Адыгэ макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ «Вагъуэбэ» ансамблыр Тыркум щекIуэкIа Дунейпсо адыгэ щэнхабзэ фестивалым зэрыхэтам теухуауэ ГъукIэкъул Иринэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэм къыпызыщэ: «Пэжыр жытIэнщи, «Вагъуэбэ» ансамблым хэт сабийуэ хъуам зырызыххэу я гугъу пщIыфынущ: дэтхэнэри зэчиифIэщ, псэ къабзэщ, адыгэм къигъэщIа, зи лъэпкъыпсэр зыхэлъ макъамэхэр зыпащIын щыIэкъым.
- Фестивалым здэтшар сабиипщIми, ди деж нэхъыбэм зыщагъасэ. Я ныбжь елъытауэ ахэр гупищ мэхъу. НобэкIэ адыгэ Iэмэпсымэхэм, адыгэ макъамэжьым гукъыдэжрэ лъагъуныгъэрэ хузиIэ хъуа ныбжьыщIэхэри нэхъыжьхэри куэдщ. Ар сэ си щхьэкIэ сызыгъэгуфIэ щытыкIэщ. Ди IэщIагъэмкIэ, ди щIэныгъэмкIэ сабий нэхъыбэм дадэгуэшэху, ди лъэпкъ щэнхабзэри нэхъыбэрэ къызэтенэнущ, и псэр хэтынущ, – жеIэ Iэсят.
Ашэбокъуэ Iэсят дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Тыркум гупыр зэраIэтам къинэмыщIауэ, икIи фIыуэ ягъэхьэщIащ.
- Яловэ къалэм и Iэтащхьэ Гюрель Мехмет, а щIыпIэм и губернатор Кая Хулья, я хэгъэгум и Генеральнэ ассамблеем и президент Сойгюзель Хьэсэн, къалэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Айдемыр Мехьмет сымэ дыIуагъэщIащ. ПщIэшхуэ, гулъытэ нэгъэса къытхуащIащ, Тхьэр арэзы къахухъу! – къыпещэ ди зэпсэлъэныгъэм бзылъхугъэм.
ЖыIэпхъэщи, езы хьэщIэу кIуахэри IэнэщIу ежьатэкъым. АтIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа бысымхэм Кавказым и фэеплъу Хэкужьым ираха саугъэтхэр хуздашащ. Апхуэдэу я губернаторыр бзылъхугъэти, адыгэ бгырыпхрэ бгъэщIыIухэмрэ хуагъэфэщащ, къалэм и Iэтащхьэм къамэ хуахьащ, Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм хъурыфэ пыIэр тыгъэ хуащIащ.
- Мы фестивалыр езыгъэжьауэ щытар я Хасащхьэм и тхьэмадэ Айдемыр Мехьметт, иджы ар и пщэ илъщ абы и къуэ Гъази. АдыгэлIым абдеж пщIэуэ щиIэр псалъэкIэ пхужыIэнукъым. Дэри хуабжьу апхуэдэ щытыкIэм дригушхуащ, ди лъэпкъэгъухэм я хьэл-щэным и фIыгъэкIэ апхуэдэ гулъытэ хамэ къэралым зэрыщагъуэтым ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужащ, – къыпещэ Iэсят.
Езы «Вагъуэбэ» ансамблым и гугъу пщIымэ, ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 12-м щIигъуащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы хэтхэр ГъуазджэхэмкIэ еджапIэм щеджэ ныбжьыщIэхэращи, еджэныр щаухкIэ, абы япIэ нэхъыщIэ цIыкIухэр къиувэурэ къогъуэгурыкIуэ. Япэ дыдэу ар зэхэзышауэ щытар Ашэбокъуэхэ Азэмэтрэ Iэсятрэщ, Пхъэш Iэминат ящIыгъуу. Iэсят зэрыжиIэмкIэ, Iэминат хуабжьу Азэмэтрэ езымрэ иунэтIащ, тригъэгушхуащ, куэд яригъэщIащ.
Нобэ «Вагъуэбэ»-м и художественнэ унафэщIхэу, сабийхэм жэщи-махуи япыщIауэ щыт Ашэбокъуэ зэщхьэгъусэхэм я гугъу пщIымэ, Адзын Мадинэ жеIэ я бынхэр а тIум сыт и лъэныкъуэкIи дзыхь зэрыхуащIыр.
- Мы егъэджакIуэ-зэщхьэгъусэхэр псэкIэ ялэжь Iуэхум пыщIащи, сабийхэми абыхэм сыт и IуэхукIи щапхъэ трах. Репетицэхэр жэщым сыхьэтыр 10 хъуху щаIи къохъу, ауэ дэ, адэ-анэхэр, зыкIи дыгузавэркъым. Ахэр егъэджакIуэ нэгъэсахэм я нэIэ зэрыщIэтыр дощIэри. Ди сабийхэм къыбгъэдалъхьэ щIэныгъэшхуэм къинэмыщIауэ, ахэр хабзэкIи, хьэл-щэнкIи, IэдэбагъкIи – сыт и IуэхукIи щапхъэгъэлъагъуэщ. ЦIыху щабэхэщ, къабзэхэщ, сабийхэри абыхэм ещхь мэхъу. Тхьэр арэзы къахухъу яжыдоIэ! – къыддогуашэ и гурылъхэмкIэ Мадинэ.
