Дригушхуэрт- Дзэлыкъуэкъуажэ къыдэкIащ а жылэм и тхыдэ къулейм зи гъащIэрэ гуащIэкIэ хуэфащэу, къызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнум телажьэу, лIыгъэ яхэлъу псэуа, ноби псэу лIыфI куэд. Абыхэм ящыщщ литературэдж, публицист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ КIурашын БетIал, - дыкъыщоджэ лъэпкъылI гъуэзэджэм теухуауэ публицист, критик БжэныкIэ Мухьэб и гукъэкIыжхэм. – ЦIыхум бгъэдэлъ зэфIэкIыр абы къыдалъхуа фIыгъуэщ. А псалъэхэм япкърылъ мыхьэнэр зэрыпэжым щыхьэт тохъуэ БетIал и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэт, еджэ, жиIэу КIурашыным зыми къыпиубыдакъым. И адэ Мухьэмэд къуажэм къыдэкIа япэ трактористу колхозым хэтт, щхьэкъэIэт имыIэу лажьэрт. БетIал и ныбжьыр илъэсипщIым нэмысауэ и адэр зауэм кIуэри къигъэзэжакъым. Фызабэу къэна и анэм и щIалитIым (БетIал иIащ къуэш нэхъыщIэ) ятеубгъуауэ, зыхуей зэрыхуигъэзэным яужь итащ. БетIал «МылIэр лIы мэхъу», - жыхуиIэу, псэуащ, ауэ и адэ къуэш КIурашын Мысост гуапагъэу дилъэгъуар, псэуху гулъытэ къахуищIу зэрыщытар зыщигъэгъупщэртэкъым. А псом къадэкIуэу, Мысост и хьэлым, и хыхьэхэкIым узыIэпишэу хэлът джэгуакIуэ плъыфэ: жьэрыIэзэт, псалъэ шэрыуэу, жыIэгъуэ гъэщIэгъуэну къыжьэдэкIахэр зэIэпахыу къуажэм дэлът. Хэт ищIэрэ, БетIал игъащIэ псокIэ бзэм хуищIа лъагъуныгъэр лъэныкъуэ гуэркIэ къыпкърыкIагъэнкIи хъунщ и адэ къуэшым?! … Сэ фIыуэ сощIэж КIурашын БетIал иригъаджэ студентхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм езыр къуажэм къэкIуэжу зэрыщытар. Уэрамым ар къыдыхьауэ щытлъагъукIэ, школым щIэс еджакIуэ цIыкIухэр дехъуапсэрт. Къытрыригъадзэ тхыгъэхэм деджэну иджыри дыхунэмысами, ди лэжьэгъу - БетIал и къуэш нэхъыщIэ Володя - къыджиIауэ тщIэрт абы Къэбэрдейм икIа студент гуп адыгэбзэкIэ иригъаджэу Москва зэрыдэсыр. Дригушхуэрт апхуэдэ цIыху ди къуажэ къызэрыдэкIам. «Над селом опустился вечер» зи фIэщыгъэ нэтынхэр 1967 - 1968 гъэхэм ди телевиденэм щекIуэкIыу щытащ, зы адыгэ е балъкъэр макъамэ (уэрэд) къыщымыIуу. КIурашыным гу лъаригъэтащ апхуэдэу пщIэ зэрымыхъунум. Абы къыхилъхьа гупсысэр даIыгъащ редакторхэм, кино тезых режиссёрхэм. Куэд мыщIэуи телепрограммэхэм къыхыхьэу щIадзащ лъэпкъ макъамэкIэ гъэпса фильмхэр, «Уэрайдэ», «Къурш щхьэ тхъуахэм я макъамэхэр» жыхуиIэхэм хуэдэхэр. ЛэжьакIуэ гуп щыхъукIэ, Iуэху еплъыкIэ зэмыщхьхэр зиIэ цIыхухэри яхэтщ, зэрызэгурымыIуэр куууэ къыщыщIэлъи къэхъуу. Апхуэдэм деж БетIал пхуигъэкIуэтынутэкъым, абы къыхилъхьэ Iуэхугъуэм лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр, абы и блэкIамрэ и нобэмрэ зэрызэхьэлIар и тегъэщIапIэти. Сигу къинэжащ «Адыгэ Хасэ» зи фIэщыгъэ нэтыныр япэу программэм щыхигъэхьэм, «адыгэ» псалъэм тримыкъузэу «Хасэ» жиIэу фIищмэ нэхъ къезэгъыу нэхъыщхьэм къыщыжриIэм, абы и жэуапу иритар: «Адыгэ Хасэр сэ къэзгупсыса фIэщыгъэкъым. Ар илъэсищэхэм нэсауэ яIэщ адыгэхэм. Мыбы хэлъкъым икIи къыхэщынукъым адрей лъэпкъхэм ефIэкIыныгъэ гуэр». А щIыкIэм тету иукъуэдийрт икIи пхигъэкIырт илъэс куэдкIэ иригъэкIуэкIа «ХьэщIэщ» тележурналым хыхьэ сюжетхэм ятеухуауэ псалъэмакъ гуэр къыкъуэкIмэ. КIурашыным и творчествэм нэхъ зыщиузэщIар телевиденэм щыщылэжьа илъэсхэрщ. Зи лэжьыгъэр иунэтI литературэмрэ драмэмкIэ къудамэм къуэпс куэдкIэ къепхат республикэм щыIэ щэнхабзэ, гъуазджэ IэнатIэхэр. Ар сэбэп яхуэмыхъуу къанэртэкъым и Iэдакъэ къыщIэкI тхылъхэмрэ статьяхэмрэ. Тхэным гу хуэзыщIар щIэмычэу йоджэ, щIэмрэ щIэщыгъуэмрэ къыщигъуэт гъуэгум димыдзыхыу. А хабзэм текIакъым КIурашын БетIал псэуху. И япэ тхылъыр къыдигъэкIащ 1969 гъэм. Абы хуищIа «Хасэ» фIэщыгъэм ищхьэкIэ къыжытIа гупсысэм ухуешэ: адыгэхэм лIэщIыгъуэкIэрэ къадекIуэкIа зэхыхьэм и мыхьэнэрэ и къэухькIэ БетIал къызэщIеубыдэ икIи зэпкърех лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм, IуэрыIуатэм, тхыдэм, хабзэм теухуа Iуэхугъуэхэр. Япэ тхылъым къыкIэлъыкIуащ «ЦIыхубэ усакIуэм и псэ хьэлэлыр» (1978 гъ.), «Упсэу» (1979 гъ.), «ФIэхъус апщий!» (1991 гъ.), «Гъуазэ» (1996 гъ.), «Этюды о поэте и человеке» (1975 гъ.). Абыхэм нэхъыщхьэу кIуэцIрокI япэ тхылъым щыпхиша лъагъуэхэр, ауэ зэманым пэджэжу зрегъэубгъу, лъэхъэнэ къэс лъэпкъ литературэм, щэнхабзэм, театрым я зыужьыныгъэр зэрыкIуатэм купщIафIэу топсэлъыхь, ныкъусаныгъэхэр тегъэкIуэтыным публицистым и псалъэрэ жэрдэмрэ хелъхьэ. Публицистым и къалэн нэхъыщхьэр - тхыдэмрэ нобэмрэ я зэпыщIэныгъэм къыхих дерсымкIэ къызыхэкIа лъэпкъым и къэкIуэнум фIыкIэ телэжьэныр - КIурашын БетIал еш имыщIэу игъэзэщIащ. Гу лъытапхъэщ мы Iуэхугъуэми: БетIал статья жанрым иту къытрыригъэдза тхыгъэ къэс къэхутэныгъэ щхьэхуэщ, ди лъэпкъ литературэм, тхыдэм, гъуазджэм, адыгэ хабзэм куууэ щыгъуазэ зызыщIыну хуей дэтхэнэ щIэблэм дежкIи щIэдзапIэ хьэлэмэтщ. Апхуэдэ статьяхэр пщIы бжыгъэхэм нос. Абы телъыджэу къехъулIэрт журналистым и Iэзагъэр псом япэу къэзыгъэлъагъуэ нэщэнэр - тхыгъэм зэреджэу занщIэу дихьэхыныр. КIэщIу дыкъытеувыIэнщ абыхэм ящыщ зыбжанэм. «Мадемуазель Аиссе. Тхыдэм къыхэна адыгэ цIыхубз» тхыгъэм къыщыгъэлъэгъуащ ди лъэпкъым къыхэкIа бзылъхугъэр Франджы литературэм и классик зэрыхъуа щIыкIэр, ар Вольтер и ныбжьэгъуу, абы пщIэ къыхуищIу зэрыщытар. «Ахъмэтыкъуэ Къазийбэч» фIища газетым къытехуа тхыгъэмкIэ ар ироплъэ ХIХ лIэщIыгъуэр иухыу ХХ лIэщIыгъуэм щыщIидзэм Урысейми, Швециеми, Франджыми икъукIэ цIэрыIуэ щыхъуа адыгэлIым къикIуа гъуэгуанэм, ар тхакIуэу, интеллигент щыпкъэу, а псом къадэкIуэу урысыдзэм и тIасхъэщIэх къэмылэнджэжу зэрыщытар. ИтIанэ, БетIал и тхыгъэхэм я фIэщыгъэхэм я нэхъыбэм, публицистым зэрихабзэу, Iуэху зэIумыбзыр занщIэу щегъэув: «Андемыркъан. Уэрэдыжьым и тхыдэм и зы напэкIуэцI», «Пушкинымрэ адыгэ литературэмрэ», «Толстойр - Къэбэрдей-Балъкъэрым», «УсакIуэшхуэм и IэдакъэщIэкIхэр. ПащIэ Бэчмырзэ теухуа псалъэ». КIурашыным и къалэмыр нэхъ жану игъабзэу, и псалъэхэр гущIэкIэ нэхъ игъэхуабэу къыпщохъу ар ЩоджэнцIыкIу Алий и гъащIэм, и тхыгъэхэм, усакIуэшхуэм и адыгэбзэ псынэпсу къабзэм щытетхыхьым деж. Апхуэдэ гупсысэ уигу къэмыкIынкIэ Iэмал иIэкъым абы триухуа «Дыгъэпсым пэлыд тхыгъэхэр», «Этюды о поэте и человеке» тхылъхэм, «Бзэ куэд ищIэрт», «ЦIыхубэ усакIуэм и псэ хьэлэлыр», «УсакIуэшхуэм и гъащIэ налъэ», «Алий и письмохэр» статьяхэм укъыщеджэкIэ. ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ, щIыжаIэжыр абы и лъэпкъэгъухэм заузэщIын папщIэ хузэфIэкIар къалъытэри аращ. Дэ дызэреплъымкIэ, КIурашын БетIал нобэми къэкIуэнуми хуэгъэпса и Iэужьхэм яIэ мыхьэнэмкIэ ДзэлыкъуэщIым зы зэман щыпсэуа узэщIакIуэхэу Нэгумэ Шорэ, Къуэдзокъуэ Лэкъумэн, Къэшэж ТIалиб сымэ ябгъэдэбгъэувэну хуэфащэщ.
Поделиться:
Читать также:
12.11.2025 - 14:08 →
Дыщэ хьэмэ дыжьын?
12.11.2025 - 13:03 →
Зи псалъэ къытхуэзыгъэна
09.11.2025 - 10:18 →
Гулъытэ зыхуэфащэхэр
08.11.2025 - 13:56 →
ХузэфIэкIар мащIэкъым
07.11.2025 - 12:26 →
Къебгъажьэр хабзэщ
| ||



