Удредзей икIи укърехьэхыж

         Сыт хуэдэ революцэри зыгуэркIэ зэщхьщ. Абы хопщIэ я Iуэху еплъыкIэкIи, дуней тетыкIэкIи, зыщIапIыкIа хабзэкIи, бгъэдэлъ мылъкукIи зыкIи зэмыщхь цIыхухэр. Нэхъыщхьэращи, революцэхэм Iэмал ират дэкъузауэ, хуитыныгъэншэу, дэ дызэресам хуэдэу жытIэнщи, къэрэхьэлъкъым къыхэкIа цIыхухэм жылагъуэми властми я пащхьэм бжьыпэр щиубыдыну. Ар кърибгъэлъэгъуэфынущ Мексикэм и президенту щыта Обрегон Альварэ и щапхъэмкIэ.

         Языныкъуэхэм Граждан зауэу къалъытэ Мексикэ революцэр илъэсипщI бжыгъэкIэ екIуэкIащ. Ауэ, апхуэдэхэм деж зэрыхъущи, ар къэмыхъеиххэнкIи хъунут 1876 гъэм къэралым властыр генерал Диас Порфирио щимыубыдамэ. Илъэс 30-м нэблагъэкIэ властыр зыIэщIэлъа Диас къэралым щигъэуващ «Порфириато» хабзэу тхыдэм хыхьар. Ар зытещIыхьар тепщэныгъэр езым и ныбжьэгъу къулеижьхэм етынырт. Ахэрат Мексикэм и экономикэр къанэ щымыIэу зыIэщIэлъыр. Къэралым и къулеигъэхэр щысхь ямыIэу зэхафыщIэрт, цIыхухэр гущIэгъуншэу ягъэпщылIырт. Абы щыгъуэми, мыарэзыуэ зыкъэзыIэтхэр къэмыланджэу хапIытIэрт. «Хэхыныгъэхэри» щекIуэкI хуэдэт, арщхьэкIэ абыхэм сыт щыгъуи адрейхэм куэдкIэ ящхьэпрыкIауэ «щытекIуэрт» генералыр. Зэ закъуэщ абы властыр нэгъуэщIым щритар - конституцэм ипкъ иткIэ зэкIэлъыкIуэу пIалъитIкIэ къулыкъу нэхъыщхьэр иIыгъ хъунутэкъыми, абы президентыгъэр езым и къуэдзэ Гонсалес Мануэль хуигъэкIуэтат. АрщхьэкIэ «зэрагъэзахуэри» а хабзэр якъутэжащ икIи псори зэрыщытам хуэкIуэжащ. ЦIыхубэм афIэкIа хуэхьыжакъым. Илъэс 80 зи ныбжь Диас езым аргуэру президенту зыхихыжа иужь хэхакIуэхэм зыкъаIэтащ икIи генералыр щIэпхъуэжын хуей хъуащ. А зэрызекъуэм къигъэлъэгъуащ цIыхухэр зыгъэдэIуэф, ахэр зи жьауэм щIэзыгъэувэф унэтIакIуэхэр къызэрыкъуэкIар. ЦIэрыIуэ хъуа Мадерэ Францискэрэ Рейес Бернадрэ къадэкIуэу абыхэм ящыщт Обрегон Альвари.

         1880 гъэм мэкъумэшыщIэ унагъуэм къыщалъхуа Обрегон политикэм пэжыжьэт. Ар пасэу зеиншэ хъуат икIи и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр езыр къыщальхуа Сонорэ штатым щIы Iыхьэ тIэкIу къыщыIэрыхьэнырт.

         АрщхьэкIэ революцэр къэхъейри, Альварэ зыкъэзыIэтахэм яхыхьащ, иужькIэ зэуащ президент Мадерэ къыдэщIу. АрщхьэкIэ 1913 гъэм Модерэ традзри, властыр иубыдащ зи чэзу залымзехьэм – генерал Уэртэ. Обрегон аргуэру Iэщэ къищтэн хуей хъуащ. А зэманым Мексикэм и ищхъэрэ лъэныкъуэр революцэм и мафIэм зэщIищтат. ЦIыхубэм къахэхъукIа дзэзешэхэр правительствэм и къарухэм зэпэщу япэщIэтт. Обрегон ящыщт зауэ Iуэхухэм нэхъ ехъулIэхэм. Ар тетт Суворовым къыхилъхьауэ щыта Iэмалым: зэуэн зэрыхуейр бжыгъэкIэкъым, атIэ IэзагъкIэщ. Абы къыдэкIуэуи егъэлеяуэ хахуэт: сэлэтхэр къызэщIиIэтэрти, езыр япэ иту ебгъэрыкIуэрт. Апхуэдэу мыхьэнэ ин зиIэ текIуэныгъэ зыбжанэ къихьа нэужь егъэлеяуэ цIэрыIуэ хъуащ. А зэманым политикэм хэмыт ар хуабжьу жьэнахуэт икIи къулыкъу гуэри хущIэкъуртэкъым. Сыт щыгъуи диIыгъырт зыкъэзыIэтахэм я Iэтащхьэхэм ящыщ Коррансэ Венустианэ – Коаилэ штатым и губернаторыр. А политикыр ищхьэкIэ щыIэ властым пэщIэуват лIэн-къэнэну.

         Факъырэу икIи хуитыныгъэншэу псэу цIыхубэм даIыгъырт зыкъэзыIэтахэр. 1914 гъэм Уэртэ властыр IэщIэкIащ. Ар зэрихъуэкIащ Карвахаль Францискэ. АрщхьэкIэ зыкъэзыIэтахэр цIыхубэм зэрыдиIыгъыр щилъагъум, ари щIэпхъуэжащ. Мехикэ революцэм и дзэхэр дыхьа иужь Обрегон Каррансэ къэралым и Iэтащхьэу къилъытащ. АрщхьэкIэ Каррансэ нэгъуэщI революцэ унафэщIхэм - Вилья Францискэрэ Сапатэ Эмилианэрэ - ягурыIуэфакъым. Иужьрейхэм абы зауэ иращIылIащ. Иджы Обрегон хабзэкIэ щыIа правительствэм къыдэщIу япэщIэуват зыкъэзыIэтахэм. Зауэр гущIэгъуншэу икIи кIыхьу екIуэкIащ, арщхьэкIэ Альварэ бий къыхуэхъужахэм удын хьэлъэ зыбжанэ яридзащ. ЗэпэщIэтыныгъэм цIыху куэд хэкIуэдащ, езы Обрегон и Iэ лъэныкъуэр зэхэуэхэм хилъхьащ, арщхьэкIэ и щIыхьыр Бонапарт Наполеон ейм хуэдизу дэкIуеящ.

         Каррансэ текIуащ, арщхьэкIэ абы цIыхухэм фIы гуэри къахуихьакъым: факъырэр факъырэу, хэкIыпIэншэу, щIыхуэхэм щIагъэнауэ къэнэжащ.

         Зэхэуэ гуащIэхэм япсыхьа Обрегон унафэ пхъашэхэр къищтэу есат. Иджы мурад ищIащ властыр тридзу езыр президенту увыну. Ар абы къехъулIащ. Революцэм и хабзэхэм къытекIауэ, конституцэр къызэпиудауэ властыр ягъэкъуаншэри, Обрегон и унафэм щIэт къарухэр 1920 гъэм и мэлыжьыхьым Мехико ебгъэрыкIуэу хуежьащ. И министрхэр щIыгъуу Каррансэ щIэпхъуэжыну хэтащ, арщхьэкIэ хунэмысу яукIащ. 1920 гъэм екIуэкIа хэхыныгъэхэм яужькIэ президент хъуащ Обрегон Альварэ. МэкъумэшыщIэ къызэрыгуэкIыр къулыкъу нэхъ лъагэ дыдэм дэкIуеящ.

         Лэжьыгъэм зэрыпэрыхьэу Обрегон мыхьэнэ ин зиIэ лъэбакъуэ ичащ: 1917 гъэм къащта конституцэм и 27-нэ статьяр зэримыкъутэжынур жиIэри. Хамэ къэрал щыщхэм ар дыдэмкIэ я фIэщ ищIащ 1917 гъэм и пэкIэ къэралым щызрагъэгъуэта мылъкур къазэтримыхынур.

         Абы и фIыгъэкIэ США-м къилъытащ Обрегон и правительствэр. Вашингтон Обрегон дэIэпыкъуащ езым и бийуэ зыкъэзыIэтахэр хипIытIэнымкIэ. Пэжу, езы Альвари абыхэм япэлъэщыфынут – ар дзэзешэ акъылыфIэт, арщхьэкIэ жыжьэ плъэф политикыу щыттэкъым.

         Властыр зэрыIэрыхьэу, абы къулеижьхэм щIыхэр къатрихыурэ, мэкъумэшыщIэхэм яриту щIидзащ. АбыкIэ зыпэщIигъэуващ лъэкIыныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхухэр. АрщхьэкIэ и щыуагъэ нэхъыщхьэ дыдэр католик члисэр зэрызыщигъэIеярщ. Ар хущIэкъуащ абы ищIхэмрэ мылъкухэмрэ къытрихыну. Диныр ткIийуэ щаIыгъ Мексикэм апхуэдэр къыщыпхуадэнутэкъым. Iуэхум, уеблэмэ, хыхьащ Римым и папэр. Абы президентым хуигъэуващ реформэхэр къызэтригъэувыIэну. АрщхьэкIэ Обрегон понтификым и лIыкIуэр къэралым ирихуащ.

         Ар президентым къешынэуэжащ илъэс зыбжанэ дэкIа иужь. ИлъэсиплIкIэ Кальиес Плутаркэ президенту щытауэ 1928 гъэм Альварэ аргуэру политикэм хыхьэжыну мурад ищIащ. Ар абы къехъулIащ: хэхыныгъэхэм щытекIуащ. АрщхьэкIэ махуэ зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу яукIащ: студент-католик Тораль Хосе Обрегон хуигъэгъуакъым члисэм зэрыпэщIэувар.

         Абы и къуагъым къуэтар хэтми гурыIуэгъуэщ. АрщхьэкIэ абыхэм я цIэхэр зэи къагъэнэIуакъым.

         Мис аращ: Обрегон революцэм дридзейри къридзыхыжащ.

 

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд.

Поделиться: