Сэ езыр

2022 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Къэбэрей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и IэнатIэм хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ - и ныбжьыр илъэс 84-нэм иту дунейм ехыжащ тхакIуэ, усакIуэ, КъБР-м и ТхакIуэхэм, Журна­листхэм я зэгухьэныгъэхэм хэта Хьэх Сэфарбий Хьид и къуэр.

«Ныбжь дахэ къигъэщIащ, и бын и быныж илъэгъуащ. Абы нэмысыр дапщэ?!», - жаIэнри хэлъщ цIыхухэм. Ауэ ар, пэж дыдэу, хэщIыныгъэшхуэт. Сыту жыпIэмэ, Сэфарбий и унагъуэ ирипIыкIа бынищым я закъуэкъым иIар… Iэджэ дохъур абы тхэкIэ иригъэсахэр, иунэтIахэр, лэжьапIэ игъэувахэр, и гушыIэ дахэхэмкIэ дигъэгушхуахэр.

Литературэм и гъуэгум теувагъащIэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, творчествэм зезыта цIыхум и гукъыдэжыр IэщIэбудыну тыншщ. ЦIыхум къылъыкъуэкIа зэчийм зы псалъэ закъуэкIэ зебгъэужьыфынущ, е дуней гъэщIэгъуэным и кIапэ къыIэрыхьар IэщIэбгъэхужыфынущ.

"Шыхулъагъуэ" литературэ хасэр къежьапIэ зыхуэхъуа щIалэгъуалэм къагурыIуэнущ ар. А хасэм къыщежьащ адыгэ лъэпкъыр зэрыгушхуэ тхакIуэ, усакIуэ куэд. ИкIи абыхэм зэи ягу ихужыну къыщIэкIынкъым "Шыхулъагъуэм" и унафэщI къалэныр илъэс куэдкIэ зезыхьа Хьэх Сэфарбий и цIэр. Езгъэлеину къыщIэкIынкъым Хьэх Сэфарбий ди гъащIэм зригъэхъуэжащ, гъуэгугъэлъагъуэ тхуэхъуащ жысIэми. Си щхьэкIэ, Хьэхыр къыщысцIыхуа махуэм си гъащIэр тIууэ зэприхулыкIащ: литературэр си гъащIэм щыхэмытамрэ литературэр гъащIэ щысхуэхъуамрэ.

Ар куэдрэ, куэдрэ кIыфI хъуху лэжьапIэм щIэст, "Шыхулъагъуэм" къекIуалIэ ныбжьыщIэхэм ди япэ IэдакъэщIэкIхэм хэплъэжу, зригъэзэхуэжу. Мазэм и етIуанэ гъубжым дызэхуишэсу арати, щхьэж и тхыгъэр зэгъэзэхуэжауэ къыдитыжырти, зэхъуэкIыныгъэ щIыхилъхьари, дагъуэу къытхуищIари къыдгуригъаIуэрт. Ауэ, ди гупсысэм, ди тхэкIэм, ди еплъыкIэм зэи къыхэIэбэртэкъым. Тхыгъэхэм щхьэкIэ Сэфарбий зэи "хъуакъым" жиIэу зэхыдигъэхакъым. Арагъэнущ абы и хасэм екIуалIэу щыта дэтхэнэ зыми тхэныр IэщIыб щIэдмыщIар, щIытIэщIэмыхуар. "Мис ар жыIэкIэ хъуащ!", "Хъуащ!", "ТхакIуэ къыпхэкIынущ уэ!", "Тхэ!", - псалъэхэр зэпымычу къыджиIэрти, абы дытригъэгушхуэрт, ди хъуэпсапIэм дызэрылъэIэсын къару къытхилъхьэрт.

Пэжыр пэжщ, Хьэх Сэфарбий хуэдэу, и зэмани и гуащIи щымысхьу, псэемыблэжу нэгъуэщI зыгуэр къыткъуэтауэ къысхуэщIэжыркъым.

КъищынэмыщIауэ, ар сытым дежи хущIэкъурт "Шыхулъагъуэм" къекIуалIэ ныбжьыщIэхэр дызэригъэныбжьэгъуну, зым и ехъулIэныгъэм адрейхэр дыщыгуфIыкIыу, ар зэдэтIэту дызригъэIыгъыну.

«Аушыджэр къуажэкIэм сыкъыщалъхуащ. Ар псоми ящIэ, зыми зыкIи шэч лъэпкъ къытрихьэркъым. Куэдым (абыхэм сэри сахэту) шэч къызытрахьэр, и пэжыпIр къахуэмыщIэу зи бэлыхь (зи Iуэхури зи мыIуэхури) иукIыр сыкъыщалъхуа гъэрщ. Си партэгъухэм (плIырыплIу дыдэст) псоми 1938 гъэм къалъхуауэ щыжаIэм, сэри нэгъуэщI къэзгупсысыжакъым, ар езгъэтхащ. ИужькIэ, райони е къали комиссэшхуэ къыздикIар, къакIуэри, я пащхьэ пцIанабзэу драгъэувэурэ, псоми зырызыххэу нэтенэкIэ къыдэплъащ. Иныкъуэхэм ейр, мытэмэму къалъытэри, зэрахъуэкIыжащ, сысейр а зэрезгъэтхам къытенауэ, нобэр къыздэсым йокIуэкI. Аращ сэ сыкъыщалъхуауэ си тхылъхэм ит 1938 гъэр къыздикIар. Ауэ сыбукIынумэ, сщIэркъым абы и гъусэу ятх май мазэмрэ етIощIанэ махуэмрэ къыздрахар. Хьэмэрэ ахэри сэ яжесIауэ пIэрэт, сымыщIэж щхьэкIэ?.. Сытми, апхуэдэу, мы Iуэхум и пэжыпIэр сэр дыдэм зэрызмыщIэжыр ящIэри, си жагъуэ къэзыщIыну хэтхэм а зэрезгъэтхауэ щытам нэхърэ куэдкIэ сынэхъыжьу, си гуапэ къэзыщIыну хуейхэм - сынэхъыщIэу жаIэ. Сэ си дежкIэ тIури зыщ», - жиIэрт абы.

Фи пащхьэ идолъхьэ гъэсакIуэ гъуэзэджэу, усакIуэ лъэщу, цIыху нэфэгуфIэу дунейм тета ди Сэфарбий и IэдакъэщIэкIхэм ящыщ зыбжанэ.

* * *

ПIалъэкIэ дыкъызытехьа мы ЩIым дызэрытетыну къытхуиухар зэрымащIэ дыдэм, а мащIэми уз къом ткIэрымыкIын, мыувыIэу къыттехъуэ щIэщхъухэм, дыпсэун къудей щхьэкIэ бэнэныгъэ гуащIэ ух имыIэу едгъэкIуэкIым бэлыхьрэ хьэзабу къыттралъхьэм, абыхэми я гугъу умыщIыххи, езы гъащIэ хьэлъэ ди псэр пыхуу плIэкIэ тлъэфым дипIытрэ зы махуэ уэху жыдимыгъэIэу ди дуней Iыхьэр зэрыдигъэгъакIуэм си гур пипIытIыкIыу сегупсысыжщ зэ щIэрыщIэуи, хьэблэми благъэми - псоми сахуэгуэпэну, сахуэIэфIыну си мурад быдэу сыкъэтэджат нышэдибэ. АрщхьэкIэ си жагъуэ къащIу щIадзащ а сызыхуэIэфIыну зызгъэхьэзырахэми, къысIурагъэупщIыIуэжащ.

ЦIыхухэр хъыджэбз пагэм хуэдэщ: сэ фIыуэ слъагъуну солIэ, езыхэм зызагъэлъагъуркъым.

* * *

Мы дуней шэрхъыжьыр здэхьэпкIэрапкIэм,

УкъыпыкIэрэхъукIамэ и гупкIэм,

УлъэщIыхьэу уитIысхьэжын плъэкIыркъым,

Гублащхьэм дэсхэри къызэплъэкIыркъым!

* * *

Мыгъатхэ-мыщIымахуэщ. ЩIы хъурейр зэрыщыту щIихъумэ и гугъэжу, уэс цIынэр къреупцIэх пIащэу, зэпытIэтIыжу. АрщхьэкIэ, ятIэ пцIанэ хъудырым зэрыхэхуэу, хоткIухьри – щыIаи щымыIаи.

Сэ машинэм сыкъокIри, бгы задэм сыщхьэщохьэ.

- Абыкэ уехыжыфын нобэ хуэдэ махуэм? – къыскIэлъоплъ сыкъызэрыкIа машинэм исхэр.

Сэ, къуажэкIэм зэрыдыхьэ Шулъагъуэри мыхъуу, абы и пщэдыкъым хуэзэу щыщызотхъури, сокIуэ, зыри жызмыIэу. Сыт хуэдэ псалъэ а сэ къысщыхъу къыскIэлъыплъхэм яжесIэнур, дауэ къазэрыгурызгъэIуэфынур, кумблъэмбхэм, мывэжь къом икъухьахэм, пабжьэм, ятIэ куум пхыкIыу ди унэм - сыкъыщыхъуа адэжь лъапсэм занщIэу хуэкIуэ мы лъагъуэ бгъузэ цIыкIум нэхърэ нэхъ джафэрэ нэхъ тыншрэ мы дуней псом гъуэгу зэрытемытыр?!

* * *

Мысхьуд, тхьэмыщкIэ, и хьэдрыхэ фIы ухъу, и гъащIэ псор къулейсызу ихьащ: и къару щилъым и щхьэм илъакъым, и щхьэм къыщихьам и къару илъыжтэкъым!

* * *

Си фIэщу сыкъоIэ, къысхуэIэтын си гугъэу - къысхуэIэтыркъым. Си фIэщу зызоч, сылъэщIыхьэн си гугъэу - сылъэщIыхьэркъым. СытекIуэну фIэкIа сымыщIэу зызопщыт - хъуркъым… Апхуэдэххэщ - сэ си гугъэщ схузэфIэкIыну, арщхьэкIэ схузэфIэкIыркъым.

Ар къызыхэкIыр си Iэпкълъэпкъыр жьы хъури, си псэр зэрыщIалэу къэнащи аращ. Абы сэ хуабжьу гугъу срегъэхь, ауэ апхуэдэу къыщIэкIынущ зэрыщытын хуейри - псэм иджыри Iэджэ, Iэджэжьи къыпэщылъщ…

Бетэмал, дауэ ухъу, дауэ хъууэ сыкъытеухьэт мы дунейм, сыту зэман куэдыIуэ щысфIэкIуэда!

* * *

Зауэ нэужьым гъейхэм зи сабиигъуэр хуэза цIыкIухэм щхьэмыж, нартыху сыт къэтщыпми, мэз пхъэщхьэмыщхьэ жытIэми, дувыIэртэкъым, тпIыжырт ди щхьэр.

НтIэ, дэ, щхьэпIыж цIыкIухэр бжьыхьэ пшапэ кIыфIу губгъуэм дыкъыщинэ щыIэт, дыгъуэщарэ здэдгъэзэнур дымыщIэу.

- Апхуэдэхэм деж уэздыгъэ къэцIум зэи фыхуэмыкIуэ, - къыджаIэрт нэхъыжьхэм. - Хьэ банэ макъ къыздиIукIымкIэ фыкIуэ.

Дэ ар къыдгурыIуэртэкъым. Дауэ: уэздыгъэм ухуэкIуэмэ, унэщ, унагъуэщ, цIыхущ. Хьэ банэ макъыр хьэщи, уишхынущ!

- Хьэуэ, - ядэртэкъым дызущийхэм. - УэздыгъэмкIэ укIуэмэщ ущашхынур: уэздыгъэ хуэдэу плъагъур дыгъужьим и нэр къэцIууэ аращ. Хьэ щыбанэм цIыху щыIэщ.

…Иджы, мис, апхуэдэу губгъуэм сыкъинащ си гъащIэм и бжьыхьэ жэщ кIыфIым. Си хъуреягъкIэ уэздыгъэщ, хьэ банэ макъ лъэпкъ зэхэсхыркъым!

Зыгъэхьэзырар ФЫРЭ Анфисэщ.
Поделиться:

Читать также:

05.02.2025 - 16:35 Псэм и усакIуэ
23.01.2025 - 13:46 Лъагъуныгъэ
20.01.2025 - 12:43 Лъагъуныгъэ