Акъылыншэр гъунэжщ

(Таурыхъ)

Зы лIыжь, пщIантIэм здыдэсым, и пхъумрэ и нысэмрэ пщэфIапIэм пкIэлъей щIахьауэ илъэгъуащ. «ПкIэлъейм сыткIэ хуей хъуа?» – игъэщIэгъуащ лIыжьым, бжэр Iуихри пщэфIапIэм щIэплъащ. ПкIэлъейр дапхъэм ираупсейри, лIыжьым и пхъумрэ и нысэмрэ теувэжат.

– ПкIэлъейр дапхъэм щхьэ евупсея? – еупщIащ лIыжьыр.

– Шатэм дылъэIэсыркъым, аращ щIедупсеяр, – жаIащ лIыжьым и пхъумрэ и нысэмрэ: пкIэлъейм теувауэ, дапхъэм тет шатэр, мэжаджэ хагъауэурэ, яшхырт.

– Аркъым, щатэр къефхьэхрэ Iэнэм тевгъэувэмэ, хъуркъэ? – жиIащ лIыжьым.

– Ар пэжи! – гуфIащ лIыжьым и пхъумрэ и нысэмрэ. – Абы ди акъыл хунэсакъым. – Шатэр дапхъэм кърахьэхри, Iэнэм етIысылIащ.

«Си пхъумрэ си нысэмрэ нэхъ акъылыншэ щыIэрэ щымыIэрэ зэзгъэщIэнщ», – жиIэри лIыжьыр ежьащ. Гъуэгу здытетым, щIалищ ярихьэлIащ: щIалищыр зозауэри гъуэгущхьэм тетщ.

– Щхьэ фызэзауэрэ, сыт фхузэрымыгъэгуэшыр? – еупщIащ лIыжьыр щIалищым.

– Дэ дызэшщ, – къыжраIащ щIалищым. – Ди адэр дунейм щехыжым, зы пыIэжь, зы щIопщ, зы Iэнэ, зы дзасэ къытхуигъэнащи, тхузэрыгъэгуэшыркъым: зэхудогуэшри е пыIэр, е щIопщыр, е Iэнэр, е дзасэр лей мэхъу.

– Лей хъур зэшищым я зым пхъэидзэкIэ лъывгъэс хъунукъэ? –жиIащ лIыжьым.

– Абы ди акъыл хуэкIуакъым, – жаIэри зэшищыр гуфIащ. – Уэ тхуэщI пхъэидзэ.

– Сэ пхъэидзэ зэрыфхуэсщIынуращ, – жиIащ лIыжьым, и шабзэр зэIуидзэри, – шищ здзынщи, шэр япэ къэзыхьыжым и пхъэр къикIауэ солъытэ.

– Узахуэщ, – жаIащ зэшищым, – дыарэзыщ.

– Фыарэзымэ, фыжэ, – жиIэри лIыжьым шищ идзащ.

Зэшищыр щызэрехьэжьэм, лIыжьыр ежьэжащ:

– Си пхъумрэ си нысэмрэ нэхърэ нэхъ щIагъуэкъым мы щыри, – жиIэри.

Ежьэри зы теуэгъуэ икIуауэ, лIы гуп ирихьэлIащ лIыжьыр: лIы гупым вы япхауэ джабэм далъэф.

– Выр дэнэ флъэфрэ? – игъэщIэгъуащ лIыжьым.

– Джабэм дыдолъэф, – къыжраIащ. – Сэр джабащхьэм телъщи, выр дэтлъэфынурэ фIэдгъэжынущ.

– Догуэ, – жиIащ лIыжьым, – выр джабэм дэфлъэф нэхърэ сэр къефхьэхмэ, нэхъ Iуэху зэфIэкIкъэ?

– Тхьэ доIуэ узахуэкIэ! – гуфIащ лIы гупыр. – Абы ди акъыл хуэкIуакъым.

«Си пхъумрэ си нысэмрэ нэхърэ нэхъ щIагъуэкъым мыхэри», – жиIэри лIыжьыр ежьэжащ.

Ежьэжри, зы теуэгъуэ икIуауэ, псы Iуфэм зы выгъашхэрэ зы щIалэрэ щрихьэлIащ: щIалэр выгъашхэм и бжьэм дэлъщ, выгъашхэм зретIэ-зресэ, щIалэр мэкIий-мэгуо.

– Уа жылэ махуэ хъун, вым и бжьэм сыкъыдэфх, севмыгъэукI, – зелIэж выгъашхэм и бжьэм дэна щIалэм.

– Дауэ зэрыхъуар? – еупщIащ лIыжьыр щIалэм, вым и бжьэм къыдихыжри.

– Зэрыхъуари сщIэрэ? – жиIащ щIалэм, и гур къихьэжа нэужь. – Выр псафэ къэсхуати, выбжьэ зэхуакум сыдэтIысхьащ, унэм зезгъэхьыжынщ жысIэри. Аращ вым хуэмышэчар: укъызимыхьэлIамэ, сыIэщIэкIуэдагъэнт. ИтIани епхауэ догъашхэ мы выжьыр! Нэхъ хьэтырыншэ урихьэлIагъэн, тхьэмадэ?

ЛIыжьым абдеж къыщигъэзэжри, и унэ ихьэжащ: «Си пхъумрэ си нысэмрэ нэхърэ нэхъ акъылыншэр гъунэжи!» – жиIэри.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: