Хьэнцигуащэм кърикIуар

Джылахъстэнейм уэгъур къыщхьэщытт. ЩIыр апхуэдизкIэ псыIагъэ щыщIати, зэгуэтхъат. Хьэжкурийм кърихьэкI сабэр нэм къыщIозэрыхь. Гъэмахуэми, удзхэр гъуэжь хъуащ, псыкъуийхэр игъущыкIащ. Курпыпс цIыкIури ежэхыжыркъым, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ псы кIэнтхъ инахэм бдзэжьей жьгъей цIыкIухэр, я жьэр яущIу, щипхъащ. Жыг тхьэмпэхэм зашыхьыжауэ къыпохуж. Дунейм и хъуреягъкIэ зыуплъыхьмэ, зы кIарц закъуэщ щхъуантIэу къызэтенар.
Жылэдэсхэм шыгукIэ, выгукIэ, уеблэмэ къуажэм яIэ махъшэ закъуэмрэ шыдхэр зыщIэщIа гухэмкIэ псы хуабэ утхъуар гъунэгъу жылэхэм кърашырт. Къаншыуей къуажэ псом зы псынэ закъуэт имыгъущыкIар. Псыгъуэ дыдэу къиж псым деж махуи жэщи къуажэм дэс цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ чэзу къагъэхъуу щызэхэтт. «Водокачкэ»-кIэ еджэрт абы жылэдэсыр. Абдеж къыщIэж псыр къабзэу ущызыкIэщIэплъырт, щIыIэмылт... 
Къуажэм нэхъ пасэм иIа псэукIэр апхуэдэу ди нэгу къыщIигъэувэжу итхыжащ КIэрашэ Михаил. Абы и гукъэкIыжхэм щыщ Iыхьэ тфIэгъэщIэгъуэну зэддзэкIащи фыщыдогъэгъуазэ. 
- ЦIыкIухэм зыри, дауи, къытфIэIуэхутэкъым. ЩIы къэплъам и сабэр къэдгъэхъейуэ, лъапцIэу къэджыхьырт, ди лъэгур щIисыкIыу хуежьэхункIэ. ИужькIэ къуажэм кърашалIэ псы утхъуахэмкIэ «псы текIэ» дыджэгужырт. Хъыджэбз цIыкIухэри ди гъусэу Хьэнцигуащэр хьэблэм къыщетшэкIырт, «Яалыхь, уэшх къытхуегъэлъэлъэх!» - жытIэурэ дыщIэлъэIуу. Куэбжэ къэс псыр къыщыттракIэрт, лIыжь-фызыжьхэм даущийрт нэхъ иныжу Тхьэшхуэм делъэIуну. ТлъэкI къэдмыгъанэми, дызэхих хуэдэтэкъым. МазитI-щы хъуат уэшх зэрыдмылъагъурэ. 
Зы махуэ гуэрым зэуэ псоми зихъуэжащ: апхуэдизкIэ уэм хъуати, хьэуам урибэуэфыртэкъым, псэ зыIуту дунейм тету хъуам жьауапIэм зыщIадзат. Уафэм зыкъызэщIиуфIыцIащ. Зы мащIэ дэкIри, аддэ жыжьэу щыблэр къыщыхъуэпскIри, гъунэгъу абы зыкъытхуищIу хуежьащ. Уафэгъуагъуэ макъыр дакъикъэ къэсыху нэхъ шынагъуэжу къэIурт. ПщIантIэм дэ зэкъуэш цIыкIуитIымрэ ди хьэжь цIыкIу Цомэрэ фIэкIа дэстэкъым. Цоми шынати, унэм зыкъытфIыщIидзауэ гъуэлъыпIэ щIагъым зыщиудыгъуауэ щIэст. 
Ди анэр къыдэлъэдэжри, къэкIиящ: «ЦIыкIухэ, унэм фыкъыщIэмыкI! Борэн къоблагъэ». Ар жиIэри, езыр джэдэщыбжэхэр хуищIыну жащ. Асыхьэту щыблэр къауэри, унэ гупэм Iут тутей жыгышхуэр тIууэ зэгуиупщIыкIри, мафIэ щIэнауэ псыкъуийр зэхуищIу техуащ. Уэшхышхуэ кърикIутэхыу хуежьащ. КъыздикIари дымыщIэу пIалъэ кIэщIым пщIантIэ кIуэцIыр зэрыщыту псы ежэх хъуащ. Псы уэрым джэдэщри гуэнри здихьырт. Ди анэр унэм къыщIыхьэжыну хунэсатэкъыми, кIарц жыгым дэкIуеящи тесщ. ИужькIэ куэдрэ ар егупсысыжащ, жыг банэшхуэм дэпщеину зэрыхузэфIэкIам. 
Ди унэр къуажэкум хуэзэрт, ауэ щIы тафэм теттэкъым, уэхыу щытт. Абы къыхэкIыу пщIантIэм псыр лъэныкъуищкIэ къыщIэуэу щIидзащ: къуажапщэмкIэ, гуохьэблэмкIэ, метри 300 - 400 хуэдизынкIэ зиIэту къытщхьэщыт IуащхьэмкIэ. Медан бжыгъэм пщIантIэ псом къибыргъукIыу псыр дэз хъуащ. Псори абы зэрихьэрт: куэбжэр, гуэныр, джэдкъазыр. Уеблэмэ ди къазхэр пщIантIэм дихыпат, ауэ ди насыпу ахэр езыр-езыру махуэ зыбжанэ дэкIа иужь къекIуэлIэжащ. ЦIыхухэм я кIий макъ къэIурт, хьэхэр банэрт, Iэщыр зэщIэгъуахъуэрт. Пхъэ дакъэжьхэр, гъавэ зэрылъ къэпхэр, унэлъащIэхэр пщIантIэм фIыуэ къыщрихьэкIырти, иужькIэ хадэм ирихьэрт, адэкIэ губгъуэ нэщIым кIуэрт. Фильмым ещхьу, а псор ноби си нэгум щIэтщ. 
… Ди анэр жыгым тесу къокIиех: «ЦIыкIухэ! ЦIыкIухэ! ФыкъыщIэмыкI!» АрщхьэкIэ а псалъэхэр ди деж къызэрысыр: «ЦIыкIухэ! ЦIыкIухэ! Къэвубыд!» Аращи, дэ делэ цIыкIухэр унэм «дыкъыщIолъэтри», псы утхъуам кърихьэкI кхъуафэхэмрэ нэгъуэщI хьэпшыпхэмрэ къэдубыдыжыну дыхуожьэ. АрщхьэкIэ кудрэт, псым дэ езыр дыIуех, хадэм адрыщIкIэ щыIэ къуэкIий нэфымкIэ дрихьэхыу хуожьэ. Абы метри 10 хуэдиз и кууагът, псыр из хъуауэ абы къыфIэкIыр хадэм къилъадэу арат. Си къуэш цIыкIумрэ сэрэ гузэвэгъуэ ттелъу псым доныкъуэкъу зредмыгъэхьэхыну. ПщIантIэм къыдэнэжауэ дэт гу къутам и зы гъущI кIапэ къыдоубыдри, абы дыкъегъэувыIэ. 
Ди анэр мэгъуэг. Абы дыхэту, ди гъунэгъу щIалэр къыдэлъэдащ. Iухъу Мысост нэхъ щIалэ лъагэ дэстэкъым къуажэм, метритI и инагът. Псыдзэр абы зыуи къыщыхъуртэкъым, дэрат армыхъумэ. ЗэкъуэшитIыр зэ еIэбыхыгъуэкIэ Мысостым дыкъипхъуатэри, унэм дыщIихьэжащ. ИтIанэ ди анэр кIарц жыгым къехыжыну дэIэпыкъури, ари унэм нэс къишэжащ. 
Зы сыхьэтитI хуэдэкIэ уэшхыр увыIэжащ. Псы ежэхри хуэмурэ етIысэхыжащ. Дыгъэр къыкъуэкIыжащ. Дунейм дыкъытехьэжмэ, унэ лъапсэхэм я чий, пхъэ куэбжэхэр уэшхым зэтрикъутат. ДыгуфIэрт къуажэдэсхэм щыщ зыри зэрыхэмыкIуэдам щхьэкIэ. Губгъуэм щагъэхъу Iэщхэми зыри къащыщIатэкъым, пщыхьэщхьэм зыдыхьэжын хуей куэбжэхэр ямыгъуэтыжу зыкъомрэ щхьэрыуауэ къызэракIухьар къыумылъытэмэ. А махуэм балигъ зэуэ дыхъуами ярейт. Ди къегъэлакIуэ щIалэр зэи зыщыдгъэгъупщакъым иужькIи. Абы илъэсиплIкIэ флотым къулыкъу щищIати, и адэ-анэм къахуитхыху, абыхэм я деж дежэкIырти, жэуапыр щатхыжкIэ дэри къыдбгъэдэкIыу сэлам хуедгъэхьырт. 
Апхуэдэу къетшэкIа Хьэнцигуащэм дуней къэхъукъащIэшхуэ кърикIуауэ щытащ.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: