Псэм нэхърэ нэхъапэр

(Гъэсэпэтхыдэ)
Зыпщ зекIуэ ежьащ, шу гъусэ зыщIигъури. ЗекIуэ ежьэри кIуэдащ – и хъыбар къэIужакъым. Жылэр гузэвэнтэкъэ: лърагъэжьащ – дунейм яхутехакъым. Зыбжанэ дэкIауэ, зы шу къахуепсыхащ, жыжьэ къикIри.
– Фи пщыр ди гъэрщ, – къажриIащ шум. – ЩхьэщэхужыпщIэ къыдэвмытауэ фэттыжынукъым. Къыдэфтынур дыщэщ.
Ар къажриIэри, шур яхэкIыжащ. Пщыр ирагъэукIынт: щхьэщэхужыпщIэ зэхадзэри, зы гуп ирагъэжьащ. Гъуэгур кIыхьти, жэщ къащытехъуэм, гупыр епсыхащ. Дыщэр зыIыгъ щIалэм шыр хигъэпщ зищIри, дыщэр Iуащхьэ лъабжьэм щыщIитIащ.
Нэху щыри, гупыр ежьэжащ, шэджагъуэ хъуху гъуэгу тетауэ епсыхащ. Дыщэр зыгъэпщкIуа щIалэм уанэр щытрихым къэщта нэпцI зищIащ:
– Дыщэр згъэкIуэдащ: лъатэпсыр зэрыжри дыщэр скIэрыхуащ. СывукIми, схуэфащэщ.
Сыт ящIэжынт гупым: щIалэр букIкIэ дыщэр бгъуэтыжын? ТебгъазэкIи, дыщэр дэнэ къипхыжын: гъуэгум щыпкIэрыхуамэ, упыкIащ.
– ЛIо тщIэнур? – гузэвэгъуэ хэхуащ гупыр. – Пщыр къаIэщIэдмыхыжауэ дгъэзэж хъунукъым.
– Дгъэзэжынкъым, – жиIащ дыщэр щIэзытIа щIалэм. – Дыщэр щыдимыIэжкIэ, бзаджагъэ дыхуекIуэнщ...
ЗэрыгъэIущри, гупыр ежьэжащ, я пщыр зыубыдам я деж нэсри, хъыбар ирагъэщIащ: «ЩхьэщэхужыпщIэ къэтхьащ, фыкъакIуи, дызэвгъэпсалъэ».
ШууитI къагъэкIуащ, щхьэщэхужыпщIэмкIэ зэгурыIуэн хуейти. ЛIитIыр яубыдащ гупым. А тIур щыгувэм, нэгъуэщI лIитIи къыкIэлъагъэкIуащ: «Щхьэ загъэгувэрэ?» – жаIэри. А тIури яубыдащ гупым. Iyэxyp зытетыр модрейхэм дэнэ щащIэнт: аргуэру лIитI къагъэкIуащ – а тIури яубыдащ. ИтIанэ хъыбар ирагъэщIащ:
– Ди пщым лIитху щIыгъущ, фи лIих ди IэмыщIэ къихуащ. Пщымрэ пщым и шу гъусэхэмрэ къыдэвмытыжмэ, лIихри дукIынущ.
Iэмал яIэжтэкъым: пщыр къратыжри, гупыр къежьэжащ. Я гъусэ щIалэм дыщэр щыщIитIа Iуащхьэм къэсыжауэ, гупыр епсыхащ. Дыщэр къыщIитIыкIыжри, щIалэм жиIащ:
– Дыщэр згъэкIуэдакъым. Дыщэр мы Iуащхьэм деж щыщIэстIат. Ди пщым и щхьэ къэтщэхужын къезгъэкIуакъым – аращ дыщэр щIыщIэстIар. «Абы дынэса дэ? – жысIащ. – АфIэкIа лIыгъэ тхэлъыжкъэ?» Ди пщым и щхьэ къэтщэхужауэ зэхэзыхым сыт къытхужаIэнт? Дыщэр згъэкIуэдауэ щыжысIэм сывукIынкIэ хъуну зэрыщытари сщIэрт сэ, сывукIакIи емыкIу фиIэтэкъым. Си псэ себлэнутэкъым: псэм нэхърэ нэхъ лъапIэщ напэр – аращ сэ сызэплъар.
Дыщэр къыздахьыжри, гупыр я жылэ дыхьэжащ, я напэ мыулъияуэ.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: