Ерысто Iуащхьэ и хъыбар

Си тхыгъэ гуэрхэм я щхьэщIэдзапIэм щыжысIащ цIыху щхьэхуэхэм я гуэныхь къэсхьынкIэ сызэрышынэр. Тездзэну сыхунэмысауэ е зытеухуа елъытауэ къысхуэмыгъэсэбэпауэ зи IэдакъэщIэкI тхыгъэхэр си лэжьапIэ пэшым къыщIэна, си тхылъымпIэхэм къыхэнахэращ ар. Псом хуэмыдэжу сафIолIыкI пщIэрэ щхьэрэ зиIэу, зи IэдакъэщIэкIым дагъуэ хуэпщIыни хэмылъ нэхъыжьыфIу дунейм ехыжахэм. Абыхэм ящыщщ нобэ фи пащхьэ къислъхьэну мурад сщIа «Ерысто Iуащхьэ и хъыбарыр». Нало Заур и хъэтI зэхэщIыкIыгъуэмкIэ тхащ ар, зэрытемыдзам, 2008 гъэр щIэдзауэ газетым къызэрыдитами шэч сегъэщI ар и тхылъхэм ящыщ гуэрми имыхуауэ. Къапщтэмэ, сэ срихьэлIакъым.

И. З.

* * *

Хьэтуейм бгы цIэрыIуэу плIы диIэщ - Гъуэлъпагуэ шытх, Къубатий шытщ, Ерысто Iуащхьэ, Iуащхьэныкъуэ. Абыхэм нэмыщIу абрэмывитIи диIэщ, унэ нэхърэ нэхъ ину.

Ди щэнхабзэ тхыдэмкIэ нэхъ хьэлэмэтыр Ерысто Iуащхьэращ. Ар, чыным ещхьу, Iуащхьэ хъуреябзэу папцIэ дахэщ, и бгым деж хъурейуэ дапхъэ къыдекIуэкIыу. И папцIапIэ дыдэм кхъужьей жыгышхуэ тетауэ жаIэ, сэ а Iуащхьэр щыслъэгъуам тетыжакъым. ШытхитIыр мэзым къыщIэкIмэ, Ерыстор мэз лъапэм пэгъунэгъуу щытщ, Шыгуэбыкъуэ псы цIыкIум ижьырабгъукIэ. МэкъупIэщ.

Ерысто Iуащхьэм теухуауэ сэ сщIэ тIэкIур жызыIэу зэхэсхар Бетрожь Джэуищ и къуэ Анфокъуэщ. Ар илъэсищэ нэблэгъэху псэури, 1950 гъэм дунейм ехыжащ. Къыщалъхуари къыщыхъуари Хьэтуейти, адыгэм я бзэри, я хабзэри, я псэукIэри фIыуэ ищIэрт икIи къущхьэбзэми (осетиныбзэ) хуэIэзэт. Ар жылэм къахэщу лIышхуэт, пщIэшхуи иIэт. Сэ сымыщIэ е къызгурымыIуэ гуэр сыщIэупщIэну лIыжь-фызыжь Iэджэм сабгъэдыхьэрт, Анфокъуэ ескуртэкъым. Ауэ 1946 гъэм и гъэмахуэ хуабэу ар, къуажапщэм нокIри, кIыщым нокIуэ. КъыщIысхуея Iуэхум зыбжанэрэ нытекIухьащ ар. А махуэхэм ящыщ зым пхъащIэхэм я дежкIэ щIашэри, ягъэтIысауэ уэршэру зэхэсти, сыкIуэри я щIыбагъымкIэ сыкъыдэуващ. Анфокъуэ Ерысто Iуащхьэ и гугъу ищIырт. А хъыбарыр си гум къызэринам хуэдэу фхузоIуэтэж.

