КIыщокъуэ Алим и махуэшхуэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Горький Максим и цIэкIэ щыIэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 110-рэ зэрырикъур республикэм Iэтауэ щагъэлъапIэ. Абы ирихьэлIэу Налшык къалэм фэеплъ зэхыхьэхэр щекIуэкIащ. 
Музыкэ Къэрал театрым усакIуэм и фэеплъ пшыхь щызэхэтащ. IуэхущIапIэм и пэIущIэ пэшым щагъэуват КIыщокъуэ Алим и гъащIэмрэ гуащIэмрэ ятеухуа лэжьыгъэхэр, тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр, абы и архивым къыхэна сурэтхэр, хуагъэува скульптурэхэр зытелъ дапхъэхэр. КIыщокъуэм и тхыгъэхэм ныбжьыщIэхэм къытращIыкIа сурэтхэри зэрыдыщIагъуар гуапэт. 
Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин икIи абы къекIуэлIахэм ягу къигъэкIыжащ КIыщокъуэ Алим и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ Краснодар крайм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI, Кубань щIыналъэм гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Макаровэ-Гриценкэ Светланэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм Ростов къалэм щиIэ щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шевченкэ Владимир, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, усакIуэ, тхакIуэ Хьэкъун Заремэ, Ингуш Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Накостоев Хаваш, нэгъуэщIхэри. 
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, Парламентым и депутатхэр, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщIым и къуэдзэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, усакIуэ, журналист Поповэ Нинэ, КIыщокъуэ Алим и цIэкIэ къызэрагъэпэща «Всадник чести» усыгъэ фестивалым хыхьэу нэгъуэщI щIыналъэхэм (Москва къалэм, Ростов областым, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Ингуш, Дагъыстэн, Шэшэн республикэхэм) я лIыкIуэу щэнхабзэмрэ литературэмрэ я лэжьакIуэ кърагъэблэгъахэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, еджакIуэхэмрэ студентхэмрэ. Фестивалыр къызэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ. 
Пшыхьым къыпащащ литературно-макъамэ IыхьэкIэ. Республикэм и артист пажэхэр КIыщокъуэ Алим и усэхэм къеджащ, и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр ягъэзэщIащ, экранымкIэ ягъэлъэгъуащ тхакIуэ цIэрыIуэр и усэхэм къеджэжу траха нэтынхэм щыщхэри.
Къумахуэ Мухьэдин Абхъаз Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэтхэм къабгъэдэкIыу къэкIуа хъуэхъу-телеграммэм къеджа нэужь, жиIащ мы махуэхэм «Всадник чести» фестивалыр щIыналъэм зэрыщекIуэкIыр, усакIуэшхуэр къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу. «Всадник чести» фестивалым хыхьэу республикэм и курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэм я зэIущIэхэр, литературэ махуэшхуэхэр къызэрагъэпэщащ. Темыркъан Юрэ и цIэр зезыхьэ Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм гупыж зыщIахэр щеплъащ режиссёр Журавлёв Василий 1958 гъэм КIыщокъуэм и тхыгъэм къытрищIыкIа «Лавина с гор» художественнэ фильмым. 
Сабийхэм къыхузэрагъэпэщащ «Iуащхьэ хужьым укъеплъыхмэ» махуэшхуэр. Абы хыхьэу ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей Къэрал драмэ театрым КIыщокъуэ Алим и усэхэм ныбжьыщIэхэр къыщеджащ, и тхыгъэхэм къытращIыкIа сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъи щрагъэкIуэкIащ. 
КъинэмыщIауэ, Республикэ сабий библиотекэ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэм щекIуэкIащ «Я путь воспеваю и трудный, и смелый…» литературэ зэхыхьэ гуапэр. ЗэIущIэм ирагъэблэгъат ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и профессор, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩауэцIыкIу Людмилэ. Гимназие №29-м и 6-нэ классым щеджэхэм ар яхутепсэлъыхьащ КIыщокъуэ Алим и гъащIэмрэ гуащIэмрэ теухуахэм. 
А псом къыдэкIуэу, гъэ къэси хуэдэу, КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ уэрамым тет фэеплъым деж пэкIу щекIуэкIащ. Зэхуэсахэм КIыщокъуэм и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь, усакIуэр къыщалъхуа икIи щыщIалъхьэжа Шэджэм щIыналъэм и Щхьэлыкъуэ къуажэм, абы дэт и фэеплъ музейм зэхыхьэм щыпащащ.
ТхакIуэ пажэр цIыхубэм ягу къинэжыным, и цIэр лъэпкъ тхыдэм къыхэна хъуным и IуэхукIэ республикэм куэд щызэфIагъэкIащ. Налшык и уэрамхэм, Шэджэм аузым хыхьэ къуршыщхьэ лъагэхэм ящыщ зым усакIуэ щэджащэм и цIэр фIащащ, абы и фэеплъыр тетщ и цIэр зезыхьэ уэрамым, тхакIуэр къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэ школым КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэ музей къыщызэIуахащ, езым теухуа нэтынхэр республикэм и телевиденэмрэ радиомрэ я лэжьакIуэхэм ягъэхьэзыращ, тхыгъэхэр газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуащ.
Зэманыр кIуэтэху, КIыщокъуэ Алим зэрыцIыхушхуэр адыгэ лъэпкъым нэхъри къыдгурыIуэурэ кIуэнущ. Абы къытхуигъэна литературэ лэжьыгъэхэр нэхъ лъапIэж хъунущ, сыту жыпIэмэ, гупсысэ куурэ псалъэ псокIэ псыхьащи. ЩIэблэр зыщIэппIыкIын тхыгъэ къыпхуагъэнэныр ар лъэпкъ гъуэгуанэ убзыхущ. 
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: