КIэрыхубжьэрыхухэр щызэтратхъуэ Iуащхьэм къыщыщIынкIи хъунур къэпщIэн папщIэ, Дагъыстэным нэси кIуэн хуейкъым. Ауэ абы езыр-езыру мафIэ къыщIэна нэужьщ къыщытщIар гъунэгъу республикэм «Черкес-кутан» цIэр зэрихьэу къуажэ зэрыщыIэр.
Гур хэзыгъэщIращи, сыту пIэрэ мы дагъыстэн къуажэм и цIэм «черкес» лъэпкъыцIэр щIыпыувар упщIэм и жэуапу интернетым къыщыкъуэкI «пэжым» жыглыц къытекIэжащ. ЖытIэм къидгъэкIращи, Черкес-озень псыежэхым и Iуфэм щызэтрихьа пхъэнкIий Iуащхьэм и къуагъым щIыпIэм и адыгэ тхыди къинэмыщIи къыкъуэщыжыркъым. Илъэс бжыгъэ хъуауэ республикэм и планхэм хагъэхьэм, зыхуагъэувыжа къалэныр ямыгъэзащIэурэ, ди лъэпкъыцIэр зезыхьэ псыежэхым «Воняйкэ» («Бамэ») цIэ лейр кIэрыпщIащ, и Iэгъуэблагъэм уи пэр умыубыду узэрыщыземыкIуэфым къыхэкIыу. Ауэ а Iэуэлъауэм нэмыщIамэ, цIыхум гъущIыр къигъэщхьэпэн щыщIидза лъэхъэнэм хуахь, археологхэм къэхутэныгъэ гъэщIэгъуэнхэр щрагъэкIуэкIа мы щIыпIэр зэрыщыIэр къэтщIэххэнутэкъым.
Тхыдэ къэхутэныгъэ псоми я къежьапIэр кхъэлъахэхэрщ. «Черкес-кутан» зыфIащар Iыхьищ иращIыкIыжауэ апхуэдэщ: «Черкес-кутан Езанэ», «Черкес-кутан ЕтIуанэ», «Черкес-кутан Ещанэ». Ауэ нобэр къыздэсым абы щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ хуэфэщэн гулъытэ зэримыгъуэтам и щыхьэтщ, ар иджы етIуанэ ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм «къапэщIэзэрыхьу» фIэкIа къазэрыфIэмыIуэхур.
Япэу мы кхъэлъахэм гу щылъатар лIэщIыгъуэ блэкIарщ. Абы щыгъуи ухуэныгъэхэр ирагъэжьауэ, зэрымыщIэкIэ хьэпшып гъэщIэгъуэнхэр къапэщIэхуэурэ, кхъэм къызэрыщыхутар къагурыIуат. А псом щыгъуазэ дащI 2022 гъэм зэхаублэжа къэхутэныгъэхэм хэта, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Магомедов Рабаданрэ «Дарс» археолог экспедицэм и унафэщI Селезнёв Алексейрэ. «ПхъэнкIий идзыпIэмрэ Мэхъэчкъалэ деж щекIуэкIа щIыкъэтIэщIхэмрэ» тхыгъэм абыхэм щатхым къыхэдгурыIукIар мыращ. Мэхъэчкъалэрэ Буйнакскрэ я зэхуакум гъуэз бжьамийхэр кIуэцIрашыну мурад ящIщ, щIыкъэтIхэмрэ хьэлъэзешэхэмрэ щIыпIэм ираутIыпщхьэри, лэжьыгъэм пэрыхьащ. «Гъэзий Мухьэмэд – Мэздэгу» гъуэз зекIуапIэр Мэхъэчкъалэ дэмыхьэу, къалэр хъурейуэ къикIухьу ящIыну мурад яIэти, абы кIэлъызекIуэрэ пэт, къэрал хъугъуэфIыгъуэхэм хиубыдэ щэнхабзэ щIэиным хэт, Черкес-озень псыежэхым и Iэгъуэблагъэм ит кхъэлъахэхэм Iууауэ къыщIэкIащ ухуакIуэхэр.
«Ар гъущI лъэхъэнэм хиубыдэ, «Черкес-кутан Езанэ» кхъэлъахэрт, лIэщыгъуэ блэкIам и 80 гъэхэм мел къыщIахрэ пэт зэрымыщIэкIэ къагъуэтыжауэ, - ятх щIэныгъэлIхэм. - Зэзэмызэ дагъыстэн археологхэр кIуэурэ кхъуэщыныжьхэр, домбеякъым къыхэщIыкIа цIугъэнэхэр, Iэщэхэр къыщагъуэту щытащ, ауэ зыхуей хуэза археолог лэжьыгъэ ирахьэлIатэкъым. Щхьэусыгъуэр абы текIуэдэну ахъшэ зэрамыIэрт. 2022 гъэм «Черкес-кутан Езанэр» гъуэз гъуэгу щыпхаш щIыпIэм хуэзащ икIи проектыр «Газпром»-м зэрыригъэкIуэкIым къыхэкIыу, ахъшэ къыхуаутIыпщауэ къыщIэкIащ. ИкIэщIыпIэкIэ тхыдэ щIэин щIэлъ-щIэмылъыр зэхагъэкIыу, ухуэныгъэм пэрыхьэн хуэдэу, экспедицэ зэрагъэпэщри, къамылъыхъуа куэд къагъуэтащ».
Сыт-тIэ къэхутакIуэхэм къыджаIэр мы кхъэлъахэ къызэрымыкIуэм теухуауэ? Псори зэхэту кхъэлэгъуни 105-рэ къагъуэтыжащ. Я хьэдэ щIэлъхьэкIэхэр зэралъытурэ, щIэныгъэлIхэм абыхэм ящыщу 103-р гъущI пасэм и лъэхъэнэм хиубыдэу хуагъэфэщащ. ХьэдитIыр мывэ бэным дэлът, зыр – щIыунэ щIэлъхьэкIэкIэ щIэлъхьат, зи гугъу тщIа 103-р «албан-сармат лъэхъэнэ» жыхуаIэм хуагъэзащ.
Мащэхэм къыщагъуэта хьэдэхэм я нэхъыбэр цIыху зырызут зэрыщIалъхьар. Ауэ тIурытIхэри яхэтщ: «сабийрэ балигърэ», «балигъитI зэгъусэу». Псори захуэу щылъу щIым щIалъхьэрт, ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ гъэзауэ. Хьэпшып къагъуэтахэм я нэхъыбэр Iэщэрэ Iэмэпсымэрэщ: маисэ, къамэ, бжы, мастэ, сэ.
Археологхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ хьэдэхэм я щхьэм пэгъунэгъуу кхъуэщын зэрыщIалъхьар, теплъэкIэ зэмыщхьрэ ятIэм къыхэщIыкIауэ, тхыпхъэхэр ятелъу.
«Черкес-кутан Езанэ» кхъэлъахэм нэгъэсауэ щелэжьынур дяпэкIэщ, ауэ жыIапхъэщ Дагъыстэным къыщагъуэта псоми мыбы хуэдэ зэрахэмытыр, япэрауэ, зэрыхъума, тхыдэ щIэныгъэ къызыкъуахым и лъэныкъуэкIэ, - етх Магомедовым. - ЕтIуанэрауэ, мы хьэдэ щIэлъхьэкIэм нэгъуэщI зыщIыпIи дыщрихьэлIакъым, псалъэм папщIэ, цIыхубз хьэдэхэм я лъапэмрэ щхьэкъупщхьэмрэ деж мывэ Iуащхьэ цIыкIухэр зэрагъэтIылъыр. «Газпромым» и гъуэгум къытемызэрыхьамэ, мыбыхэми дахэкIыжынут. Апхуэдэу Кавказым и тхыдэм дыхущывмыгъэт».
Дэ, дауи, тфIэгъэщIэгъуэныр а щIыпIэм «Черкес» цIэр зэрыпыуваращи, а упщIэм и жэуапу къытIэрыхьам нэмыгъэсаифэ тетщ. «Дагъыстэным и щэнхабзэ щIэиныр хъумэнымкIэ сайтым» итыр мыращ: «Черкес-кутан, Черкес-озень цIэхэм къыджаIэ мыбдежым «Черкес» цIэр зэрихьэу, Аланиеми Къумыкъу щIыналъэми щыпсэуа тыркущылъху лъэпкъым къыхэкIа гуэр зэрыщыпсэуар, ар гъунэгъуу псэу адыгэхэми я дежи нэсауэ щытащ XIX лIэщIыгъуэм и пэм».
Cыт е хэт «адыгэхэм я деж нэсар»? ЦIэра хьэмэ езы Черкес цIэр зезыхьа тыркущылъхура? Къуажэми псыежэхми зы цIэ зэраIар Iуэху къызэрыкIуэу щыткъым. А упщIэхэм я жэуапыр къыщыдгъуэтынур Черкес-озень деж щызэтрихьа пхъэнкIийр зэтрахыжа нэужьу пIэрэ? 2025 гъэм ари яхузэфIэкIыну дыкъагъэгугъэ. Абдеж щыщIалъхьахэм я нэлатым апщIондэху Тхьэм зэры-Кавказу дыщихъумэ!