Гъэлъэхъум зэрыпекIуэкIа Iэмал![]() А лIым къехъулIахэр зытхыжар Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алийщ, адэкIэ къэтхьым дызыщрихьэлIар «Адэжь хъыбархэр» зыфIищу 20I4 гъэм Черкесск къалэм а цIыху гъуэзэджэм къыщыдигъэкIа и тхылъырщ.
Даур зэшхэм сыт щыгъуи мылъкуфI яIэу къэгъуэгурыкIуати, совет властыр зэфIэува нэужь, а я мылъкум куэд игъэлъэпэрэпэжат.
Хъусин урыс еджапIэми щеджауэ щIэныгъэфIрэ зэхэщIыкIрэ иIэти, I9I7 гъэм къэхъуа революцэм и хъыбар зэрызэхихыу къыгурыIуат абы щIэх гъазэ зэримыIэнур. Большевикхэм я къыхуеджэныгъэхэм, я IуэхущIафэхэм мыIейуэ щыгъуазэти, и къуэшхэм, и унэкъуэщхэм пасэу яжриIат я мылъкур ягъэмэщIэн зэрыхуейр, властыщIэм къигъэув зэхэтыкIэм я мылъкур псыхэкIуадэ зэрыхэхъухьынур, езыхэми ар я щхьэм къызэреуэжынур.
АрщхьэкIэ я гъащIэ псом я мылъкур угъуеиным пщIэнтIэпс къабзэкIэ хуэлэжьа цIыхухэм а псор я фIэщ Хъусин хуэщIакъым, я нэгуи къахущIэгъэхьакъым я мылъкур зыгуэрхэм ауэ сытми трахынкIэ къракуну.
Апхуэдэу щыхъум, и къуэшхэм елъэIури, мылъку зэхэлъым щыщу езым къылъысыр къаIихащ. Зыри къимыгъанэу зэман кIэщIкIэ ирегъэсыкI.
ВластыщIэр щыуву, колхоз зэхэхуэным щыщIадзам Хъусин и пщIантIэм шыуэ е Iэщу зы псэущхьи дэтыжакъым. Шэрхъхэр щIэмытыжу зы тешанкIэ закъуэт дэлъыжыр.
Iуэхур къызэрекIуэкIынур зыжриIэу къемыдэIуа и къуэшхэм я мылъкур, зы бедакъ гъуанэжьи къыпэмыкIуэу, «шыгъу и псы ткIукIэу» яIэщIэкIащ, зеяхэри ягъэкъуэншэжащ псэукIэ зэраIам папщIэ, текIуэдэжыпаи къахэкIащ…
Хъусин мылъку имыIэжами, зэриIам папщIэ куэдрэ къралъэфэкIащ, щIыпIэ-щIыпIэхэм зыщигъэпщкIуурэ илъэс бжыгъи блэкIыжащ…
Апхуэдэ зыгъэпщкIугъуэ гуэрым, езым хуэдэу япэм псэукIэ яIауэ, иджы ахэри ямыгъэпсэууэ лIы зыщыплIи и гъусэу, Къущхьэхъу мэзым щIэст. Iэщэншэхэт езыри и гъусэхэри. А лъэхъэнэм Iэщэ пIыгъыу мэзым ущIэсмэ, щысхьырабгъу лъэпкъ хэмыту хьэ укIыкIэу уаукIынут, зэпсалъэ кIыхьи, зэхэгъэкI-зегъэлIалIи щыIэнутэкъым. Арат зыми Iэщэ къащIримыгъащтэр.
Гупыр ерыскъыкIэ гугъу ехьырт. Къуажэхэми куэдрэ дыхьэн кърагъэкIуртэкъым, зи пщIэнтIэпскIэ псэужхэм елъэIуну. ХъунщIэн-къатехын Iуэхухэм и гъусэхэр ауи тепсэлъыхьу идэртэкъым Хъусин. Езым и ныбжьэгъухэм кърагъэщтауэ ерыскъырэ фадэрэ ядишхамэ ядишхат, къинэмыщIа и гъащIэ псом зым и чымпи хьэрэмыгъэкIэ абы зрихьэлIатэкъым…
Я лэгъупыр нэщI дыдэ щыхъуа апхуэдэ махуэ гуэрым гупыр мэз гъунэм щызэхэст, яшх хъун гуэр къагъэхьэрычэта зэрыхъунум егупсысу. Плъырын зи чэзум къилъэгъуащ гъэлъэхъу бэгъуа и пщэм дэлъу лIы гуэр къазэрыхуэкIуэр. Ар къызэрыкIуэ гъуэгур ахэр зи гъунэм Iус мэзымкIэ пхыкIырти, хэти егупсысащ: «Дауэрэ а щIалэжьым гъэлъэхъу бэгъуар къыIэщIэгъэкIа хъуну, езыхэр къимылъагъуу» - жыхуаIэу. Къытехыныр зыми и щхьэ къихьакъым.
