ЩIэщхъуЖьы хъури, ШукIасэ и унэ итIысхьэжащ, шыи шэсыжыркъым, зекIуэми хыхьэжыркъым. ХьэщIэ къыхуепсыхмэ, хьэщIэм ябгъэдэсщ, дуней зылъэгъуа лIыщи, хъыбар и мащIэкъым. Махуэ гуэрым, ШукIасэ хьэщIэ гуп къыхуепсыхащ. ХьэщIэхэр ШукIасэ и хьэщIэщым тхьэмахуитIкIэ исащ. - ШукIасэ, Къанж и къуэм узэрырихьэлIэгъам и хъыбар дебгъэдаIуэркъэ, - жиIащ хьэщIэхэм ящыщ зым. - Къанж и къуэм сызэрырихьэлIэгъар зэи сIуэтэжакъым. Сигу къихьэжмэ, си напэр ноби мэс, - жиIащ ШукIасэ. - АтIэми дегъэдаIуэ, - хагъэзыхьащ ШукIасэ. Щыхагъэзыхьым, мы хъыбарыр яхуиIуэтащ хьэщIэхэм. …Си щIалэгъуэт. Си щIалэгъуэми, лIы сыхъуауэ зыслъытэрт, дунейр скъутэфын къысфIэщIырт, зэзмыкунрэ сызытемыгушхуэнрэ щыIэтэкъым. Унэм сизэшыхь щыхъум, зекIуэ сежьэн мурад сщIащ. Сэ схуэдэ зыбжанэ гъусэ къысхуэхъури, дыдэшэсыкIащ, гъуэгу дытехьэри, тхьэмахуэкIэ дызэхэзекIуащ, ауэ къыдэхъулIаIакъым. Махуэ гуэрым, депсыхауэ, гъуэгум зы шу тетлъэгъуащ. Шум гу зылъедгъэтэнутэкъыми, мэзым дыхэуващ, шур тхъунщIэнщ жытIэри. Шур къэблэгъащ. И шыфэлIыфэ щытлъагъум, Iэнкун дыхъуащ: мафIэр къыIурихырт! Шур къэсри блэкIащ, гу къытлъитэххакъым. Шур блэкIа нэужь, дызэрыгъэгушхуэжащ, дигу къызэрыгъуэтыжри. Мэзым дыкъыхэжри, шум и ужь диуващ: мор зы шущ, дэ гуп дохъу. Шум дыщIыхьэри, ди шабзэр зэIуддзащ. Сэ япэ ситти, япэ сыуащ. Шабзэшэр шум и афэ джанэм къигъэлъеижащ. Доплъэри, шур къэувыIауэ долъагъу: епсыхащ, епсыхри, шы ныбэпхыр щIикъузэжащ, шэсыжри, къигъэзащ. Шум къыщигъазэм, дызэрыгъэщтэжри дыщIэпхъуащ. Жыжьэ дигъэкIуэнт: къытщIыхьэри, къыдэIэдэкъауэурэ, уанэгум дыкъриудащ. Си гъусэхэм хэт пабжьэхэм, хэти мэзым зыхадзащ, сэ гъуэгум сыкъытенати, къеIэбыхри, шум сыдрихьеящ, сызэкIуэцIиуплIанщIэри, уанэм лъэрыгъыпсымкIэ срипхащ, щIакIуэ кIапэкIэ сыщIиуфэжри, срихьэжьащ. Уанэ мыгъуэр тезылъхьар сэракъэ: мэл хуэдэ сехь, щIакIуэ кIапэкIэ сыщIиуфащи, сыздихьри слъагъуркъым, жьыри схурикъуркъым. Шум зы псалъи жиIэркъым, сэри, си напэр мэсри, си жьэ схузэщIэхыркъым. Сыт жысIэн: щIэщхъу къысщыщIащ, сиукIми, гъуэгум пхауэ сыкъытринэми схуэфащэщ. Шэджагъуэ нэужьыфI хъуагъэнт, шум гъуэгум щыдидзыхам. - Бохъу апщий! – зэхэсхащ шум и макъ. - Упсэу апщий! Еблагъэ! – зэхызох шум фIэхъус зрихам и макъи. КъызэрыщIэкIамкIэ, шур шыхъуэ пщыIэ техьауэ арат. Шур епсыхри, шыр гъуэгунапщIэ удзым хиутIыпщхьащ. Сэ уанэм сызэрепхащ - си Iуэху къызэрихуэркъым. Шыхъуэ пщыIэм щедзакъэри, лIыр шым къыбгъэдыхьэжащ, щIакIуэр тригъэкIуэтри, ситIэтащ, шым сыкъригъэувэхри, шыхъуэм сритащ: - Мыр Iэпыдзлъэпыдз пхуэхъунщ, нэгъуэщIкIэ ущIыщыгугъын щыIэкъым, - жери. «Хьэуэ» жиIэрэ, и гъусэхэр пабжьэм хэлъэдэжащи, къыхэкIыжмэ, яхыхьэжынщ. Шыхъуэ пщыIэм сыкъытринэри, шур ежьэжащ. Шур ежьэжри гъуэгу сабэр тIысыжа нэужь, си гур къихьэжащ. Шыхъуэр къызоплъ, и нэр къихуу: къэхъуар дэнэ щищIэнт шыхъуэм! - Си напэр текIащ, - жесIащ шыхъуэм, - щIэщхъу къысщыщIащ, сиукIрэ ежьэжамэ, схуэфащэт. - Сыт къэхъуар? - къызоупщI шыхъуэр. - Къэхъуам ущIэмыупщIэ, - жесIащ шыхъуэм. - Шур сыгъэцIыху: уи пщыIэ къыщытехьакIэ, уи хэгъэрейщ ар, дауи! Хэт сызрихьэлIар? - УзрихьэлIар Къанж и къуэ Щэуейщ, - жиIащ шыхъуэм. Тхьэм сыкъиукIи: Къанж и къуэ Щэуей еткуауэ къыщIокI! Сыт сщIэжынт: си напэр текIакIэт. - Тхьэр узогъэлъэIу: зыш къызэт, къыпхуэсшэжынщ, - жысIэри, шыхъуэм шы хьэху къеIысхащ. Шы цIахуцIэм зездзри, Къанж и къуэ Щэуей сылъежьащ. Пщыхьэщхьэ хуегъэзэкI хъуауэ, Къанж и къуэм сыщIыхьащ. - Къанж и къуэ! - жысIащ, шум сыбгъурыхьэри. - ЕмыкIу уэсщIащ, сыт къызэппэсми схуэфащэщ. Уэ кIэс сыпщIмэ, нэхъ пщIэ згъуэтынщ, пабжьэм хэлъэдэжам гъусэ сахуэхъуж нэхърэ. Гъуэгум сыкъытумынэ. - КIэси усщIынкъым, гъуэгуми укъытезнэнкъым, хьэщIапIэ сокIуэри, гъусэ укъысхуэхъумэ, уздэсшэнщ, - жиIащ Къанж и къуэм. ЗдэкIуэмкIэ сеупщIакъым, гъусэ сызэрищIам сыщыгуфIыкIри, и сэмэгурабгъур субыдащ. СыщIалэт, зыкъезгъэцIыхуну къыстехуэртэкъыми, си цIэ, си лъэпкъ жесIакъым, езыри къысщIэупщIакъым. Къанж и къуэм сыдэлъэхъуурэ дыздэкIуэм, нэхъ гъэщIэгъуэныжыр къысщощI: ди адэм и цIэ къриIуащ Къанж и къуэм – ди адэм дежт хьэщIапIэ здэкIуэр! Щыблэ къызэуэрэ зэшэзэпIэ сыхъуатэмэ, нэхъ къэсщтэнт абы нэхърэ. МазэкIэ исащ Къанж и къуэр ди хьэщIэщым. Ди адэмрэ хьэщIэмрэ сащхьэщытащ, емыкIу зэсщIа лIыр ди хьэщIэщым исыху. МазэкIэ исати, хьэщIэм сиIуэтэжакъым: Къанж и къуэр хашэм ящыщакъым. Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪАНКЪУЛ Зазийщ.
Поделиться:
Читать также:
29.11.2024 - 14:18 →
Республикищым я цIыхубэ тхакIуэ
26.11.2024 - 12:26 →
Бекъул Барэсбий и гукъэкIыжхэр
25.11.2024 - 16:50 →
Си анэшхуэм и щапхъэ
22.11.2024 - 15:14 →
Адыгэ литературэ гушыIэмрэ ауанымрэ
21.11.2024 - 12:17 →
Лъэпкъыр ефIэкIуэнырт и хъуэпсапIэр
|