«… А зэманым Урыху Iуфи, Шэчэр Iуфи хьэблэ зытхух Iусащ, хэт Анзорхэрэ Къуэгъулъкъуэхэрэ яйуэ. Ахэр иужькIэ хэт Къуэгъулъкъуей Iэпхъуащ, хэт Хьэтуей къыдэтIысхьащ, хэти Анзорейм яхэпшэхъуащ. Ахэр хьэблэ-хьэблэу, зэпэщхьэхуэу щыщысам щыгъуэ, илъэс къэсыху бжьыхьэм Ерысто Iуащхьэ щызэхуэсырт, джэд зиIэм джэд гъэва къихьырт, Iэщ зиIэм щынэ, танэ, вы гъэшха къахурти яукIырт, щакIуэм щыхь е мэз бжэн къаукIырт, хуэмыщIахэм хэт пIастэ, хэт мэжаджэ, хэт кхъуей, хэт шхурэ жэмыкуэрэ къахьырти, псори зэхалъхьэрт аби, тхьэлъэIушхуэ ящIырт, ТхьэшхуэуджкIэ еджэу. Ар зыхуащIыр уафэ ебланэм тес Тхьэшхуэт, дунейри, цIыхури, псэущхьэри, къэкIыгъэхэри къэзыгъэщIауэ зыгъэпсэу Тхьэшхуэт. Дэ абы дызэреджэр Алыхьщ. Тхьэшхуэуджым цIыхухъу-цIыхубзми, сабийми балигъми цIыху минитI-минищым нэс къекIуэлIэнкIэ хъурт. Ешхэ-ефэу щызэхэтIысхьэкIэ гупурэ загуэшырт, къызыхэкIа хьэблэм емылъытауэ. Ахэр йошхэ, йофэ, мэхъуахъуэ. ЛъхукъуэлIхэр загъэпщу, тхъэуэ зэхэсщ, пщымрэ лIакъуэлIэшымрэ ягъэпщафIэ, ягъэIэнэзехьэ, ягъэIуэхутхьэбзащIэ. Иджы ахэр щызэхыхьэу щыта махуэр мопхуэдэращ жысIэну сщIэркъым, тхьэмахуэрами, щэбэтырами, мэремырами… Мазэри къисIуэну сщIэркъым. Сэ хузогъэфащэ, гъавэхэр кърахьэлIэжа, губгъуэ лэжьыгъэхэр зэфIэкIа нэужьу пIэрэ, жызоIэри.

Абыхэм щыгъуэ сыхьэт щыIакъым, псори дыгъэм иригъуазэу арати, тхьэлъэIур къулъшыкъум деж ирагъажьэрт.

КхъуейплъыжькIэрыщIэкIэ щIадзэрт, жаIэ. Лъакъуэр здамыгъэIэпыкъуу Iэпщэ защIэкIэ кIапсэм дэкIуейуэ кхъуей плъыжьым едзакъэфыр хуитт зыхуейр къыфIихыну - е чысэ хэдыкIар, е шылэ кIэрахъуэпсыр, е щхьэфIэпхыкIыр, е данэпсыр, е къамэр… ЦIыхухъу хьэпшып къыфIэзыхам къыфIихар езым къыхуэнэжырт, цIыхубз хьэпшып къыфIэзыхам къыфIихар е зыпылъым, е и шыпхъум иритырт. Иджы абы гъэщIэгъуэну къыщыхъур фщIэрэт? Iэпщэ защIэкIэ дэкIуейуэ кхъуей плъыжьым едзэкъэфар Iэбэу зыгуэр къыпихыну щыхуежьэкIэ, Iэ лъэныкъуэмкIэ кIапсэр хуэмыIыгъыу къежэхыжырти, псори щыдыхьэшхырт. А Iуэхум пэлъэщын пелуан Iэпщэ зиIэр закъуэтIакъуэти, мыдрейхэр дэпщей-къежэхыжурэ махуэр кIуэрт.

КхъуейплъыжькIэрыщIэм дэкIуэу нэщанэуапIи ящIырт. Нэщанэр Iуащхьэ гуэрым къытрагъэувэрт дапхъэм тету - пхъэм къыхэбзыкIауэ вы, шы, мыщэ сурэт сыт хуэдэхэр. Шабзэ зиIэр нэщанэм щэней еуэну хуитти, тезыгъахуэм бжьэ иратырт. А Iуащхьэ щыгум арщынипщI и кIыхьагъыу къурагъ щыхасэрт, и пэ дыдэм мастэ фIэIуауэ. Абы щыгъуэ щыIа мастэхэр фэлъыр дыд хуэдиз хъурт жаIэ. ШабзэкIэ а мастэр къезыудыхыфым хъупхъапщIэ иратырт.

Адыгэр игъащIэми шыкIэ ерыщкъэ: шыгъажэ ящIырт, шы куэд къызэдагъажэу. Шыгъэджэгу яублэрт, шы къагъафэрт.

Пелуанхэр зэрагъэбэнырт, текIуэм батырыбжьэ ирату - бжьакъуэшхуэм мэрэмэжьей изу.

Шэджагъуашхэ нэужьым удж хъурейр ирагъажьэрт. ЦIыхуу зэхуэсам Ерысто Iуащхьэр къаувыхьырт. ЛIыжьибл Iуащхьэм дэкIуейрти, я лъакъуэхэр щIэгъэжауэ кхъужьеишхуэр къатIысыхьырт. ИтIанэ «сэ уджынкIэ сыIэзэщ» жызыIэ хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ Iуащхьэм къешэкIа дапхъэм щызэрыубыдырт. Сринапщэри зы дапхъэ гуэрым теувэрти, Iэмэпсымэм епщэу щIидзэрт. Уджри ежьэрт зэпеуэу. ЛIыжьиблри абыхэм якIэлъыплъырт, я нэхэр трамыгъэкIыу. А еуджэкIхэр дапщэ хъуми тхьэм ещIэ, уджыр иухыу сринэм пича нэужь, лIыжьиблым зэIэпэгъуибл нэхъ Iэзэу къыхахырти, адрейхэр Iуащхьэм ехыжырт. ЗэIэпэгъуиблыр ирагъэуджэкIыурэ нэхъ Iэзэу зэIэпэгъуищ къыхашырти, адрейхэр ирагъэхыжырт. ЗэIэпэгъуищым ящыщу текIуа хъыджэбзым и цIэр Iуащхьэм фIащырт, гъэ къакIуэ пщIондэ. Иужьу Тхьэшхуэуджым щытекIуар Ерыстохэ япхъути, Iуащхьэм абы и цIэр къыхуэнауэ зэрехьэ. А текIуам къыдэуджа щIалэм хъыджэбзыр къишэ хабзэт. ЩIалэм ар къишэн имыдамэ, хъыджэбзым и дэлъхухэр бий къыхуэхъурт.

Абы иужькIэт ефэ-ешхэ иныр щащIыр. Тхьэшхуэм ехъуэхъуу, шыкур хуащIу махъсымэ, санэху ирафырт, лы гъэжьа, лы гъэва, кхъуей яшхырт, бзылъхугъэхэри санэху ефэрт, джэдыл гъэва, жэмыкуэ, дэлэн яшхырт, лэпс ирафырт. Хамэ жылэхэр къагъэдаIуэу уэрэдыжьхэр кърашырт, сринэм ирагъапщэурэ къафэхэрт, ислъэмей ящIырт, зыхатIэрт. Пшапэр зэхэуами, псоми уджым зратырт.

ЛIыхэми, фызхэми, щIалэхэми, хъыджэбзхэми я нэкIухэм упщIэ Iуалъхьэрт, ажэгъафэм ещхьу я нэкIухэр ягъэпщкIурт, жылагъуэр зэрымыцIыхужу къызэхэнэрт - зэлIзэфызхэр зэфIэкIуэдауэ, зэанэзэкъуэхэр зэрымыгъуэтыжу, зэдэлъхузэшыпхъухэр зэхэзещхъуэн зэхуэхъуауэ, щхьэж къыпэщIэхуэр и Iэпэгъуу зэкIэлъхьэужьу ищхъэрэкIэ еуджэхыу ежьэрт. ЛIым и Iэ ижьымрэ бзылъхугъэм и Iэ сэмэгумрэ я Iэпхъуамбэхэр зэрылъу, зэхъуцацэу, зэрыгъэдыхьэшхыу тIуащIэм нэс еуджэхырти къыдэуджеижырт, уэшх къешхми, жьы къепщэми, щыблэ уэми абы щхьэкIэ къамыгъанэу. Жэщыбг нэблэгъэху уэрэд кърашу, къафэу, дыхьэшхыу зэхэтти, щхьэж и хьэблэ кIуэжырт».

Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: