Укъэзылъхуар здэщыIэ пщIащэрэтУрысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий лъэпкъым и щэнхабзэм, и тхыдэм ехьэлIауэ зэхуихьэсыжахэр зэрыт «Адэжь хъыбархэр» и тхылъым къитхыжащ кIэлъыкIуэу къызыпытщэнури… Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт-гъуазэм теухуа хъыбарыр Шэрджэсым къыжезыIэжар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса, а зэманым зи ныбжьыр илъэс 82-м щхьэдэха Чыржын Хъусинщ. А тIур щызэпсэлъар 1969 гъэм мэлыжьыхьым и 29-рщ. - Мыхьэмэт къыздалъхуар, си щIалэ (зи гугъу ищIыр Шэрджэс Алийщ), Лабэрэ Псыжьрэ я зэхэхуэжыпIэм Iуса адыгэ къуажэжьхэу урысыдзэм ягъэсахэм ящыщт, нэхъ тэмэму жытIэмэ, щапIар аращ, - апхуэдэут къызэрыригъэжьар Чыржыным. … Пщыхьэщхьэм дзэзешэ Угъурлы зи пашэ шу гуп къэкIуэжырт, зауэм къикIыжу. Хьэтхыкъуэ къыдыхьэжхэри, куэди къамыкIуауэ къалъэгъуащ ипэ ит шу плъырхэм щыщ зыр теутIыпщхьауэ къазэрыхуэжэр. Угъурлы ар щилъагъум: «Мы зи унэ бэгъуэныр бжьэ къэпщIам къахуу пIэрэ, хьэмэрэ алмэсты илъэгъуа?» - егупсысащ. Шур къэсри: - Уэ-э, Угъурлы, насыпышхуэ къоуэлIащ! Хьэтхыкъуэ и кхъэнсэгулъэжьым деж сабий цIынэ къыщыдгъуэтащ, хъыдан жэрумэм кIуэцIылъу! Нурыр къыщхьэщех, щIалэ цIыкIущ! Тхьэшхуэм игу къыпщIэгъуагъэнщ, бын узэримыIэр илъагъурти. И гущэпс иребыди, лъэпкъым быдапIэ хуэхъуфын къупщхьэжь Тхьэм пхуищI! – зэкIэлъегъэпIащIэ зиш зэщIэплъар ерагъыу зыIыгъ шум. Угъурлы и напщIэ хъеяуэ и зы гъуси гу зылъригъэтакъым, ауэ и лъэпхъуамбэхэм къыщежьэу и Iэпкълъэпкъым зы хуабагъэ IэфI гуэр къридэжеящ, и тэмакъым къурщ такъыр тенэри, тэлайкIэ зыри жиIэфакъым. Ар зэуэ егупсысат и ныбжьэгъуфIхэу гъащIэми зауэ мыухыжми и гугъуехь псори къыдэзыгуэшхэм я гум езым IэфIыгъэу къахуилъым, зыми и щхьэ ирипэсын имыдэу езыр ягу къызэрыкIам, абы и фIыгъэкIэ зыщымыгугъыхха насып, насыпышхуэ къызэрехъулIам. А насыпыр зыгуэрым IэщIичынкIэ тIэкIуи шынэ къыпфIигъэщIу: - Апхуэдэ хъыбар гуфIэгъуэ щхьэкIэ уи уанэшым щIопщ уэгъуэ епхми емыкIукъым, фыкъыскIэлъеуэ! – жиIэщ, и шым IумпIэр хуиту иритри, теукъуэдияуэ зыкъричащ. Кхъэнсэгулъэжьым къосри – адрей шууитIым зэIэпахыу сабий хъуэпсэгъуэр яIыгъщ. Угъурлы зэуэ шым къолъэтэхри, хуэнэпсейуэ сабийр къаIех. Тыгъэу щыIэм я нэхъ лъапIэу Тхьэшхуэм къыхуищIар куэд зыгъэва и бгъэм хуэсакъыпэурэ щIекъузэри, сыт хуэдизу зиIыгъыну пымылъами, и зауэлI нэпс пIащитIыр къыфIыщIожри, сабийм и хъыдан жэрумэм тоткIуэ. Ар зылъэгъуа и ныбжьэгъухэм зрагъэзэкI: иджыт абыхэм а лIы пхъашэм и нэпс къудамэ къехауэ щалъагъур, и ныбжьэгъу нэхъыфI дыдэр урыс топышэм зэпкъриудауэ езым и IэкIэ щызэхуихьэсыжами абы далъагъуатэкъым апхуэдэ тIасхъагъэ. - Си къуэшыфIхэ, си зауэлIыгъу къэмылэнджэжхэ! Тхьэр къыфхуэгуапэ, нобэ сэ фыкъызэрысхуэгуэпам хуэдэу. Ауэ мы насып къызэуэлIар напэ хужькIэ къэсщтэн папщIэ, мыр къэзылъхуам къехъулIар тщIэмэ нэхъыфIт. Сабийр къэхъуа къудейщ, гъэмахуэ уэшхщ зыгъэпскIари, зэрагъэтIылъари гузэвэгъуэшхуэ Iуэхущ, фешами, фоч уэгъуитI-щыкIэ зифкъухьи, фIыуэ зыкъэфплъыхь, хэт ищIэрэ мыбы и анэр зыхуэзар! Ди дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуапэу къыщIидзынкIи мэхъу! – жиIэри, сабийр езым зэриIыгъыу, гупыр зэбгрыжри, кIыфI хъуху лъыхъуа щхьэкIэ, зыри ямыгъуэтауэ къызэхуосыжхэ. - Абы щыгъуэ мыр егъэзыгъэкIэ зи анэр зыщхьэщача сабийуэ гурыщхъуэ сощIри, хьэлэлу тщтэ хъунущ. ФынакIуэ, си къуэшхэ, жэщ дыхъуащ! – яжреIэри, гупыр Угъурлы кърешэжьэж. Унагъуэ къызэрыхьэжам гуфIэгъуэу зыкъыщызыIэтам и гъунэр къэпщытэгъуейт. ГукIи псэкIи къыхуэгуфIэ и ныбжьэгъухэр жэщыр хэкIуэтэху къыбгъэдэсащ, къехъуэхъу пэтми, замыгъэнщIу. Пщыхьэщхьэм зэрылъыхъуамкIэ арэзы мыхъуу, пщэдджыжьми Угъурлы шу гуп къигъакIуэри, Хьэтхыкъуэ зи кIыхьагъри къедза Iэхэлъахэри, зы къамыгъанэу, щIащыкIащ, ауэ щIыпIэр нэщIт. Хьэтхыкъуэ дэкIыу кIуа шу гупышхуэм и лъэужьыр щалъагъум, Угъурлы и гурыщхъуэм нэхъри траубыдауэ къагъэзэж. Хъыбар гуэр къэIуным ежьэу иджыри махуэ бжыгъэкIэ зэIуплъа иужь, гущэхэпхи кхъуей плъыжь кIэрыщIи сабийм хуащIащ, зэрыжылэу я махуэшхуэу. Угъурлы и ныбжьэгъуфI зауэм хэкIуэдауэ щытам и цIэр – Мыхьэмэт – щIалэ цIыкIум фIащ. Апхуэдэу анэ насыпыншэм и лъэIур Тхьэшхуэм къыхуищIэри, и сабийр унагъуэ хъуэпсэгъуэм ихуащ. Ауэ ар сыткIэ ищIэнт кIэсу Кърымым яхь и анэм?.. Мыхьэмэт къыдэкIуэтейуэ илъэс зытхухым ихьауэ, адэ-анэ хуэхъуахэм, щымыгугъыжыххэу, Тхьэм къаритыжащ зы хъыджэбз цIыкIу. Аращ Мыхьэмэт хуауса уэрэдым «Зи шыпхъу цIыкIур зыхуэбзэгуфIэ» - жиIэу щIыхэтыр. Мыхьэмэт адэ хуэхъуам хуэдэ адэ иIэу гъэса хъунтэкъэ? И адэм ар хуигъэсащ зыхалъхуа лъэхъэнэ зэрызехьэм зыхуэныкъуэну псоми: къарум, Iэщэм, шым, шыIэныгъэшхуэу адыгэхэм сыт щыгъуи къадэгъуэгурыкIуэм, лъэпкъ хабзэ дахэхэм, цIыху зэхэтыкIэм, емрэ фIымрэ я зэхэгъэкIыкIэм. Ауэ Угъурлы и щIалэмрэ езымрэ гу зыщамыхуэ щIыкIэ, Урысейм АдыгэщIым къридза мафIэм адэр хисхьащ. Хэкур бий бжыгъэншэм щыхъумэным шыщхьэмыгъазэу хэтурэ, зэхэуэ гуащIэ гуэрым къыщаукIащ. Мыхьэмэт и ныбжькIэ езыр иджыри щIалэми, и адэ зауэлIым и хьэдэр зэрыхуэфащэу игъэлъэпIащ. Абы иужькIэ куэди дэмыкIыу, щIалэр и адэм и зауэлIыгъухэм ядэшэсу щIедзэ. Абы къыщригъажьэри, дунейм тетыху Мыхьэмэт зыпIа и адэм и цIэр зэи игъэпудакъым, зы мащIэкIи игъэулъиякъым, езым нэхърэ нэхъ махэм, нэхъ тIасхъэм Iэщэ къыхурихакъым, и дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэ пэщIэкIуэтакъым, и пщIэнтIэпс зыхэмылъ зыкIэрилъхьакъым… Мыхьэмэт и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ и ныбжьэгъухэм къарукIи, IэмалкIи, акъылкIи къахэщырт. Дзэзешэ цIэрыIуэм игъэса щIалэр кIэнкIи, арыхъкIи, бэнэнкIи щатекIуэкIэ, зытекIуахэр къыпэувырт, щызэпщэфыIи къэхъурт. Апхуэдэхэм дежи Мыхьэмэт нэхъыбэрэ ищхьэ къэхъурт, и пхъэ нэхъ къикIырейти: «Хьэтхыкъуэ, Хьэтхыкъуэ!» - жаIэурэ щIэпхъуэжхэрт. Нэхъ къыдэкIуэтейуэ, нэхъыбэIуэ къагурыIуэ щыхъум: - Дэ укъытпымыкъухьауэ, уи анэ укъэзылъхуар здэщыIэ пщIащэрэт! – къыкъуадзэу щIадзэ… Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:
Читать также:
04.10.2024 - 13:00 →
Дерс къыхахыпхъэт…
02.10.2024 - 17:39 →
Владикавказрэ Тбилисирэ я зэхуакум
01.10.2024 - 12:44 →
Алыдж щхьэхуитыр
26.09.2024 - 14:18 →
Хьэнцигуащэм кърикIуар
23.09.2024 - 17:36 →
Ар фIыуэ ялъагъурт
|