Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэжНазир къызэрысыжу и портфелыр диваным иридзэри, и нэщхъыр зэхэлъу и анэм бгъэдэуващ: - Сыт, мамэ, узэрызимыанэр иджыри къэс къыщIызжумыIар? ПщафIэу кIэрыт анэр умэзэхащ. ИтIанэ, хуэмурэ зыкъищIэжри, и къуэм еплъащ: - Хэт, на, а делагъэр къыбжезыIар? - Хэт къызжиIами сыт абы иIыгъыр, ауэ ар пэж? Назир ебланэ классым щеджэрт. Нобэ есэпымкIэ контрольнэ ятхыу Къантемыр тригъэтхыкIатэкъыми, «илъ ищIэжащ»: «Уэ Хужь укъилъхуакъым, хэт урейми ящIэркъым», – жери къещащ. Назир а хъыбарыщIэр шэуэ къытехуащ. Иджы, унэм къэсыжащи, анэр зэрехуэ и «къуаншагъэр» къригъэIуэтэну. Пэж дыдэу, Мурадинрэ Хужьрэ Назир къуэ ящIауэ арат. Гува-щIэхами а щэхур къызэрыщIэщынур ящIэ пэтми, ябзыщIу зэманыр кIуэрт. Хужь ар цIынэ цIыкIуу къихьу бын зэрищIар хьэблэм щащIэкIэ, сабийми ямыщIапIэ иIэт. ЯщIэми, абыхэми ябзыщIт. Ауэ, мис, нобэ и ныбжьэгъу Къантемыр «мылъхукъуэ» псалъэ жагъуэр къриупщIащ. Аращ унагъуэр хьэлэбэлыкъ хэзыдзар. - Ар къыбжезыIаращ езыр къэзылъхуар зымыщIэжыр, – къэгузэващ Хужь. – къызжеIэ хэтми, сэ абы узыр естынщ. Назир хэтащ ибзыщIыну, арщхьэкIэ, анэм щыхигъэзыхьым, жриIащ къыжезыIари къыщIыжриIари. - ЗэрытрумыгъэтхыкIам щхьэкIэ зэгуэпри къыбжиIауэ аращ, – пцIы хуеупс анэм Назир. Ауэ Назир сабиижтэкъым, тынш цIыкIуу къэбгъэпцIэну. Нэхъ и фIэщ хъуар Къантемырщ. Ар абы ауэ сытми, игу кърихыу, жиIакъым. Назир анэм хуэшхакъым, сымэжалIэркъым, буфетым сыщышхащ жери. Хужь нэщхъейуэ диваным итIысхьащ, Назир адрей пэшым щIыхьащ. Ар гъуджэшхуэм бгъэдэувауэ зоплъыж: «Сыхэту пIэрэ? Хэт сызикъуэр? Псэу си анэр? Псэумэ, щхьэ сыхыфIидза? – и нэпсыр къытелъэдауэ зоупщIыж. – Сарещхькъым сэ Хужьи Мурадини. Пэжщ Къантемыр къызжиIар. Си мамэрэ папэрэ ящIэ, дауи, си анэ дыдэр хэтми. Папэ къызэрысыжу, тIури згъэтIысынщи сеупщIынщ». Назир щIегъуэжащ. ЕупщIакъым тIуми. Сыт еупщIкIи? Къантемыр къыжриIар пэжщ, ар Нэзрэн Назиркъым, ауэ Назир къудейуэ аращ. Ар ящIэ егъэджакIуэхэми, и классэгъухэми – псоми, псоми, езым щынэмыщIа, ауэ псоми къыщабзыщI, и жагъуэ зэрыхъунур ящIэри: папэрэ мамэрэ директорым елъэIуагъэнщ, директорым классрукхэм унафэ яхуищIыжа хъунщ. Сыт-тIэ абы езым и лажьэу хэлъыр? Нэхъыщхьэращи, псоми фIыуэ къалъагъу, «тху» защIэкIэ йоджэ. Мурадин хьэрычэтыщIэт, хуэщIауэ псэурт, и къуэм и жьэм къыжьэдэкI псор хуищIэфынут, ауэ хуейтэкъым и ныбжьэгъухэм къахигъэщыну. «Аращ псори зейри къызыхуэнэнури» – жриIэрт Хужь, я къуэм теухуауэ мыарэзыуэ зыгуэр къыжриIэмэ. Зэманыр кIуэрт, Назири лIы хъурт зыщыщ лъэпкъыр имыщIэу, и адэ-анэми къыжрамыIэу. ГъащIэм къридза фэбжьым фэжьIужь хуэхъужат, хэт сыт къыжриIэми зыуи къримыдзэжу. Нэхъыщхьэращи, папэрэ мамэрэ фIыуэ къалъагъу, езыми елъагъуж, абыхэм зэи я жагъуэ ищI хъунукъым. Назир школыр фIы дыдэу къиухри, Академием щIэтIысхьащ, экономисту еджэну. А гъэ дыдэми, абы и гъащIэм нэгъуэщI зы насыпи къыхыхьащ: Залинэ фIыуэ илъэгъуащ. Залинэ университетым щIэст, егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхихауэ. А тIур япэу щызэхуэзар автобусырат. Щэбэту къуажэм къэкIуэжхэу, зэбгъэдэхута хъуаитIыр зыр зым щэхуу еплъу, жамыIэIауэ автобусыр Налшык къыдэжыху щысахэщ. Ягу зэрихьат. Назир хущIегъуэжащ хъыджэбзым емыпсалъэу иджыри къэс зэрыщысам. Шэджэм е Бахъсэн деж щикIыжмэ, хъыджэбз дахэр фIэкIуэдыжакъэ? - Удэнэ къуажэ? – тогушхуэри йоупщI Назир. Хъыджэбзыр абы къоплъри къыпогуфIыкI: - Сы-Зеикъуэщ, сыкъыумыцIыхуу ара? Сэ уэ узоцIыху. - НтIэ, сыхэт? – хуогуфIэж Назир хъыджэбз дахэм. - У-Нэзрэн Назирщ, – аргуэру нэхъ гурыхьыжу къыхуогуфIэ ар щIалэм. – Сэ ипщэ школым сыщеджащ, уэ ищхъэрэр къэбухащ. «ИщIэу пIэрэ сызэрымы-Нэзрэныр? - щIыIэу и гум къокI Назир. – СыкъыщицIыхукIэ, дауи, ещIэ». - Иджы, уи цIэр къызжепIамэ, дызэрыцIыхупат. - Залинэщ. Сызейми ухуей? – щIалэм хуоплъэкIри мэдыхьэшх. - Абыи сыхуеинкIэ хъунщ, пщIэнукъым. Сэ Академием сыщоджэ, уэ-щэ? - Университетым и филологическэм. Къуажэм къэсыжыху зэжраIэн ягъуэтащ ныбжьыщIитIым. Блыщхьэм зэхуэзэну зэгурыIуэри, сэлам зэрахыжащ. Абы и ужькIэ ахэр куэдрэ зэхуэзащ, зэныбжьэгъуащ къаухыху, фIыуи зэрылъэгъуащ. Назири Залини къаухауэ лажьэрт. Назир и адэр щылажьэ IуэхущIапIэм бухгалтеру щыIэт, Залинэ егъэджакIуэт. Хужь ищIэрт Назир зыпылъ хъыджэбз зэриIэр, ар къыжезыIар Ланэт. Лани Залинэ щIыгъуу школым щылажьэрт. Хужь абы хуэзамэ, пкърымыупщIыхьу иутIыпщыжыртэкъым, хуэзэхукIи япэу зэреупщIыр зыт: «Дауэ къыпщыхъурэ, Ланэ, си Залинэ?». Залинэ и цIэр зэи жиIэртэкъым и пэм «си» пымыту. Лани, ар къищIати, дыхьэшхыурэ жэуап иритыжт: «Тхьэ, уи Залинэ хъарзынэм». * * * Мазэм щIигъуауэ ХьэIишэт хьэлъэу хэлът. Абы ефи-ешхи иIэжтэкъым, залымыгъэкIэ псы тIэкIу жьэдакIэу арат. И узым щIыгъуу, абы игъэвырт зы гуэныхьышхуэ. Игугъат ар имыпшыныжу здихьыну. АрщхьэкIэ, и напIэр зэрызэтрилъхьэу, зы блэ фIыцIэшхуэ къыкIэщIэпщхьэрти, къыщIэфу хуежьэрт. КъаскIэрти, блэр кIуэдыжырт. Шэч хэлъкъым: иджыпсту щыщIэдзауэ Алыхьым иригъэпшыныжу аращ и гуэныхьыр. Дауэ здихьыну а щэхур? ЯжриIэмэ нэхъыфIкъэ? Жэщыр хэкIуэтауэ ХьэIишэт нэхъыфI къыщыхъум, къыбгъэдэса Iыхьлыхэр зэбгрыкIыжащ. Иджы щхьэщысыжыр и къуэмрэ и нысэмрэт. – А-а, Женя, Исуф, нэхъри фыкъызэкIуэталIэт, – и Iэблэ гъуахэр шхыIэным къыщIешиикI ХьэIишэт. – Сыт, мамэ… щхьэ угузавэрэ? – нысэм и щхьэр сымаджэм ирехьэлIэ. – Фэ тIум фи гуэныхь стелъщ, къысхуэвгъэгъу… – Сыт жыпIэр, ди анэ? Уэращ зи гуэныхь ттелъыр, уэ узианэщ, – и щхьэфэ щIыIэм щабэу Iэ делъэ къуэм. – Фи къуэр… псэущ… си шыпхъум ес-с-тащ. ЗэлIзэфызыр зэплъыжащ, сымаджэм жиIэр къагурымыIуэу. ИтIанэ Женя къыгурыIуэри къыхэкIиикIащ: – Назири? Назир дэ ди къуэуи? – НтIэ… – аращ иужь дыдэу ХьэIишэт къыжьэдэкIыжар. – Апхуэдэу щхьэ къыдэпщIа, дянэ? – ерагъыу къыдришеящ Исуф. Анэр къуэм къеплъырт и нэ дияхэмкIэ, «Къысхуэгъэгъу, си къуэ» – жиIэ хуэдэ. ХьэIишэт и нысэр къызэришэрэ мазибл фIэкIа мыхъуауэ сабий игъуэтат. Къилъхуар щIалэ цIыкIут, узыншэт, мазибгъу мыхъуами. АрщхьэкIэ гуащэр хуейтэкъым сабийм – ар и къуэм имейуэ гурыщхъуэ ищIырт. ХьэIишэт и шыпхъу Хьэлимэтт сабий дохутырри, зэшыпхъуитIыр зэгурыIуэри, сабийр лIауэ ягъэIуащ. Ар Жени и фIэщ ящIри, и нэпсыкIэ щIиутхыкIыу къаутIыпщыжащ. Сабий цIынэр хъыданжэрумэ ящIри я шыпхъу Хужь Iэрагъэхьащ. Абы бын иIэтэкъым. «Къалэ лъхуапIэм къыщIанауэ къеIысхащ» – жери, хьэблэм яхигъэIуащ. И къаруи, и псэ Iыхьи хилъхьащ Хужь зауэм хэкIуэда и адэм и цIэр зыфIища щIалэ цIыкIур зыхуей хуэзэу къэхъун папщIэ. Ягъэсащ, ирагъэджащ зэлIзэфызым. Иджы мэлажьэ, фызи кърагъэшащ.
КъыкIэлъыкIуэнущ.
Поделиться:
Читать также:
08.10.2024 - 12:33 →
Яхэти-яхэмыти
07.10.2024 - 14:30 →
Пэжыгъэ
03.10.2024 - 17:00 →
Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж
03.10.2024 - 16:00 →
Сэ езыр
02.10.2024 - 16:01 →
ПАЩТЫХЬ ФIЫЦIЭ
|