Сталиным и Iизыныншэу«Сталинград» псалъэр зэхэзымыха цIыху балигъ къэгъуэтыгъуейщ. И пщIэр апхуэдизкIэ инщи, Европэм и къалэ зыбжанэм я уэрамхэм фIащащ а цIэр. Сыт ар апхуэдизу зыIэтар? Хэку зауэшхуэм и зэманым зихуэдэ щымыIэу мыбдеж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэрщ. Мыбдеж езы зауэм и екIуэкIыкIэм къыпхуэмылъытэн хуэдизу зыщихъуэжащ. Нэхъыщхьэращи, мы къалэм и деж белджылы щыхъуащ Европэр зыубыда икIи дунейпсо тепщэныгъэм хущIэкъу фашист Германием и бгыр зэрызэращIыкIынур.
А текIуэныгъэ иным и къызэгъэпэщакIуэхэм икIи и унэтIакIуэхэм ящыщщ дзэзешэ гъуэзэджэ, Совет Союзым и Маршал Чуйков Василий. Абы и цIэр адрейхэм хуэдэу куэдрэ жаIэркъым, арщхьэкIэ зэфIигъэкIахэр зыкIи къакIэрыхуркъым.
Чуйков Василий Тулэ губернэм 1900 гъэм мазаем и 12-м къыщалъхуащ. Унагъуэр бын куэд хъурти (зэкъуэши 8-рэ зэшыпхъуи 4-рэ), и ныбжьыр илъэс 12-м нэса къудейуэ лэжьэн щIидзащ. 1917 гъэм Кронштадт къулыкъу щищIащ, илъэситI дэкIри, щIалэ дыдэу РКП(б)-м хыхьащ.
Граждан зауэм и лъэхъэнэм IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрыту плIэнейрэ уIэгъэ къыщащIащ. Илъэс I9 зи ныбжь Василий уIэгъэ хъуар зэрихъуэкIри, I92I гъэр иухыхукIэ 5-нэ фочауэ дивизием и 43-нэ полкым и унафэщIым и къалэнхэр игъэзэщIащ. Ар Ипщэ, Ищхъэрэ, КъухьэпIэ фронтхэм щызэуащ, зэрихьа лIыгъэм папщIэ Бэракъ Плъыжь орденитI, дыщэ сыхьэт, дыщэ Iэщэ къыхуагъэфэщащ.
Хэкур ихъумэным зи гъащIэр тезыухуа н щIалэм 1925 гъэм РККА-м и Дзэ академиер къиухащ, илъэситI дэкIри, Китайм чэнджэщэгъуу ягъэкIуащ, 1929 гъэм Блюхер и КъуэкIыпIэ Жыжьэ армэ щхьэхуэм и штабым и къудамэм и унафэщIу лэжьащ. Ауэрэ къулыкъукIэ дэкIуеящ.
9-нэ армэм и Iэтащхьэу совет-фин зауэм хэтащ. Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэу Чуйковыр лъэIуащ фронтым ягъэкIуэну. 1942 гъэм фокIадэм и 12-м 62-нэ армэм и Iэтащхьэм и къулыкъур къыхуагъэфэщащ. Абы и гупым пщэрылъ щащIащ, сыт къэмыхъуами , Сталинград бийм ирамытыну. Генерал-лейтенантым и зауэлIхэм а къалэр мазихым щIигъукIэ яхъумащ. Сталинград зэхакъутат, зэхэуэхэр уэрамхэм, унэ щхьэхуэхэм щекIуэкIырт. Дэтхэнэ щIы Iыхьэхэри зэпаубыдат. Дыдейхэр къикIуэтакъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, къарукIэ быдэу къефIэкI пэтми, нэмыцэхэм къахуэщтакъым иужькIэ «Павловым и унэ» зыфIащар. А сержантым и гупым ар бийм иратакъым.
Гъэмахуэу Индыл и Iуфэхэм къыщыIухьам зэрыпхъуакIуэхэм я гугъащ зэресам хуэдэу дяпэкIи псори тыншу екIуэкIыну. Уэгуми тепщэныгъэр щаIэт, танкхэмрэ топхэмрэ къебэкIырт, лъэсырыкIуэдзэхэм я гугъу умыщIыххи. Ерыскъы хэплъыхьакIэ ягъашхэ фашистхэр нэщхъыфIэт, щыгъын пIащIэкIи хуэпат (сытыт нэгъуэщI зэребгъэщIынур – къалэр тыншу икIи псынщIэу къащтэн я гугъэт). Жьэ пшынэ еуэхэрт икIи гушыIэрейхэт.
АрщхьэкIэ мазэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIыу абыхэм къатепсыхащ емынэ. Мис, псалъэм и хьэтыркIэ, I943 гъэм и пэщIэдзэм нэмыцэ сэлэтым езыр зыпылъ хъыджэбзым хуитха письмом щыщ Iыхьэ: «Сэ иджыри къэс сщIакъым дэ дызыхэхуам хуэдэ гузэвэгъуэ мы дунейм щыIэу. Мыбы елъытауэ жыхьэнмэр зырикIыу къыщIэкIынущ. Ерыскъы пщтыр тлъагъужыхэркъым, щIыIэм дес. Мазэм щIигъуауэ жэщи махуи зыттIэщIыркъым. Псом хуэмыдэу схуэмыхьыр цIэхэрщ. Ахэри дэ тхуэдэу мэжалIэ хуэдэщ. СытIахъуэурэ, си щIыфэр къисфыщIыкIащи, си Iэпкълъэпкъым сеIусэ хъуркъым».
Ауэ ар къыщыхъуар иужькIэщ. ЗэкIэ, ипэкIэ зэрыщыжытIащи, нэмыцэхэм IэнатIэ псоми ефIэкIыныгъэ щаIэт. Генерал Чуйков Василий хэкIыпIэ къигъуэтащ: абы ди зауэлIхэм я щIытIхэр нэмыцэхэм яйхэм гъунэгъу яхуищIащ, метр 40 нэхърэ нэхъыбэкIэ нэхъ пэмыжыжьэу. Абы и фIыгъэкIэ зэрыпхъуакIуэхэм я топхэм я зэфIэкIыр куэдкIэ нэхъ мащIэ хъуащ: шэхэр езыхэм я зауэлIхэм ятехуэнкIэ шынагъуэти, къеуэ хъуртэкъым. Ар дыдэр къащыщIащ бийм и кхъухьлъатэхэми. АпщIондэхукIэ Сталинград зыхъумэхэм я бжыгъэр хэхъуэ зэпытт.
Хэку зауэшхуэм зэрыщIидзэрэ иджы лъэныкъуитIми мы щIыпIэм къару нэхъыбэ щызэщIагъэуIуат. ИпэIуэкIэ Гитлер жиIат: «Баку и бензинымрэ Грознэм и щIыдагъэмрэ симыIэмэ сэ зауэр згъэувыIэн хуей хъунущ». Абы къикIырт фIэкIыпIэ имыIэу Сталинград яубыдын хуейуэ: итIанэ СССР-м и ипщэ лъэныкъуэр зэIуха хъунут.
Дауи, совет унафэщIхэми къагурыIуэрт Сталинград и мыхьэнэр. Абы къыдэкIуэу дуней псор кIэлъыплъырт Индыл и Iуфэм щекIуэкI зэхэуэхэм.
Аурэ белджылы хъуащ нэмыцэхэм къалэ зэхэкъутар къазэрыхуэмыщтэнур. Генерал Паулюс Гитлер елъэIуащ къаумыхъуреихьыпэ щIыкIэ и дзэр Iуишыну хуит ищIыну. АрщхьэкIэ мы ебгъэрыкIуэныгъэм апхуэдизу къаруушхуэрэ мылъкушхуэрэ езыхьэлIа фюрерым къыхуидакъым. Ар иджыри щыгугъырт телъыджэм. РадиограммэкIэ Паулюс унафэ къыхуищIащ зиIыгъыну икIи хъыбар къригъэщIащ фельдмаршал цIэр къызэрыфIищамкIэ – «иджыри къэс а цIэр зезыхьэ зы нэмыцэ дзэзеши къикIуэтакъым икIи зитакъым».
Ауэ Малиновский Родион и резерв армэр Iуэхум хаша (а лъэбакъуэр ячат Сталин и Iизыныншэу: абы и деж зэрэ тIэурэ псэлъат, ауэ телефоныр къытрихатэкъым) и ужькIэ нацистхэр кIуапIи жапIи ямыIэжу къаухъуреихьащ. Нэмыцэ зауэлIхэу минищэм щIигъум гъэру зыкъатащ езы фельдмаршалыщIэ Паулюс я пашэу.
А текIуэныгъэм и курыкупсэм хэтащ нобэ зи гугъу тщIы Чуйков Василий: зи хуэдэ щымыIэ зэхэуэ гуащIэм и хьэлъэхэм я нэхъыбэр зытещIар абы и къарухэрщ.
Пэжу, къратын хуея дыщэ вагъуэм и пIэкIэ абы къыхуагъэфэщар Суворовым и орденым и япэ нагъыщэрщ: Сталиным щыгъупщэжатэкъым езым хуит имыщIу Малиновскэм и армэр зэхэуэм зэрыхишар. ПIалъэ дэкIа иужькIэщ къыщыхуигъэгъуар.
Зихуэдэ щымыIэ лIыгъэ зэрызэрихьам папщIэ 1943 гъэм и мэлыжьыхьым 62-нэ армэр щIыхь зиIэ 8-нэ гвардие армэу зэрахъуэкIащ. Абы и пашэу зауэр иухыху щытащ Чуйков Василий. А зэманым къриубыдэу ар тIэунейрэ Совет Союзым и ЛIыхъужь хъуащ, япэ Дыщэ Вагъуэр Украинэм и щIыналъэм щыщ Iыхьэшхуэ хуит къызэращIыжам, етIуанэр Познань зэребгъэрыкIуам икIи къызэращтам папщIэ. Зауэм иужькIэ Чуйковымдзэм унафэщI къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр щиIыгъащ, 1955 гъэм Совет Союзым и Маршал ящIащ, КПСС-м и ЦК-м хагъэхьащ, СССР-м Совет Нэхъыщхьэм и депутату хахащ.
1981 гъэм абы КПСС-м и ЦК-м итхащ: «Си лIэгъуэр къызэрыблэгъар зэхызощIэри, сыныволъэIу сылIэмэ, I942 гъэм фокIадэм и I2-м си хэщIапIэр щызэтезухуа щIыпIэ дыдэм сыщыщIэфлъхьэну. Сэ иджыри зэхызох топышэхэм Индыл ипсхэр къызэрагъэкъуалъэр, абыхэм я фий макъыр. А щIыпIэм щIэлъщ ди зауэлI минхэр. Сэ абыхэм срагъусэну сыхуейщ».
Чуйков Василий и лъэIур хуащIащ.
Поделиться:
Читать также:
04.10.2024 - 13:00 →
Дерс къыхахыпхъэт…
02.10.2024 - 17:39 →
Владикавказрэ Тбилисирэ я зэхуакум
01.10.2024 - 12:44 →
Алыдж щхьэхуитыр
27.09.2024 - 18:31 →
Укъэзылъхуар здэщыIэ пщIащэрэт
26.09.2024 - 14:18 →
Хьэнцигуащэм кърикIуар
|