Гъуэгуанэ тхыгъэ

XIX лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэм урысыдзэм къулыкъу щызыщIа адыгэ (абазэ) щIалэ Къаз-Джэрий (щыпсэуар 1807 - 1863 гъэхэрщ) и тхыгъитI – «ХьэжытIэгъуей аузымрэ» «Къэжэр таурыхъымрэ» Пушкин Александр къыдигъэкI «Современник» журналым къытрадзат. Кавказым щыщ щIалэщIэм къызыкъуиха зэфIэкIыр фIэтелъыджэу, усакIуэшхуэр абы щытхъуат. «ХьэжытIэгъуей аузым» гулъытэ лей къыхуищIат критикхэм я критикыжу къалъытэ Белинскэми.

Къаз-Джэрий зи гугъу тщIа и тхыгъэхэм ящыщ япэр адыгэбзэм хуэзыгъэкIуар Урысейм и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, мы зэманым жьыщхьэ махуэ хъуа Къэрмокъуэ Хьэмидщ.

АдэкIэ къэкIуэнур нэхъапэIуэкIэ тредгъэдзам къыпызыщэщ.

… Верст щэщI хуэдиз скIуами, зызоумысыж, сэ гу лъыстакъым апхуэдиз гъуэгуанэ зэрызэпысчам. Сыту ещхь мы щIыпIэр мыбы щыпсэу бгырыс Iэлхэм, сытуи телъыджэ щыхьэрым укъыдэкIыу мыбы укъыщыхутэныр; мывэкIэ къищIыкIа уэрам шэщIахэм я пIэкIэ удз кIырыр хы сыджу щыуфафэ губгъуэ нэщIышхуэр щолъагъу, гу хъыринэ щабэхэм я пIэкIэ къыпIущIэр шыр кIэбдзкIэ зыгъатхъуэ бгырыс пыIэ къуацэрщ.

Европэм сыщамылъхуами, си нэгу къыщIэзгъэхьэфащ мыбыхэм я гъащIэ дыджыр, сэшхуэдзэм дэлъ зэпыту ягъакIуэ гъащIэр… Ауэрэ сыздэгупсысэм, сигу къэкIыжащ апхуэдиз псэлъэмакъ зращIэкIа, апхуэдизрэ ягъэныщкIуа щIэныгъэ Iуэхур. ГъэщIэгъуэнщ! Куэд щIа сэ мы лъахэм, жьым хуэдэу, шууэ къэзжыхьу сызэритрэ? Иджы сыхьэзырщ мыбы щIэныгъэр къэса зэрыхъуну Iэмал минхэр зэхэслъхьэну… Ауэ аркъым иджыпсту къыспэщытыр. НэхъыфIыр Тхьэм къытхуищIэ, зэрыхъу-Iамэ хъунщ, си гъусэхэр зыщIэхъуэпсыр, дауи, нэгъуэщIщ мы дакъикъэхэм.

ЕтIуанэ жэщыр щыдгъэкIуэну быдапIэр щалъагъум, ахэр къэгуфIащ, сэри гупсысэр щысщхьэщыум, си щхьэр къэсIэтри слъэгъуащ урыс быдапIэр. ИлъэсипщI ипэкIэ хэт и гугъэнт урысхэм мыбдежым быдапIэ къытращIыхьыну: си пщыхьэпIэ къыхэхуэнтэкъым зэгуэр си бийуэ щытам и деж жэщ щисхыну…

Гъэмахуэ пщыхьэщхьэ дахэм ситхьэкъуащ, бгы фIыцIэ щымхэм аргуэру теплъызащ си нитIыр. Къыр дзакIэм къыкъуэплъ дыгъэ бзийм урыс сэлэтым и мыжурэр вагъуэу полыд. Дыгъэр хуэм-хуэмурэ къурш щIыбым щыужьыхыжащ, уафэ лъащIэм телъ пшэ гъуабжэхэм я нэзым плъыжьыпс мащIэ къыщIэлъэдащ, къуршыщхьэ уэсри, зыгуэрым игъэукIыта нэхъей, цIыплъ къэхъуащ.

Куэд щIауэ сымылъэгъуа щIыналъэм и дахагъым ситхьэкъупауэ зысплъыхьу уанэгум зыбжанэрэ сисащ: Кавказым сыкъихьэжауэ сэ ерагъмыгъуейуэт си фIэщ зэрыхъур; сэ къысфIэщIырт Бытырбыху театрым сыщIэсу оперэ телъыджэм седаIуэ, ауэ, зэ нэхъ мыхъуми, мы къуэладжэр зылъэгъуар игъащIэкIэ къыпхуэгъэпцIэнкъым гъуазджэ IэрыщIым и теплъэ фагъуэмкIэ.

Ауэрэ Ерсукъан быдапIэм дынэсащ. Си ныбжьэгъу гуэр сыIущIэри, сыщригъэблагъэм, абы и деж нэху щызгъэщын мурад сщIащ. Ауэ мыпхуэдэ жэщ къэбгъанэу щIыунэ бэмпIэгъуэм ущыгъуэлъ хъурэт; унафэ тщIащ жьы къабзэм дыхэлъыну. ЩIакIуэ зырыз тIыгъыу дэ щIыунэм дыкъыщIэкIащ, пщыхьэщхьэ щIыIэтыIэр псэм и гуапэт. МахуитI нейкIэ зыщызмыгъэнщIу зыщысплъыхьащ сэ мы псыхъуэм, зыщысплъыхьащ илъэс блэкIахэр си нэгу къыщIэзгъэхьэжу, итIани Кавказым и жэщыр игъащIэкIэ пэпщI хъунукъым абы и махуэм; псэм фIэфIщ пщыхьэщхьэ щIыIэтыIэм и даущ макъыр; гум имыхужщ абы и удзыпцIэ щIыIэтыIэр.

Iэуи-лъауи щыIэкъым: бзыгъэщи, вагъуэбэхэр мэпщIыпщI. Сэ си ныбжьэгъум селъэIуащ псым зыгъэпскIакIуэ ныздэкIуэну: псыр и лъабжьэмкIэ щыхъущIэрт, сэ къысфIэщIырт ар къызэджэу, къысфIэщIырт зыгуэр къызжиIэным хуэпIащIэу…

Дэ Iэщэ къыздэтщтащ – ухутыкъуауэ мыбы къыщыпкIухьыныр, дауи, губзыгъагъэм щыщтэкъым; фоч яIыгъыу сэлэтитI зыщIыдгъуащ…

Псыхъуэм мазэгъуэ нурыр къыдихырт. Адэ нэхъ жыжьэу мэз кIыфIыр щыболъагъу, ар шэджагъуэ дахэм къытрихьа пшэ фIыцIэ фIэкIа зэрыпщIэн щыIэтэкъым; жьынду джэ макъым зэзэмызэ къигъаскIэ къуэ кIуэцIым Инжыдж и щхьэфэ зэлъахэр долъагъуэ, мазэм къыIурих нурым гъуэплъафэ щIэхъукIыу. ЛъэныкъуэкIэ нэщхъыдзэу псым къыщхьэщытщ Ерсукъан бгыжьыр. И пэнцIывым къыр къутахуэхэр къытебагэри, лъапэм, къэдабэ фIыцIэм хуэдэу, удз цIынэр щигъуэлъыкIауэ, гъэми щIыми нэщхъыдзэу щызэфIэтщ ар мыбдеж, и жьауэ щIыIэтыIэмкIэ псыхъуэр дыгъэпэзэзым щихъумэу.

Дызэх нэпкъыр лъагэ дыдэтэкъым, мылъагэми, ехыгъуейт: лъагъуэ закъуэм и бгъуитIымкIи банэ Iув щыкIащи, зы шэтвэркIэ утебэкъукIамэ, банэм уеубыдри, щIэх укъыIэщIэкIыжыфыркъым; абы ищIыIужкIэ мывэкIэщхъылъэщ, пхэщIыщхьэкIэ уетIысэхым, урихьэжьэнкIэ шынагъуэщ.

Псы Iуфэм дынэсащ. Мыбдежым мэзыр щызэпыкIащи, зы верст ныкъуэ хуэдизкIэ псыр хуиту уолъагъу, уэшх нэужьым уафэ джабэм къытридза лэгъупыкъу нэхъей.

Псы Iуфэм деж пшахъуавэ мащIэ иIэщ, мывэкIэщхъ цIыкIухэр, нэм къищтэ къудейуэ, къыхэцIуукIыу. Хысыдж лъагэхэмкIэ Iуфэм къыIурыуэу екIуэсэх псы уэрыр мэз кIыфIым къыщIожри, къуэ кIуэцIым зиIуантIэ-зишантIэу зыкъомрэ щыдыма нэужь, аргуэрыжьу мэз кIыфIым хокIуэдэж, благъуэ фIыцэжь гуэрым зыIуригъэлъэда фIэкIа умыщIэну.

АдрыщIкIэ нэпкъым къыщхьэщыува жыгхэм я жьауэр псы щхьэфэ лантIэм къытредзэ икIи, псэ япыт нэхъей, хысыджхэм дещIэу псы гущIыIум телъщ. Мазэр пшэ чэщей пIащIэм пхосыкI, къыщыщIэщыжкIэ и нурыр зэуэ къеблыжу.

Сэ зыстIэщIри псым сыхыхьащ; сыхьэзырт мыбы сыкъэзыхьыжа Тхьэ лъапIэм си псэр къурмэн хуэсщIыну. Мазэр уафэми псыми щесырт, ауэ сэ уафэм щес мазэр къэзгъанэри, псым зыщIэзыгъэмбрыуа мазэм сыкIэлъыIэбащ. Сэ нэхъ насыпыфIэ хэт щыIэнт иджыпсту? Сабиигъуэ IэфIыр сигу къихьэжауэ, псым сыщыджэгурт; зыри, зыри сщIэжыртэкъым сэ иджыпсту: гъуэгу сызытетари, Iуэху къызэрыспэщылъри, уеблэмэ дуней псом сэ зым фIэкIа темытыжу къысщыхъурт. Щреджэгу хэт хуейми хы толъкъун абрагъуэхэм, хуитщ хэт хуейми хы гъунэншэм и нэр теплъызэну. Сэ сызэдэIуэнур зи быдзышэ сIулъ къупшыпс Iэлым и шхыдэ макъырщ; мыращ, мы псы уэрырщ, и къуэ закъуэм и фэеплъу си анэжьым къыхуэнар. Фызабэм и гугъапIэу сыкъыщыхъуащ мыбы и Iуфэм, мыбдежырщ сабиигъуэм сыщыпыкIари. Сэ си Iыхьлыщ мы псы Iэлыр: мо губгъуэ нэщIым зэшу ит Iуащхьэ папцIэхэри сэращ зыпэплъэр: къыспоплъэ къызэдэхащIэу, къыспоплъэ, я гукъеуэ къысхуаIуэтэну. Си псэм фIэфIщ мы псым и даущри, псыхъуэм къыдиху акъужьым и Iэуэлъауэри, удз пхъашэм и Iущащэ макъри, мы къуэм нэщхъыдзэу къыдэплъэ бгыжьри…

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также:

07.10.2024 - 14:30 Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 Сэ езыр
11.09.2024 - 16:42 Даус и тешапIэ
11.09.2024 - 15:40 Усэ нэжэгужэхэр