ЕтIуанэ Iыхьэ.
УпщIэхэр къызэротIэпIыкI, дауи. Абыхэм я жэуапым шумерхэм я мифологиемрэ къызэранэкIа тхыдэмрэ ущылъыхъуэмэ нэхъ щхьэпэщ, щIым къыщIаха хьэпшыпхэр бджы нэхърэ. Я насыпу, шумерхэм тхыбзэ яIати, я тхыдэмрэ пасэрей лъэхъэнэжьым хащIыкIымрэ ятхыжат.
АтIэ, шумер мафологиемкIэ, «псымрэ абы и лъабжьэм щIэлъ дуней мыцIыхумрэ я тхьэу Энки хуащIа АБЗУ тхьэ унэм иращIэкIауэ арат Эриду къалэр». ШумерыбзэкIэ Энки, аккадыбзэкIэ Хьайе жыхуаIэ тхьэр ГъащIэмрэ ЩIылъэмрэ къэзыгъэщIыжауэ я фIэщ хъу тхьэ зэкъуэшищым (Ану, Энлил, Энки) язт. Абзу псалъэр пычыгъуитIу зэхэту: аб – псы, зу – жыжьэ, езы Энки нэгъуэщI щIыпIэ жыжьэ гуэрым къикIауэ къеIуатэ мифологием.
Тхьэхэм цIыхухэр къагъэщIа нэужь, абыхэм ящхьэщытыну, иунэтIыну, игъэсэну пщэрылъ зыщащIа, Урыкъуэ и тхьэ-гуащэу Ин Анэ цIыхухэм папщIэ щIэныгъэрэ Хабзэрэ щIэлъэIуу Энки деж Эриду къалэм зэрыкIуари къыхощыж хъыбарыжьхэм…
Мифологиер цIыхум къимыгупсысауэ, мышыпсэу, атIэ IуэрыIуатэ защIэу зэIэпаха тхыдэу къапщтэрэ, «тхьэхэр» жыхуаIэр унафэщIу, пщышхуэу бгъэувмэ, хъыбарыжьхэмрэ археологием къитIэщIыжамрэ зэтохуэ! Ин Анэ и зекIуэм къиIуэтэжыр Эриду псым илъэсын щIидза нэужь цIыхухэр ищхъэрэкIэ зэрагъэIэпхъуарщ, къалащхьэм зэрызихъуэжарщ, Урыкъуэ къалэр нэхъыщхьэ зэрыхъуари Эриду и пщышхуэм зэрыдичыхарщ.
Къоув упщIэ зыбжанэ… Щхьэ шумерхэм а щIыпIэр гъащIэм и бынжэу ягъэува? Уащхьэм щIэуэ IэрыщI Iуащхьэхэр щащIыныр сыт хуэдэ гупсысэм къыхаха? Я пщышхуэм щхьэкIи тхьэ щIыжаIэр сытыт?
ГъущIынэтхым къызэрыхэщыжымкIэ, Эриду къалэр шумерхэм зэгуэр ябгына щIыпIэмрэ абы щыIа Iуащхьэмрэ я фэеплъу яухуауэ аращ. Тхьэхэм ГъащIэр къыщагъэщIыжар – а ябгына щIыпIэр арат, абы щыIэ Iуащхьэр я тхьэелъэIупIэти, здэIэпхъуа щIыпIэми я Хэкужьым ещхь щыIэн хуейуэ ягъэуври, Эриду къалэр яухуауэ арат. А псори къыщаIуэтэж «дунейм цIыху лIэужьыгъуэу тетымрэ гъащIэр къыщыунэхуа щIыпIэ жыжьэу хым/хъым къыхэщ къурш тIыгум» щытепсэлъыхь, «мэ» зыфIаща тхыгъэм! А къызэрыIэпхъукIа щIыпIэ жыжьэм шумерхэр зэреджэу щытар «Ди лъэ унэщ» (Дильун), къызыдэкIа къалэм зэреджэри Урт, Эридур алыдж жыIэкIэми, езыхэр Месопотамием щаухуа къалэщIэм зэреджэу щытар УритIущ (Ур и тIу, Ур етIуанэ).
Археологиер тегъэщIапIэ пщIырэ, пасэрей ЩIым и географиер уи нэгу къыщIэбгъэувэмэ, Кавказ къуршырщ хым/хъым тIыгуу къыхэщу, нэхъ пасэрей дыдэу G2a гаплогруппэр зезыхьэ цIыху хужьым и къежьапIэу генетикхэм къахутар. Иджы дыдэ щIэныгъэр щыхьэт техъуащ шумерхэр Кавказым зэрикIам. Зиккуратхэр Iуащхьэмахуэ ирагъэщхьу яухуауэ арат абыхэм, къызэрыщIэкIымкIи.
