ТемыкIуа зыри яхэткъым Гъэ къэси хуэдэу, КъБР-м и Мэжджытышхуэм фокIадэм и пэм щекIуэкIащ КъурIэн лъапIэм къеджэнымкIэ щIыналъэ зэпеуэ.
НэщI мазэр зэриухыу, республикэм и район къэс щрагъэкIуэкI КъурIэн лъапIэм къеджэнымкIэ зэхьэзэхуэхэр. Абыхэм къыщыхэжаныкIахэр иужькIэ республикэпсо зэпеуэм ирагъэблагъэ. Ауэ КъБР-м и Муслъымэн IуэхущIапIэм и унафэщI, муфтий Дзасэжь Хьэзрэталий зэхьэзэхуэм къекIуэлIахэм защыхуигъазэм зэражриIащи, КъурIэныр Iэпэгъу зэрахуэхъуа къудеймкIэ дэтхэнэ зыри щытекIуауэ къэплъытэ хъунущ а зэхьэзэхуэм. Абы и Iыхьэ нэхъыщхьэм хэтыну къазэрыхуихуар а ехъулIэныгъэм и уасэр нэхъри нэхъ куу, щIэныгъэм хухаха гъуэгури нэхъ бгъуфIэ яхуэхъун папщIэщ.
Илъэси 7-12 ныбжьхэм ит щIалэхэм я зэпеуэм япэ увыпIэр КIэрашэ Ибрэхьим къыщихьащ, етIуанэр – Жэгупэ Дамир, ещанэр – Мирзоев Iэбдулмусэхьир. А ныбжь дыдэм ит хъыджэбз цIыкIухэм я ехъулIэныгъэхэр мыпхуэдэ щIыкIэу ягуэшащ: япэр – ЛIэужь ФатIимэ, етIуанэр – Мэрзей Айшэ, ещанэр – Агуэ Камилэрэ Ниезовэ Хадижэрэ.
Илъэс 13-16 ныбжьхэм ит щIалэхэм ящыщу япэ увыпIэр Толкуев Сейфулахь хуагъэфэщащ, етIуанэр – Кабардыков Абдулхьэлим, ещанэр – ХьэIупщэ Алийрэ Пщыгъуэтыж Эмиррэ зэдагуэшащ. Хъыджэбз цIыкIухэм: япэр – Тхьэгъэлэдж Нуриет, етIуанэр – Батчаевэ Эльвирэ, ещанэр – Драевэ Аминэ иратащ.
Илъэс 17-м нэхърэ нэхъыжьхэм хиубыдэ щIалэ цIыкIухэм: япэр – ГъущIынэ Тамерлан, етIуанэр – Мешелов Ибрэхьим, ещанэр – Чочуев Альберт къалъысащ. А ныбжь дыдэм ит хъыджэбз цIыкIухэм: япэр – Мецеловэ Саидэ, етIуанэр – ЗэкIурей Миланэ, ещанэр – Журт Маринэ хуагъэфэщащ.
Езы КъурIэн лъапIэм укъеджэныр, абы и макъхэр зыхэпщIэныр фIыгъуэ щхьэхуэу зэрыщытым къыдэкIуэу, сурэ щхьэхуэхэм псапэ хэха яIэщ, муслъымэну зыкъэзылъытэжым зыхимыгъэкIыжмэ, нэхъыфIу.
Абыхэм «Ислъамым и нур» къыдэкIыгъуэм нэхъ убгъуауэ дыщытопсэлъыхь. Псалъэм папщIэ:
«Нур» сурэм щIэх-щIэхыурэ къеджэм зыри зэран зыхуэмыхъуфын Iиман и гум кърилъхьэнурэ шейтIаным имыгъэбэлэрыгъыфу ищIынущ.
«Iэл-Фуркъан» сурэм 7 къеджэр Алыхьталэм бийм и зэраныгъэм щихъумэнурэ здэмыкIуапхъэ щIыпIэ мыхъумыщIэхэми япэщIихынущ.
«Iэш-ШухьэраI» сурэм 7 къеджэр цIыхухэм нэхъыфIу ядекIуэкIыу, фIыуэ къалъагъуу хъунущ.
«Iэ-Нэмл» сурэм сыт щыгъуи къеджэр Алыхьталэм тепщэ залымхэмрэ цIыхухэр гугъу езыгъэхь унафэщIхэмрэ къабгъэдэкI лейм щихъумэнущ.
«Iэл-Къэщэщ» сурэм 7 къеджэр гъуэгу къэхъукъащIэшхуэмрэ бий бзаджэмрэ щихъумэнущ.
«Iэ-Iэнкэбут» сурэр тхылъымпIэм тептхэрэ псым кIэребгъэхмэ, итIанэ ар зыхэпщIа псым уефэжмэ, уи акъылыр зэгущу, уи гупсысэр узыхуейм тебухуэфу ухъунущ.
«Iэр-Рум» сурэм бийм упэщIэувэн ипэкIэ щэ укъеджэмэ, Алыхьым зыкъыпщIигъэкъуэнурэ къыппэщIэувахэм уатригъэкIуэнущ.
«Лэкъумэн» сурэм 7 къеджэм лъатэ узыр щхьэщыкIынущ, и псэм гузэвэгъуэ телъмэ трихынущ, нэгъуэщI узыфэ куэдми къригъэлынущ.
«Iэс-Сэджэ» сурэр ятхрэ абдж птулъкIэм иралъхьэмэ, итIанэ ар унэм и къуэгъэнапIэм деж щыщIатIэжмэ, а унэр мафIэми исынукъым, зэбииныгъэми щыхъума хъунущ.
«Iэл-Iэхьзаб» сурэм 40-рэ къеджэ хьэрычэтыщIэм и сату Iуэхухэр къехъулIэнущ, езыми и гуныкъуэгъуэ псори щхьэщыкIынурэ и хэхъуэм берычэт къыхыхьэнущ.
«СэбэI» сурэм 70-рэ къеджэм и Iуэху зэхэзэрыхьахэр, гъэзэкIуэжыгъуейхэр зэфIихыжыфынущ.
«ФатIир» сурэм къеджэр шейтIанми абы и теплъэм ит цIыхухэми ящихъумэнущ. Абы къеджэ зэпытыр Алыхьым и нэфI къыщыхуауэ псэунущ.
«Ясин» сурэм 70-рэ къеджэм бэлыхь куэд щхьэщыкIынущ. Дунейм ехыжар ягъэпскIа нэужь, а сурэм ухуеджэмэ, щIалъхьа иужькIи къытебгъазэрэ ухуеджэмэ, абы и жэназым гущIэгъу зыхэлъ мелыIычхэр къекIуэлIэнущ, я бжыгъэр здынэсыр Алыхьталэм фIэкIа зыми имыщIэу. Езы дунейм ехыжам къратыну упщIэхэр щагъэпсынщIэнурэ мащэм и хьэзабми къелынущ. «Ясин» сурэр зыхэщIа псым ефэм и гум щIэгузави зытешыныхьи къэмынэжу, Алыхьым нэхур из ищIынущ.
А сурэм махуэ къэс пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми къеджэ цIыхур факъырагъым щыхъума хъунущ, ахърэтым хьэзаб къыщылъысынукъым, Жэнэтым увыIэпIэ дахащэ къыщратынущ. Ди Бегъымбар лъапIэ Мухьэмэду Алыхьым и щэлатымрэ сэламымрэ зэхам жиIэу щытащ: «Гу зимыIэ щыIэкъым, КъурIэным и гур «Ясинырщ».
«Ясиным», нэгъуэщI мыхъуми, махуэм зэ къеджэм Алыхьталэм къыпхуэмыбжын фIыгъуэ къыхуиутIыпщынурэ къэхъукъащIэ телъыджэхэр и нэгум щIигъэкIынущ.
Аращи, цIыху губзыгъэхэ, зэманыр зытевгъэкIуадэмрэ гулъытэ нэхъыбэ хуэфщIыну зыхуэфащэмрэ зэхэвгъэкI. ИщхьэкIэ дызытепсэлъыхьа зэпеуэм хэтахэм ящыщу зыри хилъэфауэ къыщIэдмылъытэри къызыхэкIыр аращ. СыткIэ уехъуэпсэжын жэщми махуэми КъурIэн лъапIэр зыIэщIэлъым?!
Поделиться:
Читать также:
03.10.2024 - 15:00 →
Дунейр зыхуэныкъуэ цIыху
03.10.2024 - 12:00 →
Сабийхэм зыщаужь
03.10.2024 - 11:00 →
ГъащIэм узэреплъщ
01.10.2024 - 14:49 →
Псэр зыгъэлъатэ
01.10.2024 - 10:38 →
ЩIыуэпсыр зыхэзыщIа сурэтыщI
|