Сыт пщIащэхэр щIыпылъэлъыжыр?

Тхьэмпэхэр гъуэжь-плъыжьыфэ дахэ хъуарэ, дыгъэр гуащIэ мащIэмэ, псоми ящIэ - бжьыхьэр къэсауэ аращ. Алэрыбгъу щабэм утету бжьыхьэ уэрамым урикIуэну сыту фIы. Псоми тфIэфIщ пщIащэ пылъэлъыжыгъуэр. Ауэ куэдым ящIэркъым щIыуэпсым щэху зэрыхэлъыр, пщIащэр пылъэлъыжынми мыхьэнэшхуэ зэриIэр. 
Иналрэ Ланэрэ я анэм щIыгъуу уэрамым ирокIуэ хуэм дыдэу. ЦIыкIухэм псори яфIэгъэщIэгъуэнщи, зыщIэупщIэр бжыгъэншэщ. Анэ бзэ IэфIым а псоми жэуап нэс къахуегъуэт, зэдэлъху-зэшыпхъум я щхьэм Iэ дилъэурэ, дыкъэзыухъуреихь дунейм и зэхэлъыкIэр къагурегъаIуэ. 
Инал анэм зыхуегъазэ:
- Мамэ, бжьыхьэр къыщысам деж пщIащэхэр щхьэ пылъэлъыжрэ?
- КъэкIыгъэхэм, жыгхэм хьэуар ягъэкъабзэ. Абыхэм псы куэд зэщIашэн, дыгъэпс ягъуэтын хуейщ, я къалэныр ягъэзэщIэн папщIэ. Бжьыхьэр къэсрэ, щIыIэ хъуа нэужь, тхьэмпэхэм псы зэрызыщIаф къуэпсхэр щтыуэ, жыгыр уаем исыжынкIэ хъунущ. Ар къэмыхъун папщIэ, пщIащэхэр пылъэлъыжу аращ, - жеIэ анэм. 
- Мамэ! АтIэ, жыгым къыпылъэлъа пщIащэхэр щIымахуэм щIыIэм исыжынукъэ?! – къыгурыIуэркъым Ланэ.
- Пэжу! Еплъыт а цIыкIухэр зэрыдахэ… Гуэныхькъэ ахэр? – къыдожьу и шыпхъум Инали. 
- ЩIыуэпсым апхуэдэщ и зэхэлъыкIэр, цIыкIухэ. Ауэ пщIащэхэр щIыIэм исыжу кIуэдыжынукъым. Ахэр псыIэм, уэшхым, уэсым егъэфри, щIым хокIуэдэж, ар игъэпшэру. ПщIащэхэр щIым хэмыкIуэдэжу щытатэмэ, къэкIыгъэхэм къэкIын щагъэтыжынут.
- Уа-а-рэ! Сыту гъэщIэгъуэн, - мэгуфIэ зэдэлъху-зэшыпхъур. 
- Сэ сыхуейт пщIащэхэр сытым дежи гъуэжь-плъыжь дахэу щытыну. Апхуэдэу нэхъ дахэщ, - зеплъыхь Ланэ цIыкIу. 
- Абы Iэмал иIэщ, си дахэ! – мэгуфIэ анэр. – ПщIащэ къэфщып куэду, унэм тхьынщи, дгъэгъунщ.
- Ар дауэ? – егъэщIагъуэ Инал.
- Тхылъ напэкIуэцIхэм далъхьэри, езыр-езыру мэгъу. Гъуэжь дахэу къэнэнущ бжьыхьэ дыщафэм и фэеплъу.
- Инал, тхьэмпIэ хъушэ къэдгъэщып! – щIопхъуэ Ланэ. 
ЦIыкIухэм тхьэмпэ, мышкIумпIэ, шыкIуртIым куэду къащыпурэ уэрамым ирокIуэ, анэр абыхэм якIэлъыплъурэ мэгуфIэ. Тхьэмпэ гъуэжь дахэхэр псынщIэ-псынщIэу унэм нахьэсу тхылъым зэрыдалъхьэнур къахуэмыгъэсу, цIыкIухэр пIащIэу унэм мэкIуэж.
Зыхуеину псори анэм егъэхьэзырри, пщыхьэщхьэм цIыкIухэр Iэнэм кърегъэтIысэкI. ТхылъымпIэ щабэ, тхылъ Iув зыбжанэ, лэныстэ, удз гъэгъа зэмылIэужьыгъуэ Iэнэм телъщ. Иналрэ Ланэрэ анэм жиIэ псомрэ ищIэмрэ яфIэгъэщIэгъуэну кIэлъоплъ.
- Сыт мы удз гъэгъахэр зэрытщIынур, мамэ? – щIоупщIэ Ланэ.
- Тхьэмпэм и закъуэкъым ягъэгъур, удз гъэгъахэри илъэс бжыгъэкIэ пхъумэ хъунущ апхуэдэ IэмалкIэ, - жи анэм.
- Инал, зы тхылъ къащти, и кум деж къыщызэIух. Ланэ, уэ лэныстэр къащти, тхылъымпIэр зэпэплIимэу зэпыгъэж. Сэ тхьэмпэхэр къабзэу слъэщIынщ, - бжьэхуц щабэкIэ, хуэсакъыу, тхьэмпэхэр елъэщI анэм. 
ЦIыкIухэм хуабжьу яфIэфIщ икIи яфIэгъэщIэгъуэнщ пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыу кърахьэжьа Iуэхур. 
- Мамэ, мис, тхылъыр хьэзырщ. Сыт адэкIэ тщIэнур? – щIоупщIэ Инал. 
- Сэри тхылъымпIэр зэпызгъэжащ. Мыбы дрикъуну, мамэ? – жеIэ Ланэ.
- Хъарзынэ дыдэу фщIащ. Иджы тхьэмпэхэр зэгъэзэхуауэ, и кIапэ цIыкIухэр шэщIауэ, тхылъымпIэ щабитIым я зэхуакум дэлъу, тхылъ зэIухам дыдолъхьэри, зэгудопIэж, - зэрыщIын хуейр цIыкIухэм ярегъэлъагъу анэм.
- Мыпхуэдэу, мамэ? – анэм зэрищIам хуэдэу, хуэсакъыурэ тхылъыр зэгуепIэж хъыджэбз цIыкIум.
- АтIэ, си дахэ. Хъарзынэу уощIэ! – щотхъу анэр и пщащэ цIыкIум. – Инал, уэри тэмэму зэбгъэзэхуащ! Афэрым, си щIалэ.
- Дапщэщ мыхэр хьэзыр щыхъунур? – жи Инал.
- ШыIэныгъэ зыхэгъэлъын хуейщ, Инал. Тхьэмпэр фIыуэ гъун и пэ, гъэгъущыпхъэщ. Зэман дэкIмэ, тхылъымпIэ щабэхэр зэтхъуэкIынущ. Апхуэдэурэ тIэу-щэ тщIынущ, - жеIэ анэм.
- Ар сыт щхьэкIэ? – егъэщIагъуэ Ланэ.
- ТхылъымпIэм псыIагъэр зыщIешэри, пщIащэр мыфын щхьэкIэ, ар зэхъуэкIын хуейщ. ИтIанэщ тхьэмпэр дахэу, и плъыфэм зимыхъуэжу щыгъунур. 
- КъызгурыIуащ иджы! – и щхьэр ещI хъыджэбз цIыкIум. 
- Апхуэдэ дыдэу удз гъэгъахэри тщIынущ. Ди мурадыр къыдэхъулIэрэ, мыхэр тэмэму гъумэ, иужькIэ тхылъымпIэм кIэрыдгъэпщIэнущ, Iэрамэ дахэу зэхэдгъэувэурэ, - трегъэгушхуэ и бынхэр анэм.
- ИтIанэ - щэ? – и нэр игъэупIэрапIэурэ Инал и анэм йоплъ.
- ИтIанэ ар сурэтылъэм итлъхьэнурэ, блыным фIэддзэнущ, - мэгуфIэ анэр. 
ЦIыкIухэм къагурыIуащ удз, тхьэмпэ гъэгъуахэр къызэрыбгъэсэбэп хъунури, мэгуфIэ, нэхъри йолIалIэ. 
- Папэ лэжьапIэм къикIыжмэ, едгъэлъагъу хъуну мыхэр, мамэ? – щIоупщIэ Инал.
- НтIэ, си нэху! Сыт хуэдэу и гуапэ хъуну абы фызэрыIэпщIэлъапщIэр, - егъэгушхуэ цIыкIухэр анэм. – ДяпэкIэ Iэгъэбэгухэр куэду къэкIынущи, иджы дызыхуэкIуэ зыгъэпсэхугъуэ махуэхэм мэз лъапэ дыкIуэнщ. 
- Абыхэми теухуауэ хъыбар гъэщIэгъуэн пщIэрэ, мамэ? – жеIэ Ланэ.
- СощIэ, Iущ цIыкIу! 
- Iэгъэбэгухэри бгъэгъу хъурэ? – фIэгъэщIэгъуэнщ Инал.
- ИкIи ягъэгъу, икIи ягъажьэ, икIи ягъэфIэIу. Егъэлеяуэ IэфIщ, узыншагъэмкIи сэбэп дыдэщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, мэзым щIэс псэущхьэхэм щIымахуэ шхыну ягъэтIылъ. Иджыпсту тхьэмпэхэмрэ удз гъэгъахэмрэ зыдэтлъхьа тхылъхэр гъущапIэ догъэув, ди Iэхэр дотхьэщIри, пщыхьэщхьэшхэ дощI.
Зэдэлъху-зэшыпхъур я анэм дэIэпыкъуурэ тхылъхэр я пIэм ирагъэзэгъэжри, пщэфIапIэмкIэ яунэтI. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также:

12.05.2025 - 12:33 Шыдыгъу
07.05.2025 - 15:59 Хьэчим щхьэ Борэн?
30.04.2025 - 14:30 Хъыбар кIэщIхэр