Гум дыхьэ макъ«Уэрэ сэрэ» уэрэдым псоми я сабиигъуэр ягу къегъэкIыж жытIэмэ, дыщыуэну къыщIэкIынкъым. Ар иджыблагъэ Апэнэс Астемыр и гъусэу утыку щIэрыщIэу къытхуизыхьэжа Дау Аминэ и макъ дахэмрэ уэрэд жыIэкIэмкIэ цIыху куэдым я гум дыхьэну хунэсащ. - А уэрэдым си сабиигъуэм сыхешэж. Телевиденэм нэтын иIэу щытащ, «МакъамэкIэ дохъуэхъу» жиIэу. Си нанэр псом хуэмыдэу а уэрэдым пэплъэу, къатмэ - дежьууэ щысу си нэгу къыщIохьэж, - дыщегъэгъуазэ Аминэ. - Ауэ абы щыгъуэм а уэрэдым и купщIэри мыхьэнэри сэ къызгурыIуащэу къыщIэкIынтэкъым, дауи. Къапщтэмэ, иджыщ, абы и псалъэхэм Интернетым сыщрихьэлIэу, икъукIэ сфIэгъэщIэгъуэн щыхъуар. Уэрэдым егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ зиIэ гупсысэ зэрыщIэлъыр наIуэ сщыхъуащ. Абы хэт псалъэхэр апхуэдизкIэ сигу дыхьати, зы махуэ гуэрым лэжьапIэм сыщыIэу, макъамэ щIэмыту уэрэдыр жысIэу видео зытесхыжри, си напэкIуэцIым къислъхьащ. А пщыхьэщхьэм Апэнэс Астемыр абы гу лъитагъэнт - езыми апхуэдэ дыдэу уэрэдым гитарэкIэ макъамэ щIилъхьэри, «Уэрэ сэрэ» уэрэдыр игъэзащIэу зытрихыжащ - ди видеохэр зэуIу ищIри, тIуми зэдыжытIэ хуэдэу Интернетым кърилъхьащ. Абдеж цIыху куэд абы къыщыпэджэжащ, ягу зэрырихьар, я псэм зэрыдыхьар къыхагъэщу. Языныкъуэхэми чэнджэщ къыдатащ а уэрэдыр зэгъусэу жытIэу Iэмал имыIэу едгъэтхын зэрыхуейм теухуауэ. Апхуэдэурэ къыщатхым, Астемыррэ сэрэ дытегушхуащ а лэжьыгъэм. Фигу къэзгъэкIыжынщи, «Уэрэ сэрэ» уэрэдым и макъамэр зейр Даур Аслъэнщ. Абы и псалъэхэр Къуэдзокъуэ Хьэсэн хуитхауэ щытащ и щхьэгъусэ Ащнокъуэ-Къуэдзокъуэ Тамарэ. Уэрэдыр япэ дыдэу зыгъэзэщIауэ щыта Шумахуэ ХьэзрэIили и фэеплъым пщIэ хуэтщIу ар утыку къитхьащ. 2024 гъэм уэрэдыщIэ зыбжанэ зэуэ утыку кърихьащ хъыджэбзым. Абыхэм ящыщщ «Сэридай» жыхуиIэр. Ар Даум куэд щIауэ зэхиха лэжьыгъэт, ауэ тегушхуэртэкъым. «Сэридай» уэрэдыр илъэсибгъу и пэ иджыри зэхэсхауэ щытащ, «Бзэрабзэ» гупым хэтхэр Мейкъуапэ драгъэблэгъауэ гъуэгу дытету дыщыкIуэм. «Уэ пхуэгъэзэщIэнут», - жиIэри, абы сригъэдэIуат Чылар Нэсрэн, - жеIэ уэрэджыIакIуэм. - Ар зэрызэхэсхрэ сигу дыхьауэ, ауэ сытемыгушхуэу куэдрэ сыгупсысащ. Иужьым си мурадым Лосэн Тимур щыщызгъэгъуазэм, Iуэхур къыздиIыгъащ икIи уэрэдым макъамэри схущIигъэуващ езыр пшынэ еуэу. Уэрэдым и гугъу пщIымэ, абы и тхыдэм, хъыбарым хэсщIыкIтэкъым, Нэсрэн сыхигъэгъуэзащ армыхъумэ. Ар зэратхар бжьэдыгъу диалектщ. КъэбэрдеибзэкIэ зэрадзэкIауи куэдым ягъэзащIэ. Ауэ уэрэдыр зытха Дэгумыкъуэ Илхьэн и жагъуэ хъуат къэбэрдеибзэкIэ зэзыдзэкIахэм абы и купщIэр зэрахъуэжар. Абы къыхэкIыу уэрэдым и псалъэхэр зэрыхъукIэ дымыхъуэжу, къэбэрдеибзэм къидгъэзэгъэныр нэхъ тфIэкъабылт. А IуэхумкIи Нэсрэн къыздэIэпыкъуащ, журналист Табыщ Мурат абы гъусэ къыхуэхъури, псалъэхэм я мыхьэнэр зэримыхъуэкIыу тхыжа хъуащ. Лэжьыгъэр щедгъэтхащ Лий Аслъэн и студием. Уэрэдыр дахэ хъуауэ къызолъытэ, щIэгъэкъуэн къысхуэхъуа псоми фIыщIэ яхузощI. Аминэ игъэзащIэ уэрэдхэм щIэлъ псалъэхэр нэхъыбэу зейр Шыпш Залинэщ. Бзылъхугъэхэр зэдолажьэ я гупсысэкIэ, Iуэху еплъыкIэкIэ зэтехуэу. - Залинэрэ сэрэ илъэситху и пэ дызэрыцIыхуауэ щытащ. Абы лъандэрэ дызэдолажьэ икIи дызэныбжьэгъущ. Псом хуэмыдэу сигу ирихьыр Залинэ псалъэхэр хэщыпыхьурэ купщIэ ящIэлъу къызэрыхихырщ. Псалъэм папщIэ, лъагъуныгъэм ар тепсэлъыхьмэ, а гурыщIэр наIуэу къыхигъэщыркъым, атIэ щIэхъумауэ къеIуэтэф. Залинэ и тхэкIэр куэдым ягу зэрыдыхьэр нэрылъагъу сщохъу «сыту псалъэ пэж, псалъэ дахэ куэд хэт уи уэрэдым», жаIэу къыщысхуатхкIэ. Ар зи фIыщIэр, шэч хэмылъу, Залинэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Даум нэхъыбэу адыгэ уэрэдыжьхэр жиIэну нэхъ зэрыфIэфIри. Ар и анэм и фIыщIэу къелъытэ, бынхэр щыцIыкIум унагъуэ Iуэху ищIэми, ауэ зигъэпсэхуу щысми, сытым дежи дзапэ уэрэд жиIэу зэрыщытам къыхэкIыу. Апхуэдэу Амини уэрэд жыIэныр фIыуэ илъэгъуащ. Аминэ илъэсихым нэблагъэкIэ «Бзэрабзэ» гупым хэтащ, пшыхь гукъинэж куэд ирагъэкIуэкIащ. Абыхэм ящыщу къыхэгъэщыпхъэщ ЩоджэнцIыкIум и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым гъэ къэс пшыхьхэр зэрыщрагъэкIуэкIар. Апхуэдэ зы зэхуэст ЛIыцIэрыIуэ Ким и уэрэдхэм траухуауэ щыта концертыр. Даум и щIэныгъэр зэрызригъэгъуэтам и гугъу пщIымэ, хъыджэбзым псом япэу Шэджэм къалэм дэт Макъамэ школыр къиухащ. Абы иджыри щIэсу, 20I5 гъэм, Москва къикIахэм уэрэд гъэзэщIэнымкIэ зэпеуэшхуэ ирагъэкIуэкIыу хэтати, къызэгъэпэщакIуэхэм тхылъ къыхуагъэфэщауэ щытащ, Москва гъуазджэхэмкIэ и колледжым ирищIэтIысхьэну хуиту. Ауэ абы нэс кIуэ нэхърэ ди деж щIэныгъэ щызэригъэгъуэтым нэхъ къищтэрти, Налшык дэт Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжым щIэтIысхьэри, а еджапIэр къиухащ. «Уэрэд жыIэныр, утыку итыныр си унагъуэм, щхьэгъусэм сыт щыгъуи къызэрыздаIыгъым сегъэгушхуэ, си ехъулIэныгъэхэм щыгуфIыкIыу, зыкъызэрысщIагъэкъуэным иужь иту апхуэдэщи, фIыщIэ яхузощI» - жеIэ абы. БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 17:23 →
УэрэдыфIхэр зи IэрыкI
18.03.2025 - 14:19 →
Я цейр екIуу ящыгъти…
18.03.2025 - 12:26 →
Лъэпкъым и напэщ, и набдзэщ
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
|