ухегъэгупсысыхь. ЛIы Iущхэм зэрыжаIауэ, «Вагъуэбэр»- блэкIам зэрыбгъэзэжыф лъагъуэщ. 
Мо щэху хъуа цIыхухэри, макъамэри – псори зэхыхьауэ уи щIыфэм нэрымылъагъу дахагъэ гуэр къедэхащIэм хуэдэт, псэм зыгуэрым Iэ къыдилъэ пщыхъут. 
 Хуабжьу сабийхэри, я макъамэри зыхащIэщ, къагурыIуащ фестивалым хьэщIэу къеблэгъахэм. Концертыр иуха нэужь, пэшышхуэм щIэсахэр ди гупым къыбгъэдыхьэ зэпыту щытащ «Фыадыгэ? ДызэрывгъэцIыху!» жаIэурэ. 
Ди сабийхэр зэрыадыгэм, къызыхэкIа лъэпкъым и щэнхабзэр хъумэным зэрыпыщIам нэхъри иригушхуэу, ирипагэу къэкIуэжахэщ. Ар зи мыуасэ щыIэ! – къыддогуашэ и гупсысэхэмкIэ Мадинэ. 
«Вагъуэбэ» гупым утыку ирихьащ «Лъапэрисэ» къафэм и макъамэмрэ пасэрей къафэжьхэмкIэ зэхэгъэува пшыналъэ зэрыхъэмрэ. Абыхэм Iэмэпсымэхэм еуэн щагъэта нэужь, амфитеарым щIэса цIыху мин бжыгъэр IэгуауэшхуэкIэ пыкъуэкIащ ныбжьыщIэхэм. 
- ЗэрыжысIащи, сабийхэм я теплъэри я IэщIагъэри псоми яфIэгъэщIэгъуэныщэ хъуауэ къыдэпсалъэрт, сыт и IуэхукIи къытщIэупщIэрт. ИтIанэ абыхэм яIыгъ макъамэ Iэмэпсымэхэр Азэмэт яхуищIауэ къыщащIэм, ар нэхъри ягъэщIэгъуащ, – къыпещэ Адзын Мадинэ. 
Пэжщ, атIэ Ашэбокъуэ Азэмэт Тхьэр къызэрыхуэупса и IэщIагъэр хэт зымыщIэр! Ансамблым щагъэIу шыкIэпшынэри, Iэпэпшынэри, пхъэцIычри, пхъэтIаркъри, къамылри, сыринэри – псори абы и IэрыкIщ. 
Къыхэгъэщыпхъэщ, абы и Iэм ищI Iэмэпсымэ псоми езы Азэмэт зэреуэжыр икIи сабийхэр абыхэм зэрыхуигъасэр. 
Тыркум щрагъэкIуэкIа мы фестивалым сабии 10 яшащ. Ахэр Мэлей Ахьмэд, Кхъуэхъу Данэ, Адзын Сабинэ, Кызылкая Сердар, Уэз Самирэ, Дамэлей Амир, Токъубай Снежанэ, Сидакъ Амирэ, Хутэ Руслан, Кхъуэхъу Канэ сымэщ. 
Мыбдеж къыхэгъэщыпхъэу долъытэ мы гупым Хэкужьым къэзыгъэзэжа, макъамэм псэкIи гукIи пыщIауэ ныбжьыщIэхэм яхэт Кызылкая Сердар. Ар илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, хэкужьым къэкIуэжа, ди лъэпкъэгъу Лашхэ Джэлал и щIалэщ. Гуапэ зэрыхъущи, мы ныбжьыщIэр Хэкур фIыуэ зылъагъу, зи гупсысэхэр адыгэ Iуэхум езыпх, хабзэр зыхэзылъхьэ щIалэгъуалэ гурыхуэхэм ящыщщ. ЗэрыцIыкIурэ Сердар лъэпкъ макъамэм дихьэхыу, цIыхубэ Iэмэпсымэхэм зригъэсэным щIэхъуэпсу къэтэджащ. Я щIалэм лъэпкъ Iэмэпсымэхэм хуиIэ фIылъагъуныгъэр адэ-анэми къыдащтэри, и зыужьыныгъэр абыкIэ хуаунэтIащ. Апхуэдэуи, Черкесск къалэм дэт макъамэмкIэ еджапIэм Пхъэш Iэминат и нэIэм щIэту илъэситхукIэ пшынэм зыщыхуигъэсащ. Ауэ ныбжьыщIэ зэчиифIэр абыкIи къызэтеувыIакъым, нэгъуэщI лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм зыхуигъэсэным нэхъри дихьэхащ. Апхуэдэуи Ашэбокъуэхэ Азэмэтрэ Iэсятрэ къызэрагъэпэща цIыхубэ IэмэпсымэхэмкIэ ансамблым хыхьащ. 
Иджы илъэсищ хъуауэ «Вагъуэбэм» яхэтщ. Абы зыщригъэсащ шыкIэпшынэм, Iэпэпшынэм. ЖыIэпхъэщи, адэ-анэм Черкесск къалэм кърашурэ, тхьэмахуэм тIэу-щэ, дапщэрэ хуейми, гупым щIыгъуу зыщегъасэ. ШыкIэпшынэр къызэрищтэу асыхьэтым къыдэхъун щIидзащ, дэтхэнэ Iэмэпсымэми зыхуигъэсэным щIохъуэпс икIи хузэфIокI. Хуабжьу щэныфIэщ, гупым дахэу яхозагъэ. Лашхэ я къуэпсу лъахэм къыщыдэжыжа Сердар и къудамэр Тхьэм лъэщу къыщIигъэкI!»

КъыкIэлъыкIуэнущ.

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:

Читать также: