Лъэпкъым и лъагъуэм – сурэткIэ

 

Адыгэпсэ зиIэ сурэтыщIым лъэпкъ дуней къигъэщIыным папщIэ и гупсысэхэм гъунэ яIэу къыщIэкIынукъым. Апхуэдэ сурэтыщIщ Адыгэ Республикэм щыщ Ачмыжь ФатIимэ. Адыгэ дуней ещI ухигъаплъэу икIи узыщIигъэгупсысу. Уэрэди гъыбзи щызэщIэту, тхыдэм хыхьэжу, фэеплъыр щылъапIэу, хабзэ и гъусэу, и шыфэлIыфэр екIуу. Гупсысэу къыпщIонэ адыгэм и теплъэр къызэрыщ сурэтхэр. Мес, лIыжь жьакIэхур мэгупсысэ. Зыгуэрым хегъаплъэри, и нэкIум телъ лэдэх къэс акъыл хыболъагъуэ. ШыкIэпшынэ зыIыгъ пщащэр! ЛъэныкъуэкIэ йоплъэкI, макъамэр къэIун къудей къыпфIигъэщIу. Адыгэшхэр, бжьэмияпщэр, къэфакIуэхэр, Урыс-Кавказ зауэр къэзыIуэтэж сурэтхэр!

Ачмыжь ФатIимэ Адыгейм и Тохъутэмыкъуей щIыналъэм щыщ Банэхэс къуажэм къыщыхъуащ. Кубань къэрал университетым и художественно-графикэ къудамэм дизайным щыхуеджащ. Лазаревск унагъуэ щыхъуащ, абы щопсэу. Сабийхэм папщIэ гъуазджэмкIэ школым щрегъаджэ.

- ЦIыху сурэт щIыным псом хуэмыдэу сызыIэпешэ. Си япэ гъэлъэгъуэныгъэм «Черкесы» фIэсщауэ щытащ, - жеIэ ФатIимэ. - Ар щагъэлъэгъуауэ щытащ Сочэ къалэм Адыгэ щэнхабзэмкIэ и центрым.

И IэщIагъэм къежьапIэ хуэхъуам дыщыщIэупщIэм, сурэтыщIым къыджиIащ псори сабиигъуэм къызэрыщежьар.

- Сабиигъуэрщ… Си анэм сурэт ищIырт, си анэшхуэрти, зэпымыууэ зыгуэрхэр ибзырт, идырт… Сэри абыхэм сахэувэн хуейтэкъэ зыгуэркIэ?! Гуащэхэм сахуэдэу щIэздзащ. Сабий куэдым я хьэлщ ар - гуащэм яхуэдэныр! ПэщIэдзэ классхэм сыщыщIэсым си хъуэпсапIэу щытащ библиотекэм сыщылэжьэну. Класс нэхъыжьхэм сыщынэсам си хъуэпсапIэм зихъуэжат – Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр сыхъуну сыхуейт! Ауэ, щхьэж дыкъызыхуигъэщIа IэщIагъэ къыдитыжу къыщIэкIынущ, - жеIэ бзылъхугъэм.

Гу лъыттащ лэжьыгъэхэм щIэныгъэ къызэрыхэщым. Ди лъэпкъым и зыIыгъыкIэми, къэфэкIэми, Iэщэ зехьэкIэми, гъуэгу тетыкIэми зыгуэр къаIуатэ. А псор сурэтхэм нэсу къыщыгъэлъэгъуа щIэхъум и зы щэхущ сурэтыщIым лъэпкъ тхыдэр зэриджыр, ди блэкIар къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэм зэрыдихьэхыр. ФатIимэ нэхъыфIу илъагъухэм ящыщщ КIэрашэ Тембот, МэшбащIэ Исхьэкъ, Къуиикъуэ Налбий сымэ я IэдакъэщIэкIхэр.

ЦIыху IэпщIэлъапщIэ къэс езым и дуней къэгъэщIыкIэ иIэжщ. ФатIимэ  гупсысэхэр зэрегъэуIу, уеблэмэ, илъэсым къриубыдэу зыхунэсыну хуейхэм теухуауэ еубзыху зэманыр.

- Сэ сиIэщ си гупсысэхэр схемэкIэ къыщызгъэлъагъуэ альбом. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Зэпымыууэ си гум зыгуэрхэр къохьэ, ауэ гупсысэщIэхэм зэуэ гъащIэ естыну е зэман схурикъуркъым, е абы теухуауэ си щIэныгъэм къыхэзгъэхъуэн хуейщ, е абы сыщIыхунэмыс щхьэусыгъуэ гуэрхэр щыIэщ. Сэ сщIэр сыт? Мис а гупсысэхэр альбомым щызэхузохьэс, сахэплъэжурэ си гум нэхъ сIэпихым солэжь, - жеIэ.

Ачмыжь ФатIимэ нэгъуэщIми хуэIэкIуэлъакIуэщ. Абы гуащэ хьэпшып щIэщыгъуэхэр ед. Гуащэхэр, псэущхьэ цIыкIухэр, зэрыджэгу хьэпшыпхэр – зэмылIэужьыгъуэщ и лэжьыгъэхэр. Псом нэхъ фIэфIыр мыщэ цIыкIухэрщ.

- Иджыпсту куэдым яд гуащэ хьэпшыпхэр. Япэу сэ гуащэ зыхуэздар си сабийрщ. Сигу ирихьащ, къызэхъулIауэ къысщыхъуащ. Абы сыщелэжьым си псэм зыужьыныгъэ зэригъуэтыр зыхэсщIащ, сфIэфIщ щIэщыгъуэу къэзгъэщIынIауэ. ЩэкI лIэужьыгъуэ куэд къызогъэсэбэп. Зы гуащэ хьэпшыпым текIуэдэнкIэ хъунущ тхьэмахуи, тхьэмахуитIи. Нэхъыщхьэр а здым езым и хьэл «зэригъэпэщыжынырщ», и теплъэр нэщIыса хъунырщ, - жеIэ.

ФатIимэ сабийхэм ядолажьэ, я зэфIэкIым зегъэужьыным щIэщыгъуэу бгъэдохьэ. Я ехъулIэныгъэ илъэгъухукIи, щогуфIыкI.

- Сыхуейт цIыкIухэм я зыужьыныгъэм зэман нэхъыбэ тезгъэкIуэдэну. Ауэ иджырей лэжьыгъэ убзыхукIэм тIэкIу дыкъилъахъэу щытщ абы и IуэхукIэ - зэпымыууэ тхылъымпIэ гуэрхэр тхын, къехьэкIын, гъэнщIын…

 «Уи сурэтхэм адыгэ гъащIэ къыхощ. АтIэ сыт уэркIэ адыгагъэр?» - деупщIащ ди псэлъэгъум:

- Си щхьэм пщIэ хуэсщIыжынымрэ сыкъэзыухъуреихьхэр слъытэнымрэ - ар си дежкIэ адыгагъэщ. Апхуэдэ щытыкIэм щыхъумащ хабзэ-бзыпхъэри, нэмысри, цIыху щIыкIэ дахэри, - зригъэубгъуркъым и гупсысэм.

ФатIимэ и лэжьыгъэхэм хэтлъэгъуащ гъащIэ, гуфIэгъуи гугъуехьи щызэщIэту! Дахагъэ къигъэщIынкIэ Тхьэр къетащ. И дуней тетыкIэм, и лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм ятеухуауэ къыджиIар ди гуапэщ. Езым сыт и гуапэр, жыпIэмэ…

- Си гуапэщ си лэжьыгъэхэм щIэупщIэ иIэмэ, цIыхухэм ягу дыхьэмэ, дахагъэм иригъэгупсысмэ!

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

Читать также: