Сабий усакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Хьэщыкъуей Олег и IэдакъэщIэкIхэр щIэщыгъуэщ, зэгъэщIэгъуафIэщ, удэзыхьэхщ. Абыхэм ящIэлъщ анэдэлъхубзэм и IэфIи, сабийхэр дехьэх. УсакIуэм щхъуэкIэплъыкIэу гъэщIэрэщIауэ къыдигъэкIащ «Пшэ хужь цIыкIу», «ТхьэкIумэкIыхь Iущыцэ», «КхъуейплъыжькIэрыщIэ», «Хъыринэ» тхылъхэр.
Хьэщыкъуей Олег и усэхэр нэжэгужэщ. Сыт ахэр нэхъ зытеухуар, жыфIэмэ, щIыуэпсым и телъыджагъым, къэхъукъащIэ гъэщIэгъуэнхэм, псэущхьэхэм, цIыху хьэл-щэнхэм, Хэкум, анэдэлъхубзэм, адэ-анэмрэ нанэ-дадэмрэ, IэщIагъэхэм, куэдым… куэдым ятотхыхь.
И сатырхэм куэдрэ щегъафIэ дыгъэр – ар фIэдахэщ, фIэгуапэщ, гъэмахуэр къызэришэр фIэфIщ. Дыгъэм джэгун зэрихьэлыр къегъэлъагъуэ:
Дыгъэ бзий
ЦIыкIур
ГуфIэжу
Пэшым къыщIопкIэ.
ИгъэкIылу тIэкIуи,
Си напэм
КъытопкIэ.
Хьэщыкъуейр уэшхми щогуфIыкI, пэжщ, тIэкIуи йохъурджауэ. Тотхыхь уэшхыр щхьэгъубжэм къызэрытеуIуэм, цIыкIухэр щыжейкIэ ар зэрыIущащэм. Уэшх макъым ущIэжеикIыну зэрыфIыр цIыкIухэм яжреIэ. УсакIуэм уэшхым хуигъэпса усэхэм яхэтщ цIыкIухэр къэфакIуэ езыджи:
ЦIыкIухэр щIэжауэ,
Уэшхым къыщофэ.
ЩIыр, игу гъущIауэ,
Псы куэду йофэ.
УсакIуэм и куэдщ псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, джэдкъазхэм ятеухуа тхыгъэ щIэщыгъуэхэр. НэщIэпкIэр, пкIауэр, хьэндыркъуакъуэр, мыщэр, щIыIубнэфыр, бзу цIыкIур, бабыщыр, адакъэр сыту дахэу къыдигъэлъагъурэ! Щхьэж хьэл гъэщIэгъуэну хэлъым гу лъыдегъатэ.
Хьэщыкъуейм и усэ цIыкIухэм укъеджэмэ, зытетхыхьыр сурэт-теплъэу уи нэгум къыщIоувэ. «Нанэ и лэкъумыр» зыфIищар абыкIэ щапхъэкъэ! Мис и зы едзыгъуэ:
Iэпэр къису
Щытми,
Пщтыру зы къэсщтэнщ.
Бырыбыжрэ щабэу
Сытым хуэдэу IэфI.
ГъэщIэгъуэнщ, адыгэм къыддекIуэкI хабзэхэм ящыщи усакIуэм и щIэджыкIакIуэ цIыкIухэм зэрыригъэцIыхур. Абы икIи мыхьэнэ иIэщ щIэблэр лъэпкъым папщIэ гушхуэу къэхъунымкIэ:
И щхьэм нэскIэ
ДэкIуеифыр
КIэрыщIахэм
Яхэдэнщ.
Къыхихар къыфIихыжыфым,
ЛIыгъэ хэлъу къалъытэнщ.