ЖыIэпхъэу къыщIэкIынщи «Вагъуэбэ» ансамблым хэт ныбжьыщIэхэри я егъэджакIуэхэри, адэ-анэхэри Тыркум щекIуэкIа фестивалым хэтынымкIэ сэбэп къахуэхъуащ хьэрычэтыщIэ, псапащIэ Аргун Олег. Абы папщIэ нэхъыжьыфIым фIыщIэшхуэ хуащI. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сыт хуэдэ Iуэху дахэри зыгъэкIуэтэн щымыIэмэ, кIуапIэ имыIэу къыщызэтенэр мащIэкъым…
- Ар зэрыхъуами хъыбар щхьэхуэ иIэжщ. Илъэс икIам и гъэмахуэ мазэу ГъуазджэхэмкIэ еджапIэм дыщIэсу репетицэ едгъэкIуэкIырт. ЕджапIэм зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр щащIыну унафэ щыIэти, зэ зы гуп, зэ нэгъуэщI къакIуэурэ зэращIынур, ящIынур зрагъэлъагъурт. Апхуэдэ зы гуп гуэр къыдыхьат аргуэруи, дэри десэжати, ди Iуэхур зэпыдгъэуакъым, репетицэм псэкIи щхьэкIи дыхэтт.
Арати, адыгэ макъамэжьхэм я макъ зыхэзыха, гупым яхэту къыщIэкIа Аргун Олег ди пэшым къыщIыхьащ. Сабийхэри нэхъыжь къыщIыхьам макъамэ зэхуэмыдэхэм хуеуащ. Абы хуабжьу гупыр фIэгъэщIэгъуэн дыдэ хъуауэ щытащ. ИкIи абы щыгъуэм къыджиIащ сыт и IуэхукIи зыхуэдгъэзэну, дымыукIытэу дыбгъэдыхьэну. «Сызэрыфщхьэпэфын зыри къэзгъэнэнукъым» къыджиIат.
Апхуэдэу, абы и фIыщIэкIэ, 2023 гъэми Краснодар крайм хыхьэ Агуй къуажэм щыIа фестивалым дыкIуауэ щытащ. Иджыри аращ зи фIыщIэр Тыркум дызэрыкIуэфар: псоми ди кхъухьлъатэ билетхэр къытхуэзыщэхуар Аргун Олегщ.
АдэкIэ мы фестивалым дыкIуэу зэхэзыха Гуэгуш Казбеки ахъшэкIэ зыкъытщIигъэкъуащ. Хьэбэз къуажэр зи нэIэ щIэт Туаршы Беслъэн, псэемыблэжу а Iуэхугъуэм хэлэжьыхьа Кызылкая Хьэлимэт сыми фIыщIэ яхуэфащэщ. Тхьэр арэзы къахухъу дэтхэнэ зыми, къуажэ, район цIыкIум къыдэкIа щIэблэ зэчиифIэм и зэфIэкIыр утыку лъэщ щагъэлъэгъуэну лъэкIыныгъэ къезытахэм, – жаIэ Iэсяти, ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэми.
КъищынэмыщIауэ, Ашэбокъуэхэ фIыщIэ ин хуащI Хьэбэз районым ЩэнхабзэмкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Даур Аннэ, ГъуазджэхэмкIэ сабий еджапIэм и унафэщI Аслъэнхэ ФатIимэрэ, абы и къуэдзэ Балэ Зулетэрэ, къуажэ советым. Абыхэм зэи гупым и лъэIухэ, зэрадэIэпыкъуным хр гулъытэншэ ящIыркъым.
«Вагъуэбэ» гупым хэт дэтхэнэ ныбжьыщIэми ахэр зыгъасэ Ашэбокъуэ зэщхьэгъусэхэми, лъэпкъ щэнхабзэр зыхэзыщIэу, ар хъумэным мыхьэнэуэ иIэр къызыгурыIуэ адэ-анэхэми, щIэгъэкъуэн, сэбэп хъу дэтхэнэми фIыуэ щыIэм щыщу яхуэмыфащэ щыIэкъым.
Тхьэм гупыр нэхъри иригъэфIакIуэ, сабийхэр псэкIэ адыгэ макъамэм, уэрэдыжьым дезыгъэхыф, макъамэ Iэмэпсымэхэр я гъащIэм щыщ зыщIыф егъэджакIуэхэми къызыхэкIа лъэпкъым хуащIэ лэжьыгъэшхуэм и хъер зыхригъащIэ».