УсакIуэшхуэм траухуэ

Республикэ сабий библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Я путь воспеваю и трудный, и смелый…» литературэ зэхыхьэ гуапэр. Ар къызэрагъэпэщащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ.

ЗэIущIэм ирагъэблэгъащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и профессор, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩауэцIыкIу Людмилэ. Гимназие №29-м и 6-нэ классым щеджэхэм ар яхутепсэлъыхьащ КIыщокъуэ Алим и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуахэм.

ЩауэцIыкIу Людмилэ къытеувыIащ цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа КIыщокъуэ Алим Хэку зауэшхуэм зэрыпхыкIам, Кулиев Къайсынрэ Гамзатов Расулрэ и ныбжьэгъуфIу зэрыщытам, абы и IэдакъэщIэкIхэм (романибгъурэ усэ тхылъ томиплIрэ) адыгэ, союзпсо, дунейпсо литературэхэр зэрагъэбеям. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи тхэуэ щыта КIыщокъуэм и «Щынэхужьыкъуэ», «Кхъужьыфэ», «Нал къута», «Лъапсэ» романхэр, щIэблэм къахуигъэна усэ телъыджэхэр ди зэманым поджэж икIи нобэми щIэупщIэшхуэ яIэщ.

КIыщокъуэ Алим усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэу зэрыщытам къыдэкIуэу жылагъуэ лэжьакIуэ пэрыту, жэуаплыныгъэ зыпылъ къулыкъухэр иIыгъыу къэгъуэгурыкIуащ, и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуащ. Аращ къэрал дамыгъэ куэд къыщIыхуагъэфэщар, цIыхум я гум фIыкIэ къыщIинар. УсакIуэшхуэр телэжьащ лъэпкъыбзэр, хабзэр, щэнхабзэр хъумэным, лъэпкъ литературэм зегъэужьыным. ЖыпIэнурамэ, КIыщокъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр дуней псом къригъэцIыхуащ.

Библиотекэм и лэжьакIуэхэм ягъэлъэгъуащ архивым къыхэна, КIыщокъуэ Алим и усэхэм къыщеджэж нэтынхэр. УсакIуэм щIэинышхуэ къытхуигъэнащ, и усэхэр, и псалъэхэр зыщIэлъ и уэрэдхэм теухуауэ жыпIэми. Псалъэм папщIэ, «На мою ладонь садитесь, птицы» уэрэдым Жырыкъ Зауррэ Тут Зауррэ мамырыгъэм, хуитыныгъэм, щIыхьым и гимн къыхащIыкIащ. Зэхыхьэр щиухым абы хэтахэр ирагъэдэIуащ Тут Заур игъэзащIэ а уэрэд цIэрыIуэм.

Алим къыщалъхуа щIыналъэмрэ абы щыпсэу и лъэпкъэгъухэмрэ илъытэу, фIыуэ илъагъуу щытащ, щIэныгъэшхуэ, зэфIэкI ин бгъэдэлъащ. УсакIуэ щэджащэм и тхыгъэхэр сыт щыгъуи яджынущ икIи ар зэи цIыхубэм щыгъупщэнукъым. ТхакIуэ пажэр цIыхубэм ягу къинэжыным, и цIэр лъэпкъ тхыдэм къыхэна хъуным и IуэхукIэ республикэм куэд щызэфIагъэкIащ. Налшык и уэрамхэм, Шэджэм аузым хыхьэ къуршыщхьэ лъагэхэм ящыщ зым Алим и цIэр фIащащ, абы и фэеплъыр тетщ и цIэр зезыхьэ уэрамым, тхакIуэр къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэ школым, КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэм, музей къыщызэIуахащ, и юбилейм теухуа нэтынхэр республикэм и телевиденэхэмрэ радиохэмрэ я лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыращ, абы теухуа тхыгъэхэр газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: