Китай лъэужьхэр

Урысей абрагъуэр зыгъэзджызджа Граждан зауэр абы щыпсэухэм я дежкIэ зэхэгъэкIыныгъэ хьэлъэу щытащ. ЛIэнкъэнэну зэпэщIэува лъэныкъуитIри пIалъэ кIыхькIэ зэпэщIэтащ хэщIыныгъэшхуэхэр ягъуэту. Зэм зыр, зэми адрейр щефIэкI щыIэт. Большевикхэм я Iуэху къикIащ. Абыхэм я ехъулIэныгъэм и тегъэщIапIэу къалъытэ цIыхухэр къагъэдэIуэфу, ахэр я жьауэм щIагъэувэфу зэрыщытар. Апхуэдэуи щIауфэркъым нэгъуэщI къэралхэм ящыщхэр – латышхэр, венгрхэр, чеххэр, эстонхэр, хэбгъэзыхьмэ нэмыцэхэр Дзэ Плъыжьым мымащIэу зэрыхэтар. АрщхьэкIэ а текIуэныгъэр китайхэми куэдкIэ зэрафIыгъэр нобэ зигу къэзыгъэкIыжыр мащIэщ. Ар зягъэри Граждан зауэр иуха нэужь къанэ щIагъуэ щымыIэу а къэралым и цIыхухэр я хэку зэрыкIуэжарщ.

1917 гъэм и жэпуэгъуэм ирихьэлIэу китай цIыхуу мин 300-м нэблагъэ Урысейм щыIауэ къалъытэ. Ахэр Япэ дунейпсо зауэм и зэманым мыбы къэкIуат щылэжьэну – къэралым лэжьакIуэхэр щахурикъуртэкъым.

Ахэр зыхуей дыдэт – китайхэр гуащIафIэт икIи я текIуэдэшхуи щыIэтэкъым. Я нэхъыбэр Урысейм и европей Iыхьэмрэ Уралымрэ я лъэщапIэхэм щылажьэрт. Фигу къэдгъэкIыжынщи, а щIыналъэхэр нэхъ щIэх Совет властым и бжьым щIэуват. Абыхэм китайхэм гъущI гъуэгухэр щаухуэрт, заводхэм щылажьэрт, хэбгъэзыхьмэ, Донбасс и шахтхэм фIамыщI къыщыщIахырт. Китайхэр къэкIуат, езыхэм я къэралым щымыпсэужыф хъуати. ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэухымрэ етIощIанэм и пэщIэдзэмрэ Китайм и цIыху бжыгъэм Iыхьэ щанэкIэ хэхъуат, езы къэралыр факъырэу къэнэжа пэтми. КIэщIу жыпIэмэ, мэжэщIалIагъэм кърихужьахэт.

Урысейм щекIуэкIа революцэмрэ иужькIэ Граждан зауэмрэ китайхэм я псэукIэм зрагъэхъуэжащ. Урысей псом лъэщапIэхэр къыщызэтеувыIат, Транссибыр лажьэртэкъыми, я унэ ягъэзэжыфынутэкъым. Дауи, китайхэр щытыкIэ гугъу ихуащ. Мыбдеж гуащIэрыпсэухэм щадэIэпыкъуащ большевикхэм я властыр: абыхэм хуагъэлъэгъуащ езыхэм яфIэфIу Дзэ Плъыжьым хыхьэну. Китайхэр тыншу арэзы хъуащ – зыхэдэн яIэтэкъым. Iэщэ иратащ, ягъашхэу щIадзащ, ахъшэ гуэрхэри хуашиящ, къагъэгугъащ иужькIэ я хэку ягъэкIуэжыну. Китайхэм я дежкIэ зэхуэдэт хэт и бийуэ зауэми. Пэжу, большевик агитацэм и къалэныр игъэзащIэрт: комиссархэр хущIэкъурт абыхэм я зэхэщIыкIыр къаIэтыну.

Мы Iуэхум нэгъуэщIи хэлът. Большевикхэр щыгугъырт Китайми революцэ къыщагъэхъеиным. Ар егъэлеяуэ къезэгъырт: уи гъунэгъу икIи уифI къэрал абрагъуэ гъусэ пхуэхъуныр гъуэзэджэт.

1918 гъэм и зэхуэдитIым РКП (б) - м къыщызэрагъэпэщащ Дзэ Плъыжьым интернационал гупхэр хэзыгъэхьэ комиссэ. Пэжу, зыуэ щыт гуп пхузэхуэшэсынутэкъым щхьэхуэу – китайхэр Урысей империеу щытам и щIыналъэ зэмылIэужыгъуэхэм щыхэгуэшат.

Пэжу хужьхэм езыхэм яфIэфIу яхыхьа китайхэри щыIащ, ауэ ахэр нэхъ мащIэт. Псори зэхэту Дзэ Плъыжьым китай мин 25-м нэс хэтауэ къалъытэ. Ар апхуэдизу бжыгъэшхуэ хуэдэкъым, арщхьэкIэ дэтхэнэ лъэныкъуэм и дежкIи дэтхэнэ зауэлIми мыхьэнэ ин иIэу зэрыщытар къэплъытэмэ - мащIэкъым.

Большевикхэм къыхагъэщхьэхукIырт китайхэр зэрыжыIэдаIуэр икIи хахуэу зэрызауэр. Абы къыхэкIыу ахэр ягъакIуэрт нэхъ сэбэп щыхъуну щIыпIэхэм. Китайхэр яхэтащ Петлюрэр Махнорэ я къарухэр зэхэзыпIытIахэм, IэнатIэ куэдым къыщыхэжаныкIащ. Абыхэм я деж уащрихьэлIэнутэкъым кIуэсэжхэми: китайхэм урысыбзи ящIэртэкъым, щIыпIэхэр яцIыхутэкъым икIи, зэрыгурыIуэгъуэщи, я теплъэкIэ адрейхэм хуабжьу къахэщхьэхукIырт, я хэкури километр минхэмкIэ япэжыжьэт. Хужьхэм гъэру зратынкIи Iэмал яIэтэкъым: ахэр гущIэгъуншэу яубэрэжьурэ ягъалIэрт. Дзэ Плъыжьым китай 1500-рэ хъу гуп хуэзыгъэхьэзыра Якир Ионэ иужькIэ мыпхуэдэу итхыжащ: «Къэзакъым китайр иукIынущ, арщхьэкIэ япэщIыкIэ зыкъомрэ гугъу иригъэхьу иубэрэжьынущ».

Китай республикэм и властхэр хуейтэкъым езыхэм я цIыхухэр Урысейм щекIуэкI Граждан зауэм хэтыну. Зы лъэныкъуэкIэ ахэр лъабжьэ яIэу щышынэрт большевикхэм зи тхьэкIумэхэр яIуэнтIа лэжьакIуэхэм а къэралым гупсысэ «мыхъумыщIэхэр» къыздахьыным, нэгъуэщIкIэ, правительствэр хуейтэкъым ахэр лIыукIыу ягъэIуну. АрщхьэкIэ, сыт хуэдэу щытами, адрей лъэпкъхэм къахэкIахэм хуэдэу китайхэри плъыжьхэм ядэIэпыкъуащ текIуэнымкIэ икIи ардыдэмкIэ Совет властыр ягъэбыдащ.

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд
Поделиться: