Сабийхэм зыщаужь

Налшык къалэм и Сабий художественнэ школыр 1965 гъэм къызэIуахащ. Абы и унафэщIщ КъБР-м ГъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Зэхъуэхъу Валерэ. 
Школым тхыдэ дахэ икIи гъэщIэгъуэн къыдокIуэкI. Абы и гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ щэ бжыгъэхэр гукъинэжщ. Гъэ къэс абы йокIуалIэ зи ныбжьыр илъэсиблым щыщIэдза ныбжьыщIэ 300-м щIигъу. Класс къэс цIыху 15 - 20 щIэсщ. Сабийхэр хурагъаджэ сурэт, скульптурэ щIыным, декоративно-прикладной гъуазджэм, гъуазджэм и тхыдэм. Абы къыдэкIуэу «Этика и этикет» дерсым хыхьэу лъэпкъ хабзэми хагъэгъуазэ. Школыр мэлажьэ «Живопись» федеральнэ къэрал программэм тету. 
2000 гъэм щыщIэдзауэ Сабий художественнэ школым и унафэщIщ Зэхъуэхъу Валерэ. 2007 гъэм «Детские школы искусств - достояние российского государства» урысейпсо зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, Налшык и Сабий художественнэ школыр Урысейм и апхуэдэ IуэхущIапIэ нэхъыфIхэм ящыщу къалъытащ. УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм 2010 гъэм школым щIыхь тхылъ къыхуигъэфэщащ, абы и гъэсэнхэр «Я горжусь, что родился в России и я помню заветы отцов» урысейпсо зэпеуэм жыджэру зэрыхэтам папщIэ. КъищынэмыщIауэ, цIыкIухэм я лэжьыгъэхэр гъэ къэс къалэ, республикэпсо, урысейпсо, дунейпсо выставкэхэм утыку къыщрахьэ, библиотекэхэм, сабий гъэсапIэхэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм щагъэлъагъуэ. Я гъэсэнхэм я Iэдакъэ къыщIэкIауэ гъэлъэгъуэныгъэхэм утыку къыщрахьэ дэтхэнэ зы лэжьыгъэми сабийхэм я дуней еплъыкIэр гъуджэм хуэдэу къощ, гъащIэр таурыхъ щхъуэкIэплъыкIэу зэралъагъур и лъабжьэу. ЕгъэджакIуэхэм ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм гугъэ ирагъэщI республикэм и цIэр жыжьэ зыгъэIуну художник цIэрыIуэхэр абыхэм къахэкIыну.
Иужьрей илъэсищыр къапщтэмэ, школым и сурэтыщI ныбжьыщIи 176-р художественнэ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм пашэ щыхъуащ. 2015 гъэм школым творческэ зэфIэкIрэ ехъулIэныгъэ инрэ зиIэ и еджакIуэ 16 хагъэхьащ «Лучшие в образовании» Дунейпсо ЩIэнгъуазэ Иным. Художественнэ школыр къэзыуха сурэтыщI-модельер ТIажь Альбинэ «Молодая Российская культура в Италии» еплIанэ дунейпсо фестивалым зэрыхэтам папщIэ къыхуагъэфэщащ УФ-м щэнхабзэмрэ цIыхубэ коммуникацэхэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъыр. IуэхущIапIэм и гъэсэн нэхъыфIхэр хэтащ Налшыкрэ Владикавказрэ я художественнэ школхэм ягъэIэпхъуэ я гъэлъэгъуэныгъэхэм, сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ сабийхэм я выставкэу Владимир, Черкесск, Владикавказ, Прохладнэ къалэхэм щекIуэкIахэм. IуэхущIапIэм и гъэсэнхэр Японие, Индие, Македоние, Германие къэралыгъуэхэм, Беларусием, Саранск, Санкт-Петербург, Москва, Красноярск, Новосибирск, Псков къалэхэм къыщызэрагъэпэща урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм я лауреатщ. Апхуэдэхэщ «Все краски мира», «Волна фантазии», «Я горжусь, что родился в России, и я помню заветы отцов», «Детские школы искусств - достояние Российского государства», «СССР - Великая страна», «Диалог культур», «Сияние-2024», «Ликующий мир красок», «Экология души», «Загадочный мир космоса», «Сокровище нартов», «Национальный колорит», «Моя семья - мои ценности» зэхьэзэхуэхэр. Иджыблагъэ школым и ныбжьыщIэхэр щытекIуащ «Мир глазами детей» гъэлъэгъуэныгъэ-зэпеуэмрэ гъуазджэм и тхыдэмкIэ лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэмрэ. 
IуэхущIапIэм щIэх-щIэхыурэ щрагъэкIуэкI сурэтыщI цIэрыIуэхэм я мастер-классхэр, семинархэр, зэхьэзэхуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр. КъыжыIапхъэщ, школым зи узыншагъэм къимыхь сабийхэм псапэ дерсхэр къазэрыхузэригъэпэщыр. Ар и жэрдэмщ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм. Школыр къызэрызэIуахрэ зэфIэкI зиIэ сурэтыщI ныбжьыщIэ миным щIигъу къыщIигъэкIащ. Абыхэм ящыщ куэд Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Апхуэдэхэщ КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI Калкутин Андрей, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Темыркъан Геннадий, «Теттероде график» (Нидерланды) саугъэтым и лауреат Пащт-Хъан Алим, Горлов Михаилрэ Пак Галинэрэ, ди республикэми нэгъуэщI щIыпIэхэми щыцIэрыIуэ сурэтыщIхэу Тураев Руслъан, КIурашын Мухьэмэд, скульптор ГъущIапщэ Арсен, модельер ТIажь Альбинэ сымэ, нэгъуэщIхэри. 
Художественнэ школым и егъэджакIуэхэр щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, УФ-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм хэт IэщIагъэлIхэщ. Сабий художественнэ школым и егъэджакIуэхэм я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ «Мы дети Кавказа» республикэ зэпеуэ зэIухар. IуэхущIапIэм екIуалIэ цIыкIухэм я зэфIэкI къызыкъуахынымкIэ, абыхэм зрагъэужьынымкIэ лэжьыгъэшхуэ драгъэкIуэкI школым и егъэджакIуэхэу Ерчэн Евгение, Галимовэ Наилэ, Хорошилов Олег, Жыгун ФатIимэ сымэ. Ахэр жыджэру хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ и фондым, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, республикэм СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ и музейм, Лъэпкъ музейм я проектхэм. IуэхущIапIэр къэзыух ныбжьыщIэхэм я щIэныгъэм щыпащэ Москва, Санкт-Петербург, Дон Iус Ростов, Белгород, Краснодар, Псыхуабэ къалэхэм гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Хамэ къэралхэм зи зэфIэкIым зыщезыгъэужьыну Iэмал зиIэхэри къахокI. Я гъэсэнхэм зэрызаужьымрэ я ехъулIэныгъэхэм кIуэ пэтми зэрыхагъахъуэмрэ егъэджакIуэхэм гуапэ ящохъу, дауи.
IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъагъуэкIэ, ахэр сыт щыгъуи псоми гъэщIэгъуэн зэращыхъур щыхьэт тохъуэ ныбжьыщIэхэм зэфIэкI ин зэраIэм, еджапIэм екIуалIэ щIэблэм псэгъэгуфIэ-дахагъэ яхэлъу, хэкупсэу къызэрыхъур я егъэджакIуэхэм зэрафIыщIэм. ЦIыкIухэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм, декоративно-прикладной гъуазджэм и хьэпшыпхэм ущеплъкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыртэкъым, зэрыт ныбжьми емылъытауэ, сабийхэм гъуазджэм и унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм - живопись, графикэ, скульптурэ, декоративно-прикладной гъуазджэ, - зэрыхуэIэижьыр. Гъуазджэр зи псэм хэпщIа цIыкIухэм я лэжьыгъэхэм щынэрылъагъущ щалъхуа щIыналъэр, абы и щIыуэпсыр зыпащI зэрыщымыIэр, IуэрыIуатэм хэт лIыхъужьхэм фIыуэ зэрыщыгъуазэр. НыбжьыщIэхэм я дунейр таурыхъ пэлъытэу щхъуэкIэплъыкIэу, плъыфэбэу, щIэщыгъуэу зэхэлъщ. Аращ абыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм сабийхэм я нэкIэ дунейм ущIрагъэплъыр, ахэр телъыджэ щIыпщыхъур. Дэтхэнэ зы сурэтри дахагъэм и гъуджэ пэлъытэщ, гупсысэ гуэрхэр псэм къыщызыгъэушщи. ЦIыкIухэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, сабиипсэ хуабагърэ гу къабзагъкIэ гъэнщIа сурэтхэр телъыджэщ икIи а лэжьыгъэхэм ущеплъкIэ я зэфIэкIым уагъэгуфIэ икIи уагъэгушхуэ. 
Зэхъуэхъу Валерэрэ школым и егъэджакIуэхэмрэ фIыщIэ ин яхуэфащэщ щIэблэр сурэтыщI гъуазджэм зэрыдрагъэхьэхым я гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр зэращIым, ягъэлъэгъуэну Iэмал зэрыратым щIэблэм я эстетикэ гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIымрэ республикэм и щэнхабзэ гъащIэм жыджэру зэрыхэтымрэ папщIэ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: