Куэдым хуэжыджэр щIалэ

Сирием, Тыркум, нэгъуэщI щIыпIэхэм къиIэпхъукIыжа ди лъэпкъэгъухэр къызэрытхэзэгъэжар, Къэбэрдей-Балъкъэрым, къэралым щекIуэкI Iуэхухэм жыджэру зэрыхэтыр гуапэщ. Апхуэдэщ шыкIэпшынауэ, уэрэджыIакIуэ щIалэ Уэтей Хьэземи. 
Макъамэр зи псэм хэлъ Хьэзем пасэу уэрэд жыIэным дихьэхащ. Сирием зауэ къыщыщыхъеям, къэзыгъэзэжа унагъуэхэм я щIэблэм щыщщ ар. ЯпэщIыкIэ Налшык санаторэм щыпсэуащ ахэр, иджы Благовещенкэ къуажэм дэсщ. Я унагъуэр зэрыщыту хэкупсэщ. И адэ Амир Абхъаз зауэм хэтащ. И адэ къуэш Умар иракыдзэм и кхъухьлъатэзехуэти, Абхъаз зауэр къызэрыхъеям и хъыбарыр щызэхихым, къэкIуэжри, зи щхьэхуитыныгъэм щIэзэу и къуэшхэм якъуэуващ. Хьэзем и адэшхуэ ФуIэди (и хьэдрыхэ нэху ухъу) лъэпкъ Iуэху дэзыгъэкIхэм, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр хъума хъуным жыджэру хэлэжьыхьахэм яхэтащ. Ар ящыщщ Сирием Адыгэ ФIыщIэ Хасэр къыщызэзыгъэпэщахэм. 
Хьэрыпыбзэ фIэкIа зымыщIэу къэIэпхъуэжа Хьэзем псынщIэу адыгэбзэр, урысыбзэр, инджылызыбзэр уэрсэру зригъэщIащ. Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм уэрэд жыIэнымрэ шыкIэпшынэ еуэнымкIэ щыIэ гупжьейхэм екIуалIэу щытащ Уэтейр. Ар я гъэсэнщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым и къудамэм и унафэщI Даур Иринэ, Сабий творчествэмкIэ республикэ унэм ныбжьыщIэхэр шыкIэпшынэм щыхуэзыгъасэ ШэджыхьэщIэ Зуриет, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Джэдгъэф Хъусен. 
Хьэзем илъэситI къудей хъууэ арат и адэм и жып телефоным хьэрыпыбзэкIэ тет уэрэдыр щызригъэщIам. Курыт еджапIэм щIэсу «Смуглянка», Тут Заур игъэзащIэ «Адыги на земле моей живут» уэрэдхэр зригъэщIащ. Псом хуэмыдэу фIыуэ илъагъухэм ящыщщ Къущхьэ Догъэн игъэзащIэ адыгэ уэрэдхэр. 
«Смуглянка» уэрэдыр Хьэзем игъэзащIэу Интернетым къыщралъхьам, видеор цIыху минищым нэблагъэм ягу дыхьэри, Iэ щIадзащ икIи абы цIэрыIуэ ирихъуащ. Апхуэдэу «Си бзэ» проектым и гъэлъэгъуэныгъэ пшыхьым уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэр ирагъэблэгъащ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш республикэхэм я цIыхубэ артист Нэхущ Чэрим игъэзащIэ «Си дахэ», «Две души» уэрэдхэр абы зэрыщыжиIами куэдым я гур хигъэхъуащ. Хьэземхэ я унагъуэм щыхьэщIа Нэхущым гу лъитат щIалэ цIыкIум удэлажьэурэ и зэфIэкIхэм зебгъэужьмэ, уэрэджыIакIуэ Iэзэ къызэрыхэкIынум.
Уэтей Хьэзем пашэ щыхъуащ Дунейпсо Артийскэ комитетым и вице-президент Бейтыгъуэн Iэуес къэфакIуэхэмрэ уэрэджыIакIуэхэмрэ папщIэ къызэригъэпэща «Созвездие дружбы» III дунейпсо зэхьэзэхуэм. «Си дахащэ» уэрэдыр щигъэзэщIащ абы. ЦIыху 500-м щIигъу зыхэта зэпеуэм ущытекIуэныр, дауи, ехъулIэныгъэфIщ. Сочэ, Владикавказ, Налшык къалэхэм щекIуэкIа зэпеуэхэми къызэрыхэжаныкIам щIыхь тхылъ, медаль пщIы бжыгъэхэр къапэкIуащ. Зыщыпсэу Благовещенкэ къуажэм дэсхэр, зыщыщ адыгэ лъэпкъыр щIалэм и зэфIэкIхэм ирогушхуэ. 
И ныбжьым емылъытауэ, Уэтейр зэрыжыджэрыр, куэдым зэрызрипщытыр, IуэхущIэхэм зэрытегушхуэр, и щIэныгъэмрэ и зэфIэкIымрэ зэрыхигъахъуэр гуапэщ. И адэ Амиррэ и анэ Хидаятрэ сыт щыгъуи я щIалэм и дэIэпыкъуэгъущ. Курыт еджапIэ нэужьым ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым щIэтIысхьэну и мурадщи, Тхьэм къригъэхъулIэ!

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: