Тхыдэ хьэпшыпхэм я хъумакIуэ

ГукIи псэкIи лъэпкъым зэрыхуэщхьэпэн Iуэху зэрихуэу и гъащIэр ехь Жумай Анзор. Лъэпкъым и зыужьыныгъэм, тхыдэр хъумэным, анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъын, адыгэ хабзэр я Iэпэгъуу щытын щхьэкIэ адыгэлIым зэфIимыгъэкI щыIэкъым. 
АдыгэлIым и шыфэлIыфэр уи нэгу къыщIигъэувэу адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIащ Анзор. Дыжьынымрэ фэмрэ къыхэщIыкIауэ фащэр зыгъэдахэ хьэпшыпхэм я тхыдэр жыжьэ къыщожьэ, ар лIакъуэкIэрэ зэIэпахыурэ нобэм къэсащ. 
Жумайм и музейм ущIыхьэн ипэ къихуэу нэм къыIуидзэр адыгэ пщIантIэм, жьэгум къыщагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэрщ. Ди адэшхуэхэм я лъапсэжь укъихута хуэдэщ шыуан зэфIэдзар, чейхэр, пхъэпсхэр, пхъэм зэрелэжь Iэмэпсымэхэр, мафIэ пэрыIэбэ, гу шэрхъ, шы лъэрыгъ, адыгэ фащэ хуэдэхэр щыплъагъукIэ. Абы жеIэ адыгэм сыт щыгъуи илъагъур и IэкIэ ищIыжу зэрыщытар, унагъуэм, губгъуэм къыщигъэсэбэпын Iэмэпсымэ зэрыхуэмыныкъуар. Абыхэм уаблэкIрэ, уней музейм ущIыхьэмэ, и лъэпкъ дамыгъэм деж щегъэжьауэ плъагъу псори телъыджэщ, дэтхэнэми тхыдэ щхьэхуэ иIэу. 
Жумайм и хъумапIэм щIэлъ хьэпшыпхэр зищIысыр, къыздикIар зэбгъэщIэн папщIэ жэщ-махуэ куэдкIэ убгъэдэсын хуейщ. ЖьакIуэрэ Iущу къызыпхутепсэлъыхь лIэщIыгъуэм, пащтыхьыгъуэм, хьэпшып я нэхъ цIыкIум и хъыбарым тхыдэ напэкIуэцIхэр нэрылъагъу пщащIыф, лIэщIыгъуэкIэ узэрагъэплъэкIыж, ди эрэм ипэкIэ щыIа щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэхэр уагъэцIыху. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, хьэпшыпу музейм щIэлъым я «нэхъыжьыр» бзылъхугъэ Iэпщэхъурщ, къызыхэщIыкIар абджщ, щызэрахьар кобан щэнхабзэкIэ зэджэ лъэхъэнэрщ, ар ди эрэм ипэкIэ 1100-400 гъэхэрщ. 
Нэхъ уасэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщщ япэ дыдэу, 1951 гъэм, къыдэкIа «Нартхэр» тхылъыр. Ар аукционым къыщищэхуащ сом мин 40-кIэ. 
Анзор и гъэтIылъыгъэхэр мин 70-м щIегъу, абы щыщу дэ тлъэгъуар проценти 10-20 къудейщ. ИтIани нэр пIэпихыу телъыджэщ, дыжьын къабзэм къыхэщIыкIа бгырыпххэр, дыщэпс зытегъэлъэда сэшхуэхэр, блэкIа лIэщIыгъуэхэм зэрахьа сэхэр, къамэхэр, цIыхухъу, цIыхубз фащэхэр зэрагъэщIэращIэу щыта хьэпшып цIыкIуфэкIухэр, пшынэхэр, бэрэбанхэр, пхъэцIычхэр, хьэзырхэр, адыгэ уэрэдыжьхэр зытет пластинкэхэр, 19 лIэщIыгъуэ лъандэрэ и анэшхуэм ейуэ нобэм къэса фисгармонкIэ зэджэ щIым щыт макъамэ Iэмэпсымэр, и адэр зыхэлъа гущэр, гущэ щхьэнтэр, цIыбэр…
Лъэпкъым, и адэшхуэ-анэшхуэхэм къащIэна хьэпшыпхэм нэмыщI, абы и гъэтIылъыгъэхэм узыщримыхьэлIэ щыIэкъым. Музейм щIыпIэ щхьэхуэ щиубыду къысщыхъуащ ахъшэхэмрэ ахъшэ жьгъейхэмрэ. Монгол-тэтэр ахъшэ, мамлюкхэм зэрахьа ахъшэ, Узбек-хъан и дыжьын жьгъей… Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри щIихъумэм щхьэусыгъуэ иIэщ. «Узбек-хъан и ахъшэр Семфирополь сыкIуэу къыщIэсщэхуар, хьэл зэпIэзэрыт, пэжагъ зыхэлъ пащтыхьу тхыдэм къызэрыхэнарщ, ар и блыгущIэтхэми, пащтыхьхэми, бийхэми зэхуэдэу яхущытт, пэжагърат япэ иригъэщыр», - жеIэ Анзор.  
Жумайм и хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр иджыпсту Урысейм и къалэхэм дэт музеитхум щокIуэкI. Абыхэм языхэзым щIэтщ адыгэ афэ джанэр. НобэкIэ сом мелуани 8-м нэс къратыну къраIуэкI пэтми, ар зэрищэн мылъку щыIэкъым. «Си гъэтIылъыгъэхэм уасэ хуэсщIу цIыхум есщэфынукъым, си гъащIэм уасэ хуэзгъэувыфыну? Мис абы хуэдэщ хьэпшыпхэри», - жеIэ абы.
ЩIыхь тхылърэ щIыхь дамыгъэу Анзор иIэр бжыгъэншэщ. Абыхэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 95-рэ, 100 щрикъухэм ирихьэлIэу Налшык щрагъэкIуэкIа гъэлъэгъуэныгъэхэм зэрыхэтам папщIэ кърата ФIыщIэ тхылъыр; адыгэм и тхыдэр хъумэнымрэ лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэр къэIэтыжынымрэ хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ Шэрджэс Хасэм къыхуигъэфэща ЩIыхь тхылъыр, Новороссийск къалэм Коллекционерхэм я слету щекIуэкIам зэрыхэтам папщIэ ЩIыхь тхылъыр, нэгъуэщI куэди. 
ЛIыгъэщIапIэ лIы икIуадэркъым жыхуиIэм хуэдэу, Анзор и хьэпшыпхэр щигъэлъэгъуа щIыпIэхэмрэ къыхуагъэфэща дамыгъэхэмрэ куэд мэхъу. Ар зыхэт гъэлъэгъуэныгъэхэм еплъыр коллекционерхэм я закъуэкъым, атIэ апхуэдэ зэхыхьэхэм тхыдэр зыфIэгъэщIэгъуэн куэд къыщызэхуос. Бысым щIалэм зэрыжиIэмкIэ, щхьэпагъ куэди япылъщ абыхэм. «Дэ тхуэдэ коллекционерхэр утыкушхуэхэм ихьэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, зы лъэпкъым зэрихьэ хьэпшып, къыдэгъуэгурыкIуэ хабзэ нэгъуэщIым къищтэну иужь щихьэ щыIэщ. Дэ нэхъыбэрэ зэхыхьэхэм дыкIуэмэ, нэхъыфIу дыкъацIыхунущ, ди беягъымрэ шыфэлIыфэмрэ зыми хэгъуэщэнукъым. Адыгэ шы лъэрыгъыр зейр тэтэрхэращ жиIэу зыгуэр къызэдэуащ сэ. Ар ди лъэпкъым ейуэ зэрыщытым и нэщэнэ куэд къыхуэсхьри, и фIэщ сщIащ. Дэ езым ди лажьэжщ апхуэдэу зыгуэрхэр къызэрыдэныкъуэкъур. Нэхъыбэрэ цIыхухэм дахыхьэн, закъедгъэцIыхун хуейщ. 
Си къуажэ къудейр къащти, цIыху IэпщIэлъапщIэу, IэпэIэсэу дэсыр пхужыIэнкъым, ар адыгэм къыдэгъуэгурыкIуэ Iэзагъщ, зэфIэкIщ. Си щхьэр лъагэу сагъэлъагъуж адыгэсэ, адыгэ пыIэ, уанэ ящIу, гъущIым, пхъэм елэжьу, адыгэ фащэ яду ди Хьэбэз дэсхэм. 
Езым и адэ-анэм драгъэхьэхыу бгъэхэIу дамыгъэ цIыкIухэр зэхуихьэсын щIидзауэ арами, илъэс 20 - 30-кIэ узэIэбэкIыжмэ, лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуа хьэпшыпхэр ебэкI хъуащ къыIэрыхьэхэм. 
Илъэс 50 хъуауэ зэхуехьэс Анзор и хьэпшыпхэр. Хьэбэз къуажэм и администрацэм щIы хухихащ Жумайм, музей ящIу и хьэпшыпхэр щIалъхьэну. Ауэ ар езым къищэхурэ унэр трищIыхьыжмэ, нэхъ къищтэу, дэфтэр Iуэхухэр зэфIигъэкIауэ, дяпэкIэ музей ищIыну и мурадщ. 
«Музейр си хьэпшыпхэм я гъэтIылъыпIэ къудей мыхъуу, адыгэ щIалэгъуалэр бзэмрэ хабзэмрэ щыщIапIыкI, тхыдэм щыгъуазэ щащI унэу щытыну сыхуейщ. Абы и пщIантIэм сабий джэгупIэхэр дэтынущ, зыгъэпсэхупIэхэр иIэнущ. Ауэ си лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм я дежкIэ нэхъыщхьэр адыгэбзэкIэ псэлъэнращ, адыгэбзэкIэ мыпсалъэ сабийм сэ гулъытэ хуэсщIыфынукъым. 
КъищынэмыщIауэ, ар туристхэм я кIуапIэу щытынущ. Блэж-къыблэжыжхэр абдеж къэувыIэмэ, къыздэкIуа щIыр, къызыхыхьа лъэпкъыр, абы и дуней тетыкIэр, и щыIэкIэ-псэукIэр, хэкур зыхуэдэр зрагъэцIыхуфынущ. 
Щэнхабзэр зыхъумэ уэрэджыIакIуэхэм, къэфакIуэхэм, тхыдэджхэмрэ ар цIыкIухэм езыгъэджхэмрэ куэдкIэ къащхьэщокI си IэщIагъэр. Мызэ-мытIэу школакIуэхэр щыIащ си деж. Музейм щIэлъ ахъшэхэр къащти, абыхэмкIэ тхыдэр нэрылъагъуу езгъэджыфынущ ныбжьыщIэхэм, ди эрэм ипэкIэ щыIахэмрэ къэхъуахэмрэ езгъэлъагъуфынущ зэхуэсхьэса хьэпшыпхэмкIэ. Дерс гъущэм щIэс нэхърэ, апхуэдэ зэпсэлъэныгъэм мыхьэнэ нэхъыбэ зэриIэр, сабийхэм нэхъыбэ ягу зэрыраубыдэр згъэунэхуащ», - жеIэ тхыдэм и хъумакIуэ щIалэм. 
 

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: