Лермонтовым и фэеплъу

Зи илъэси 210-р жэпуэгъуэм дгъэлъэпIа Лермонтов Михаил зэрыпсэуа илъэс мащIэмрэ абыхэм джэрпэджэж яхуэхъуа пщIэ абрагъуэмрэ зэплъытыным уегъэIэнкун, апхуэдизкIэ инщ абыхэм я зэхуакури. 
 Лермонтовым и гъащIэ гъуэгур яджыныр IэщIагъэ зыхуэхъуахэм зэрыжаIэмкIэ, абы къызэринэкIащ усэ 400, поэмэ 30, драми 6, романи 3. Тхэн папщIэ, иджыри шакъэрэ къазыцрэ къыщагъэщхьэпа лъэхъэнэм зи зэманым и нэхъыбэр тхыгъэ гъэпсыным тезымыгъэкIуадэ цIыхум апхуэдиз IэдакъэщIэкI къызэринэкIыфыну уи фIэщ хъуркъым. Ауэ щыхъукIэ, езы усакIуэр псэууэ дунейм къытехьар зы усэ тхылъ закъуэщ. 
 Лермонтовыр цIыхуфIу щытауэ зыми жиIэркъым. ТеплъэкIэ мыгуакIуэу, щIалэ къекIукIэ уеджэн насыпым ар зэрыхэнар и тхыгъэхэми къыхощ. ЗытекIуэдэжари цIыхухэм ящыдыхьэшхын фIэфIу зэрыщытарщ. Ауэ, дэ къызэрытфIэщIымкIэ, иджыри зи акъыл мытIыса, илъэс 26-рэ фIэкIа зимыныбжьа цIыхур гъащIэ псо къэзыгъэщIам и мардэкIэ щIызэпуплъыхьын щыIэкъым. УсакIуэм и къалэн закъуэр зыхищIэм щымыфэрыщIынымрэ бзэр игъэIурыщIэфынымрэщ. Лермонтов а лъэныкъуэмкIэ имыгубгъуэ ихьауэ зы гурыщхъуи уигъэщIыркъым, и сатыр къэс щыгупцIанэщ. 
 Адыгэбзэм хъарзынэу къигъэзэгъа хъуащ Ацкъан Руслан зэридзэкIыу, тхылъ щхьэхуэу зыбжанэрэ къыдагъэкIа «Кавказ поэмэхэр». Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъ пасэу адыгэбзэм кърагъэзэгъа Лермонтовым и IэдакъэщIэкIхэр кIуэдыжыпэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Псалъэм папщIэ, «Демон» поэмэр иджыри Къармэ Iэуес зэридзэкIауэ щытащ. Щхьэ зэдзэкIыгъэу тIу диIэн хуей, нэхъыфIыр къыхэдвгъэх жаIэ хабзэщ цIыху гумызагъэхэм. АрщхьэкIэ тхыгъэ щIызэрадзэкIыр езы усакIуэракъым, уеблэмэ абы и тхыгъэм зыхамыгъэкIыжын папщIэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, Лермонтовым урысыбзэкIэ къемыджэфын куэд Къэбэрдей-Балъкъэрым искъым. Ауэ хамэбзэм къипх тхыгъэр уи литературэм щыщ мэхъу, абы и къаруущIэхэр кърегъэбл. Зы литературэ лъэрызехьэ дунейм теткъым зэдзэкIыгъэкIэ къыщIимыдзауэ. 
 Лермонтовым и усэхэм нэхърэ мынэхъ лъагэмэ, нэхъ къарууншэкъым и прозэр. Урыс тхакIуэхэм бзэ нэгъэса зэщIэкъуакIэ нэхъ къахэщ Чехов Антон тхэн IэзагъкIэ езым нэхъыбэ къызыбгъэдихауэ зи цIэ къриIуэр Лермонтовырщ. А лъэныкъуэми зызыхэдмыгъэкIыжыпхъэ щапхъэ щыдиIэщ. Тхыгъэр къызэрыщIэддза, Къардэн Бубэ зэридзэкIа «Ди зэманым и лIыхъужь» роман цIэрыIуэр лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм щIэлъщ. Мис абы щыщ пычыгъуэ: «Сэ гутедзэкIэ Тифлис сыкъикIыжырт. Си гум хьэлъэу илъыр зэрыхъур зы шумэдан цIыкIут, - абыи и зэхуэдитIыр Грузием теухуауэ тха гъуэгу тхыгъэхэмкIэ кудауэ. Абыхэм я нэхъыбэр, фи насыпти, кIуэдащ, ауэ шумэданыр, адрей хьэпшыпхэр щIыгъуу, си насыпти, хэмыкIуэдыкIIауэ къэнащ».
Мис ахэр къэбгъэщIэрэщIэжыну уасэ иIэтэкъым Лермонтовым и юбилейм ирихьэлIэу. 
 Кавказымрэ Лермонтовымрэ я зэхущытыкIэм къэдгъэзэжынщи, шэч хэмылъу, зи цIэ къыпхуиIуэн зауэ губгъуэ теплъэ зыбжанэ къызэринэкIащ зи гугъу тщIы усакIуэм. Пащтыхьым нэмыплъ къызэрыритым и щхьэусыгъуэкIэ Кавказым къыщагъэкIуакIэ, лIыгъэ къигъэлъэгъуэным хуэпабгъэу, Лермонтовми къару гуэр тригъэкIуэдащ ди щIыналъэр пащтыхьыдзэм Iэрыхьэным. ИтIани, зи щIалэгъуэр къуаншагъэм и бийщ. Зи лIыгъэ къеблыгъуэр езым бгъэдэмылъ хахуагъым емыхъуэпсапIэ иIэкъым. Арагъэнщ усакIуэм и урысыгумрэ кавказ гъэсэныгъэмрэ псоми фIыуэ тлъагъу ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил и образым щIыщызэригъэуIуфари, «Исмэхьил-бейр» зыми щIыпэдмыщIри. «Шэрджэс» жиIэху, Лермонтовым «адыгэ» жимыIагъэнри Iуэхум хэлъщ. Ауэ а псалъэм «Кавказым щыщ цIыху», «Кавказ щылъху» къригъэкIауэ щытми, «шэрджэс» псалъэр мыадыгэ фIэщыгъэ пхуэщIыжынукъым. Исмэхьил-бей и образым Лермонтовым ирикъуу хилъхьэфащ урысым и губжьри адыгэм и бампIэри. Дэнэ иджыри Кавказ зауэм и сурэтыр апхуэдэу нэгъэсауэ къызыхэщ литературэ тхыгъэ къыздипхыфынур? Лъэпкъ Iуэхуи, дин щхьэусыгъуи, зауэ зращIылIа лъэпкъыр щIэбгъэкъуэншэн къинэмыщI фIэгъэнапIи абы зэрыхэмытар «Исмэхьил-бейм» и едзыгъуэ къэс къыхощ: 
ФIым къыщхьэщыж адыгэлI пагэр
КъэмыскIэу малIэ, и пщIэр лъагэу. 
И унэ къыщIэна нысащIэм
Къыкъуэтщ и къамэ дзэ тIуащIэр. 
Лейм игъэшынэу, мащэм щыщтэу
И губгъуэ хуитхэм ар икIыныр 
Iэмал зимыIэт, ауэ пщылIу
Бийм дэпсэунырт лъэмыкIынур.
 Езы зауэм и гуащIэгъуэр къызэригъэлъагъуэ сатырхэр щIалэгъуалэм гъэ къэс, накъыгъэм и 2I-м интернетым щызэIэпах: 
Ес къуажэ гупыр, бийм IэщIэмыкIыфу. 
ХокIуэдэжыпэ Хэкум и быныфIхэр.
МафIэс мыухым, гъуэбжэгъуэщ нэхъей, 
Пшэр игъэуфIыцIу, гур егъэгужьей. 
И текIуэныгъэр мыжурэпэм фIэлъу, 
Бжэр Iуетхъ зауэлIу хьэкIэкхъуэкIэ Iэлым, 
Сабийхэри лIыжь кхъахэри еукI…
 ИпэжыпIэкIэ аращ Кавказым щыпсэухэм Лермонтовыр фIыуэ щIэтлъагъур: ди тхыдэр къыщIалъыхъуэн тегъэщIапIэ урыс усыгъэм къызэрыхинарщ. Аращи, девгъаджэ икIи дывгъэдж урыс усакIуэ щIалэм и тхыгъэхэр. Кавказым и гугъу ищI-имыщIми, тхэным къыхуигъэщIа, хъэтI зэгъэпэща зиIа Лермонтовым ар хуэфащэщ и IэщIагъэм къыщищта лъагагъымкIэ. 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: