ТIуапсы и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ къуажэ цIыкIущ. А цIэ дыдэр зэрехьэ абдежым блэж псы бгъунжми.
Къуажэр здэщыт щIыпIэр мыхьэнэ зиIэщ. Ар сыт жыфIэрэ фыщIэупщIэмэ, къалэхэу ТIуапсырэ Армавиррэ зэпызыщIэ гъущI гъуэгумрэ «Р-254» нагъыщэр зрапха автомобиль зекIуапIэу Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ущхьэдэзышымрэ абдежым зэрыблэкIырщ.
ЦIэпс зыфIаща псы цIыкIур а къуажэр хыр здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ щиух дыдэм деж ТIуапсы нэхъ псышхуэм щыхохуэж. Езы жылэр Краснодар къалэм ипщэ лъэныкъуэмкIэ километри I00-м нэблагъэкIэ пэжыжьэщ.
Къуажэр лъэныкъуэ псомкIи уэздыгъейрэ тхьэмпэ къызыпыкIэ жыгхэмкIэ зэхэухуэна мэзхэу джабэ нэкIухэм зыщызыуфэбгъуахэмкIэ къэухъуреихьащ.
Iэхэлъахэр зыгъэдахэ Iуащхьэ щыгухэм я нэхъ лъагэщ (хы псыIум метр 377-кIэ щхьэщыIэтыкIауэ) Пщы-мэкъупIэ (Пшенокупа) зыфIащар.
ЦIэпс и къуэладжащхьэр псыкъелъэ зыбжанэм я хэщIапIэщ. Абыхэм къащхьэщыт лъагапIэхэм ди нобэми уащыIуощIэ испы унэжьхэмрэ Урыс-Кавказ зауэм ипэкIэ адыгэхэр зыдэса къуажэ цIыкIухэм я къутахуэхэмрэ.
Япэрейуэ зи гугъу щIыпхъэу дэ къэтлъытэр, фIэщыгъэр, сэмэркъо щIыкIэрэ гушыIэ папщIэу, къызытехъукIауэ ягъэхъыбарырщ. Ар сыт жыфIэрэ фыщIэупщIэмэ, зы цIыху гуэр, жьы дыди хъуарэ къыIэщIэужэгъуэжауэ къыздрилъэфэкI джэдыгужьыр, а псы цIыкIум блэкI пэтрэ, зыщидзу абы зэрыхидзарщ. Абы иужькIэщ, гушыIэ хъыбарым «зэриIуэтэжымкIэ», а псы бгъунжым ЦIэпскIэ еджы щыхъуар.
АрщхьэкIэ, лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, псыежэххэм апхуэдэ щIыкIэм тету цIэ фIащ хабзэкъым. Абы къыхэкIыуи, а фIэщыгъэр и щыпкъапIэм зэрыпэIэщIэри нэрылъагъущ.
Ауэ щыхъукIи, псым зэреджэм ехьэлIауэ зи гугъу тщIы лъахэджхэм Iуэху еплъыкIэу нэхъ трагъакIуэр ар «пцэпс» (къэбэрдей адыгэхэм «бдзэ» - «бдзэжьей» зыхужытIэрщ) псалъэм къытехъукIагъэнкIэ зэрыхъунурщ. Аращи, фIэщыгъэм уегупсыс зэрыхъунур «бдзэхэр (бдзэжьейхэр) куэду зыхэс псы» жыхуиIэущ.
2023 гъэм мазаем и I-м ирихьэлIэу ЦIэпс (Цыпка) къуажэм цIыху 874-рэ дэсащи, абыхэм я процент 22,3-р адыгэщ.
ЦIэмэз
Апхуэдэущ адыгэхэр ноби зэреджэр Iуащхьэ къэзыухъуреихьхэм зыкъыщызэщIакъуэу хым хэлъэдэж псы цIыкIумрэ абдежым щаухуа Новороссийск къалэмрэ. А цIэр зэрехьэ псыIум къегъэщIылIа хыжьэми («Цемесская бухта»).
ЦIЭМЭЗ псым ирихьэх утхъуахуэхэм яуфIей (ясей) псы дэлъэдапIэр нэхъ пасэхэм, шэдылъэрэ жыжьэу, ищхъэрэкIэ ехырт.
Мы щIыпIэм адыгэхэр «Щыгу пщыкIуийкIи» еджэрт. А цIэр щIытрагъэIукIам щхьэусыгъуэ иIэщ: пасэ зэманым ЦIэмэз хыжьейм уIухьэн папщIэ, тхыцIэу I8-м уащхьэдэхын хуейт.
Зи гугъу тщIы щIы кIапэм щытепсэлъыхькIэ, адыгэхэм «ЧIыхэкI» - «ЩIыхэкI» псалъэри къагъэсэбэпырт, «псым жыжьэу хыхьэ щIы кусэ» мыхьэнэр кърагъэкIыу.
Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, япэщIыкIэ «ЦIэмэзкIэ» зэджэу щытагъэнур мы щIыпIэм ижькIэрэ къыщыкI мэз цIырхъ тIэкIуращ. ИужькIэщ а фIэщыгъэр псыми абдежым щаухуа къалэми щыкIэрыпщIар.
ЩIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ иужь ита щIэныгъэлIхэу КIуэкIуэ Жэмалдинрэ Мерэтыкъуэ Къасымрэ къызэрагъэлъэгъуамкIэ, «ЦIэмэз» фIэщыгъэр япэхэм нэхъ зыхуагъакIуэу щытар «гъудэбадзэ куэдым я мэз» егупсысыкIэращ. «ЦIэпс» топонимым и къэхъукIэри абы ирагъэщхь.
КъыщIыгъужыпхъэщ адыгэхэм Новороссийск щхьэкIэ «Дзыгъуэ цIыкIу къалэ» жаIэу зэрыщытари а щIыпIэм и фIэщыгъэр жыг лIэужьыгъуэу «екIэпцIэ» жыхуаIэм и етIуанэ Iыхьэ «пцIэм» къытехъукIауэ къэзылъытэхэр зэрыщыIэри.