ХьэжытIэгъуей ауз

Пушкин Александр къыдигъэкIыу щыта «Современник» журналым традзат урысыдзэм къулыкъу щызыщIэ адыгэ (абазэ) щIалэ Къаз-Джэрий (щыпсэуар I807-I863 гъэхэрщ) и тхыгъитI – «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр таурыхъымрэ».

Абыхэм усакIуэшхуэр къыщытхъуат, щIэныгъэм пэIэщIэу къалъытэ Кавказым щыщ щIалэщIэм къызэкъуиха зэфIэкIыр фIэтелъыджэу. «ХьэжытIэгъуей аузым» гулъытэ къыхуищIат критикхэм я критикыжу къалъытэ Белинскэми. Къаз-Джэрий дзэм хэтащ генерал-майор хъуху, полкым, корпусым я Iэтащхьэу щытащ, зауэ зыбжанэм лIыгъэ къыщигъэлъэгъуащ.

Мыбдежым къыщытхьыр Къаз-Джэрий зи гугъу тщIа и тхыгъэхэм ящыщу япэу зи цIэ къитIуарщ. Ар адыгэбзэм хуэзыгъэкIуар Урысейм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, зи анэдэлъхубзэр нэгъэсауэ зыщIэ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ Къэрмокъуэ Хьэмидщ.       

ХьэжытIэгъуей ауз (гъуэгуанэ тхыгъэ)

Жэщыр щисха бысымым и пщIантIэм дыгъэр къыщIэмыкI щIыкIэ сыкъыдэкIыжри, аузым лъагэу къыщхьэщыува бгымкIэ сунэтIащ. Си гъуэгур нэхъ кIэщI хъумэ си гуапэу, сэмэгурабгъумкIэ тесIуэнтIыкIри джабэм кIэрыхьэ шу лъагъуэм сытехьащ; мывэкIэщхъ зэмыфэгъукIэ сея шу лъагъуэр щыхупIэм щхьэщыту екIуэкIырт. Сэ си гур къилъэтырт. Си псэм и щIасэ щIыналъэжьым и мэ гуакIуэр зыщызмыгъэнщIу жьэдэсшэрт, и бгъафэм зыщIэздзэну сыхьэзыру…

Сэ бгыщхьэм сыкъихутащ. Къуэ куур си щIыб къыщынэм, илъэс блэкIахэм я гукъэкIыж IэфIыр нэхъри къыспкърыуащ. Си нэгу къыщIыхьэжащ сабиигъуэ дырий-псырийр; сэркIэ абы нэхъ IэфI сыт щыIэнт. Куэдрэ, куэдрэ сыкъызэщымыужу сиIыгъащ сэ пщыхьэпIэм хуэдэу си нэгу къыщIыхьэжа сабиигъуэм и нэхугъэ мащIэм…

Гупсысэ куум  сыхэтурэ зэманыфI дэкIагъэнщ; IэмалыншагъэкIэ зэгуэр пэIэщIэ сызыхуэхъуауэ щыта езы щIыналъэр къызэрызгъэзэжам щыгуфIыкIыу къысщыхъури, абы и теплъэм итхьэкъуа си нэм нэпс къыщIэлъэдащ.

Зи быдзышэ сIулъ хэкужьым сыкъихутэжащ сэ; мес ди жьэгужь сэхыжам щиху закъуэр къепэзэзэхыу щхьэщытщ; къуейщIеиным си пкъыр щагъэундэрабжьэкIэ, IэфIу сыIурихыу, жейр стеумэ, аргуэру гухэхъуэгъуэ дахэм сыкIэлъыIэбэу, сыкIэлъыIэбэ щхьэкIэ сылъэмыIэсу махуэ дапщэ щызгъэкIуа мыбдеж…    

Мес удз гъэгъахэм щIагъэна Iуащхьэ лъагуэхэр; абыхэм, лIыжь жьакIэтхъу нэхъей, Iуащхьэ дыкъуакъуэ лъагэ къахэтэджыкIыжащ; сэ си нэгу къыщIыхьэжащ губгъуэ бжэн Iэлым хуэдэу абы и лъапэр джэгупIэу схуримыкъуу сиIа зэман телъыджэр… Пшагъуэ мащIэ зыщхьэщылъ псыхъуэ куум къыдиху акъужь щIыIэм удз кIырыр егъэуфафэ, къызэщыуауэ, зэхуэзэша нэхъей, зызэрашэкI. ЗызэрашэкI зызэщамыгъэнщIу, зыр зым йоIущащэ: Тхьэм ещIэ  уэсэпс къабзэм ибла удз гъэгъа пкъы лантIэхэм иджыпсту зэхуаIуатэр…

ХьэжытIэгъуей аузыр Iэщ гуартэхэм яуфэбгъуу щIадзащ; гъуэгурыкIуэ жьырытэджхэр зэхэзекIуэу уолъагъу; ауэрэ щIалэгъуалэр, хэт шууэ, хэти лъэсу, псыхъуэм дэз мэхъу; сабийхэр зыр адрейм кIэлъыпхъуэу, шыкIэ къыщызэдожэ... ДэнэкIэ сымыплъэми, гуфIэгъуэ макъыр зэхызох, нэхъапэм хуэдэу, псыхъуэр гугъэ дахэм къыщIотаджэ; сэ зырщ абы дэзашэр: блэкIащ сэ мыбы сыщыщытеууэ щыта махуэхэр, блэкIащ, игъащIэкIэ къамыгъэзэжыну.

И лъабжьэмкIэ, толъкъун бырыбхэр жьэгъум иридзылIэу, Инжыдж щохъущIэ. Зыгуэрым хуэшхыдэрэ хьэмэ и губжьыр игъэтIысрэ – ар сэркIэ щэхущ. Сэ сщIэркъым абы игу къеуэр. СщIэркъым апхуэдэу щIэхъущIэр къысхуэзэшауэ арами е къызырызгъэзэжам щымыгуфIыкIми. Нэхъапэм абы и нэпкъ лъагэм мэз Iувыр къекIуалIэрт; дыгъэр жьэражьэу уэгум къыщиувэкIэ, мащIэрэ зыщызгъэпскIа сэ Инжыдж и уэрыпIэм…

ГукъэкIыжхэм сыздаIыгъым, гу лъыстакъым дыгъэр къыщIэкIыу зэрыхуежьам: ар темыгушхуащэу Арукъаз бжьэпэм къыкъуэплъырт. Дыгъэнэпсыр хуэм-хуэмурэ нэхъ уэр хъури, жьы щIыIэр къызыдиху аузыр къэнэхуащ. Iэгум илъым хуэдэу уолъагъу къурш лъапэр, жыжьэ уноплъыс мы бжьэпэм утету.

Мес, Псыжь е Бещто лъэныкъуэмкIэ щылъ губгъуэшхуэр хьэлыуэ IупщIэу гуэшащ, ар къэзакъ жылагъуэхэм я хадэхэрщ. А губгъуэр урысхэм Невинкэ зыфIаща Арукъаз бгым и лъапэм къыщожьэри Погореловскэ станицэм нос, верст щэ ныкъуэ нэблагъэкIэ укъуэдияуэ; губгъуэр джафэщ, ухуеймэ хьэфэ топ щызегъажэ. Пэжщ, абы щIыпIэ-щIыпIэхэмкIэ Iуащхьэ цIыкIухэм зыкъыщыхаIэтыкI, Дурткъул Iуащхьэ плIимэм нэхъ лъагэ хэмыту. ИщхъэрэкIэ къыщежьэрэ Бещто лъэныкъуэкIэ иунэтIыжу губгъуэм шытх лъахъшэ кIыхь къыдокIуэкI. Шытхыщхьэм зыкъыщиIэтащ зи джабэ лъэныкъуэр мэз Iуву зэщIэкIа Жагъырлыкъ бгым; абы и лъапэм щIэтщ абрэджхэм я щхьэфэцым зезыгъэIэт Темнолесная быдапIэм и тутнакъэщыр…

Псыжь и нэпкъ лъагэр зи гъунапкъэ губгъуэр, жьыбгъэ къыкъуэуауэ щыуфафэкIэ, тенджыз къэукъубия фIэкI пщIэркъым; 1823 гъэм мыбдеж лъыр иракIуту щызэуащ бгырысхэр.

Сэ зыщысплъыхь бжьэпэм и щIыIури губгъуэщ, ауэ ар ищхьэкIэ зи гугъу сщIам нэхърэ куэдкIэ нэхъ инщ. Адыгэхэр абы КъазмакъкIэ йоджэ. Ар Инжыдж Псыжь щыхэхуэжым деж къыщожьэри Уарп псыхъуэм хуокIуэ, верстищэм щIигъукIэ укъуэдияуэ. Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм хъупIэу къагъэсэбэп Къазмэ губгъуэм сытым щыгъуи Iэщ гуартэ Iэджэхэр щызеуэрт; гъуни нэзи яIэтэкъым абы хьэкIэкхъуэкIэу щыпэкIуми, ауэ ар нобэ щымщ, зэуакIуэ хъыжьэхэм шы лъэгукIэ яутауэ щымщ, игу зэрыхэщIыр плъагъуу нэщхъейщ…

Дыгъэм лъагэу зыкъиIэтащ. Сэ, гъуэгу къысщIэлъти, зыплъыхьынкIэ зызмыгъэнщIами, шым семылъэдэкъауэу хъуакъым. Мы щIыпIэ дахэм иджыри къызэрытезгъэзэнум сэ си гугъэр хэсхыжыркъым. ХьэжытIэгъуей аузымрэ Къазмэ губгъуэ дахэмрэ сэлам есхыжри сежьэжащ.

 Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.

        

  

Поделиться: