ЩIалэгъуалэм я театрым и ехъулIэныгъэ

КъБКъУ-м и «Занавес» театрым зыкъыщигъэлъэгъуэнущ Москва щекIуэкIыну «КъэкIуэнум и цIыхухэр» («Поколение будущего») фестивалым. Ар ирагъэкIуэкI «Хэкум и тхыдэ» фондымрэ тхыдэмкIэ урысей зэгухьэныгъэмрэ, УФ-м ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. 

НэхъапэIуэкIэ студент театрым текIуэныгъэ къыщи­- хьащ а фестивалым хэту екIуэкIа «ЩIэныгъэр - къэралми ­дунейми» («Наука - стране и миру») урысейпсо зэпеуэм Ставрополь дэт Кавказ Ищхъэрэ къэрал университетым щекIуэ­- кIа и щIыналъэ Iыхьэм. Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я театр 20-м зыкъыщагъэлъэгъуащ абы. 
IэщIагъэ зыхуеджэкIэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ емыпхами, щIалэгъуалэм екIуу утыку кърахьащ драмэ, литературэ-макъамэ теплъэгъуэхэр. 
«Занавес» театр гупым игъэуващ Искалиевэ Гульнарэ и пьесэм къытращIыкIа «Экзамен гугъу» спектаклыр. Абы къыщыгъэлъэгъуащ балигъыпIэ иувэхэм я хьэл-щэнхэр, нэ­хъыжь­хэмрэ нэхъыщIэхэмрэ я зэхущытыкIэмрэ абыхэм я зэ­хуаку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэмрэ, щIэблэм зызэрагъэунэхужыр. 
ГЪУЭТ Синэ. 

Поделиться:

Читать также: