Гум къыбгъэдэкIыр гум нос

Сокъур Каринэ сурэт ищI къудейкъым. Абы и лэжьыгъэхэмкIэ къегъэлъагъуэ нобэрей зэманым, дунейм къыщыхъу Iуэхухэм зэрыхущыт, зэреплъ щIыкIэри: «Си япэ гъэлъэгъуэныгъэр щызэхуэсщIыжым, абы къекIуалIэхэм ялъагъуу зы сурэт сщIыну мурад сщIати, абы тетыну псалъэр къыхэсхын хуейт. Сыгупсысэри, нобэрей зэманым нэхъ къезэгъыу къысщыхъуар «Гугъэ» псалъэращ. Дунейр нэхъ гущIэгъуншэ, гуауэмрэ гузэвэгъуэмрэ куэд щыхъуа зэманым цIыхум къыхуэнэжыр гугъэщи, а псалъэм и мыхьэнэр ину къызолъытэ».

ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыхум дунейр зэрызригъэцIыхур, и гумрэ и псэмрэ къызэрепсалъэр къыдалъху и бзэращ. Уеблэмэ лъэпкъ псом и гупсысэмрэ гурыгъу-гурыщIэмрэ зыхуэдэр къэпщIэну ухуеймэ, абы и анэдэлъхубзэр зумыгъэщIауэ къыбгурыIуэну къыщIэкIынкъым. Карини и анэдэлъхубзэр къыщегъэсэбэп ищI сурэтхэм.

Абы къыдалъхуа бзэр фIыуэ елъагъу икIи и адыгэбзэр псоми нэрылъагъу ящищIын папщIэ, и IэдакъэщIэкIхэм и гум къиIукI псалъэхэр я лъабжьэщ. Хъыджэбзыр апхуэдэ сурэтхэм щелэжькIэ, и сабиигъуэм «егъэзэж»: анэшхуэр адыгэбзэкIэ къепсалъэу зэрыщытар и нэгу къыщIегъэувэжри, а хуабагъэр и сурэтхэм къыщегъэлъэгъуэж.   

И япэ лэжьыгъэм тритхат «Сыту удахэ!» псалъэхэр. Зэ еплъыгъуэкIэ къызэрыгуэкI хуэдэу къыпщыхъуми, и щIалэ цIыкIур жеиху, шхапIэм щIэсу здэгупсысэм, и гум илъ хуабагъэмрэ фIылъагъуныгъэмрэ а псалъэхэмкIэ и сурэтым къыщигъэлъэгъуэну щIэхъуэпсат. ИужькIэ а Iэмалыр и гум дыхьэри, бзэм нэхъ куууэ хэщыпыхьурэ, сурэт зыбжанэ ищIащ. СурэтыщI гъуазджэм хэт «абстракцэ» Iэмалымрэ адыгэбзэм и псалъэ щхьэхуэхэмрэ Каринэ зэуIу щIищIам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр анэдэлъхубзэм урипсэлъэным емыкIу зэрыпымылъыр, иджырей зэманми ар къызэрезэгъыр щIалэгъуалэм яригъэлъагъунращ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр щIэщыгъуэ ищIу, нэгъуэщI зы Iэмали къегъэсэбэп: адыгэбзэмрэ абы и къэIукIэр зрагъэщхь франджыбзэм щыщ псалъэ щхьэхуэхэмрэ зэгъусэу зэпэджэжу и сурэтхэм кIэщIетхэ.   

Сокъурым и лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэса и япэ гъэлъэгъуэныгъэр, «Гум къыбгъэдэкIыр гум нос» зыфIищар, 2023 гъэм утыку кърихьауэ щытащ (КъБР-р илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ Налшык къалэм къыщызэIуаха паркым и павильоным). Сабиигъуэм къикI псалъэ дыгъэлхэр - Си дуней, Си дахэ, Си псэ, Си нэху, Си нэ… Ахэр зытет сурэтхэм абджыпсыр тегъэлъэдати, а псалъэхэм зыхрагъащIэ гурыщIэхэр, гъуджэм къытещым хуэдэу, цIыхум я пащхьэ кърихьащ. Хъыджэбзым и Iуэху бгъэдыхьэкIэр зэрыщIэщыгъуэм хуэдэу, и гупсысэкIэри куущ.

- Балигъ ныбжьым сынэсами, а псалъэхэм ноби си гур ягъэпIейтей, шэч хэмылъуи, си дежкIэ абыхэм къаруушхуэ яхэлъщ. Хэт ищIэрэ, цIыхум нэхъыбэ дыдэу игъэлъапIэ пIалъэхэм щыщ сабиигъуэ дахэм, Iыхьлыхэм я лъагъуныгъэм и джэрпэджэжу къэIужу ахэр зэхэсхыу арагъэнщ, - жеIэ сурэтыщI ныбжьыщIэм.  

Иджырей щIалэгъуалэр нэхъ жыджэр зэрыхъуам, лъэныкъуэ куэдкIэ зэрызаужьыным хуэпабгъэу зэрыщытым гу лъумытэу къанэркъым. Дызыхэт гъащIэм гъуазджэм щиIэ мыхьэнэр цIыхухэм я деж нэхьэсыным теухуауэ къыхалъхьа «Гу Псысэ» Iуэхум ипкъ иткIэ, дизайнер ХьэцIыкIу Мадинэ Сокъурым и сурэтхэр зытет шылэ IэлъэщIхэр ищIащ.

Сокъурым и лэжьыгъэхэр гъунапкъэ гуэрым иригъэувэркъым, и гупсысэр хуиту, уеблэмэ Iэхуитлъэхуиту сурэтхэм трещIыхь. Абы и зы лэжьыгъэм Анутан де Сент Экзюпери и «Маленький принц» повестым щыщ пычыгъуэ адыгэбзэкIэ тридзащ. Сурэтым и инагъым и гугъу пщIымэ,  метри 3 и кIыхьагъщ, и бгъуагъыр - зы метр хуэдиз мэхъу.

Каринэ и лэжьыгъэхэр щигъэлъагъуэ и напэкIуэцIым щетх: «Ди анэдэлъхубзэр зэрыкъулейм шэч хэлъкьым. «Псалъэ» - ар езыр зэрызэхэт къудейм купщIэшхуэ хэлъщ. Псэр зэрылъ жыпIэмэ, абы и мыхьэнэр гурыIуэгъуэ хъууэ къысщохъу. Абы къыхэкIыу дыхуэсакъыу ар къэдгъэсэбэпын хуейщ, - жеIэ Каринэ. - Ди зэманым дэтхэнэми и Iуэху еплъыкIэр къыщиIуатэ, къыщигъэлъагъуэ хъуну щIыпIэхэр куэдыщэ хъуащи, зэхэтхымрэ ятхауэ тлъагъумрэ кхъузанэм щIэдгъэкIыжын хуей мэхъу, ди гупсысэр тхъумэн папщIэ. Сыхуейт псалъэ лейхэр, лъэныкъуэ ирагъэзу, гур хэзыгъахъуэ, щIэгъэкъуэн хъу псалъэхэм цIыхум гу лъатэну. Аращ си лэжьыгъэхэм псалъэхэм я нэхъыфIхэр къыхэщыпыкIауэ   къыщIыщызгъэлъагъуэр».  

Хъыджэбзым нэхъ игъэлъапIэ псалъэхэрщ и сурэтхэм къытехутэр. Апхуэдэ зыщ «Хьет жегъэIэ!» жыхуиIэр. «Апхуэдэу дадэ сыт щыгъуи къызжиIэу щытащ: экзамен стын хуейми, зыщIыпIэ сыщежьэми, сыт хуэдэ лъэбакъуэ си гъащIэм щысчми… А псалъэхэр абы къызжиIа нэужь, къару къысхалъхьэрти, сыкъикIуэтын дэнэ къэна, си лъэр щIагъэкIырт», - дыщIегъу Сокъурым.   

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

Поделиться:

Читать также: