Пэжыгъэ

Къуажэ гуэрым зэныбжьэгъуитI дэст. «Я псэр зы чысэм илъщ», - жаIэрт абыхэм щхьэкIэ. Зэгъусэу гъуэгуанэ зэдытехьэрт, зэгъусэу къагъэзэжырт.

ТIуми зы пщащэ гуэр фIыуэ ялъэгъуащ. ТIури толIэ хъыджэбзым, итIани зым адрейм щебзыщI. Пщащэми къыхихынур ищIэркъым: тIури щIалэ къекIущ, цIыху Iэдэбщ. Iей хъууэ хуежьащ хъыджэбзыр. И дэлъхум гу къылъитэри, къыхигъэзыхьащ:

 - Сыт Iей ущIэхъур? Уи жагъуэ къэзыщI щыIэ?

- Хэт къищIын си жагъуэ - зыми къищIкъым…

- АтIэ уи гукъеуэр сыт?

Щыхигъэзыхьым, хъыджэбзым зиумысыжащ:

- Ди къуажэ зэныбжьэгъуитI дэсщ, тIуми фIыуэ сыкъалъагъу, ауэ зыр зым къищIэркъым. Си зэранкIэ я ныбжьэгъугъэр къутэнущ. Аращ сигу къеуэр…

- АтIэ ар Iуэху, - жиIащ и дэлъхум. - Махъсымэ чей гъэхьэзыри, тIури къегъэблагъэ. Сэ бжьэ естынщи, Iуэхур зытетыр есIуэкIынщ. АдэкIэ щIапхъэми сеплъынщ…

ЗэрызэгурыIуам хуэдэу ящIащ. ЩIалитIыр хъыджэбзым и дэлъхум къриджащ, бжьэ зырыз яритри яжриIащ:

Си шыпхъур тIуми фIыуэ фолъагъу. Дэтхэнэр малъхъэ схуэхъуми сэ зытезгъэгусэркъым. Пщэдей жэщ нэхъ фIэмыкIыу си шэщым шы къэрапцIэ натIэ гъуджэу къыщIэзыгъэувэм си шыпхъур изот…

ЗэгурыIуэри зэбгрыкIыжащ. Зы дакъикъи зимыIэжьэу зыр гъуэгу техьащ. Адрейр, КъантемыркIэ зэджэ щIалэр, егупсысащ:

- ЗанщIэу сежажьэкIэ, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ дэнэ къисхын? ЛIыжь Iущ гуэр деж сыкIуэнщи, сечэнджэщынщ…

ХьэжмырзэкIэ еджэу къуажэм лIыжь Iущ гуэр дэсти, кIуэри ечэнджэщащ:

- Сэ хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащ. Хъыджэбзым и дэлъхум мыр къыдиухылIащ, - жери и Iуэхур хуиIуэтащ.

- Шы къарапцIэ натIэ гъуджэ мы хэкум щибгъуэтэнукъым, - къыжриIащ лIыжьым.

- Апхуэдэш къыпхуэзыгъуэтыфынур псы тIуащIэм дэс Етэчщ. Абы и деж си пщIэгъуалэм уихьынщ. Хьэжмырзэ и пщIэгъуалэм шэсри Къантемыр псы тIуащIэм кIуащ. Жэщыбгым фIэкIауэ, Етэч и пщIантIэм дыхьэри джащ. Етэч я унэм къыщIэкIри щIалэр иригъэпсыхащ.

- Сытым укъысхуихьа? - къеупщIащ щIалэм, еблэгъэн щимыдэм.

- Хъыджэбз гуэрым сылъыхъуащи, шы къарапцIэ натIэ гъуджэ къыспаубыд. Уэр фIэкIа апхуэдэш зыгъуэтын щымыIэу жаIэ. СынолъэIу: си хьэтыр къэлъагъу.

- Хъунщ, - жиIащ Етэч.- УзгъэщIэхъункъым. Шыр уэтэрым тетщи, сэ абы сыкIуэнщ. Уэ сэ сыкъызыщIэкIа пэшым щIыхьи, си пIэм гъуэлъ.

- Ар дауэ хъун, абы уи щхьэгъусэр щожей! - идакъым щIалэм.

- Укъыспэрымыуэ, сэ зэрыбжесIам хуэдэу щIы!

Сыт ищIэнт: пэшым щIыхьэри цIыхубзым бгъурыгъуэлъхьащ, и къамэр кърихри я зэхуаку дилъхьащ. Нэхущым деж къэсыжащ Етэчыр. Шы къарапцIэр къритри къиутIыпщыжащ. Езыр и пэшым щIыхьэжащ. Зэрыгъуэлъыжу цIыхубзыр гъынанэу пIэм къыщызэфIэтIысхьащ.

- Сыт ущIэгъыр? - игъэщIэгъуащ Етэч.

- СыткIэ сымыгъынрэ: ухуеймэ ущIокI, ухуеймэ укъыщIохьэж, уздэкIуэр жыпIэркъым. Ущыхэтыр сщIэркъым. УкъыщIохьэжри, къамэ къызбгъурыболъхьэ. СыткIэ уигу зэзгъэбгъа? ЛIыр гуфIащ жэщ хьэщIэм цIыхугъэ хэлъу къызэрыщIэкIам щхьэкIэ. И фызым зыри жриIакъым…

Къантемырыр зылъыхъуа хъыджэбзым и дэлъхур нэхущым деж шым и щыщ макъым къыдэушащ. Зихуапэри шэщым кIуащ: шэщым шы къарапцIэ дахэ щIэтт, натIэгъуджэу.

- Малъхъэ къэзгъуэтащ, - жери гуфIащ хъыджэбзым и дэлъхур, етIуанэ махуэм и шыпхъур Къантемырым иритащ, нысашэ дахэкIэ дригъэшащ…

Илъэс куэд дэкIагъэнщ. Етэч и щхьэгъусэр дунейм ехыжащ. ПIалъэр икIыху щыгъуэри, Етэч фыз лъыхъуэ хыхьащ. Куэдым щыщIэупщIащ: игу ирихьын игъуэтакъым. «Си къарапцIэр зэста щIалэм деж сыщыщIэупщIэнщи сеплъынщ», - жери Къантемыр деж кIуащ. ГуфIэжу иригъэблэгъэнтэкъэ, иригъэблагъэри хьэщIагъэшхуэ кърихащ, къызытекIухьамкIэ еупщIащ…

ТIури шэсщ, ежьэри тхьэмахуэ хуэдэкIэ заплъыхьащ, ягъуэтакъым Етэч хуэфэщэн цIыхубз. Ямыгъуэту къагъэзэжащ.

 - НакIуэ, псым дыдыхьэнщи шыхэр псы едгъэфэнщ, дэри тIэкIу зыдгъэщIыIэтыIэнщ, - жери Къантемыр и хьэщIэр псыхъуэм дишащ. Абы ирихьэлIэу и щхьэгъусэри псым дыхьащ, пхъэхь къищтэри.

 Ар щилъагъум, Етэч жеIэ:

- Мо цIыхубзыр къэсшэнт, хэт щыщми…

- Дэгъуэщ, - жиIащ Къантемырым. - Ар си благъэщ. Улъызгъэхъунщ… Къантемыр и фызыр Етэч иритащ, шу гъуси яхуищIри иутIыпщыжащ. Фызыр лэгъунэм щIашащ, жэщ хъури лIыр щIыхьэжащ. Фызыр къэдыхьэшхащ.

- Сыт ущIэдыхьэшхыр? - игъэщIэгъуащ Етэч.

- Шы къарапцIэр щIэпту фыз къызэбгъэша щIалэм и щхьэгъусэм фIэкIа фыз пхуэхъун зэрумыгъуэтаращ сыщIэдыхьэшхыр…

ЗэрымыщIагъэкIэ емыкIу злэжь пэтаи, - жери Етэч гур къызэщIищIэри цIыхубзыр зейм хуишэжащ, тыгъэ лъапIи трилъхьэри.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Зазийщ.
Поделиться:

Читать также: