«Кабардинка»-м зэманкIи гъуэгуанэкIи куэд къызэпичащ, зихъуэжащ, зиужьащ. Адыгэ хабзэм нэхъ тегъэщIауэ и къафэхэр зэригъэувым ущымыгуфIынкIэ Iэмал иIэкъым. Дыкъыщымыфэжми, ар щытлъагъукIэ ди псэр лъэтэным хуэдэщ, ди гурыщIэхэр къокъубей. Си гуапэщ и уардагъэр ихъумэу ар илъэс минхэм дэбэкъуэну».
Iэсей Светланэщ ар жызыIар. Илъэс 16 хъууэ арат абы и гъащIэ гъуэгуанэр «Кабардинка»-м ирипхынрэ игъащIэкIэ и гугъэр абы хихыжыпэнрэ щызэхэкIым. Езы Светланэ игу къызэригъэкIыжымкIэ, ансамблым а зэманым и унафэщIу щыта Гальперин Григорийрэ гъэсакIуэ Ульбашев Мутайрэ куэдрэ зэхъурджэуэжат, зэчэнджэщыжат хъыджэбзыр гупым хагъэхьэн-хамыгъэхьэным теухуауэ. «СафIэцIыкIут, итIанэ адыгэ къафэхэр згъэзэщIэну сэ езыр сыщIэхъуэпсми, ахэр фIы дыдэу къызэхъулIэу пхужыIэнтэкъым, - къыхегъэщ Светланэ. - Узэгугъур къогугъуж, жаIэ. КъэфэкIэхэр псынщIэу къызэрыспхъуатэм, ерыщу сызэрызэлэжьыжым Гальперин Григорий гу лъитэри, тригъэчыныхьат гупым сыхагъэхьэным. Апхуэдэу 1965 гъэм ансамблым хэтхэм гъусэ сахуэхъури, илъэс тIощIкIэ сакъыдэгъуэгурыкIуащ».
Iэсей Светланэ мэздэгу адыгэхэм ящыщщ, къыщалъхуар Ставрополь крайм и Курской районым хыхьэ Гъубжокъуэ жылагъуэрщ. Абы Мэздэгу къалэ и курыт еджапIэ № I-м классий къыщиухащ, иужьым Налшык къэкIуауэ культпросфет училищэм уэрэд жыIэнымкIэ и къудамэм щIэтIысхьэну щыжиIэм, я гъунэгъу цIыхубз Къуэдзокъуэ Людмилэ («Кабардинка»-м и къэфакIуэу щытащ) и чэнджэщкIэ «Кабардинка» ансамблым екIуэлIащ. Иджы бзылъхугъэм игу къегъэкIыж а лъэхъэнэм зыIущIа цIыху гуапэхэр. ЩIэгъэкъуэныфI абы къыхуэхъуат Шэру Соня, Соттаев Къанщауэ, Къэрэжь Людмилэ, сымэ.
«Автобус къэувыIэпIэ сиIэтэкъым, уэрам жысIэтэкъым, дэнэ дежи «зы, тIу, щы»-р къэзбжу си лъэбакъуэхэр абы зэрытезгъэхуэным иужь ситт», - жеIэ Светланэ. ЩIэх дыдэу хъыджэбзыр къэфэнми ансамблми хэзэгъащ, псом нэхъыфIу абы къехъулIэрт гушыIэ къафэ теплъэгъуэхэр...
1968 гъэхэм ар япэу хамэ къэрал, Африкэм, концерт зытынум яхэту. ЦIыху фIыцIэ гупым яхыхьа пщащэ зэкIужым и дахагъэм псори итхьэкъуат, «Гуащэ» цIэри хуэфащэу къыфIащат абы щыгъуэ.
Латин Америкэм, Иорданием, Сирием, Тыркум, нэгъуэщI щIыналъэ куэдми зэрыщыIам и гугъу щищIкIэ, къыхегъэщ: «ТхылъышхуэкIи къыпхуэмыIуэтэнщ дэ а зэманым тлъэгъуамрэ псэкIэ зыхэтщIамрэ. ДыздэкIуэ къэралхэм щыпсэухэм я къэфэкIэхэм зедгъасэрт, дэри ди щэнхабзэр абыхэм къахузэIутхырт. Зэман дахэт!».
Пенсэм кIуа нэужь, Iэсейр лэжьащ Бекъул Леонид къызэригъэпэщауэ щыта «Бжьамий» ансамблым и гъэсакIуэу. Абы къыхуагъэфэщащ «КъБР-м щIыхь зиIэ и артист» цIэ лъапIэр. Анэм къуитыр IэфIщ, жыхуаIэрщи, Светланэ и пхъуитIри къафэ гъуазджэм епха хъуащ. Альбинэ хореографие училищэр къиухри, зы илъэскIэ «Ислъэмей» ансамблым хэтащ, «Кабардинка»-м Думэныщ Iэулэдин и унафэщIу щыщытам абыи къыщыфащ. Олеся (Куэшмэнхэ я нысэщ) «КъБР-м и цIыхубэ артисткэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ, ар ноби «Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэтщ.