Уахътыншэ

Адыгэ тхакIуэхэм ящыщу СССР-м и Къэрал саугъэтыр япэ дыдэу (1948 гъэм) зыхуагъэфэщауэ щытар Адыгейм хиубыдэ Куэшхьэблэ къуажэм 1902 гъэм къыщалъхуа КIэрашэ Темботщ. Зи ныбжьыр илъэс 46-рэ фIэкIа мыхъуа адыгэ тхакIуэ Iэзэм Къэрал саугъэтыр къыщIратыгъар КIэрашэр икъукIэ псынщIэу цIэрыIуэ зыщIа «Гъуэгу насыпыфIэ» роман гъуэзэджэрат. Ар адыгэбзэкIи (Мейкъуапэ), езым зэридзэкIыжауэ урысыбзэкIи (Мэзкуу) щытрадзат 1947 гъэм. 
Зэман кIэщIым къриубыдэу хамэ къэралыбзэ куэдкIи къыдагъэкIа а романыр дунейм къытехьэным и пэкIи КIэрашэм и къалэмыпэм къыщIэкIат «Арыкъ» рассказыр (I925), «Шамбул» («Гъуэгу насыпыфIэ») романым и япэ Iыхьэр (1929), «Мэшыкъуэ и щхьэкIуэ» (1934), «Къэбэрдей таурыхъхэр» (1946) – Темботрэ Акъсырэ Залымхъанрэ зэгъусэу ягъэхьэзырауэ. 
Бзэрэ тхылърэ зыщIэ урыс благъэ зиIэ адыгэхэм ящыщт Тембот и адэ Мыхьэмэт. Ар я гъунэгъуу къыщыс Дондуковскэ станицэм щыпсэу сатуущIхэм я деж щылажьэрти, и къуэри абы здишэрейт. ЩIалэ цIыкIур ехъуапсэрт сыт щыгъуи тхылъхэр зи Iэпэгъу къэзакъ сабийхэм. Мыхьэмэти гу лъитэрт абы. Арат езым и къуэри иригъэджэну мурад щIищIар. АрщхьэкIэ мэкъумэшыщIэ бынхэм къемыхъулIэн хъуэпсапIэт ар. Мыхьэмэт лIы губзыгъэт, ерыщти, и ныбжьэгъухэри зыдегъэIэпыкъу, хегъэлIыфIыхьри, щIалэ цIыкIур 1913 гъэм гъуэгуанэ жыжьэ трегъэхьэ: Уфа къалэм нэс егъакIуэри, егъэджакIуэхэри щагъэхьэзыру а къалэм дэт мыдрисэм щIегъэтIысхьэ. АрщхьэкIэ… Япэрей дунейпсо зауэр къохъейри, Тембот къигъэзэжын хуей мэхъу. 
И адэм и гъуэгум теува щIалэщIэр Дондуковскэ станицэм щыпсэу сатуущIхэм гъусэ яхуохъу. Еджэным, тхылъым пыщIахэм ныбжьэгъу захуещI. Ар икIи къыхуощхьэпэ: урысыбзэм хуэIэрыхуэ мэхъу. Литературэм дехьэх. 
Ауэрэ революцэр къохъей. Абы кърикIуа зэхэтыкIэм Iэмал кърет и нэр къызыхуикI еджапIэм щIэтIысхьэну. 1921 гъэм КIэрашэм къеух реальнэ училищэр. А зэманым еплъытмэ, Тембот щIэныгъэфI зиIэхэм яхыубжэ хъунут. Адыгей облисполкомым щыкъулыкъущIэ щIалэр, а зэрылажьэм хуэдэурэ, щоджэ Краснодар дэт политинститутым. Зи щIэныгъэрэ зи IэзагъкIэ куэдым ефIэкI КIэрашэр Мэзкуу еджакIуэ ягъакIуэри, абыи институт къыщеух 1929 гъэм. 
ЩIэныгъэ куу зыбгъэдэлъу къэзыгъэзэжа КIэрашэр яхуэмыгъуэтым хуэдэти, IэнатIэ хъарзынэхэр къыхуагъэфащэ: адыгэ газетым и редакторщ, тхылъ тедзапIэм и тхьэмадэщ, щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и унафэщIщ, Краснодар дэт педагогическэ институтым щыегъэджакIуэщ. Ауэ, езым зэрыжиIэжу щытамкIэ, абы усакIуэу зэрызибжыжрэ куэд щIат: 1923 гъэ лъандэрэ. 
А гъэм и зы махуэ гуэрым, мафIэгум пэплъэу Краснодар вокзалым здытетым, щIалэм и нэр хуозэ блыным фIэлъ плакатым. Бгъэдыхьэрэ еплъыпэмэ – «Интернационал» уэрэд цIэрыIуэрат. Абы хэт псалъэхэр апхуэдизкIэ игу ирихьати, занщIэу къретхыкI. Ар адыгэбзэкIэ зэдзэкIыным похьэ асыхьэтым. «Мис абдеж къыщыщIэдзауэ сэ усакIуэу зыслъытэж сыхъуащ», – игу къигъэкIыжырт Тембот. 
Ар КIэрашэм и творчествэм къежьапIэ хуэхъуащ. КъежьапIэ угъурлыуи къыхущIэкIри, «Гъуэгу насыпыфIэм» тришащ. Щытхъушхуэрэ цIэрыIуагъэ инрэ къыхуэзыхьа а романым къемыджа щIагъуэ адыгэхэм яхэту къыщIэкIынкъым, лIы ныбжь къэзыгъэщIа, дяпэкIи куэдым яджыну а тхылъыр ди щытхъуи хуэныкъуэжкъым… 
КIэрашэ Тембот и пщIэр, и цIэрыIуагъэр нэхъри яIэтащ нэхъ иужькIэ абы и къалэмыпэм къыщIэкIа романхэми, повестхэми, рассказхэми. Ахэр ди къэралми нэгъуэщI щIыпIэхэми куэдрэ къыщыдэкIащ. Абыхэм адыгэхэм ди цIэр, ди лъэпкъым и хьэл-щэнхэр, и лIыгъэр, и псэукIэр зыхуэдэр дуней псом кърагъэщIащ. Езы тхакIуэшхуэр уахътыншэ ящIащ.

Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться: