Зи хьэлымкIэ удэзыхьэх кинолIыхъужьТхылъ еджэ цIыхур зыужьыныгъэм и гъуэгум зэрытетым шэчышхуэ хэлъкъым. Ауэ бзэм хуэмышэрыуэ, зэрыцIыкIурэ тхылъ щэнхабзэм щIамыпIыкIа цIыхум литературэ губгъуэр хамэу къыщохъу. Ауэ щыхъукIэ, дэтхэнэ зыми зыдэплъеин щапхъэ къелъыхъуэ.
Еджэн зимыхьэлхэм ящыщ куэд фильмхэм дахьэх. Иужьрей зэманым къаруушхуэ ягъуэтащ тырку сериалхэм. Бзэрэ хабзэкIэ дэмыщхьэркъабзэми, американ фильмхэм елъытауэ, тырку режиссёрхэм къагупсысхэр дэ ди гъащIэм нэхъ къыщыбоцIыхуж.
Нобэ зи гугъу фхуэтщIынур «Бахар» зыфIаща сериалым къыхэщ кинолIыхъужьырщ. Сценаристым пщIэ нэхъ зыхуищI цIыхубзыр зэдвгъэгъэцIыхут.
Зы къуэрэ зыпхъурэ зэдэзыпI Бахаррэ Тимуррэ къадопсэу щIалэм и анэ цIыху псынщIэу и лIыр зезыхьэжын зымыдар. Сабийхэр ин хъуакIэщ, апщIондэху «егъэхын фIэкIа хуэмейуэ» унагъуэм ис псоми я Iуэхур дэзыгъэкI Бахар щIэныгъэри IэщIагъэри IэщIохужри, уеблэмэ и унагъуэм щыщхэм зэрамыпэсыжу мэхъу, ерыскъыр зэрышыугъэмрэ зэрымышыумрэ къраудэкI зэпыту. А псор цIыхубзым ирегъэх, зэгуэр «къызэрыуэнур» гурыIуэгъуэу. И лIыр дохутыр ехьэжьащ, я къуэ Ураз абы долажьэ, гуащэшхуэр ахъшэ ипхъынымрэ зыгъэщIэрэщIэнымрэ къыдэхуэркъым, япхъу Умай сурэт ищIын фIэфIщ. Ипхъури дохутыр зыщIыну щIэхъуэпс Тимур имыщIэу, Бахар пщащэр сурэт щIыным щыхурагъасэ студием ешэ, и уасэр езым къигъуэтурэ. И лIыр быдэщ, и гуащэр псынщIэщ, сабийхэр гъэфIащ. Унагъуэр а щытыкIэм иту, Бахар и жьэжьейр ямыхъуэжынкIэ Iэмал имыIэу къытохуэ. НасыпыфIэу зыкъэзылъытэж цIыхубзым и дунейр хуэмурэ къызэтокъутэ, апщIондэху и нэхэр къоплъэж. И лIым къызэримыгъэпэжыр, уеблэмэ я пхъум и ныбжьэгъу пщащэр адэкIэ зэришыпхъур къыщIощ, Тимуррэ абы сымаджэщым къыщыдэлажьэ Ренгинрэ куэд щIауэ фIыуэ зэролъагъу, Бахар имыщIэххэу абыхэм я зэхуаку дыхьа хуэдэущ хъыбарыр къызэрекIуэкIыр. А псор Бахар къищIэнутэкъым хъужа нэужь, и IэщIагъэр зригъэгъуэтыжыну, унэгуащэ къалэным деж зыщимыухыжу, медицинэм хуеджа дохутыру зэрыщытыр къищIэжу IэщIагъэм хэзэгъэжыну хуемыжьамэ. Бахар щыгугъыу еса унагъуэр абы хуейкъым. Тимур и щIасэр фызыр здэкIуэну сымаджэщым щолажьэ, япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, Бахар къэпщытэныгъэхэр итын папщIэ, курсхэм я уасэр иритын хуейщ, ар и щIасэм Iэпщэхъу лъапIэ къыхуэзыщэхуа Тимур къохьэлъэкI.
Тырку фильмхэм цIыхубзыр зэрыдэхуэхым гулъытэшхуэ хуащI. Бахар зэрыцIыхубзыфIыр, IэщIагъи щIэныгъи зэриIэр, ауэ щыхъукIэ езым и щхьэм пщIэ щIыхуимыщIыжын щытыкIэм зэрихуар ди нэгу къыщIагъэхьэ фильмыр къэзыгупсысахэм. Мы щытыкIэр дэри зэрыдимыхамэрщ абы дыщIытепсэлъыхьыр, ауэ щыхъукIэ мы темэр къыщыIэта зы спектакли зы тхылъи къытхуэгубзыгъыжыркъым.
И жьэжьейм щыщ Iыхьэ къезытыну зымыда и лIым игу бгъэдэкIуэтын щIедзэри, Бахар хуэмурэ пэжыр къыгуроIуэ, езыри занщIэу дохутыр мыхъуми, сымаджэщым щылажьэ псори къыдехьэх, IэщIагъэм хозэгъэж. Профессорым и къуэу, IэнатIэфIхэр къыIэрыхьэу, хамэ къэралхэм щрагъаджэу къэгъуэгурыкIуа Тимур цIыху мыхьэнэншэу къызэрыщIэкIыжам гупсысэр хуешэ сценаристым. Уи гъащIэм уелъэпауэ зэрымыхъунум, зыхуэмыфащэ цIыхухэм хуиту лей зэребгъэхьэху, цIыхугъэмрэ напэмрэ уепцIыжа хуэдэу зэрыхъум щхьэхуимыту дыхуешэ мы фильмым.
«Си натIэм итыр къыхызох!» - а псалъэшхуэр и гум илъу гъащIэм холъадэ Бахар. Абы «зыкъищIэжыну», зыузэщIыныгъэм и гъуэгу теувэжыну мурад зэрищIу, и хъуреягъкIэ екIуэкI гъащIэ зэхэзэрыхьами зехъуэж. КIыхьу зэрысымэджам узыншэным и мыхьэнэр къыгурегъаIуэ цIыхубзым. Езым псэуну, насыпыфIэну, и гум илъым едэIуэну хуит зимыщIыжыху, Бахар и Iыхьлыхэри гъуэгу пхэнжым тетащ. Езыр псэкIэ зыхуеIэм зэрытегушхуэу, и бынхэми, и ныбжьэгъухэми, уеблэмэ и жагъуэгъухэми здаунэтIыпхъэ гъуэгур къагъуэт.
Сюжетыр дапхуэдэу ямыIуантIэми, тырку сериалхэм унагъуэр, быныр, зэхущытыкIэ дахэр щагъэнэхъапэ. КъухьэпIэ фильмхэм «цIыхур зыхуитым» ирахулIэ щхьэкIэ, уи гукъыдэжым нэгъуэщIым лей ирихмэ, абы зэреджапхъэр щхьэзыфIэфIагъщ. «Бахар»-м щэнхабзэ щапхъэу къыхэщыр артистхэм уэрэд зэрыжаIэфым, сурэт зэрахуэщIым и закъуэщ, цIыхур фIым хуэзыунэтI нэщэнэу къыхэщыр гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэщ, зэхущытыкIэ пэжымрэ хьэрэмыгъэншагъэмрэщ. ИтIани, цIыхубзым и хьэкъым къыщхьэщыжыну мурад ящIамэ, ар мы фильмыр зыгъэувахэм къехъулIащ. Илъэс блэкIам зэпеуэу утыку ита сериал псоми «Бахар»-р ятекIуауэ къыщIэкIащ. Роль нэхъыщхьэр зыгъэзащIэ Эвгар Демет киноми театрми щоджэгу, ди нэгу къыщIигъэувэр куэд щIауэ дызыхуэзэша «цIыхубз къызэрыгуэкIщ», унэгуащэн къалэным хуэмыщхьэх, гушыIэ зыхэлъ, «жьым тесу псым епыдж» псэ хьэлэлщ, и кууагъри мычэму. Фильмыр зэхэзыгъэувахэм сытым дежи гу лъыдагъатэ Бахар гурыгъуазэ узыншэ зэриIэм, и анэр фIы дыдэу зэрилъагъум, и бынхэм псэкIэ зэрапыщIам, уеблэмэ лей къезых цIыхури и щхьэм зэрыдригъэкIуеифым. Удихьэхыу фильмым къыхощ Бахар и ныбжьэгъумрэ езымрэ я зэхуаку дэлъ дзыхьыр, абы и фIыгъэкIэ актрисэм и гум илъыр къыдощIэ. ГъащIэр дапхуэдэу къекIуэкIми, псом нэхърэ нэхъыщхьэр абы цIыху хуэдэ цIыхуу ухэтынырщ – арагъэнщ мы фильмыр зыгъэувахэм я гупсысэр.
Поделиться:
Читать также:
17.01.2025 - 13:00 →
Мэжэр щIэныгъэлIым и псалъалъэр
16.01.2025 - 14:23 →
Щэнхабзэр зи Iэпэгъу
15.01.2025 - 16:14 →
Си Iуэху зыхэмылъым сыхэIэбакъым
15.01.2025 - 14:08 →
ХьэщIэм и пщIэр лъагэт
15.01.2025 - 12:26 →
Мэлыхъуэ башым и пщIэр лъагэ хъуат
|