АдыгэлI

IутIыж Борис лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэнщ, лъагъуэ бгъуфIэ щыхишащ абы а унэтIыныгъэм, жанр зэхуэмыдэхэм зэфIэкI лъагэхэр къыщигъэлъагъуэу. Абы и гуащIэр зыхуэдам, и лэжьыгъэм теухуауэ жаIахэм фыщыдогъэгъуазэ.

Бейтыгъуэн Сэфарбий, тхакIуэ, тхыдэдж: Адыгэу зызылъытэж дэтхэнэми и къалэн нэхъыщхьэщ лъэпкъым и бын пажэхэм я IуэхущIафэм зэрыпищэным хущIэкъу зэпыту дунейм тетыныр. Апхуэдэ гъащIэ еплъыкIэ, щIэныгъэ куу, зэхэщIыкI лъагэ, гурыщIэ къабзэ зиIэ адыгэхэм къахэлыдыкIыу псэуащ икIи и гъащIэ гъуэгуанэр адэжь щIыналъэмрэ цIыхугъэ нэсымрэ щхьэузыхь яхуищIащ IутIыж Борис.

Лъэныкъуэ зыкъомкIэ абы хьилмышхуэ бгъэдэлъащ. УсакIуэ гъуэзэджэу, тхакIуэ купщIафIэу, щIэныгъэлI бэлыхьу, редактор Iэзэу, режиссер гумызагъэу, ныбжьэгъу псэемыблэжу, жылагъуэ IуэхухэмкIи жыджэру зэрыщытам къыдэкIуэу, ар адыгэщIым щытепщэ драматург хъуащ. АдыгэщI зыфIэсщыр: дэтхэнэ зы адыгэми и лъэр здигъэув, зы тэлай нэхъ мыхъуми и лъэр здынэс щIыналъэращ.

ХъуаскIэр къызыпих гушыIэ щIэщыгъуэрэ уафэхъуэпскIым сыткIэ ефэгъуэкIрэ жозыгъэIэ ауанкIэ Борис адыгэбзэм псэщIэ хилъхьауэ, и гъуэгуанэр нэхъ кIыхь ищIауэ солъытэ. «Тыргъэтауэри» «Эдипри» езы Шекспир хуэдэ къэунэхужми дерс къызыхихын лэжьыгъэшхуэщ. Абыхэм я мыхьэнэр зыубгъуауэ, езыхэри хамэбзэ цIэрыIуэхэмкIэ зэдзэкIауэ театрышхуэхэм щыгъэлъэгъуапхъэщ.

СыщогуфIыкIыж, срогушхуэ ныбжьэгъугъэрэ гушыIэ дахэрэ дяку зэрыдэлъам. Тхыдэм, литературэм ехьэлIа Iуэху щхьэпэхэмкIэ дызэчэнджэщырт. «Iуащхьэмахуэ» журналым и махуэт Борис абы и редактор нэхъыщхьэу щылэжьа илъэсхэр. ЖанрыщIэщ зыхужыпIэн фIэщыгъэцIэхэр къигупсысурэ (псалъэм папщIэ, интервью-диалог), дуней гъащIэр, цIыхубэ псэукIэр адыгэ лъэпкъым къызэрыщыхъур сэтей къищIын, тхыдэм и бжэр абы хузэIуихын гуращэкIэ и лъэпкъэгъу куэд утыкум иришэрт.

Сэри мызэ-мытIэу псэлъэгъу сищIащ, Iэджэм я щхьэфэ диIэбащ. Дауи, си дуней еплъыкIэр щыфIэмыкъабылаи щыIауэ къыщIэкIынщ, ауэ ар зэи уэим ищIакъым. УпщIэ гугъухэр имычэзууэ къызэримыгъэубэлэцын къару хэлъащ. «Мыпхуэдэ гупсысэр сызэхуэмейщ», - жиIэу щхьэзыфIэфIагъкIэ нэгъуэщIым и псалъэр IэщIыб зыщIхэм ящыщтэкъым Борис.

Нэщхъеягъуэмрэ гуузымрэ куэдрэ зэхагъэзэрыхь, ауэ а тIур зыкъым. И ныбжь нэсауэ, фIэкIауи хужаIэу дунейм ехыжыр нэщхъеягъуэщ. Игъуэ нэмысар гуузщ. И Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ я мызакъуэу, Борис и мурад псоми хунэмысу зэрытхэкIыжар адыгэ литературэмкIи хэщIыныгъэшхуэщ. ИтIани абы хузэфIэкIащ и зэманыр къызэринэкIыу пщэдейм лъэбакъуэщIэ хичэну, адыгэлI нэсу зиужьыну. Сэ «адыгэлI» псалъэр дуней псом щызекIуэ дамыгъэ лъапIэ дыдэхэм хузогъадэ.

Нэхъыжьым пщIэ хуищIыфу, нэхъыщIэр игъэгушхуэрэ гъуэгу захуэм хуиунэтIу, ныбжьэгъур иIэту адыгэ муслъымэну дунейм тетащ Борис. Ахърэт здэкIуам нур гуэр щыблэмэ, абы и нэхури къытридзэну, езыми ар нэхъ Iэхуитлъэхуит япэ ищахэми кIэлъыкIуэжынухэми яхуищIыфыну и гъащIэ уахътыншэм гугъэ дегъэщI.

ЖьакIэмыхъу КIунэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат: «Сыхуейт, хуабжьу сыхуейт, зэ за­къуэ нэхъ мыхъуми, мы дунейм, псоми ди зэхуэдэу Тхьэм къытхуигъэщIа мы дуней дахэшхуэм и IэфIыр нэсу зыхэсщIэну: сыщIэгузавэ, сыщIэпIейтей, сыщIызэгуэп лъэпкъ щымыIэу зы пщэдджыжь гуэрым сыкъэушыну. Сыхуейт щIагъыбзэ лъэпкъ щIэмылъу, гуапэрэ-гуапэу, щабэрэ-щабэу си Iэр Тхьэм зэригъакIуэ фIэкIа сымыщIэу сытхэну, сытхэну, сытхэну»…

Ар и хъуэпсапIэу дунейм тетащ Борис псэуху… Ди жагъуэ зэрыхъущи, кIэщIыIуэт Тхьэшхуэм къыхуигъэфэща гъащIэр, ауэ, мащIэми, гуапагъэкIэ, гу къабзагъэкIэ, нэмыскIэ, хабзэкIэ, лъэпкъым, бзэм, гъуа­зджэм хуиIэ лъагъуныгъэкIэ гъэнщIат Урысей Федерацэм щэн­хабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, Къандур Иззэт и цIэр зезыхьэ сау­гъэтым и лауреат, УФ-м и ТхакIуэхэми Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэта IутIыж Борис и гъащIэр.

Борис итха пьесэхэм сэ мызэ-мытIэу сызэмыджа яхэткъым. ИкIи куэдым ар Шекспиррэ Мольеррэ зэрырагъэщхьыр сэ къабыл сощI, абы арэзы сытохъуэ, сыту жыпIэмэ, илъэсищэм зэщ апхуэдэ зэчий лъагэ зыбгъэдэлъ цIыху къызэ­ралъхур. Ди лъэпкъыр насыпыншэтэ­къыми, Борис къыдитат. Абы драмэри трагедиери куууэ зэрызыхищIэм ещ­хьыркъабзэу, гушыIэрэ ауану зэхэлъ пьесэхэри къехъулIэрт. Ари сыт хуэ­дэбзэкIэ тхат! Адыгэ лъэпкъым узэрыщыщым щхьэкIэ узыгъэгушхуэ, узыгъэбжьыфIэ, абы и къулеягъыр, и дахагъэр къэзыгъэлъагъуэ бзэкIэ.

Дигу къэдгъэкIыжынщи, «Тыр­гъэ­тауэ», «Дамэлей», «Кушыкупщ», «Эдип», «Лъыгъажэ жэщ» пьесэхэр, гушыIэрэ ауанкIэ гъэнщIа тхыгъэхэу «Гуащэмыдэхьэблэ», «Шамхьун и фызышэ», «УгушыIэнумэ, къеблагъэ», «ГушыIэ махуэ апщий!», нэгъуэщI­хэми театрым и пщIэри лъагэу къаIэтащ, артист куэди цIэрыIуэ, гуимыхуж ящIащ.

ЕмыкIу сыкъэвмыщI щIэджыкIа­кIуэхэм, ауэ ди театрым къыщызджэгуа ролхэм ящыщу (ахэр 120-рэ мэхъу) нэхъ лъагапIэ дыдэм тетыр «Тыргъэтауэращ». Сэ Борис Iэмал къызитащ артистым хэлъын хуей зэфIэкI псори мы ролымкIэ къэзгъэлъэгъуэну (цIыху­бзым хэлъын хуей щабагъри, щхьэ­гъусэм, адэм, хэкум яхуэгъэза лъагъу­ныгъэри, бийм къыхузэIуих пхъаша­гъри, лъагъумыхъуныгъэри, къарурэ лIыгъэу къыкъуэкIри). ПсэухукIи гуапэу си гум хуилъащ, дунейм сэ сытетыхукIи фIыщIэ хуэсщIынущ си насып къихьу а образыр къызэрыз­гъэщIыфам щхьэкIэ.

ПублицистикэмкIэ дыIэбэнщи, сыт хуэдизым я цIэ фIыкIэ игъэIуа Борис?! Псалъэ гуапэ хуэфащэу щытмэ, къи­гъэнэнутэкъым хужимыIэу, имыгъэ­гуфIэу, имыгъэгушхуэу. ГъащIэ кIыхь зэримыIэр ищIэми ярейт, пIащIэрт дэтхэнэми и гуфIэгъуэр диIэтыну, и гузэвэгъуэр дигъэпсынщIэну. Сыт хуэдэ IэнатIэ Iумытами, ар зэры­ри­гъэфIэкIуэным, щIэ гуэр зэрыхилъхьэным щIэкъуащ, псэ къабзэ-гу къабзэкIэ лъэпкъым хуэлажьэу, абы и набдзэу дунейм тетащи, апхуэдэу ди гум илъынщ.

Поделиться: