Гъуэлъпагуэ шытх, Къубатий шытх, Iуащхьэныкъуэ- Хьэтуейм бгы цIэрыIуэу плIы диIэщ – Гъуэлъпагуэ шытх, Къубатий шытх, Ерысто Iуащхьэ, Iуащхьэныкъуэ. Абыхэм нэмыщIу абрэмывитIи диIэщ, унэ нэхърэ нэхъ ину, - къыщыщIедзэ Нало Заур и тхыгъэхэм язым, ди газетым и редакцэм къритыгъам. Зи гугъу ищI щIыпIэхэм ящыщу Ерысто Iуащхьэм теухуауэ зэгуэр езым къыжраIэжам ипкъ иткIэ итхыжар иджыблагъэ тездзащ «Адыгэ псалъэм» и электроннэ газетым. Ипэ щIизгъэщари «ди щэнхабзэ тхыдэмкIэ нэхъ хьэлэмэтыр Ерысто Iуащхьэращ», - жиIэу езы нэхъыжьыфIым къызэрыхигъэщарщ. Игъуэ хъуащ адрейхэм ехьэлIа и гукъэкIыжхэми фыщызгъэгъуэзэну. - Ди шытххэм я цIэхэр къызытекIауэ жыхуаIэращ: пщылIыр IуагъэкIыным ипэкIэ, къэбэрдеищIыр къыщапщым щыгъуэ, ар къэзыпщхэм жыджэру яхэтат Iэщнокъуэ Гъуэлъпагуи, абы хъупхъапщIэу къратащ шытх кIыхьыр, Iуащхьэ хъурейри зэрыпыту, мэкъупIэу иIэн щхьэкIэ. Арати, Гъуэлъпагуэр шытхым цIэ хуэхъуауэ Гъуэлъпагуэ шытхкIэ йоджэ ноби. А шытхыр Шэчэрыпс Iуфэ Iутщ; къуэкIыпIэ лъэныкъуэр иIыгъыу, Анзорхэ я мэзым къыщIокIри, Iуащхьэ хъуреймкIэ и кIэр егъэтIылъыж. Ди анэ Нало МащIэ Исмел хьэжым и пхъум (1885-1963) а шытхым теухуауэ гъэщIэгъуэн къыджиIэу щытащ. Дунейм пшагъуэ къытрихуэрэ Гъуэлъпагуэ шытхри щIихъума нэужь, Анзорхэ я мэзыжьым шейтIанрэ бзаджэнаджэу щIэсыр зэхуэсырти, зэкIэлъхьэужьу, зы жин фIыцIэжь я пашэу, къежьэрт а шытхым къакIуэу, шейтIаныбзэкIэ уэрэд кърашу: - Уендык-сендык быхъэра, Уей, тытихьа-а, Аликсандр быхъэра, Уей, тытихьи-и! – жаIэурэ шытх тхыцIэм кърикIуэрти, Iуащхьэ хъурейм къытехьэрт, итIанэ я Iэпэхэр зэрагъэубыдырт аби, хъурейуэ еуджэкIырт, зэм сэмэгумкIэ загъазэу, зэм ижьымкIэ зыкъагъэзэжу: - АIейнэ-Iейнэ, алыбыцэ, шыкъурбыцэ, Хьэбыцыни кIылитIаш, ЦIыргъуу-мыргъуу шыгургъуанэ! ЦIыргъуу-мыргъуу шыгургъуанэ! – жаIэурэ. Апхуэдэурэ щэней къеуджэкIа нэужь, я Iэпэхэр зрагъэутIыпщыжырт, шытх тхыцIэм теувэжырти мэзым кIуэжырт «Уендык-сендык быхъэрар» кърашу. Абдеж абыхэм уапэщIэхуэмэ, уи Iэпэр яубыдырти, мэзым уздыщIашэрт, я ефэ-ешхэм ухагъэсырт, итIанэ уд ухъуауэ укъаутIыпщыжырт, пэшэгъуи къуатырти. Нало Къубатии (ди адэм и адэжри) а щIыкъэпщым жыджэру хэтати, абыи мэкъупIэу къратащ (Гъуэлъпагуэ шытхым къуэкIыпIэмкIэ къыщыбгъурыт) шытхыр. Абыи нобэр къыздэсым Къубатий шытхкIэ йоджэ. Ди адэшхуэ мыгъуэр дунейм щехыжым, и къуэхэм (Жанхъуэт, Мыхьэмэт, Жамырзэ) уэсят къахуищIащ: - Мы шытхыр сэ къэзлэжьащи, ди жылэм си фэеплъу къахузогъанэ. Фэ а Iуэхум фыхэмыIэбэ! – жиIэри. Зэшхэм я адэм псалъэ падзыжакъым, Iуэхуми хэIэбакъым. Къубатий шытхри Анзорхэ я мэзым къыщIокIри хьэсэм къытохьэ. Ар, Гъуэлъпагуэ ейм хуэдэу, шытх кIыхькъым, ар бгъуэшхуэу къох мэзыбгым, и гъунитIыр хуэлъагэу, и кур уэх хуэдэу, нэхъ лъахъшэу. Iуащхьэныкъуэ Iуащхьэ лъахъшэ кIыхьщ, и гъунэхэр кумбу къыдекIуэкIыу. Ар Хьэтуей ипщэкIэ Урыху пэнтх тетти, псым хуэгъэза лъэныкъуэр гуэхури ныкъуэу къэнащ, и цIэри къызытекIар аращ. А Iуащхьэныкъуэм и лъабжьэм бзаджэнаджэ (жин, шейтIан) щIэсу жаIэ: Iуащхьэм утету «ПщIэгъуалэжьыр щыбыщ-щыбыщ, сылIти сыкъэкIуащ, улIмэ сомыгъэкIуэж!» - жыпIэмэ, бзаджэнаджэр къыщIоIэбыкI, ущIелъафэри уокIуэд жаIэрти дыщагъэшынэрт. Зыми илъэгъуакъым апхуэдэ къэхъуауэ, ауэ ар лIыгъэ зэхэгъэкIыпIэ хъуати, а псалъэхэр езыкуфыр закъуэтIакъуэт. Илъэсищэ нэблагъэху псэууэ 1950 гъэм дунейм ехыжа Бетрожь Джэуищ и къуэ Анфокъуэ къыщалъхуари къыщыхъуари Хьэтуейт, адыгэм я бзэри, я хабзэри, я псэукIэри фIыуэ ищIэрт икIи къущхьэбзэми (осетиныбзэ) хуэIэзэт. Ар жылэм къахэщу лIышхуэт, пщIэшхуи иIэт. Сэ сымыщIэ е къызгурымыIуэ гуэр сыщIэупщIэну лIыжь-фызыжь Iэджэм сабгъэдыхьэрт, Анфокъуэ ескуртэкъым. Ауэ 1946 гъэм и гъэмахуэ хуабэу ар, къуажапщэм нокIри, кIыщым нокIуэ. КъыщIысхуея Iуэхум и нытекIухьыгъуэхэм ящыщ зым гъукIэхэри пхъащIэхэри щыму тотын ефэу зэхэсти, сыгушхуэри сымыукIытэжу дадэм сеупщIащ: - Анфокъуэ, мо ди псыхъуэм дэлъ мывэжьышхуэхэр дэнэу пIэрэ къыздикIар, ахэр Урыху кърихьэхауэ ара? - Хьэуэ, Налойтэ, Урыху апхуэдиз зи инагъ абрэмывэ кърихьэхыфынукъым. Абыи хъыбар иIэщ: Елмырзэ жаIэри щхьибл фIэту иныжь гуэр мо къуршым исащ, бгъуэщIагъышхуэ гуэр щIэсу. Махуэм щакIуэу, хьэкIэкхъуэкIэ къыпэщIэхуэми, цIыху хуэзэми къиубыдрэ ишхыу, жэщ хъумэ, и гъуэм ипщхьэжрэ жэщибл-махуиблкIэ жейуэ. А Елмырзэ нартхэм я бийти, гъукIэ Лъэпщ жыру ипсыхьа Сосрыкъуэ тхьэ иIуащ, сэ абы мышхэжыныр къыхуэзгъэкIуэнмэ! – жиIэри. Сосрыкъуэ бгъэ дамэ тету шытхъуэ лъэщ иIэти, абы шэсри Урыхущхьэ кIуащ. Абдежырат а щхьибл зыфIэтыр щыжейри, бгъуэнщIагъым къыщIэпIиикI и лъакъуэжьыр игъэтхытхащ, къигъэушу иукIын игугъэу. Къыщымыушым, и лъакъуэм аркъэныр фIилъхьэри шымкIэ къыщIилъэфащ. ХэтIэ-хэсэ ящIри зэрытегъэкIуакъым. Щыпэмылъэщым, Сосрыкъуэ и джатэр кърихащ. Елмырзэ къапхъуэри джатэр IэщIичащ. Джатэншэу иныжь пхуэукIын – Сосрыкъуэ и шытхъуэм зридзыжри къыщIэпхъуэжащ. Урыху псыхъуэ дэту къэлъэтауэ шур къехьыж шым. Апхуэдэу щыхъум, къыкIэлъыжами къыкIэщIыхьэнутэкъыми, къуршым абрэмывэ къыгуищIыкIыурэ къыкIэлъыуэу хуежьащ. Шым адкIэ зидз, мыдкIэ зыкъидзыжурэ зытригъэхуакъым. Мис апхуэдэу Елмырзэ къызэрыуа абрэмывэхэр псыхъуэм къыдэнащ. Урыху къыщиухэми ирихьэхыфыртэкъым а мывэжьхэр. Сосрыкъуэри IэщIэкIыжщ аби, гъукIэ Лъэпщ деж кIуэри шэ мыубзэщхъу иригъэщIащ. Сосрыкъуэ игъэзэжщ, щхьиблым и щIыхьэжыпIэм деж щепсыхри, Елмырзэм цIыхуибл, щхьиблым я зырыз, ишхауэ къэкIуэжрэ пэт пыкъуэкIри, и шабзэ мыбзэщхъур къызэфIидзэщ аби, шэ мыубзэщхъумкIэ уэщ, иныжь псыблми зэпхыригъэдзри иукIащ. Уи абрэмывэхэри иныжь щхьиблым и фэеплъу псыхъуэм къыдэнэжащ, нартым къыхутемыгъэхуауэ. 14. 05. 2008 гъэ. Зыгъэхьэзырар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться:
Читать также:
08.10.2024 - 12:33 →
Яхэти-яхэмыти
07.10.2024 - 14:30 →
Пэжыгъэ
03.10.2024 - 17:00 →
Уи япэкIэ мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуозэж
03.10.2024 - 16:00 →
Сэ езыр
02.10.2024 - 16:01 →
ПАЩТЫХЬ ФIЫЦIЭ
|