Ар фIыуэ ялъагъурт

ТхакIуэшхуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм дыщыгъуазэми, дэ абыхэм я псэукIам,я Iыхьлыхэм я къекIуэкIыкIам теухуауэ тщIэр мащIэщ.

Пешковэ Марфэ пролетар тхакIуэ Горький Максим и къуэрылъхут. Ар зэрыцIыкIурэ яхэтат и адэшхуэм и ныбжьэгъу цIэрыIуэхэм, школым зы партэ дэсат Сталин Иосиф ипхъу Светланэ и гъусэу икIи абы и ныбжьэгъу нэхъыфIу къалъытэрт. Балигъ хъуа иужь ар гъащIэм и зэхэгъэкIыгъуэ хьэлъэхэм икIи телъыджэхэм къахэхутащ.

Берия Лаврентий фIыуэ илъагъу и къуэ Серго щхьэгъусэ хуэхъуати, къэралым къулыкъу нэхъыщхьэхэр щызыIыгъхэм я «гуп дыгъэлым» хыхьат. Сталиныр лIэуэ лъэщагъышхуэ зыбгъэдэлъ наркомыр яукIа нэужь цIыхубзыр хьэIупс ящIат, арщхьэкIэ щытыкIэ гугъум къикIри, зыкъиужьыжын хузэфIэкIащ икIи Iуэху гъэщIэгъуэнхэмкIэ псыхьа гъащIэ кIыхь къигъэщIащ. И ныбжьыр хэкIуэтами, хуабжьу гурыхуэт, акъылыфIэт, апхуэдэ дыдэуи пкъыфIэт. ПщыхьэщхьэкIэрэ шагъыр стэчан ирифырт, пщэдджыжьышхэ нэужьым, гъэм и сыт хуэдэ зэманми, километрипщI хуэдиз лъэсу къикIухьырт.

ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм щIигъукIэ Марфэ щылэжьащ Горький Максим и музей–фэтэрым, и адэшхуэм и тхылъхэм я мызакъуэу абы и псэукIами цIыхухэр щыгъуазэ ищIырт.

Горькэм япэу фыз къишащ и ныбжьыр илъэс 25-м иту. Абы щхьэгъусэ хуэхъуащ Волжинэ Екатеринэ. А тIум быну зэдагъуэтащ Максимрэ Катярэ. Я пхъур пасэу дунейм зэрехыжар щхьэусыгъуэ хуэхъуащ ахэр зэбгъэдэкIыжыным. Пэжу, тхакIуэмрэ Екатеринэрэ иужькIи псэухукIэ зэщыIеякъым. Чехов Антон Горькэм иригъэцIыхуащ МХАТ-м и актрисэ Андреевэ Марие. Нэчыхь хуимыIами, ар тхакIуэм ипэжыпIэкIэ и щхьэгъусэу щытащ илъэс 16-кIэ. Революцэм иужькIэ Марие парт лэжьыгъэм хыхьащ. Ахэр зэпэIэщIэ щыхъум тхакIуэм къишащ баронессэ – Закревская-Бенкендорф-Будберг Марие.

Марфэ зэуэ и гур кIэрыпщIащ а цIыхубз хьэлэмэтым. ЛIакъуэлIэшхэм ящыщ ар къызыхэхута сыт хуэдэ гупри игъэдахэрт: щIэныгъэ куу бгъэдэлът, егъэлеяуэ зэпIэзэрытт, гупсысэшхуэ хэлъу псалъэрт. Уеблэмэ, фадэ зэрыфIэфIми, тутын зэрефэми абы и пщIэр ягъэлъахъшэртэкъым. Горькэр абы дэпсэуащ илъэс 13-кIэ. Марфэ ар куэдрэ игу къэкIыжащ, зэIэпэIэщIэ хъуа иужькIи: и адэшхуэр апхуэдизу зыIэпызышар къэралищым тIасхъэщIэхыу яхуэлажьэу къыщIэкIащ СССР-ри абыхэм яхэту.

Марфэ музейм екIуалIэхэм яхуиIуатэрт езым и гъащIэм щыщхэри. Абы и адэ Пешков Максим тхакIуэшхуэмрэ и япэ щхьэгъусэ Екатеринэрэ я къуэ закъуэт. 1897 гъэм къалъхуа ар и анэм и гъусэу нэгъуэщI къэралхэм щыпсэуат и ныбжьыр илъэс 16 ирикъуху (абы щыгъуэм Горькэмрэ Екатеринэрэ зэбгъэдэкIыжакIэт). Максим ахъшэ щымыщIэу и сабиигъуэр Франджым, Германием, Италием, Швейцарием щигъэкIуащ.

И адэр зэрыцIэрыIуэм икIи зэрыкъулейм и зэран и къуэм екIащ: Максим щыкIауэ, жыIэмыдаIуэу къэтэджащ. Езыр куэдым хэзагъэрт, арщхьэкIэ зыми хэхауэ дихьэхакъым. ЩIалэм ефэн фIэфIт икIи цIыхубзхэм къакIэлъикIухьырт. Ар зэпымыууэ фIэнэрт Горькэм и секретарь Крючков Пётр – иужьрейр хущIэкъурт ар гъуэгу захуэм тригъэувэну.

ТхьэIухуд Введенская Надя телIэным хуэдэу игу ирихьати, Максим 1922 гъэм ар къишащ. Псори хъарзынэу зэтеува хуэдэт. А тIум зэдагъуэтащ пхъуитI – Марфэрэ Дарьерэ.

Марфэ 1925 гъэм Италием и Сорренто щIыналъэ дыгъэпсым тхакIуэшхуэм щиIэ щIапIэ дахэм дунейм къыщытехьащ. ИлъэситI дэкIри, къалъхуащ Дарьер. Горькэм фIы дыдэу илъагъут и къуэрылъхуитIыр. Ахэр абы и гъусэу куэдрэ щыпсэуащ а щIыпIэм. ХьэщIэхэр щызэблэкIырт. Марфэ пасэу къицIыхуащ Маяковский Владимир, Паустовский Константин, Бунин Иван сымэ. Маяковскэр хъарпшэру фIэкIа ищIэжыртэкъым, арщхьэкIэ къахуэкIуэхэм ящыщу Толстой Алексей игу къинэжащ – ар абы таурыхъхэм къыхуеджэрт.

И ныбжьыр илъэс 36-м иту 1934 гъэм гъатхэпэм и 11-м лIащ Максим. Ар фадэм ихьауэ къалъытащ. АрщхьэкIэ иужькIэ къыщIэкIащ яукIауэ. Ар зи гум щIыхьа езы тхакIуэшхуэри илъэситI нэхъ дэмыкIыу дунейм ехыжащ. И ныбжьыр илъэс 68-рэ ирикъуа къудейуэ.

1938 гъэм Максими абы и адэри яукIауэ ягъэкъуэншащ Ягодэ Григориерэ Крючков Пётррэ. Ягодэ зиумысыжащ Горькэм и къуэр зэрыригъэукIамкIэ икIи жиIащ ар абы и щхьэгъусэ Надя фIыуэ илъэгъуам зэрелэжьам къыхэкIыу ищIауэ (абы Крючковым унафэ хуищIат Горькэм и къуэр иригъафэу паркым къринэну).

КъыдэкIуэтея иужь Марфэ МГУ-м и архитектурэ факультетым щIэтIысхьащ. Абы щеджэу Сталиным и дачэм къыщицIыхуащ Берие Серго икIи дихьэхащ. Серго ракетэхэр щIыным елэжь конструкторт. Мыгувэу хъыджэбзыр псори зыщышынэ нарком Берие Лаврентий нысэ хуэхъуащ. Псори зэпэщу екIуэкIырт. Марфэ фIыуэ къыхущытт и тхьэмадэм и мызакъуэу и гуащэ Гегечкори Нини.

Зэуэ псори къэкъутащ Лаврентий щаукIа 1953 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м. Зы тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу я унэм къэкIуащ чекистхэр. Марфи, Сергои, я бынхэри егъэлеяуэ яхъумэ дачэм ягъэIэпхъуащ. Мыгувэу Сергорэ и анэ Нинэрэ Свердловск и Iэшэлъашэхэм яшащ. Абы Серго нэгъуэщI цIыхубз къыщигъуэтащ. Ар къыщищIэм Марфэ абы хабзэкIэ къыбгъэдэкIащ. ЖытIэнщи, хуит ящIу къигъэзэжа иужь Берие Серго Киев щыпсэуащ икIи щылэжьащ, и адэм теухуа тхылъ къыдигъэкIащ, ар хей ящIыжыным щыгугъащ.

Марфэ и гугъу пщIымэ, ар лIэхукIэ щыпсэуащ и адэшхуэ Горький Максим къыхуигъэна унэ дэгъуэм. И шыпхъу Дарьи насыпыншэ хъуакъым. Ар актрисэ цIэрыIуэу илъэс куэдкIэ щылэжьащ Вахтангов Евгений и цIэр зезыхьэ Москва театрым.

ИпэкIэ зэрыжытIащи, Марфэ гъащIэшхуэ къигъэщIащ икIи 2021 гъэм дунейм ехыжащ илъэс 96-кIэ псэуауэ.

МАХЪШОКЪУЭ Мухьэмэд
Поделиться: