Дунейр зыхуэныкъуэ цIыху

Махуэ бжыгъэ дэкIмэ икIыну мулид мазэр димыщхьэусыгъуэуи, сыт хуэдэ зэмани щхьэпэщ Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам теухуауэ цIыху цIэрыIуэхэм жаIахэм ущIэджыкIыну. Мы жыIэгъуэхэр къэзыпсэлъхэр муслъымэну зэрыщымытам а псалъэхэр нэхъ фагъуэ ящIыркъым. 

 Шоу Бернард, инджылыз тхакIуэ:

 «Мухьэмэд хуэдэ цIыхум мы дунейм и унафэр IэщIалъхьамэ, мыхъумыщIагъэ псори зэригъэзэхуэфынут абы икIи дунейр егъэлеяуэ зыхуэныкъуэ насыпымрэ гупсэхугъуэмрэ къыхуихьыфынут. Сэ фIыуэ зджащ игъащIэкIи ди диным и бийуэ къыпхуэмылъытэн а цIыху телъыджэм и гъащIэри, абы зэреджапхъэр цIыхубэм я КъегъэлакIуэщ. Зы бэлыхьым нэгъуэщI бэлыхь къыщишэ ди лIэщIыгъуэр икъукIэ хуэныкъуэщ Мухьэмэд хуэдэ цIыхум. Дэ къэхьэуэбжьэ дызэрефэм хуэдэ дыдэу тыншу гукъеуэ псори игъэзэкIуэфырт абы».

Безант Аннэ, инджылыз тхакIуэ:

 «Ар пащтыхьышхуэуи урым папэуи щытакъым. И щхьэкIэ зыхуей щыIэтэкъым. И щIыбагъым дзэшхуэ дэттэкъым. Щхьэхъуми иIэтэкъым. Улахуи иратыртэкъым, мылъку гуэри бгъэдэлътэкъым. ИгъащIэм сэреишхуэхэм щыпсэуакъым. ИтIани, диным и тегъэщIапIэхэмкIэ цIыхухэр езышэжьэф гуэр щыIэххамэ, ар Мухьэмэдщ. Бегъымбару щытыну хуэфащэт абы, шэч хэмылъу. Иджыпсту абы и гупсысэкIэмрэ Iуэху еплъыкIэмрэ зыджхэм егъэлеяуэ пщIэшхуэ хуащI а цIыхум. Сэри куэд схужыIэнут Мухьэмэд теухуауэ, ауэ сщIэр къызэщIэскъуэжмэ: абы теухуа тхыгъэ псоми си гум пщIэшхуэ къыщагъэуш, хуэдэ цIыху щымыIауи къызолъытэ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: