Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Лермонтов Михаил къызэралъхурэ илъэс 210-рэ зэрырикъур жэпуэгъуэм и 15-м Урысейм и щIыналъэхэм я музейхэм, курыт еджапIэхэм, библиотекэхэм, усакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым Лермонтовым фэеплъитI щыхуагъэуващ. Зыр - усакIуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым 2006 гъэм щагъэуващ, адрейр - ХьэтIохъущыкъуэм и жыг хадэ ихьэпIэм деж. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ КъБР-м и цIыхубэ художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик ГъущIапщэ Арсен.
- Фэеплъыр я жэрдэмщ усакIуэ, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан зи пашэ гупым. Лермонтовым и тхыгъэхэр фIыуэ зылъагъу икIи абыхэм фIыуэ щыгъуазэ Ацкъаным ахэр адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ. Абы игъэщIагъуэу къыхегъэщ усакIуэм Кавказым триухуа и поэмибгъум и зэхуэдитIым адыгэхэм зэрыщытепсэлъыхьыр. Апхуэдэ усакIуэм ди щIыналъэм фэеплъ щыхуэгъэувын хуейуэ къыщIилъытари аращ, - жеIэ ГъущIапщэм. – Эскизхэр згъэхьэзыра нэужь, абы ящыщ зы игу ирихьащ Ацкъаным. ЕджапIэ нэужьым си япэ лэжьыгъэ хъуащ ар. «Псэ жыгыр» нэхъ иужьыIуэкIэ сщIами, ар япэ ягъэуват. Мывэм къегъэлъагъуэ усакIуэм адыгэхэм хуиIа пыщIэныгъэр.
Фэеплъым папщIэ ахъшэ зэхэдзэ ящIащ. ГъущIапщэм и лэжьыгъэм щхьэкIэ уасэ къаIихакъым. Ар щагъэувыну щIыпIэр къыхихат КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ (езыр а Iуэхум хэтыну къыхуиухатэкъым). Фэеплъыр къызэIухыным ехьэлIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтыну Налшык кърагъэблэгъат усакIуэм и Iыхьлы икIи и цIэджэгъу, Лермонтовым и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI Лермонтов Михаил. ХьэщIэм фэеплъыр хуабжьу игу ирихьат икIи и фIыщIэ псалъэхэм къыхигъэщат Лермонтовым и усэхэр Кавказ лъэпкъхэм зэрапэгъунэгъур, абы и тхылъхэм щIэупщIэ зэраIэр зэригуапэр.
Лермонтовым и етIуанэ фэеплъыр Бахъсэн къалэм къыщызэIуахауэ щытащ 2023 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм, усакIуэр дунейм щехыжа махуэм ирихьэлIэу. Ар зи жэрдэмыр Бахъсэн къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчимт. Лэжьыгъэр зыщIар скульптор Катони Станиславщ.
- Лермонтовым и тхыгъэхэр, усакIуэм и поэмэхэм Кавказым, абы щыпсэу цIыхухэм къыщытхуищIа гулъытэр си дежкIэ уасэншэщ. ХудожествэхэмкIэ Урысей академием сыщыщеджэ зэманми си хъуэпсапIэт абы и фэеплъ сщIыну. Абы щыгъуэ эскизхэри згъэхьэзырат. АбыкIэ фIыщIэр зейр Iуэхур зи жэрдэм Мамхэгъырщ, - жеIэ Катони Станислав.
Фэеплъым текIуэда мылъкур къыхэкIащ Бахъсэн щIыналъэм и бюджетымрэ къалэр зэIузэпэщ щIыным хухаха федеральнэ грантымрэ.
КъыжыIапхъэщ, Кисловодск къалэм щыIэ «Долина нарзанов» экопаркым Лермонтовым фэеплъ 2022 гъэм зэрыщыхуагъэувар. Ар и Iэдакъэ къыщIэкIащ ди республикэм щыщ художник Iэзэ Тхьэзэплъыж Руслан.