Гупым я гур кIуэдыпауэ, гъэлъэхъум хэкIыжыпауэ къалъытауэ, «сэ къэзгупсысащ!» - жиIэри, Хъусин къэтэджащ. Ар псалъэ кIыхьым хэмыхьэу жэри, езым лъыгъ хром шырыкъуфIитIым языр мэз щIагъ лъагъуэм и гъунэм трилъхьащ. Езыр гъуэгум фIыуэ къехри, къуэ цIыкIу гуэрым псы тIэкIу щежэхым уикIын хуейти, абы зэпрыкIри адрей шырыкъу лъэныкъуэр абдеж щигъэтIылъащ.
Гъэлъэхъур къэзыхь щIалэжьыр япэрей шырыкъу лъэныкъуэм деж къыщысым къэувыIэщ, зиплъыхьщ, гъэлъэхъу пхар игъэтIылъри, «къигъуэтамкIэ» занщIэу пхъуащ. Къищтауэ зэпеплъыхь, шырыкъу щIэрыпс хъарзынэщ, и нэвагъуэр къоху. КъыздрикIуам, мыдрейм и гуэгъум гу лъимытэу къыблэкIа фIэщIри, япэр здэщылъыр къанэ щымыIэу зэIищIа нэужь, тIэкIу егъэзэжри, зеплъыхь, ауэ игъуэт-Iакъым. ЕтIуанэр щимыгъуэтым: «Мы закъуэ гущэм сыт къысхуищIэн?» – жиIэщ, хэщэтыкIри, шырыкъу лъэныкъуэр хыфIидзэжащ.
Хъусин зытрищIыхьар апхуэдэ гупсысэкIэти, щIалэжьым и хьэлъэр ищтэжу зэрежьэжу, езым шырыкъу лъэныкъуэр къипхъуэтэжри, мэз защIэкIэрэ къуэ зэпрыкIыпIэм деж щэхуу къигъэтIыса и гъусэхэм яхыхьэжащ. НаIуэ замыщIурэ, гъуэгум къыкIэлъыплъу щIадзэ.
ЩIалэжьыр къэсщ, псы тIэкIум зэпрыкIри, «шокъу» жиIэу адрей шырыкъу лъэныкъуэм Iууащ. ГузэвэгъуэкIэ и хьэлъэр егъэтIылъ, шырыкъур къещтэри зэпеплъыхь, ари егъэтIылъри, япэрейр здыхыфIидзауэ щытам щIопхъуэ. Иджы гупым бэлэрыгъыпIэ яIэжтэкъым. ЩIалэжьым къигъэна гъэлъэхъури, шырыкъу лъэныкъуэри къапхъуатэри, мэхь-мэхь, бгъуэтмэ къэщтэж!
Хъусин мэзым зыхигъэпщкIуауэ еплъакIуэрти, адрей шырыкъу лъэныкъуэр зымыгъуэтыжа щIалэжьыр гъумэтIымэу къэсыжри… гъэлъэхъури шырыкъури щыIэжкъым.
И щхьэм IэщIыбкIэ тетIыркъэщ, зэфIэтIысхьэри, щIалэжьыр ину дыхьэшхащ. КъыгурыIуагъэнт Iэзэу къызэрагъэпцIар.
- Уэлей, хэт къигупсысами, шхум хуэдэу сыкъигъэпцIакIэ! Апхуэдэ щхьэ зыфIэтым анэ быдзышэу и хьэлэлщ си гъэлъэхъужьри, си хьэлъэри псынщIэ къысщищIащ! – жиIэщ, иджыри зэ лъэщу дыхьэшхыжри, и щхьэр игъэсысмэ игъэщIагъуэу ежьэжащ, и Iэшхуэхэр щIиупскIэу.
Хъусини хьэрычэт къащIа гъэлъэхъум гыбзэ къызэрыкIэлъымыкIуар, ар зейм хьэлэл къазэрыхуищIар и гуапэ дыдэ хъуауэ гупым яхыхьэжат…
Ар и къыIэщIэгъэкIыкIэу, щIалэжьми и гум емыуащэу, гушыIэ гуэри къыхэхуэу Хъусин гъэлъэхъу пшэрыр зейм къыIэщIигъэкIауэ щытат къигупсыса Iэмал къызэрымыкIуэмкIэ…
Поделиться:
Читать также:
12.05.2025 - 15:30 →
ЩIыхуэм дэкIуэдащ щIалэр
12.05.2025 - 12:33 →
Шыдыгъу
07.05.2025 - 15:59 →
Хьэчим щхьэ Борэн?
07.05.2025 - 09:21 →
ЗЭАНЭЗЭПХЪУР ЗОПСАЛЪЭ
30.04.2025 - 14:30 →
Хъыбар кIэщIхэр
|