Дызыщымыгъуазэ быдапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и зы кIапэ къэмынэу зэрыщыту яджауэ жаIэ. Арами, тхыдэм ущIриплъэжын щхьэусыгъуэ гуэрхэр къыкъокI кIэщI-кIэщIурэ. Абыхэм ящыщщ Урыху къуажэм и Iэхэлъахэм къыщагъуэта быдапIэр. 
Абы гу лъитэри, Урыху къуажэм щалъхуа, налшыкдэс Рэмэзан Мухьэмэд хуэтхащ лъахэхутэ Котляров Виктор. 
«Сэ Налшык къалэм сыдэсщ, ауэ сыщалъхуар Урыхущ. Къуажэ щIыбым къыдэлъ джабэ лъапэм зэгуэр щысащ Къугъуэлъкъу зэшхэм я жылэжь. ЗэраIуэтэжымкIэ, а жылэр щысащ абдеж Тамерлан хэкум къыщихьа лъэхъэнэ жыжьэм. Мыбдеж кхъуэщын хьэкъущыкъу зэмылIэужьыгъуэхэр, щыгъэхэр, хьэпшып дызыщымыгъуазэ гуэрхэр къыщIах зэпытщ, ауэ щIэныгъэлIхэм зэгуэр яджауэ сщIэркъым. Ауэ, ди нэхъыжьхэм зэраIуэтэжымкIэ, си адэшхуэм и адэм и къуэш нэхъыщIэ Ахьмэд а щIыпIэм кхъуэщын из дыщэ къыщигъуэтри, и унагъуэр щIыгъуу Тыркум Iэпхъуауэ щытащ 1903 гъэм. Хъыбар гуэрхэри щыIэщ дызытепсэлъыхь жылэжьым деж дыщэ тешанкIэ щыщIатIауэ. 
Шыпсэу щытынкIи мэхъу, ауэ шыпсэми зыгуэр лъабжьэ хуэхъуркъэ?! 
Си гуапэу хьэщIапIэ къызогъэблагъэ! Зи гугъу сщIы къуажэжьыр уэзгъэцIыхуну, уэзгъэлъагъуну сыхуейщ».
Котляровым зэрыжиIэмкIэ, тхыгъэр къыIэрыхьа нэужь, и нэгу къыщIидзэжащ Урыхупсым и сэмэгу Iуфэм быдапIэм ещхьу Iуащхьэ гуэр зэрыщытыр. Ар нэхъапэIуэкIэ къихутат щIэныгъэлI Молоканов Олег. И ныбжьэгъум щыкIэлъыгъуазэм, Молокановым жеIэ Рэмэзаныр зытепсэлъыхь щIыпIэр зыхуэзэ дыдэр. Ар хым елъытауэ метр 459-кIэ Iэта быдапIэщ, лъагагъкIэ зэхуэдэкъым, картэм зэрырагъэувэри илъэс зыбжанэ хъууэ аращ. Изыгъэувари, гъэщIэгъуэнкъэ, Калининград щыщ гуэрщ. «Нэхъапэм мыбдеж быдапIэ щытауэ хуагъафащэ», - жиIэу кIэщIэтщ. 
БыдапIэр ещхьщ вагъуэ къуапиплIым. КъекIуэкIыу жыг итщ, метри 180х180 и бгъуагъщ. Спутникхэм траха сурэтхэм тепщIыхьмэ, дызытепсэлъыхь быдапIэм машинэ цIыкIукIэ убгъэдыхьэфыну гъуэгу йокIуалIэ, икIи, метри 100-кIэ укIуэмэ, фермэ щытщ, губгъуэ щылъщ, гъуэгушхуэр блокI, псыми узэрех лъагъуэ цIыкIу нэгъунэ иIэщ. 
Ауэ хэт ищIами, дапщэщ яухуами, абдеж щысахэм сыт я натIэ хъуами зыми ищIэркъым.
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: