1976 гъэм Уташ къуажэдэсхэм Анапэ и тхыдэ-археологие музейм и лэжьакIуэхэм хуаIуэтащ 1972 гъэм жызум хадэр ивэу губгъуэм ита тракторыр щIым кIуэцIрыщэтауэ зэрыщытар. Ар щхьэусыгъуэ ящIри, ЩIэныгъэхэмкIэ СССР-м и Академием Анапэ и Iэхэлъахэм къыщызэригъэпэщащ археологие къэхутэныгъэхэр.
Абы щыгъуэщ тракторыр зыкIуэцIрыщэтауэ щыта щIыпIэм домбеякъ хьэкъущыкъухэр къыщыщIахар. ЩIэныгъэлIхэм къагурыIуащ пасэрей кхъэлэгъунэ къызэрахутар икIи, совхоз унафэщIхэм ягурыIуэри, лэжьыгъэшхуэхэр ирахьэжьащ. Абыхэм къагъуэтат ямыгъэжьа чырбышкIэ ухуа кхъэлъэгъунэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, а щIыпIэм зэгуэр Iуащхьибл итат, кхъащхьэм тращIыхьыжауэ, икIи ахэр зэпэгъунэгъу дыдэу щытами, губгъуэр явэху тралъэщIыкIыурэ хэгъуэщэжауэ арат.
Тракторыр зэрыхуауэ щыта, метр зэбгъузэнатIэ 15,6-рэ хъу мащэшхуэр тIууэ ищIыкIат, чырбышкIэ къищIыкIат, пхъэ унащхьэ телът. Зы пэшым лIар щIэлът, етIуанэм – абы и шыр. Блынхэм сэху къетыжат, псы удз гъэгъуа лъэгум илът, фIамыщI щIэлът. Кхъэлэгъунэр зэхадыгъуагъэххэт, яхузэтекъутэри зэтракъутат, арами дыщэ хьэпшып зыбжанэ, пыл бжьакъуэм къыхэщIыкIа, гъэщIэрэщIа фэилъхьэгъуэхэр, нэгъуэщI куэд къыщагъуэтащ абы щIэныгъэлIхэм.
ИпщэкIэ гъэза пэшым пхъэкIэ зэIулIа бэн дэгъуэ Iэтауэ щIэтт, мывэшхуэм тету. Ар сэху тхьэмбылыфэкIэ лат, жыг къудамэхэр, удз гъэгъахэр, тхыпхъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэбзыкIат, пыл бжьакъуэм къыхэбзыкIа хьэпшыпхэмкIэ гъэщIэрэщIат. Тхыпхъэхэм къищынэмыщIауэ, бэным къыхэбзыкIат сфинксхэм, аслъэнхэм, дамэ зытет псэущхьэ гуэрхэм я сурэтыр. А псоми къыхолыдыкI дамэ зытет бзылъхугъэ щхьэцыплъыр. Ар къэгъэлъэгъуащ бгым дэпщейуэ, бэхуцей кIэщI щыгъыу, и щхьэц кIыхьышхуэр жьым зэрихьэу. НэгъуэщI щIыпIэм тетщ зи щхьэр пыупщIа бзылъхугъэ. Абы и Iэ сэмэгур ищIыкIауэ и щIыбымкIэ ехьэкIащ, езыр бгыщхьэм телъщ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар Горгонэ медузэм и щхьэр Персей зэрыпиущIам и теплъэгъуэщ.
Хъыбарыжьхэм къызэраIуэтэжымкIэ, КъухьэпIэмкIэ, хы Iуфэм деж щысащ ажалым и тхьэ Танатос зи унафэщI щIыналъэ КIыфIыр. А щIыналъэм щыщт горгонэ зэшыпхъуищыр. Абыхэм ящыщу Медузэ закъуэт лIэныгъэ зыщIэлъыр, адреитIыр игъащIэкIэ псэуну къахуиухат. Полидект пщышхуэм Персей игъэкIуащ, Медузэ и щхьэр къысхуэхь, жиIэри. Персей игъэзэщIащ пщыжьым и унафэр, ауэ а теплъэгъуэр пасэрей щынд гуащэм и бэным къызэрыщыгъэлъэгъуам теухуауэ щIэныгъэлIхэм жаIэн яIэкъым.
Кхъэлэгъунэм къыщагъуэтыжащ дыщэ фэилъхьэгъуэхэр, дыщэ IуданэкIэ бла налкъут щыгъэхэр, блэ сурэтхэр, кхъуэщын фалъэ гъэщIэрэщIахэр, нэгъуэщIхэри. ЗэрыжаIэмкIэ, ахэр псори пасэрейхэм я фIэщхъуныгъэм епхащ.
Археолог Алексеев Е. М. зэрыжиIэмкIэ, мы кхъэлэгъунэм щызэхуэхьэсащ щэнхабзэ зыбжанэм я фэеплъхэр. ИкIи абы щIэлъынкIэ хъунущ адыгэхэр къызытехъукIа щынд-мэуэт лъэпкъхэм я гуащэ. Фэеплъхэмрэ бэным тет сурэтхэмрэ тепщIыхьмэ, гуащэр псэуащ ди лъэхъэнэм ипэкIэ 500 - 400 гъэхэм.