Къуэдзокъуэр мазэм зэрыкIуар

1992 гъэм Нало Заур къыдигъэкIауэ щытащ «Таурыхъищэ» тхылъыр. ЩIэх дыдэ зэбграхауэ щыта къыдэкIыгъуэр лъэпкъ щэнхабзэм и дыщэ пхъуантэу щахъумэ унагъуэ куэдым. Фи пащхьэ идолъхьэ а тхылъым къитхыжа зы хъыбар.
- Уэлэхьэ, тIасэ, ар уэ уи фIэщ мыхъунщ, ауэ мы дуней псор къэзыгъэнэху мо мазэм къэскIухьу сытетамэ сэ сыкъэплъагъур! 
- Агъ! Ар дауэ, абы нэс сыткIэ удэкIуеят, ТIалиб?
 - Уэлэхьэ, МылитIэ, уи гъащIэкIэ угупсысами, къыпхуэмыщIэн сэ абы сы зэрыдэкIуея щIыкIэр! Схуэхъуу сыдэкIуея уфIэщIрэ? Уэлэхьэ, лъэщыгъэкIэ сыдрахуеямэ! Зыми жумыIэж, ауэ зэрыхъуар мыращ: Ервэлуцэм и зэману Беслъэней Хьэбалэ дэрэ шу щэ ныкъуэ ди гъусэу къуршым дыкъикIыжауэ дыкъыздэкIуэжым, Гундэлэн жыхуаIэ псыр Бахъсэн къыщыхэхуэжым деж, шокъу жиIэу белэм дащыIущIащ, шу мин хъууэ, Инарокъуэ инэралыжьыр я пашэу. Сыт тщIэнт? Зэзауэр едгъэжьащ. Къулъшыкъуэшхуэм щIэддзар шэджагъуэнэужь хъуху дызэзэуауэ, си щхьэр къэсIэтрэ сакъыхэплъэмэ - белэр иджыри шу щитхум зэрынэхьэсу, дэ зы шу пщыкIутху нэхъыбэ дымыхъужу! «Дашхыпэ иджы мыбыхэм!» - жысIэри Беслъэнейм седжащ: «Хьэбалэ, шу пашэу япэ ниуви, къуршымкIэ нешажьэ ди дзэр, хьэлэч дыдэ дохъу, сэ шуукIэ къалэу фи ужь ситынщ», - жысIэри.  «Ерэхъу!», - жиIэри Хьэбалэм ди шу пщыкIутху къэнэжар иришэжьауэ Бахъсэн аузым ныдешэ, сэри шуукIэ къалэу сыщытщи, зызгъазэм сахэуэурэ, сахэуэхуи шууищ яхэзудурэ дыкъокIуэ. Апхуэдэххэурэ Iуащхьэмахуэ лъапэ сыкъыщыщIахуам, шууитху фIэкIа дыкъэнэжатэкъым, белэри шу щищ иримыкъужу апхуэдэт. 
- Мы хьэ бзаджэхэр ди ужь икIынукъым, Хьэбалэ, сыт ди Iэмал? - щыжысIэм: 
- Сыт тщIэн, Къуэдзокъуэ? - жиIащ.
- Уэлэхьи, сымыщIэ,Iуащхьэмахуэ дыдэгъэкIуей. Дишхэр щолэхъущ, ешами, дыдахынщ. Щыгур зэ дгъуэтмэ, шыплIэ пылимоткIэ дакъыхэуэурэ ныдэдгъэкIуеинкъым.
- Ерэхъу! – жысIэри, Iуащхьэмахуэм дыкIэрыхьауэ дыдокI, дишхэм я пэщхъыным кърих мафIэ бзийм уэсыр егъэткIу, игъэткIуар псыхьэлыгъуэу къежьэмэ, зэхэлъэдэжурэ, псышхуэ мэхъури, пхъэр нытлъеIэм зы шу-шууитI хичурэ ирехьэх. Псыдзэр Бахъсэн хохуэжри нэпкъитIым хуэфIу йох, къущхьэ жылэхэр къурш сыджхэм зэрыдэхауэ тетщ, къэхъуари къахуэмыщIэу. Апхуэдэу дэри дыдэкIым, мохэри нытлъеIэурэ, Iуащхьэмахуэ уанэ зыщищI увыпIэм дыщынэсам, ди шу щэ ныкъуэм щыщу къэнэжар Беслъэней и къуэжьымрэ сэрэт. Дишхэм зедгъэлъэтэхщ аби, шыплIэ пылимотхэр къызэIуддзэри, нартыху пIэнкIым хуэдэу, шэр ятедгъэлъалъэу щIэддзащ, арщхьэкIэ дыгъэр щыкъухьэ дакъикъэм ирихьэлIэу шэуэ диIар дыухащ. Ар щалъагъум, белэр зэрыгъэкIиящ, Инарокъуэ инэралыжьыр нэджащ: 
- УкъыспэщIэхуакъэ иджы, Къуэдзокъуэ и къуэжь! - жиIэри. - Инарокъуэм дэрэ куэд щIауэ дызэбийт, зыпылъ хъыджэбзыр къэзгъэкIуэсауэ. 
- Умыгугъэ, инэралыжь! - жысIэри сыджэжащ сэри. - Уэлэхьэ, къамэ щыIэм иджыри. АрщхьэкIэ къамэкIэ шуудзэ псом уапэлъэщынт! Iуащхьэмахуэ джабэм кIэрылъ уэсыр уамыгъэлъагъужу къыдэкIуейрт Инарокъуэм и дзэр. Шу пашэхэр къэсыным саржын тIощIырыпщI нэхъыбэ иIэжтэкъым. Абдежым, уэздыгъэр щIагъэнам хуэдэу, Iуащхьэмахуэ щыгур нэху къэхъуащ. Мыр сыту пIэрэ жысIэри сыкъыдэплъеймэ - мазэр пшэ гуэрэным къыщIэбрыуауэ къокIуэ, Iуащхьэмахуэ и дыкъуакъуэм къытригъэпсауэ. - Хьэбалэ, умыбэлэрыгъ иджы! – жысIэри, мазэр къыщысым, сылъэри зы жыг щхьэкIэ къэзубыдащ, Беслъэней и къуэжьри налъэри нэгъуэщI зы жыг щхьэкIэ иубыдащ. Инарокъуэ инэралыжьым и жьэр Iурыхуауэ наплъэу, мазэм дытесу, Iуащхьэмахуэ дыщхьэщыкIри, дежьэжащ. Жыгхэм дыкъепщыхыжри щIыгум дыкъытеува нэужь, фIыуэ зытплъыхьащ. Иджы ар мы ди щIым утету ущыплъэкIэ, мазэр жыжьэщи, цIыкIуу къыпфIощI, арщхьэкIэ гъунэгъуу убгъэдыхьэмэ, инщ, мо Ерысто Iуащхьэ хуэдэу тIу-щы хъунщ, езыр зэфэзэщу плъыжьщ, хъарбыз зэгуэгъэхуам ещхьу.
 - Уэлэхьэ, псы сыхуолIэм, Къуэдзокъуэ, - жиIащ Хьэбалэ, фIыуэ зытплъыхьа иужь, - ауэ псы щызмылъагъу мы сыкъыздэпшам. 
Дежьэри псыи къэтлъыхъуащ. Шыгуэбыкъуэ хуэдиз хъун жыпIэну зы псы цIыкIу къежэхти, дыIугъуалъхьэри дефащ. Псыр дзэм дыхьэу шIыIэт, фом хуэдэу IэфIт. Ди псыхуэлIэ икIри, псы цIыкIум и Iуфэ дыIутурэ, ипщэкIэ  докIуэ. Доплъэри, мазэм и курыкупсэм къыщыщIэжу арат а псы IэфI цIыкIури, мэлыхъуэжь цIыкIум и хъушэр къихуауэ псы иригъафэу долъагъу. 
- Бохъу апщий! 
- Уэ упсэу апщий! Фыкъеблагъэ! 
- Уэлэхьэ, дыкъеблэгъам, дэнэ дыкIуэжын! Мэлыхъуэжь цIыкIум и пщыIэмкIэ дытришэри, ди Iуэху зыIутыр къыщищIэм, гъэлъэхъу тIущIэ къытридзэри тхуиукIащ. Илъэс псокIэ  дигъатхъэ-дигъашхэу дигъэхьэщIащ мэлыхъуэжь цIыкIум. Илъэсыр дэкIри, мазэм Iуащхьэмахуэ дыкъуакъуэм къытригъэпсауэ къыщыхуэкIуэм зредгъэхьэлIэри дыкъепкIэжащ. Мэлыхъуэжь цIыкIур, сыт жедмыIами, къытхуехыжын идакъым, сэ Амыщ сримэлыхъуэщ, мэлыр дауэ губгъуэм къизнэн, жиIэри. Iуащхьэмахуэ дыкъехыжри, Бахъсэн Iуфэ дыкъыщыIухьэжым, дишхэр щыщу мэзым къыхэкIыжащ. Дишхэми фIыуэ загъэпсэхуат, дэри ди къару къызэрыгъуэтыжати, дышэсыжри, ервэлуцэм дгъэзэжащ. Белэр къетхужьэщ аби, къэтхум-къэтхуурэ, Тэрч Iуфэ къэтхусауэ, Инарокъуэ инэралыжьыр псым щыхэпкIэм хуэзэу, си аркъэныр здзыри, уанэгум къисчщ аби, псым къыхэслъэфыжащ. 
- Мис апхуэдэущ кIэс къызэраубыдыр, Инарокъуэ и къуэжь! - щыжысIэм: - Уи насып къыстекIуащ, - жиIати, хуэздакъым: - Уэ къыптекIуар зищIысыр уэ уощIэж! – жысIэри. Беслъэней Хьэбалэ дунейм ехыжащи, и хьэдрыхэ фIы тхьэм хуищI. Абы къимыдэкIэ, уэр фIэкIа ди Iуэхур зэрыхъуам щыгъуазэ дунейм зы цIыхуи теткъым. КъызжиIакъым жомыIэж, домыIуэтэж!

 

Зыгъэхьэзырар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться:

Читать также:

07.10.2024 - 14:30 Пэжыгъэ
03.10.2024 - 16:00 Сэ езыр
23.09.2024 - 13:03 Гъуэгуанэ тхыгъэ
11.09.2024 - 16:42 Даус и тешапIэ
11.09.2024 - 15:40 Усэ нэжэгужэхэр