IуэрыIуатэм нобэм къихьэсащ а псори къызэрыбгурыIуэн жыIэгъуэхэр: «Уафэр щымыджэмыпцIэу щIылъэр щызэпцIагъащIэм дунейр хъыкIэ яухуэрт». Мыбдеж гурыIуэгъуэ мэхъу ГъащIэр псым къызэрыхэкIар. Шумер мифологиеу поэму ятхыжа «Энума Элиш»-р а псалъэхэрщ къызэрыщIидзэр, икIи а фIэщыгъэр зэбдзэкIмэ, «Уафэр щымыджэмыпцIэу» жиIэу аращ къикIыр.
ЕтIуанэрауэ, пасэрей адыгэхэм я фIэщ хъууэ щытащ Псатхьэр уащхъуэм къехыу, Iуащхьэмахуэ и щыгу къитIысхьэрэ цIыхухэм къахэплъу. Ар тхьэ тIысыпIэу къалъытэрти, тхьэлъэIушхуэхэр иращIэкIырт, шумерхэм зиккуратхэм зэрыращIэкIыу щытам хуэдэу. Ар Эриду щаухуэн хуей щIэхъуами щхьэусыгъуэ иIэт – ар бгылъэ щIыпIэтэкъыми, Iуащхьэ лъагэ щагъуэтыртэкъым.
Ещанэрауэ, шумерхэр Фыратрэ Идыджлэтрэ я зэхуакум и мызакъуэу, Къэжэр тIуащIэм пэгъунэгъуу щIэтIысар ябгына хэкужьми ихъуреягъкIэ псыти аращ: хы ФIыцIэр, Хъэзэр хыр, Тэн, Инжыдж, Индыл…
АтIэ, щхьэ я лъэпкъыцIэр яхъуэжа? Дызытепсэлъыхь лъэхъэнэ жыжьэм Кавказым иса, псори дыкъызытехъукIыжа лъэпкъыр дауэ зэрызэджэжу щытар? Хуэдгъэфащэ мыхъумэ, абы и жэуап пыухыкIа щыIэкъым. Лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэм адыгэхэм, псалъэм папщIэ, фIэщыгъэ зэхуэмыдэхэр яIащ: ашу, ассэ, хьэт, мэуэт, нэгъуэщIхэри. Ауэ Кавказым икIыу Месопотамием Iэпхъуа лъэпкъыр шууэ гъуэгу теува хъунти, ар лъабжьэ хуэхъуагъэнущ зыфIищыжа цIэщIэм, Шууэ Мари къикIахэр жиIэу. Марэ, амрэ псалъэм «дыгъэ» къикIыу хэтщ адыгэбзэми абхъазыбзэми. ДыгъапIэ мыхьэнэр щIэлъу Кавказым зэгуэр МарикIэ еджэуи щытауэ хуагъэфащэ.
Шумерхэм я лъапсэ унэр ябгынэн хуей щIэхъуам иIэщ щхьэусыгъуэ зыбжанэ. Псом япэрауэ а лъэхъэнэм Ахын гуэлыр къикIри, хы ФIыцIэр къэунэхуат, Iуащхьэмахуэ къикIри, Iэхэлъахэр зэхилыгъуат. Ар мыхъумэ, Кавказым е гъей щыIауэ е гъаблэ къыщыхъуауэ геологхэм къахуэхутакъым. Ауэ щIэныгъэр щыхьэт зытехъуэжар псыдзэмрэ къэбэкъауэ къикIамрэщ.
Мы псори къэплъытэмэ, гъэщIэгъуэнкъым Кавказым икIа цIыхухэм Месопотамием щIэныгъэ лъагэ зэрахьар. Абыхэм ябгына лъахэ унэм къыщана щэнхабзэ фэеплъхэр археологхэм нобэ къыщIахыж хы ФIыцIэм и лъабжьэм. Хьэкухэр, кхъуэщын хьэкъущыкъухэр, Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Цивилизацэр Кавказым къызэрыщыунэхуам убгъуауэ тетхыхьащ канад щIэныгъэлI Фессенден Роджинальд Обри. Абы щыхьэт техъуэ лъэужьым и процент 99-р псымрэ къэбэкъауэмрэ щIаIубами, щIэныгъэм нобэ нэху трегъапсэ Iуэхум и пэжыпIэм.
Ауэрэ дунейпсо тхыдэр къитхыкIыжын хуей мыхъуарэт…