Бёрнетт Фрэнсис и тхылъ телъыджэхэр

Илъэси 175-рэ ипэкIэ дунейм къытехьа инджылыз тхакIуэ Бёрнетт Фрэнсис «цIыхубз тхакIуэ» фIэпщыфынущ. Абы и тхыгъэхэм я нэхъыбэм лIыхъужь нэхъыщхьэу хэувэхэм я щэнри, абыхэм ядэтлъагъу гупсысэкIэри бзылъхугъэхэм я гъащIэ зэгъэзэхуэкIэр къыхощ.

Тхылъ къыщытщтэкIэ, дэ нэхъыбэу дыдэзыхьэхыр цIыхубэм игъащIэ лъандэм къадэгъуэгурыкIуэ дуней тетыкIэрщ. Зи гугъу тщIы тхакIуэр щыпсэуа XIX лIэщIыгъуэм лъэпкъыжь псори а лъэныкъуэмкIэ дызэщхьу щытагъэнщ. Хъыджэбзхэм тхылъ щIэныгъэ куу иратыныр хабзэу къызыдекIуэкI инджылыз гъэсэныгъэм щIапIыкIа Фрэнсис и бзэми уетхьэкъу, и тхылъхэм къыхигъэувэ цIыхухэри псэм пэгъунэгъу мэхъу. «Принцессэ цIыкIу», «Фаунтлерой пщы цIыкIур», «Хадэ щэху» зи цIэ тхылъхэм дунейр щытыхукIэ я уасэм хэщIыну уи фIэщ хъуркъым. Ахэр нэхъ гъащIэ кIыхь ящI зыхуей хуэза фильмхэри зэрытращIыхьыжам. Псалъэм папщIэ, «Принцессэ цIыкIу» тхылъым и купщIэри абы хэт хъыджэбз цIыкIум и хьэлри къызыхуэтыншэу къэзыпхъуэта режиссёр Куарон Альфонсо и IэбэкIэр къыхыхьэжри, еджэным итхьэкъуа сабийм и образыр гъуазджэм и вагъуэ зэщIэпщIыпщIэ хъуащ.

«Принцессэ цIыкIу» тхылъыр зи адэр зауэм хэкIуэда хъыджэбз цIыкIу Кру Сарэ теухуащ. Ар хъыджэбз цIыкIухэр илъэс бжыгъэкIэ щагъэпсэу, интернат щIыкIэу лажьэ уней школым ират. Бзэ зыбжанэ зыщIэ сабийр псынщIэу псоми я ныбжьэгъу мэхъу. Ауэ гъэщIэгъуэну тхакIуэм мыбы щызэпэщIегъэувэ школым и унафэщI, цIыхубз пхъашэ икIи ткIий Минчинрэ «адэм и принцессэ», гу зэIуха зиIэ хъыджэбз цIыкIумрэ я гупсысэкIэр. Балигъым дунейр кIыфIу, бзаджэу, фIыкIэ ущымыгугъыпхъэу къыщохъу. Сабийращи, и псэ хьэлэлым япэ къэсыр хигъэткIухьу апхуэдэщ. Тхылъым и зэхэлъхьэкIэмкIэ хъыджэбз цIыкIур зеиншэу къонэ, и адэр зауэм къикIыжыркъым. Ауэ фильмым, американ кинохэм зэрахьэлу, кIэух насыпыфIэ иратащ.

Апхуэдэ дыдэу гукъинэжщ «Фаунтлерой пщы цIыкIури». Ди литературэм Экзюпери Антуан и «Принц цIыкIур» нэхъ щыцIэрыIуэ щхьэкIэ, Бёрнетт Фрэнсис къигупсыса Фаунтлерой щIалэ цIыкIур куэдкIэ нэхъ гукъинэжщ. Абдежми къыщымынэу, мы тхылъым къуэ зиIэ анэ псори къегъэджапхъэт, апхуэдизкIэ гъэсэныгъэм и мыхьэнэр щыIупщIщи. Инджылызхэмрэ американхэмрэ зы бзэм ирипсалъэ щхьэкIэ, ипэрейхэр нэхъ зэпIэзэрыту, американхэр яфIэпсынщIэу къокIуэкI игъащIэми. ЛIэщIыгъуитI ипэкIэ а зэхэгъэжыр нэхъ гуащIэжти, Фаунтлерой щIалэ цIыкIум и адэм американ хъыджэбз къызэришар зымыгъэгъуа адэшхуэм нысэм нэмыплъ иритырт, и къуэрылъхури зыбгъэдигъэхьэртэкъым. Ауэ жьы щыхъум, и мылъкур къызыхуигъэнэну нэгъуэщI зэримыIэм къыхэкIыу, сабийр зригъэцIыхуну кърегъэблагъэри, езыми зехъуэж, и узыншагъэри зэтоувэж. Гъэсэныгъэ нэгъэса зиIэ зы цIыхум, ар хъыджэбз цIыкIуу е щIалэ цIыкIуу щрет, куэд зэрыхузэфIэкIынурщ Бёрнет Фрэнсис къыдгуригъаIуэр.

Езы тхакIуэм и гъащIэ гъуэгум дриплъэмэ, Фрэнсис тхэным Iэзагъэ зэрыхуиIэм и Iыхьлыхэм пасэу гу лъатат. Сабиитху къызыхуэна фызабэм анэшхуэм зыкъыщIигъакъуэри, хъыджэбз цIыкIур и деж ишащ, щIэныгъэ куу къыбгъэдилъхьащ, и зэчийри IэщIигъэкIуэдэжакъым и пхъурылъхум. Еджэн фIэфIу ищIын папщIэ, тхылъ куэду къыхуищэхурт. Унагъуэр тхьэмыщкIэ хъууэ, я благъэхэм деж щыIэпхъуэжам, быдэу къэхухьа хадэшхуэм и Iэгъуэблагъэм зэрыщыпсэуар тхакIуэм «Хадэ щэху» зыфIища и тхылъ цIэрыIуэм къыхощыж. Абы хэт хъыджэбз цIыкIу щыкIам зэрызихъуэжри Бёрнетт фIыуэ къехъулIахэм я щапхъэщ. ЦIыхуфI – цIыху Iей, бей - тхьэмыщкIэ, губзыгъэ – акъылыншэ - апхуэдэурэ зэпэщIегъэувэ Бёрнетт и лIыхъужьхэр, и кIэм сытым дежи цIыхуфIхэр трегъакIуэ.

Тхэным гу хуэзыщIа хъыджэбз цIыкIум япэу зэхилъхьа тхыгъэхэр унагъуэм игъэкIуэд ахъшэхэр зратхэ тетрадым иритхэу щытауэ жаIэж. ПэщIэдзэ школыр къиуха нэужь, «Гуащэхэмрэ щауэхэмрэ папщIэ еджапIэм» и шыпхъухэр и гъусэу щIэтIысхьэри, и цIэр фIыкIэ къраIуэу, илъэс I5-кIэ щеджащ. Зи Iуэхухэр зэхэзэрыхьа Фрэнсис и анэр I863 гъэм Америкэм мыIэпхъуэжу хъуакъым. Уеблэмэ апхуэдизкIэ гугъу ехьхэрти, къэпым къыхэщIыкIа бостейхэр щатIагъэрт, яхуэхъу щыгъын ямыIэжу. А псори хигъэхьащ Бёрнетт и тхылъхэм. «Принцессэ цIыкIум» хэт Сарэ зэщыхуэпыкIауэ утыкум къохьэри, иужькIэ тхьэмыщкIэ мэхъу. Абы и фIыгъэкIэ, и Iуэхур зэтеувэжа нэужь, мылъкуми пщIэ нэхъ хуищIу, дэхуэхахэми емыпэгэкIыу къотэдж.

Кристи Агати ещхьу, Бёрнетти тхэн зэрыщIидзар и унагъуэм мылъкукIэ дэIэпыкъун, ахъшэ къилэжьын папщIэщ. Уеблэмэ редакцэхэм и тхыгъэхэр зэрыригъэхьын уасэр щыхуримыкъум, жызум къыпызычыжхэм яхыхьэу щытащ. А зэманым Фрэнсис и цIэ дыдэр иджыри якIэщIитхэртэкъым и тхыгъэхэм.

Америкэм нэхъ щыцIэрыIуэ тхылъ тедзапIэхэм яз «Скрибнерз» IуэхущIапIэм Бёрнетт Фрэнсис псэухукIэ дэлэжьащ. 1867 гъэм и анэр дунейм ехыжа нэужь, илъэс 18 фIэкIа мыхъу Фрэнсис унагъуэм и нэхъыжь хъуа пэлъытэт. ТхакIуэм зэрихьэр 1873 гъэм щхьэгъусэ хуэхъуа Бёрнетт Свон и унэцIэрщ. Зэщхьэгъусэхэм къуитI яIащ, Лайонеллрэ Вивианрэ. Фаунтлеройм и образыр нэхъыщIэм къытрищIыкIауэ хуагъэфащэ.

1880 гъэхэм Бёрнетт тхакIуэ цIэрыIуэ хъуакIэт, Инджылызми Америкэми къыщацIыхуу. Езыр Вашингтони Нью-Йорки щыпсэуащ. ТхакIуэм и кIуэгъужэгъуу щытахэщ Твен Марк, Уайльд Оскар, Джеймс Генри, Гарриет Бичер-Стоу сымэ, американ президентхэр, инджылыз премьер-министрхэр къыкIэлъыкIуэрт.

ПщIэ зыхуащI тхакIуэу щыта пэтми, 1886 гъэм «Фаунтлерой пщы цIыкIур» къыдэкIа нэужь, Бёрнетт цIэрыIуэ дыдэ хъуат, 20-рэ къыдагъэкIыжащ а тхылъыр. Япэу дунейм къыщытехьам мин 43-м нэс ящауэ щытащ.

ГъащIэр, дауи, бэрэбэнауэ макъ хэIэтыкIам щIэту екIуэкIыркъым, абыкIэ цIэрыIуэри зыми имыцIыхури зэхуэдэщ. Бёрнетт и къуитIым я зыр илъэс 16 фIэкIа мыхъуу щIилъхьэжащ, и унагъуэ насыпри кIыхьу къыщIэкIакъым. Къыдалъхуа Iэзагъым хуиту зезыгъэубгъуа тхакIуэм гурэ псэкIэ игъэва псори и напэкIуэцIхэм къытенащ.

Седжэнщ жызыIэм дежкIэ, Бёрнетт Фрэнсис и тхылъхэр псэм зезыгъэгъэпсэху, гур зыгъэзагъэ, теплъэгъуэ дахэкIэ нэгур зыгъафIэ защIэщ. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, адыгэбзэм къигъэзэгъа абыхэм зэкIэ зыри яхэткъым. Я нэхъыбэр роман жыпхъэм иту щытми, Бёрнетт и тхылъхэр кIыхьыIуэу щыткъым икIи къеджэгъуафIэщ. Аращ ахэр адыгэбзэми езэгъыну къыщIытфIэщIыр, тхылъеджэхэм къызэIуахынуи щIытедгъэгушхуэр.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: