«Адэжь хъыбархэр» зи фIэщыгъэ тхылъ гъуэзэджэр дунейм къытезыгъэхьар «Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр зыфIаща Шэрджэс Алийщ. IуэрыIуатэрэ тхыдэу абы щызэхуихьэсыжам ящыщщ Хьэтхыкъуэ Мыхьэмэт – гъуазэм теухуари. ТхакIуэм ар къыжезыIэжар Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм Iус Зеикъуэ къуажэм дэса Чыржын Хъусинщ.
Мыбы ипэ тредгъэдзам кIэщIу дриплъэжмэ, Iуэхур къызэрекIуэкIар мыпхуэдэущ:
Дзэзешэ Угъурлы зи пашэ шу гуп къэкIуэжырт. Къалъэгъуащ ипэ ит плъырхэм ящыщ зыр теутIыпщхьауэ къазэрыхуэжэр. Шур къэсри:
- Уа-а, Угъурлы, Хьэтхыкъуэ сабий цIынэ къыщыдгъуэтащ! ЩIалэ цIыкIущ! Тхьэшхуэм игу къыпщIэгъуагъэнщ, бын зэрыуимыIэр илъагъури! – жиIащ.
… ЩIалэм щаущэхуатэкъым зыпIахэм къызэрамылъхуар. И адэм, еупщIыну хуитыныгъэ къыIихри, елъэIуат Iуэхум хищIыкIым щыгъуазэ ищIыну. Адэр и щIалэм зыкъомрэ зыри жимыIэу къеплъри:
- Укъыщыдгъуэтар Хьэтхыкъуэ и кхъэнсэгулъэм дежщ, укъэхъуа къудейуэ, ухъыданжэрумэу. Сыт хуэдизрэ Iэхэлъахэр щIэдмыщыкIами, уи анэм и лъэужь дыIущIэн тлъэкIакъым. Ауэ, сэ сызэрегупсысауэ щытамкIэ, уи анэр кIэс тыгъэу Кърымым къыщыхутагъэнущ.
… Мыхьэмэт (арат щIалэм фIащар) нэсащ Кърымым. Адыгэ макъ щызэхихым деж щыщIэупщIэурэ, абы нехус Бахъшысэрей. Къалэ гъунэм щыту унэ пхэнжыжь цIыкIу гуэрым екIуалIэри, ар зейр фызыжь закъуэрэ адыгэбзэ ныкъуэу къыщIэкIащ. Фызыжьым, Нурхъан, щIалэм къыжриIащ илъэс куэдкIэ узэIэбэкIыжмэ, езыр зыхуэпщафIэу щыта хъаным и бейгуэл нэхъыжьым Адыгэм бзылъхугъэ зытIущ къришауэ зэрыщытар.
Мыхьэмэт фызыжьым жриIащ езым и къэгъуэтыкIэ хъуар, зэрыхъу илъэс бжыгъэр. Нурхъан Iэджи щIат беижьым и пщIантIэм къызэрыдадзыжрэ, ауэ хущхъуэ-щхъухькIэ Iэзэти, сыт щыгъуи дагъыхьэрт.
Фызыжьым щIалэр къигъэгугъащ пщэдей жэщ сэрейм кIуэуэ бзылъхугъэ пщафIэхэм яхэупщIыхьыну. Апхуэдэуи ищIащ. Беижьым хьэщIэ къыхуэкIуэну, жэщым ерыскъы куэду ягъэхьэзырын хуейти, фызыжь Iэзэри, я гуапэу, зыхашащ дэIэпыкъуэгъуу.
Жэщ ныкъуэм фIэкIауэ, Iуэху мыпсынщIэм хэзэшыхьа бзылъхугъэхэр тIэкIу загъэпсэхуну щызэхэтIысхьэм, ныуэжьым къахелъхьэ хэт и гъащIэм гуимыкIыжу сыт къыщыщIами жиIэжыну. Абы псори арэзы тохъуэ.
Нурхъан кърегъажьэри, хъыджэбзыжь цIыкIуу я къуажэм и гъунэгъуу мэмкъутыхьэ кIуауэ къадыгъуауэ зэрыщытар, абы лъандэрэ къэзылъхуаи къыдалъхуаи зэримылъэгъуар къажреIэ. Адрейхэми нэгъуэщI жаIэж.
Ауэ ахэратэкъым фызыжьыр зыхуейр. Псоми жаIэм къыхэмыхьащэу лъэныкъуэкIэ щыст пщафIэ нэхъыжьыр. Ар и щIалэгъуэм нэгъэсауэ дахэу зэрыщытар игъэнаIуэу пкъы зэкIужт, лейуэ зы кIэрылътэкъым, и щхьэцыр хужьыбзэу тхъуами, иджыри удэзыхьэх, узэзышалIэ къару иIэт. Псори псэлъауэ ар къыщынэм, фызыжьым абы зыхуегъазэ:
- Дэ псоми лъэпощхьэпо Iэджэ къытщыщIащ, дыхуэмейуэ мыбы дыкъыщыщыхутакIэ. Ауэ, дэ ахэр дыущэхукъым, уи гукъеуэр зыгуэрым къыбдигуэшыху нэхъ мащIэ мэхъу, къыддэгуашэ уэри! – жиIэу.
Фызыр хьэлъэу хэщэтыкIри:
- Си гукъеуэ мыткIужыр къысхуэзыгъэпсынщIэн щыIэкъым, езы Тхьэшхуэм къинэмыщIа. Ауэ, фыщылъаIуэкIэ сэри вжесIэнщ гъащIэ гукъутэу къысщыщIар! - жиIэри, пщафIэ нэхъыжь КIурашэ гъунэгъуу къахэтIысхьэри, макъ щэху псэм хэтIысхьэкIэ къахуиIуэтащ а дызыщыгъуазэххэу и къекIуэкIыкIар. Ар Нурхъан зылъыхъуэ дыдэрати, и нэпсхэр къежэхыу щыс бзылъхугъэ дахэм жреIэ:
- Тхьэм пхузэблих уи гукъеуэр, си хъыджэбз! НакIуэ, тIэкIу жьы зыщIедгъэхунщи, ди Iуэхум пыддзэжынщ! – жеIэри, фызыр къыщIеш.
Зыми зэхимыхыну лъэныкъуэ зыщрагъэзым:
- Си хъыджэбз, уи насыпыр къыкъуэкIыж си гугъэщ! - жреIэ адыгэбзэкIэ. - Си деж уи лъыхъуакIуэу зы адыгэ щIалэ къудан къеблэгъащи, мы дунеижьым зы пэжагърэ зэхуагъэ гуэррэ тетыжыххэмэ, ар уи щIалэрауэ щытын хуейщ! Къыщыплъхуам сыт дэплъэгъуат ар кърипцIыхужыну?
- А-а, си псэр зэзгъэшхын нанэ, ар пэжу къыщIэкIмэ, си гъащIэу къэнэжар уи унэIуту пхуэсхьынщ, си IэгуитIыр лагъэрэ фалъэрэ пхуэсщIынщ! Зи дунейр нэхурэ зи гъащIэр кIыхь тхуэхъун угъурлыжь Нурхъан, сабийр ди джанэкIэ къыпыттхъам щыкIуэцIытшыхьым слъэгъуат и блатхьэ щIагъ сэмэгум бадзэ хуэдизу анэл зэрыхэлъыр. Плъыжьыфэт.
- АтIэ, уэ гупым яхыхьэж, сэ сыкIуэжынщи, а уи щыхьэтыр хэтрэ хэмытрэ къэсщIэнщ, си жеин къакIуэу сыкIуэжауэ яжеIэ! - жи Нурхъан.
- Зэ къызэтеувыIэт! Ерыскъы уэстынщи, хуэхьи егъэшх! Си щIалэрамэ - къару щIэмычэ хурехъу, армырами – адыгэ анэ къилъхуащи, быдзышэ хужьу и хьэлэлщ! – жиIэщ, щIэлъэдэжри, Iэлъэныкъуэ хъуржын из ерыскъы къыхущIихри, Iэ къыдилъэурэ къиутIыпщыжащ. Дунейр зэфIэтыху зы ани и фэм дремыкI а жэщ ныкъуэ къэнэжам КIурашэ тхьэмыщкIэм и фэм дэкIар!..
МыдэкIэ фызыжьыр къэсыжри, щIалэм зригъэщIауэ жейти, игу щIэгъури къигъэушакъым.
Нэхутхьэху къызэрыхъуу къегъэуш, къызыфIимыгъэIуэхуурэ и бгым нэс зрегъэпхъэх, езым трикIэурэ зрегъэтхьэщI. Мыхьэмэт и блатхьэ сэмэгум и щIагъ анэл плъыжьыфэшхуэ хэст. Ар зэрилъагъуу псыр къызэжэх щIалэм и пщэм зришэкIри, IэплIэ хуищIащ, и нэпсхэр къыфIекIуауэ.
- Си щIалэ нэху, уи анэр хьэкъыпIэкIэ къэбгъуэтыжащ, псэущ, узыншэщ! Ныжэбэ сыбгъэдэсащ. Езым и IэкIэ ищIауэ шхыни къыпхузигъэхьащи, сэ иджыпсту къыпхуэзгъэхуэбэжынщ! – жриIащ.
- Мы щIыналъэ гъэрыпIэ угъурсызым зы нанэ угъурлы исмэ, ар уэращ, си псэр зыхьэхун Нурхъан! СыткIэ пхуэспшыныжыфын а уэ къысхуэпщIар!
- А, си щIалэ цIыкIу! Мы пхалъэшхуэхэм сэ сахэкIуэдагъэххэщ, иджы уи анэри яхыумыгъэкIуадэу яхэпшыжыфмэ, мис ар и уасэщ сэ нобэ къэсыхукIэ сыщIэпсэуам! Зэрахэпхыжынум и Iэмалхэми итIанэ дегупсысынщ, уи анэм иджыри сыIущIэнщи, и гурыгъур хуэзгъэнэхуэнщ! – жиIэри, ныуэжьыр аргуэру бзэхыжащ. Зэи имылъэгъуа и анэм иупщэфIа ерыскъыр фIэIэфI дыдэу ишхщ, псори зэлъыIуихыжри, щылъынми щысынми емызэгъыу Мыхьэмэт шэджагъуэ нэгъунэ ежьащ и бысым нанэм.
ТIэкIу къалэжьым дыхьэу зиплъыхьыну триубыдауэ, Нурхъан къэсыжащ, аргуэру ерыскъы бэгъуарэ и анэм и темыпыIэжымрэ къыхуихьри.
- Си щIалэ, къалэм удыхьэ хъунукъым. Беижьым хьэщIэ лъапIэ гуэр къыхуэкIуауэ псори зэрызохьэ. Пщэдей а беижьым и пщIантIэшхуэм хьэщIэм и щIыхькIэ шурылъэс щигъэджэгунущи, мис абы хэти екIуалIэ хъунущ зи къару къигъэгугъэрэ зиш и дзыхь телъымрэ. Уи анэр бейгуэл нэхъыщхьэм и хуэIухуэщIэ цIыхухэр зытет хабзэ пырхъуэ лъахъшэм тетынущ, адыгэ фащэ щыгърэ лодан хужьыбзэри телъу. Уэ къыхуэпхьа гуфIэгъуэшхуэм и нэщэнэу, абы пщэдей зытрилъхьэнущ а лодан хужьыр. Арыншауи, а тетыпIэм нэхъ дахэрэ бжьыфIэрэ тебгъуэтэнкъым, ар уи псэмкIи пцIыхунущ зэрыуианэр! Убгъэдолъадэ къыбопхъуатэри – адэкIэ уи лIыгъэмрэ уи шым и шыгъэмрэ къызэрихьщ!
Нанэм зэхэщIа гуэр къретри:
- Умышынэу ефэ мыбы, си щIалэ, уигури уи псэри псэхуауэ пщэдджыжь уIущIэнущ, уи къаруми щIимычэу зыкъомрэ уиIыгъынущ! – жреIэри ирегъафэ.
Куэд дэмыкIыу щIалэр жей пщыхьэпIэншэм хелъафэ. Ар къыщыушыжам пщэдджыжьыпэт. АпхуэдизкIэ зигъэпсэхуати, бгым я нэхъ быдэр икъутэну къигъэгугъэрт. Езыми и Iэпкълъэпкъыр фIыуэ зэригъэкIщ, и бэчкъан алащэр игъашхэщ, илъэщIщ, уанапIэри и лъащхьэхэри хуищIэу хуиIуэтри, пщIантIэмрэ зыри здэмыхъей уэрам зэв цIыкIумрэ зыкъомрэ IумпIэкIэ къыщришэкIа нэужьщ уанэр щытрилъхьар. Шы зызыгъэпсэхуар лъэм еуэрт, идыдыкIыу джэгурт, Мыхьэмэт бгъэкIэ къеныкъуэкъурт, тепыIэжыртэкъым. Езыри шхэри зызэщIикъуэжащ. Фызыжьым гу лъимытэу щхьэнтэ щIагъым зы чысэ къыщIенэ, дыжьын ахъшэ изу.
И щIакIуэри кIэрипхэжщ, Iэщэхэри кIэрилъхьэжри, ныуэжь угъурлым IэплIэ гуапэ хуищIыжащ, дунейм тетыху IэфIу и гум зэрилъынур жриIэри…