Лыкъуэжь Нелли и лэжьыгъэхэр УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт усакIуэ, драматург Лыкъуэжь Нелли мы махуэхэм илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуащ.
Лыкъуэжь Нелли Хьэлым и пхъур Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ищхъэрэ (Ислъэмей) къуажэм къыщалъхуащ. Къуажэм дэт курыт еджапIэр къиуха нэужь, ар щеджащ Витебск (Белоруссие) щыIэ индустриальнэ педагогикэ техникумым, КъБКъУ-м тхыдэмрэ филологиемрэ щадж факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. А псом къадэкIуэу КъБКъУ-м цIыхубэ IэщIагъэхэмкIэ факультетым хэту къызэIуаха журналистикэ къудамэми щеджащ. Нелли ядэлэжьэн щIидзащ ди республикэм и мызакъуэу, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я редакцэхэм, радиомрэ телевиденэмрэ.
Литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм хэлъхьэныгъэхэр хуещI. Усэхэр, Iуэтэжхэр, пьесэхэр,эссехэр, балетхэм папщIэ либреттэхэр итхащ. Прозэ тхыгъэхэр зэрыт «Щхъыщхъ макъ» тхылъыр I997 гъэм, усэхэр щызэхуэхьэса «КъапщIийхэр» тхылъыр 200I гъэм къыдэкIащ. Нелли и усэхэр хыхьащ усакIуэ зыбжанэм я тхыгъэхэр къызэщIэзыубыдэ «Шыхулъагъуэ» сборникым, сабийхэм яхуитхахэр – «Жьымрэ Жьуджалэмрэ», либреттэхэр – «Псэхэм бзийм зыхаухуэнэж» тхылъхэм. Апхуэдэу Лыкъуэжьым и усэхэр итщ «Къэбэрдей усыгъэм и антологием» (2008). А гъэ дыдэм къыдэкIащ Лыкъуэжь Нелли зэлэжьа «Ди КIунэ» тхылъ-журналыр, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артисткэ, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ пажэ ЖьакIэмыхъу КIунэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуауэ. УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист, Абхъазым и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат Мысостышхуэ Пщызэбий теухуауи Нелли тхылъ къыдигъэкIащ «Жылапхъэ» (2009) и фIэщыгъэу. Лыкъуэжьым и тхыгъэхэм симфоническэ макъамэ хуатхащ композиторхэу Гугъуэт Аслъэнрэ Коржавин Валерэрэ. Нелли и усэхэм ящыщ зыбжанэм макъамэхэр хуатхауэ ди уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэм ягъэзащIэ. И тхыгъэхэр урысыбзэкIи, нэгъуэщIыбзэхэмкIи зэрадзэкIащ. Мы зэманым ар йолэжь тхылъыщIэ къыдигъэкIынум, уней хьэрычэт Iуэхум и унафэщIщ.
Лыкъуэжь Нелли къыщалъхуа махуэр дэдгъэлъапIэу, фи пащхьэ идолъхьэ «Дунейм и шэжыгъэ» зыфIища и тхыгъэмрэ Тхьэгъэзит Зубер абы хуитха усэрэ.
Дунейм и шэжыгъэкIэ
Нэ зиIэм вагъуэ иIэщ! Ярэби, арауэ пIэрэ-тIэ, дунейм и щэху тIысыпIэр? Ар пэжмэ, дунейм и тIасхъапIэри абдеж?.. Сэ сощIэ, уэ узипсэ кхъуакIэщ, си нэвагъуэ! Си напIэ зэтеслъхьахэр уи быдапIэу, нэбжьыцхэр сатыритIу уи хъумакIуэу пхуэзгъэуващи, кхъыIэ, уижын ипэ, фIыуэ сызэгъэплъ, уи деж сыкъакIуэурэ гъуэгуанэ кIыхь зэпысчащи.
Сэ уэр нэмыщI, уэ сэр нэмыщI димыIэ. Уи деж нэмыщI си Пэжыр щыщымыIэ!
Сэ си гупсысэр си нэвагъуэхэм хуэсхьащи, хъуэпскI минкIэ утхэу къысхузэтопщIыкI. Нэвагъуэм и кур зы мастэпэ къохъу, мис ар – мастэнэм хуэмурэ хуэкIуащ. Сабын тхъурымбэ цIыкIуу къэушырыбри и щIыфэм, плъыфэу хъуам, зыщашэщIащ.
Сэ абы нэмыщI, абы сэр нэмыщI димыIэ. Абы и деж нэмыщI сэ си Тхьэр щыщымыIэ!
Нэвагъуэм кIэ имыIэу сызэпхоплъ. Дунейм и шэжыгъэкIэр здилъыр арщ. Абы хьэрш шууэ Дунеишхуэр щос. Дуней зэрысыр си нэвагъуэращ.
Сэ абы нэмыщI, абы сэр нэмыщI имыIэ. Сэ си дунейм нэгъуэщI Дуней имыIэ!
Нэвагъуэм нэрынэбэхэр щопэкIу. Нэрынэ къэс теплъэгъуэу зэролъэлъ. Хэт ар? Нэзыншэщ. Гъунапкъэншэщ. Къэухьыншэщ. И гуащIэр пхуэмыIуэтэщIыну инщ. ГъащIэ мыухыр и пкъыгъуэ нэхъыщхьэщ. Зэманыр и адэжь щIэинщ. Абы фIэсщыныр сэ сымыщIэ. Алыхь е Тхьэ? СымыщIэ. Хьэуарщ пкIэлъейри сIэщIокI, схузэпымыщIэ.
Нэрынэ къэс теплъэгъуэу зэролъэлъ.
Шыхулъагъуэм шы лъакъуапIэу иIэу хъуар,
Сахэлъэтауэ зызогъэдзэкI.
КIэрахъуэу жыхуаIа дунейр
IумпIафIэу, мис, къыздоуджэкI.
Дей жыг вагъуэбэр щызгъэхъейкIэ,
Макъамэ дахэ къыпощэщ.
Вагъуэщэлъахъэр щезутIыпщкIэ,
ЦIыкIу-цIыкIуу
Вагъуэщыгъэр зэрощэщ.
Вагъуэбэ тхыцIэм сэ ныздэшэсауэ,
Щыта Вагъуэдамэкъуэр согъэжей.
Щэху цIыкIуу ВагъуэкIапсэм зыпысщIауэ,
Вагъуэхьэлывэм сыхудонэцIей.
ИужькIэ, Нэхущвагъуэм деж зысфIигъэпщкIуауэ,
Вагъуэабрэдж ежьам сыныпокIэс.
Ищхъэрэвагъуэм зезгъэгъэгусауэ,
СыдокъуейщIей Вагъуэгублащхьэдэс.
Вагъуэзэшиблыр атэлыкъ къащыкъщи,
АбыкIэ Вагъуэкъанхэр къызощып.
Вагъуэсокъурэм санэ къыщхьэщыпкIыу,
Хуэсхьащи, Ахъшэмвагъуэр сощI хьэщыкъ.
Вагъуэкъэкъуалъи ВагъуэщIыIи зиIэм
Хъуржыным Вагъуэ хугур кърепхъыкI.
Хьэтыкъ кIэдэдзэ ахэмкIэ схуищIауэ,
Шэ щIэгъэпщтхьа – Дунейр дызохъупыкI.
Сахэтщ апхуэдэу…
Вагъуэ зэхуаку сабэр згъэхъеиху,
Губжьауэ Вагъуэбашыр къыскIэлъыуэу…
Нэвагъуэм нэрынэбэхэр щопэкIу,
Нэрынэ къэс теплъэгъуэу зэролъэлъ.
Iуащхьэмахуэ щхьэгум къолъэтэхри
ХьэрэмэIуащхьэ Псатхьэр къотIысэх…
Тхьэ Хасэ зэхыхьэгъуэр къэблэгъащи,
IуэхущIафэу Тхьэхэм яIэр егъэунэху…
«А Хасэм ди Тхьэр ирамыджэм», - жаIэу
Псым хэс ТхьэIухудхэр зэрогъэдэущ.
Я гуащэм, «аргъей дзажэкIэ зижьауэ»,
И кIэмажьэпкъыр псыхъуэм щегъэущ.
Мэзытхьэм ар и щIасэщ Iэджэ щIауи,
Чэщейм пхъэ вакъэ къыхухеIущIыкI.
Лъэпщ дыди, Iэщэ щIыныр къигъэнауэ,
Iэлъын, Iэпщэхъу дыжьыным къыхещIыкI.
… Мес Тхьэгъэлэдж, шэмэджыр къищтэжауэ,
Хьэрэмэ дэкI лъэс лъагъуэр къеупщIыхь.
Созэрэщи, Псыхъуэгуащэр игу къихьауэ,
Жьэгу мафIэ дэпым и нэр топлъызыхь.
ЗысщIауэ сэ Амыщ, и бжэн сахэтщи,
Я щэху сIухуахэр къыщIызогъуэшхыкI.
НэбдзыпэщIэплъу сызыIуплъэ Уащхъуэм,
И хьэрхуэрэгъуу щыблэр къыкъуоукI.
Аращ-тIэ… Щыхихыжыну хьэпсым и псэр и натIэм иритхат игъащIэм къитхъ зымыщIа Сократ. «Тетщ мы дунейм Тхьэ куэд», - жиIэу, щхьэ мыгъуи жиIат?!
Нэвагъуэм нэрынэбэхэр щопэкIу, нэрынэ къэс теплъэгъуэу зэролъэлъ.
ДыкъэзыгъэщIари, дэ къэдгъэщIыжари, дунейпсо акъылым мэскъал хэзымылъхьари гуащIэу тхэлъу хъуамкIэ дыщхьэхуэщ икIи дызщ, тIурытIым я Iэужьхэр лъэужькIэ дызырызщ…
Нэрынэ къэс нэвагъуэхэм щопэкIу.
Мис, аргуэру дунейр къутэжащ…
Ауэ, уафэ лIыкIуэ ткIуэпсхэм дэтхытхами, нэри пэри псым ирихьэхами, ажал лышхыр нацIэу къигъэнауэ, псэуэ щыIэу хъуар къызэщIикъуэжри, лэгъупыкъу зэмыфэгъу къахищIыкIауэ, и Iэдийхэм къапихыу псэ лъэмыж, Псыхъуэгуащэр псым къыхосыкIыж.
Ярэби, арауэ пIэрэ-тIэ дунейм и щэху тIысыпIэр? Ар пэжмэ, дунейм и тIасхъапIэри абдеж?
Псым ищIэн ищIауэ щикIуэтыжым, псыхъуэ тхыцIэр дыгъэм пигъэпщIыпщIу, псы щIагъ кхъухьу, щIыр къыдокIуеиж. Дахагъэ теубгъуар къытебыбыкIрэ, фIылъагъуныгъэр хъуэпскIкIэ телыдыкIыу.
Нэвагъуэм нэрынэбэхэр щопэкIу.
Псэущхьэу хъуар зэрышх-зэрылI зэпытщи, си лъэпкъым и мащIагъыр си гум къоуэ. Ажалыр и гуфIакIэм дэс зэпытми, къезыгъэлын Дахагъэр уафэм щIоуэ!
НэхуапIэ!
Сэ сощIэ, уэ узипсэ кхъуакIэщ, си нэвагъуэ! Си напIэ зэтеслъхьахэр къызэтесхрэ, Iэдакъэжьауэу гъащIэм сыкIэлъыплъу, нэкугъуэр Дунеижьым щыщIэзгъэплъкIэ, псэ емызэшым си нэмкIэ къилъыхъуэр – си лъэпкъым и сурэтым екIун плъыфэщ…
Тхьэгъэзит Зубер
Псалъэ
«Щхъыщхъ макъ» тхылъыр
зытха Лыкъуэжь Нелли и деж.
I
– Сыт а уафэ гъуагъуэ макъыр? –
КъэIуащ Псалъэм я «щхъыщхъ макъыр».
– Вагъуэу сыт псэм къеIущащэр?
– Псалъэм я «щхъыщхъ макъ» зэIуащэр.
Псалъэр сыту гъэщIэгъуэн, –
Хуейм – щымщ,
Хуейм – лъокI къэгъуэгъуэн.
Къэзылъху гум ар елъытащ, –
Зэм – щIыIубщ ар,
Зэм – лъэтащ.
Е хуохъу цIыхум я гур абгъуэ,
Е зеиншэу итхэщ губгъуэ.
II
Дыгъуасэм хоплъэ мыIэрпхъуэру
Уи псалъэу НОБЭМ къыхыхьар.
Жэщыбгым ПЩЭДЕЙМ и бжэIупхъуэр
КъызэIуихыну хущIокъу ар.
Уи ПСАЛЪЭМ, жанми уи нитIыр,
Къахуэмылъагъу гуэр уегъэлъагъу:
Илъэс мин и пэ щIым тетами
ГукIэ ухуешэ лъагъунлъагъу.
Зэм хым и лъащIэм щорсыр уи псэр,
ЗыхэпщIэу ПСАЛЪЭМ и кууагъ.
Зэм вагъуэм я деж псэр нехьэсыр,
ЗыхэпщIэу ПСАЛЪЭМ я лъагагъ.
Къаубыд псэ Iэпэр ПСАЛЪЭ Iэпэм,
Ухашэ умыцIыху дунейм.
Удашэр къуэм,
Удашыр бгыпэм,
Укъыхашэжыр гъащIэ уейм.
Псэр зыдынэсым лъэр ираджэу
КъоIур уи ПСАЛЪЭМ я «щхъыщхъ макъ».
Макъамэ зэмыщхь куэд зыхаджэу
Гум къыращIылIэ псалъэмакъ.
МыупщIэу узырагъэдаIуэ,
КъыбжаIэ уэ зыхыумыха.
Хуэдэщ зэм щIыхьэ псэр щIы щIыIэм,
Зэм пфIощI псэр вагъуэм щхьэдэха.
III
ПСАЛЪЭ щIэщыгъуэм сыт и лIыгъэ:
Абы зещIыжыр гукъинэж.
Хуэзамэ ужьыхыж зи ГУГЪЭ, –
И гугъэр хузэщIегъэнэж.
Хуэныкъуэщ ЛЪАГЪУНЫГЪЭ дыдэм
И мафIэр – ПСАЛЪЭ щIэзыгъэст.
И сахуэр уи нэм къамыубыду,
Хуей хъум –
Абы цIыхугу егъэс.
ПСАЛЪЭМ и купщIэр уи гум нэсым,
Нэрымылъагъу алъп уегъэшэс.
Уи лъэм уздынимыхьэсынум,
Зы напIэзыпIэм псэр нехьэс.
«Уигу сихужынкъым!» –
КъыбжеIэжри,
Укъыдешэжыр адэжь жьэгу.
«ГУПСЫСЭ!» – жиIэу,
Ар йожьэжри,
Тохьэжыр гу къыщихьэху гъуэгу.
IV
«Иджыри къакIуэ», –
ХубощI уи Iэр,
КъыбжезыIам зэхыумыха
…Хуэдэщ зэм щIыхьэ псэр щIы щIыIэм,
Зэм пфIощI псэр вагъуэм щхьэдэха.
Уи ПСАЛЪЭМ яIэкъым псэхупIэ,
Уешкъым псалъэм уахэдэн…
Унагъуэ къэс иращI псэупIэ
Ирехъу ар ягу ираубыдэн!
I998 гъэ
Поделиться:
Читать также:
31.10.2024 - 16:41 →
Щхьэгъэпсэу Iилэ
30.10.2024 - 12:39 →
ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ
29.10.2024 - 10:01 →
Сыт пщIащэхэр щIыпылъэлъыжыр?
24.10.2024 - 12:00 →
Лъахъэдыгъу и къуэм и хабзэ къутэкIэ
21.10.2024 - 15:02 →
Акъылыншэр гъунэжщ
|